Къэшэж Иннэ и усэхэр — адыгэбзэкIэ
2019-07-11
- ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиемрэ абы епха «Адыгэ ЩIэнгъуазэ» институтымрэ, ДАХ-мрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ я жэрдэмкIэ илъэс зыбжанэ хъуауэ яубла «Черкесика» тхылъ гупым я еянэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ.
- «КХЪЫIЭ, Кавказ, Урысейм угуэмыкI! Си адэм си анэр фIыуэ илъагъуу щытащ!». Хэтыт апхуэдэ сатыркIэ утыку къихьэфынур, зи адэр адыгэу, зи анэр урысу щыта Къэшэж Иннэ нэмыщI? Мэзкуу къызэрыщыхъуам къыхэкIыу, къызыщIэтэджыкIар урысыбзэрами, урыс анэ зиIа адыгэпхъур зэи и адэм и лъапсэм епэгэ-кIыу зэрыщымытар и усэ гукъинэжхэм къыхощ.
- Езы Кавказри нэхъ мащIэу иригушхуэркъым уи фIэщ хъу едзыгъуэ куэд къызэзынэкIа усакIуэм. Куэд щIауэ зэфIэхыпхъэ хъуэпсапIэт ахэр анэдэлъхубзэм къигъэзэгъэнри. Иджы Iуэхур и пIэ икIауэ пхужыIэнущ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и гупыжкIэ Къэшэжым и усэ нэхъ цIэрыIуэхэр «Черкесика» тхылъ гупым яхэту «Принт-Центр» IуэхущIапIэм адыгэбзэкIэ щытрадзащ. ЗэрымыщIэкIэ къэхъуа гуэру пIэрэ Иннэ и усэхэр зэзыдзэкIа Къармэ Iэсият, Къэшэжым и благъэ гъунэ- гъуу зэрыщытым нэмыщIыж, езыри зэрыусакIуэ гуащIафIэр?
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд тхылъым хуищIа пэублэми, Iэсият и усакIуэ хъэтIым Къэшэж Иннэ Iурилъхьа адыгэбзэми зыжьэу къыбжаIэ мы тхылъ цIыкIум зи зэфIэкI езыхьэлIа псори зэакъылэгъуу зэрызэдэлэжьари, Iуэхур зэфIэхыгъуейуэ къыпщызыгъэхъу щхьэусыгъуэхэр зэбгъэзэхуэн нэхърэ абы Iэмал къыхуэбгъуэтыным и пщIэр зэрынэхъ лъагэри. ЗэдзэкIакIуэм «Лъабзэ» зыфIища Къэшэж Иннэ и усэхэр IутIыж Мэжид и «Адыгэ унэмрэ» Головко и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и тыкуэнымрэ мыгувэу къыщывгъуэтынущ.
- ЧЭРИМ Марианнэ.