2019-07-16
- Самбэ
- Ди щIалэхэм я зэфIэкI
- Элиста къалэм и «Ойрат Арена» спорт комплексым щекIуэкIащ самбэмкIэ «Къалмыкъым и Кубок» республикэ зэхьэзэхуэ зэIухар. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 13-14-м ит Урысейм и ипщэ щIыналъэхэмрэ Къэзахъстанымрэ къикIа спортсмен 200-м щIигъу.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и самбистхэм зэхьэзэхуэм фIы дыдэу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медаль зэмылIэужьыгъуэу 7 къыщахьащ.
- Зи хьэлъагъыр килограмм 42-м нэблагъэхэм я кIэух зэIущIэм щызэхуэ-защ КъБР-м щыщ спорт- сменхэу Къамбий Тамерланрэ Сонэ Идаррэ. ЗэпэщIэтыныгъэм зымащIэкIэ нэхъ лъэщу къыщыщIэкIащ Къамбийр.
- Дыжьын медалитI ди республикэм къыхуахьащ Нэгъуей Темыррэ (кг 38-рэ) Щауэ Къантемыррэ (кг 65-рэ). Беслъэней Темырлан (кг 38-рэ), Мэш Самир (кг 46-рэ), Аргъэщокъуэ Ренат (кг 50) сымэ жэз медалхэр зыIэрагъэхьащ.
- Гуп зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэ къыхэхам етIуанэ увыпIэр щиубыдащ. Хэгъэрейхэр пашэщ.
- Ди спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ ПщIэнашэ Мурат, Уэщхъун Башир, Къэрэмыш СулътIан сымэ.
- КЪЭХЪУН Бэч.
- БэнэкIэ хуит
- НыбжьыщIэхэм тыгъэ хуащI
- Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ «Сабийхэр хъумэным и махуэм» хухаха «Спортыр терроризмэм и бийщ» къыхуеджэныгъэ зиIэ бэнэкIэ хуитымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ.
- Абы хэтащ 2005 — 2010 гъэхэм къалъхуа бэнакIуэ 500-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм щыщ спортсменхэм къищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэм щыбэнащ Осетие Ищхъэрэ — Аланием хыхьэ Чикола къуажэм къикIахэри.
- Я ныбжь елъытауэ зэщхьэщыхауэ щыта гупищым щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ медалхэр, грамотэхэр, саугъэтхэр тыгъэ хуащIащ.
- Мэзкуу Къанщобий.
- Дзюдо
- Сэралъп Олег и гъэсэнхэр
- Нэзрэн къалэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и чемпионат. «Магас» спортым и уардэунэм щызэхуэсащ КИФЩI-м и щIыналъэ псоми къикIа спортсмен 230-м нэблагъэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм хэта хъыджэбз цIыкIуитIми ди республикэм медаль зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуахьащ.
- Япэ зэIущIищым шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэхэр къыщызыхьа, Налшык къалэ администрацэм физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и управленэм и спорт школым и гъэсэн Гуппоевэ Алинэ килограмм 52-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ. Абы Iэмал къыхукъуэкIащ мы гъэм и фокIадэм екIуэкIыну Урысейм и чемпионатым хэтыну.
- Зи хьэлъагъыр килограмм 57-м нэблагъэхэм я гупым и финал зэIущIэм КъБР-м щыщ Ало Заремэ щыпэлъэщакъым Осетие Ищхъэрэ — Аланием къикIа Голоевэ Маринэ икIи дыжьын медалыр къихьащ.
- Спортсменхэр игъэхьэзыращ Сэралъп Олег.
- ЖЫЛАСЭ Замир.