ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нэхущ  генералыр

2019-04-25

  • Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм яхэлъащ хахуагъэ, псэемыблэжагъ, жэуаплыныгъэ, нэгъуэщI хьэл-щэн дахэхэри. Абы и щыхьэтщ ди лъахэм и бын куэдым къакIуа зауэ гъуэгуанэхэр, зэрахьа лIыгъэр, ягъэлъэгъуа щапхъэфI-хэр.

  • Хэку зауэшхуэм жыджэру хэтахэм, зи къалэныр хьэлэлу, зэчиифIэу зыгъэзэщIахэм, ди лъэпкъым и тхыдэм зи цIэ-унэцIэр дыщэ хьэрфхэмкIэ хатхахэм ящыщщ Нэхущ Мырзэбэч (абы куэдыр БорискIэ еджэрт) Мэрем и къуэр.
  • Ар 1923 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ (Зеикъуэ) къуажэм къыщалъхуащ. И сабиигъуэр игъэкIуащ гурыхуагъэкIэ, IэужьыфIхэмкIэ хьэблэ сабийхэм къахэщу. Къуажэ еджапIэр хъарзынэу къиухащ. Абы теухуа гуфIэгъуэ пщыхьэщхьэр екIуэкIащ 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21 жэщым. Iэджэм щIэхъуэпсырт зи щIалэгъуэ, зи дахэгъуэ ныбжьыщIэхэр. Ауэ абыхэм ящыщ куэдым къапэплъэр зауэ гущIэгъуншэм и гъуэгуанэ гугъухэрт.
  • Мэкъуауэгъуэ мазэм къриубыдэу Дзэ Плъыжьым ираджахэм яхэтащ Нэхущ Мырзэбэчи. Ар Мэздэгу деж щыхурагъэджащ бийм и танкхэр зэрыпкъутэфыну Iэмалхэм. ИтIанэ ягъэкIуащ Волхов фронтым. Жылагъуэ зыкъомым щызэуащ, танк зэракъутэ фочыр IэщIэлъу. IэкIуэлъакIуэу, лIыгъэ хэлъу и къалэнхэр зэригъэзащIэр щалъагъум, сержант цIэр къыфIащри, отделенэм и унафэщIу ягъэуващ.
  • Нэхущ Мырзэбэч игъэващ гугъуехь, хьэзаб куэд. Дзэ Плъыжьыр къикIуэтырт, лъыр къыпыжу, кIэрыхухэр иIэу, ауэ IэщэкIэ фIыуэ зэщIэузэда бий бзаджэми хэщIыныгъэ ириту, гува-щIэхами текIуэныгъэр къызэрихьыну фIэщхъуныгъэр фIэмыкIуэду.
  • 1942 гъэм и гъэмахуэм Нэхущыр зыхэт еплIанэ гвардие фочауэ дивизэр Сталинград и Iэгъуэблагъэхэм щекIуэкI зауэ гуащIэхэм хохьэ. Мырзэбэч, езыр сержантми, взводым и командир мэхъу, Iущагъ хэлъу унафэ зыхуищI сэлэтхэр фашистхэм япэщIоувэ, Iэмал зэрагъуэтуи япэкIэ мэ-кIуатэ…
  • Нэхущым зэман кIэщIкIэ кърагъэух офицер курсхэри, лейтенант цIэр къыфIащ. Фронтым егъэзэжри, ротэм и унафэщI ящI. Мыгувэу уIэгъэ мэхъу. Тамбов яшэри, щагъэхъуж. Абы и ужькIэ ягъакIуэ Воронеж фронтым. 1943 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм къыхохутэ Курск и деж щекIуэкIа мафIэ гуащIэм. Аргуэруи уIэгъэ мэхъу. Зэрыхъужу, дзэм хохьэж.
  • Фашистхэр, къызэдзэкъэкIыурэ, икIуэтыжырт. Абыхэм зыхащIат я кIэныр къызэримыкIынур. ИтIани ерыщу къэныкъуакъуэрт, жылагъуэхэр зэтракъутэрт, совет цIыху лажьэншэхэр щысхьыншэу зэтраукIэрт. Мырзэбэч и нэгу щIэкIащ бийм илэжьа хьэкIэкхъуэкIагъэ Iэджэ. Езыри и сэлэтхэри нэхъ зыхущIэкъур зыт — я хэкуэгъухэм ялъ зэращIэжынырт, нэмыцэхэм удыну нэхъыбэIуэ зэрырадзынырт. ЯпэкIэ кIуатэурэ, абыхэм къызэранэкIащ Харьков, Полтавэ, Невель…
