«Урысей зэкъуэтым» и щIыналъэ къудамэм зыхуэфащэ документхэр итащ
2019-07-16
- «Урысей зэкъуэт» партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэм я кандидатхэм я спискэр иригъэтхын папщIэ зыхуеину документ псори республикэм и ХэхакIуэ комиссэм иритащ.
- Спискэм цIыхуи 120-рэ итщ, абыхэм я пашэщ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек. АдэкIэ къыкIэлъокIуэ «Урысей зэкъуэтым» и телъхьэхэм я ЩIыналъэ зэзыгъэуIу советым и унафэщI, партым и щIыналъэ политсоветым хэт, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Коротких Ольгэ, партым и щIыналъэ политсоветым хэт, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и ректор, КъБР-м и Парламентым и депутат Рахаев Анатолий сымэ.
- Печёнов Владилен.