ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Урысей  гвардием  къулыкъу  щызыщIэхэр сабийхэм  ядолажьэ

2019-07-16

  • Урысей гвардием и дзэхэмкIэ управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм къулыкъу щызыщIэхэр иджыблагъэ щыIащ «ЛъагапIэ» санаторэм сабий нэхъ дэхуэхахэм папщIэ къыщызэрагъэпэща «Пэрыт» сменэм зыщызыгъэпсэху цIыкIухэм я деж.

  • Абыхэм къагъэсэбэп Iэщэ-фащэ, техникэр зыгъэпсэхупIэм и пщIантIэм щагъэлъэгъуащ, апхуэдэу Iэпщэрыбанэ зэуэкIэм щыгъуазэ ящIащ.
  • «Пэрыт» зэхуэгъэсыгъуэр сабийхэм зыщагъэпсэху лагерым гъэ къэс къыщызэрагъэпэщ республикэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ нэгъуэщI ведомствэ зыбжанэмрэ я жэрдэмкIэ. МВД-м и Тэрч район къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспектор АфIэунэ Мурат зэрыжиIамкIэ, мы гъэм а сменэм хиубыдэу загъэпсэхуащ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щыщ сабийуэ 200-м щIигъум.
  • «ЦIыкIухэм хуабжьу ягу ирохь Урысей гвардием къулыкъу щызыщIэхэм ирагъэлъагъу псори. Ахэр къотэдж хабзэм и хъумакIуэхэм я щапхъэр я гъуазэу икIи а псори сэбэп мэхъу сабийхэм ящыщу гъуэгу пхэнжым теувэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъунымкIэ», — жеIэ Урысей гвардием и дзэхэмкIэ управленэу КъБР-м щы-Iэм и унафэщIым и къуэдзэ, подполковник Трушин Алексей.
  • Урысей гвардием и дзэхэмкIэ управленэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.