  • Нэхущыр зи пашэ сэлэтхэм мызэ-мытIэу лIыгъэ щызэрахьащ «Багратион» зи фIэщыгъэ операцэр Белоруссием и щIыналъэм щрагъэкIуэкIым. Ахэращ Двина КъухьэпIэм япэу зэпрысыкIыфар, бийр изыгъэкIуэту псышхуэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр къэзыубыдар, Дзэ Плъыжьыр хэщIыныгъэшхуэ имыIэу адэкIэ кIуэтэныр къызэзыгъэпэщар.
  • Зеикъуэ щIалэм и гупыр къыхэжаныкIащ Полоцк, Молодечнэ, Ветринэ къалэхэр хуит къыщащIыжми. Зэхэуэхэм ящыщ зым щIэрыщIэу уIэгъэ щыхъури, Мырзэбэч сымаджэщым ещанэу щIэхуащ. Ауэ, хабзэ зэрыхуэхъуауэ, зыщигъэгувакъым. Зыхэта гупым лъэщIыхьэжащ, батальоным и унафэщIуи ягъэуващ. КъухьэпIэмкIэ кIуатэурэ, совет армэр нэсащ Латвием, Литвам. Зарасай къалэм деж Нэхущыр уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, зыкъомрэ сымаджэщым щIэлъын хуей хъуащ. Аргуэруи фронтым игъэзэжащ…
  • 1944 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Мырзэбэч ягъэкIуащ командирхэр щагъэхьэзыр курсхэм. Абы щеджэу здэщыIэм, ТекIуэныгъэ Иным и махуэри къэсащ…
  • Хэку зауэшхуэр зэфIэкIа нэужь, Нэхущ Мырзэбэч советыдзэм къулыкъу щищIащ. Фрунзе Михаил и цIэр зезыхьэ Военнэ академиер 1956 гъэм къиухри, полковник цIэр къыфIащащ, Приволжскэ дзэ округым щигъэзэщIащ штабым и унафэщI, полкым и командир къалэнхэр. Дзэ къулыкъур абы щрихьэкIащ КъуэкIыпIэ Жыжьэми.
  • Зыщалъхуа щIыналъэм къигъэзэжри, Кавказ Ищхъэрэ округым дивизием и унафэщIу щылэжьащ. 1970 гъэм Нэхущ Мырзэбэч къыфIащащ генерал-майор цIэр.
  • Илъэсибгъу дэкIри, дзэм къыхэкIыжащ. Ауэ и Iэр зэтедзауэ ар зэи тIысыжакъым. Жылагъуэ лэжьыгъэхэм хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и ветеранхэм я советым и унафэщIу, щIалэгъуалэр гъэсэным жыджэру хэлэжьыхьу, республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм сэбэп щыхъуу къэгъуэгурыкIуащ. Нэхущ Мырзэбэч и романи дунейм къытехьащ. «ФIэхъус, Бахъсэн!» — аращ абы зэреджэр.
  • АдыгэлI хъыжьэм къратат Хэкум и дамыгъэ лъапIэу зыкъом — Бэракъ Плъыжь ордену тIу, Вагъуэ Плъыжь ордену щы, Хэку зауэ орденым и япэ, етIуанэ нагъыщэхэр, «Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэ», «IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм хэту Хэкум къулыкъу зэрыхуищIам папщIэ» орденхэр, медаль куэд.
  • А цIыху гъуэзэджэр 1999 гъэм дунейм ехыжащ. Ауэ уахътыншагъэм хыхьащ абы и фэеплъ нэхур. Нэхущ Мырзэбэч и цIэр зэрахьэ Налшык и уэрамхэм ящыщ зым, Зеикъуэ дэт ещанэ курыт еджапIэм.
  • БОРЭН  Инал.