ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Мамырыгъэм и жьэгур»  жыджэру мэлажьэ

2019-05-08

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ къыщызэIуахащ щIэныгъэ конференцымрэ джэгукIэ мардэхэмрэ щызэхэухуэна зэIущIэ.

  • Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) щылажьэ апхуэдэ IэнатIэм и Кавказ щапхъэ хуэдэу щыт «Мамырыгъэм и жьэгум» (CaucasMUN) жыджэру хэтынущ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэмрэ курыт школхэм я еджакIуэ нэхъыжьхэмрэ. Ахэр тепсэлъыхьынущ зыгъэпIейтей Iуэхухэм, зыхуагъэсэнущ дипломатием, утыку итыкIэ мардэхэм, псэлъэкIэм.
  • КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэхэм хъыбар къызэрыдагъэщIамкIэ, «Мамырыгъэм и жьэгум» и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщщ КъБКъУ-р зыдэлажьэ «CaucasMUN» Кавказпсо IэнатIэр, Налшык дэт гимназие №4-р, «Урысей зэкъуэтым» и ныбжьыщIэ гвардием ди щIыналъэм щиIэ къудамэр. IуэхугъуэщIэм и япэ зэхуэсым кърихьэлIащ Налшык къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, ди республикэм щылажьэ курыт школхэм я унафэщIхэр, КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, гимназие №4-м и дипломатие Iуэхум хуэгъэпса и классым и еджакIуэхэр, Владимир къалэм дэт къэрал университетым къикIа гупышхуэр.
  • — ООН-м и мардэхэр зи лъабжьэ зэхуэс ди университетым дяпэкIэ зэрыщылэжьэнур си гуапэщ. Абы и лэжьыгъэм хэтыну къытхуеблэгъа псоми фIыщIэ яхузощI икIи Iуэху купщIафIэхэр, хьэлэмэтхэр зэфIэфхыну сынывохъуэхъу, — жиIащ КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур зэхуэсыр къыщызэIуихым.
  • Налшык дэт гимназие №4-м и унафэщI Нэгъуей Риммэ къызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ зи пашэ еджапIэм къыщызэIуаха дипломатие классым и лэжьэкIэм. Абы зэрыжиIамкIэ, КъБКъУ-м къыщызэрагъэпэща зэхуэсым хуэдэ ди къэралым и щIыпIэ куэдым щыIэщ. Ар езыр иджыблагъэ щыIащ МГИМО-м щылажьэ апхуэдэ зэхуэсым икIи абы и утыку къихьа ныбжьыщIэхэм я псэлъэкIэр, утыку итыкIэр, яхэлъ дипломат хьэлхэр гунэс щыхъуащ. Аращ университетым игъэлэжьэну зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэри.
  • Къызэхуэсахэм IуэхугъуэщIэ къыхалъхьамкIэ ехъуэхъуащ Налшык къалэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Жэмыхъуэ Сражудин, ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъумкIэ урысей институтым (РАНХиГС) Хуитыныгъэмрэ лъэпкъ шынагъуэншагъэмкIэ и институтым и егъэджакIуэ Тэрчокъуэ Iэсият, Хьэ-тIохъущыкъуей къуажэм дэт курыт школ №1-м и унафэщI Нэхущ Аллэ, FM Радиом и редактор нэхъыщхьэ Шыдакъ Татьянэ, Владимир къэрал университетым и IэщIагъэлIхэр.
  • «Мамырыгъэм и жьэгум» и лэжьыгъэр ирагъэжьауэ къалъытащ КъБКъУ-м и студенткэ Раджаповэ Беларрэ гимназие №4-м и еджакIуэ Бекбоев Иналрэ я Iэхэр зэрыубыдауэ зэраIэтамкIэ. ЗэрытраухуамкIэ, зэхуэсым и лэжьыгъэр щекIуэкIынущ жьэгум и Ассамблее нэхъыщхьэмрэ (абы лIыкIуи 193-рэ хэтщ, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщу) Социально-экономикэ советымрэ (абы цIыху 54-рэ хэтщ). КъинэмыщIауэ, IуэхугъуэщIэм къриубыдэнущ мастер-класс зэмылIэужьыгъуэхэр, фильмхэм еплъыныр, нэгъуэщIхэри. А псори накъыгъэм и 27-м зэфIэкIынурэ, «Мамырыгъэм и жьэгур» Iэтауэ зэхуащIыжынущ.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.