ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхуэмахуэн ирехъу!

2019-04-25

  • Си лъэпкъэгъу лъапIэхэ!
  • Мэлыжьыхьым и 25-м догъэлъапIэ адыгэ псоми ди зэхуэдэ гуфIэгъуэр — ди Ныпым и махуэр. ЛIэщIыгъуэ куэдым къыпхыкIа ди ныпым и пщIэр нэхъри тIэту, абы и жьауэм дыщIэту, ди Iуэхухэр дэкI зэпыту дыпсэуну Тхьэм жиIэ.

  • Нобэ адыгэхэр — шэрджэсхэр къэрал куэдым щопсэу икIи лъэпкъым и щэнхабзэр, бзэр, хабзэр хуэсакъыу зэрахъумэр дэни щагъэлъагъуэ, зэрыс щIыналъэхэм зегъэужьыным, ахэр егъэфIэкIуэным я зэфIэкI халъхьэ.
  • Си гуапэу сынывохъуэхъу ди махуэ лъапIэмкIэ. Ирехъу Адыгэ ныпым и махуэр тхуэугъурлын. Мамырыгъэ, фIыгъуэ, насып, ефIэкIуэныгъэ дэтхэнэ адыгэ унагъуэми мы махуэ лъапIэм Тхьэм къытхудигъакIуэ!
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и
  • ГъэзэщIакIуэ гупым къыбгъэдэкIыу
  • СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.