ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кавказ Ищхъэрэм и студент нэхъыфIхэр

2019-04-25

  • УФ-м и Президент Путин Владимир 2018 гъэм и накъыгъэм къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ къызэрагъэпэщауэ щIалэгъуалэм яхуэгъэза Iуэхугъуэ куэд зэфIех «Урысейр Iэмалхэм я къэралщ» зэгухьэныгъэм. Абы игъэлажьэ проект нэхъыфIхэм ящыщщ менеджментымкIэ урысейпсо щIалэгъуалэ кубокыр — «Унафэ щIы!» зыфIащар. Абы и япэ Iыхьэхэр щIыпIэхэм щекIуэкIащ. Абы щытекIуахэм я зэпеуэ иджы Псыхуабэ къыщызэрагъэпэщащ.

  • Унафэ щIыным, Iуэху зехьэным хуэIэижь щIалэгъуалэр наIуэ къэщIынымрэ абыхэм ябгъэдэлъ апхуэдэ зэфIэкIхэм зегъэужьынымрэ зи къалэн нэхъыщхьэ кубокым и финал ныкъуэм ирагъэблэгъащ Кавказ Ищхъэрэм нэхъыфIу къыщалъыта студентхэр. Ставрополь крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Шэшэным, Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ — Аланием я еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр щызэхуэзащ РАНХиГС-м УправленэмкIэ и Кавказ Ищхъэрэ институтым. Зэхуэсыр къыщызэIуахым абы кърихьэлIа псоми фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Ставрополь крайм и Правительствэм и Аппаратым и унафэщIым и къуэдзэ Зритнев Владимир.
  • — Къэралпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэхэм ящыщ зым фызэрыхэтымкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу. Кубокым и финал ныкъуэм къэсар абы хыхьауэ щытахэм я Iыхьэ пщIанэращ. Абы къегъэлъагъуэ вбгъэдэлъ щIэныгъэрэ зэфIэкIкIэ фи ныбжьым ит куэдым япэ фызэрищар, — къыхигъэщащ Зритневым. — Урысей Федерацэр цIыхум зиужьын папщIэ Iэмал куэд здэщыIэ къэралщ. Ахэр фэркIэ зэIухащи, жыджэру къэвгъэсэбэп.
  • Студентхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIэкIхэмрэ набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъынущ зэпеуэм къыхузэрагъэпэща КъэпщытакIуэ гупыр. ЩIэныгъэлIхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ нэмыщI, гупым хэтщ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щылажьэ IуэхущIапIэ инхэм, щыIэ власть IэнатIэхэм я унафэщIхэри. Финал ныкъуэм щытекIуэхэм къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я магистратурэхэм зэрыщеджэн грантхэр къратынущ, апхуэдэу ахэр лэжьапIэ ирагъэблэгъэнущ IуэхущIапIэ ехьэжьахэм.
  • Зи щIалэгъуэхэм псалъэ гуапэкIэ захуэзыгъэзахэм ящыщщ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз. Ар къызэхуэсахэм къахуеджащ зи лIыкIуэ IэнатIэм и пашэ, министр Къумыкъу Iэуес зэпеуэм хэтхэм къахуигъэхьа фIэхъус псалъэм. «Ди къэралым адэкIи зегъэужьынымкIэ иджырей щIэблэм къалэнышхуэ я пщэ илъщ. ЗэхъуэкIыныгъэфIхэр махуэ къэс щокIуэкI IэнатIэ куэдым, фэращ Урысей къэралыщIэр зыухуэну дызыщыгугъыр. Фэ вбгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ, фхэлъ жыджэрагъымрэ гудзакъэмрэ куэдкIэ елъытащ ди хэкум хамэ щIыналъэхэм къыщыхуащIыну пщIэмрэ гулъытэмрэ, — итт абы. — «Унафэ щIы!» зэпеуэм фыхэтыну Iэмал къызэрыфхукъуэкIар къэвгъэсэбэп».
  • Кавказ Ищхъэрэм управленэмкIэ и институтым и унафэщI, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт ЛIыс Азэмэт студентхэм ягу къигъэкIыжащ мыпхуэдэ зэпеуэр Псыхуабэ мы гъэм ещанэрейуэ зэрыщекIуэкIыр. Апхуэдэ зэхьыхьэ куэдым щIалэгъуалэр жыджэру хэтыну къыхуриджащ абы икIи текIуэныгъэ къахьыну ехъуэхъуащ.
  • Махуэ зыбжанэкIэ екIуэкIыну зэпеуэм щытекIуэхэр кIэух зэIущIэм ирагъэблэгъэнущ. Ар накъыгъэ мазэм Москва щызэхашэнущ.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.