Шабзищымрэ вагъуэ пщыкIутIымрэ я тхыдэр
2019-04-25
- Ныпыр лъэпкъ щхьэхуэр е къэралыр адрейхэм къахэзыгъэбелджылыкI дамыгъэщ.
- Шэрджэсхэм (адыгэхэм) я ныпыр Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ зыбжанэмрэ (Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм) Тыркум щыпсэу адыгэ хэхэсхэмрэ зэрахьэ. Апхуэдэуи ар Адыгэ Республикэм и къэрал нып хъуащ.
- Адыгэ ныпыр щэкI удзыфэ плIимэщ, вагъуэ дыщафэ пщыкIутIрэ зи пэхэр дэгъэзеяуэ зэблэдза шабзищрэ абы тетщ.
- Вагъуэ пщыкIутIым адыгэ лъэпкъ нэхъыщхьэхэр къагъэлъагъуэ: къэбэрдейхэр, шэрджэсхэр, кIэмыргуейхэр, беслъэнейхэр, шапсыгъхэр, бжьэдыгъухэр, абазэхэхэр, жанейхэр, мамхэгъхэр, мэхъуэшхэр, хьэтыкъуейхэр, убыххэр.
- Адыгэ ныпыр къызэрыунэхуам и тхыдэ гъэщIэгъуэн къыхощ инджылыз дипломат, тхакIуэ, Инджылызым и лIыкIуэхэм я IуэхущIапIэу Константинополь дэтам (1805 — 1877 гъгъ.) и секретарь Уркварт Дэвид 1838 гъэм накъыгъэм и 23-м Шотландием и Глазго къалэм къыщипсэлъам. Абы жиIар Шэрджэс Комитетым 1863 гъэм къыщытригъэдзауэ щытащ Лондон къалэм.
- А зи гугъу сщIы тхыгъэ дыдэр Лондон къалэм дэт Британие библиотекэм си нэкIэ щызэзгъэлъагъуну, сыкъыщеджэну си насып къихьащ 2018 гъэм и гъэмахуэм.
- Уркварт шэрджэс лъэпкъыр мыпхуэдэ псалъэ зэпхахэмкIэ къегъэлъагъуэ: «щауэ къекIухэмрэ» «пщащэ щIыкIафIэхэмрэ». Апхуэдэуи дыщIегъу Шэрджэсыр усыгъэм и щIыналъэу къызэрилъытэр, урыс пщыдзэхэм шэрджэс зауэлIхэм я шыфэлIыфэмрэ я зэфIэкIымрэ пщIэ зэрыхуащIыр.
- Абы къеIуэтэж, шэрджэс лъэпкъыр нэхъ гъунэгъуу зригъэцIыхун мурадкIэ, абыхэм я щIым Iэщэншэу икIи и закъуэу къыщыхутауэ зэрыщытар. ЯпэщIыкIэ гузэвами, абы быдэу и гум ирилъхьат: «е сызыхуейр къызэхъулIэнщ, е ар зэзгъэхъулIэну сыхущIэкъуурэ сылIэнщ».
- ГъэщIэгъуэнщ абы адэкIэ и гупсысэм зэрызригъэужьыр. «ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым мы цIыхухэм си гур зэратхьэкъуар, абыхэм япыщIа сызэрыхъуар», — зыкъеумыс Уркварт икIи мыпхуэдэ упщIэ зретыж: «Дауэ зи бжыгъэр апхуэдэу мащIэ (а зэманым мелуанищ — мелуаниплIым нэблагъэ хъууэ арат) шэрджэсхэм илъэс минитху тхыдэм къриубыдэу я щхьэхуитыныгъэр зэрахъумэжыфар, хамэ къарухэм зэрапэщIэтыфар?!»
- А упщIэм и жэуапыр Уркварт къыщегъуэт шэрджэсхэм я гъэсэныгъэмрэ лIыгъэр япэ зэрырагъэщымрэ. Уркварт гу лъетэ шэрджэсхэм сабийр лъэпкъ псом ейуэ зэрабжым икIи Хэкум хуэфащэу ар къэхъун папщIэ, акъыл жан иIэным, шыIэныгъэм, бэшэчагъым, хахуагъэм зэрыхуагъэхьэзырыр. Шэрджэсхэм я хьэл-щэнымрэ я гъэсэныгъэ лъагэмрэ зэритхьэкъуам тепсэлъыхьурэ, ар мыпхуэдэ гупсысэм хуокIуэ: «ЦIыхуу дунейм тетым яхуэщхьэпэну Iуэхугъуэ куэд Кав-каз щIыналъэм къыщыбгъуэтынущ».
- Уркварт етх шэрджэсхэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр къиIэтын, я лъахэм хуаIэ лъагъуныгъэр къызэщIигъэушэн, ахэр зэкъуэт зыщIын дамыгъэ, нып е нэщэнэ гуэр къахуигупсысыну мурад ищIауэ зэрыщытар.
- Ныпыр удзыфэу щытыну абы къыхилъхьащ. «Адыгэхэм я къуршхэр зыхуапэ икIи я диныр къэзыгъэлъагъуэ плъыфэращ къыхэсхар. Абы къыщызгъэлъэгъуащ шабзэ зэблэдзахэмрэ таж щIыкIэу абыхэм къащхьэщыт вагъуэхэмрэ — я щхьэхуитыныгъэмкIэ Тхьэшхуэр къазэрыхуэупсам иригъэгупсысу», — жеIэ.
- Шэч хэлъкъым Уркварт Дэвид политикэ мурадхэри зэриIам. Шэрджэсхэм я Iуэхур ядиIыгъыу, Урысей, Уэсмэн, Инджылыз къэралыгъуэхэм я зэхущытыкIэнур адыгэхэм а зэманым зыгуэркIэ къелъытауэ зэрыщытар зэрызыхищIэр нэрылъагъущ. Тхыдэ и лъэныкъуэкIэ адыгэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа а лъэхъэнэм лъэпкъым унафэ мытыншхэр ищIын хуейуэ къылъыкъуэкIат. ГурыIуэгъуэщ зи щхьэ Iуэху зезыхуахэм я зэран лъэпкъ псом къызэрекIар. Дапхуэдэу мыхъуами, Уркварт Дэвид шэрджэсхэм ятеухуауэ къигъэна тхыгъэхэр, лъэпкъ дамыгъэу нобэ къэдгъэсэбэп ныпым и тхыдэм абы хуищIа хэлъхьэныгъэр икъукIэ гъэщIэгъуэнщ, псом хуэмыдэу Адыгэ ныпым и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу ухэплъэжыну, уегупсысыну.
- Мэремыкъуэ Эллеонорэ,
- филологие щIэныгъэхэм я кандидат.