ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхыдэм и лъагъуэхэмкIэ

2019-03-19

  • Лъэпкъ жыгыр зэфIэбгъэувэжыным нэхъ гугъу дыдэу хэлъыр абы и щIэдзапIэр къэгъуэ­ты­нырщ. Къардэнхэ къатщ­тэмэ, ар Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм ущрихьэлIэнущ Адыгэ, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэми хамэ къэ­рал зыбжанэми.
  • Къардэнхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэ, жылагъуэ 59-м дэсщ. УнэцIэр зезыхьэхэм ящыщ языныкъуэхэм жаIэу зэ­хыбох ахэр псори благъагъэкIэ зэбгъэдэмыхьэу, арщ­хьэкIэ ар пэжкъым икIи сэбэп хъунт абыхэм архив дэфтэрхэм, лъэп­къыр къызыхэкIар къэзыгъэлъагъуэ тхылъымпIэ­хэм зыщагъэгъуэзамэ.

  • Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Къардэнхэ икъу­кIэ цIэрыIуэ хъуа куэд къа­зэрыхэкIари.
  • Абыхэм ящыщщ Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэр — япэ адыгэ композиторыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гимныр зэхэзылъхьар. Ап­хуэдэщ дуней псом цIэ­рыIуэ щыхъуа модельер Къардэн Пьер, Совет Армэм и полковник, Лениным и орденымрэ Бэ­ракъ Плъыжь орденихрэ зыхуагъэфэща, Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр, Вагъуэ Плъыжь орде­нитIрэ медалхэмрэ зрата Шемякин (Къардэн) Михаил, абы и къуэ, сурэтыщI, Къэрал саугъэт куэд зы­хуагъэфэща Къардэн Михаил, генерал-майор Къар­дэн Къубатий, Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Къардэн Мурат, Къардэн Къэбард, Урысейм и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид сымэ, Абхъазым и ЛIы­хъужь Къардэн Генэ, 1950 гъэхэм республикэм щэнхабзэмкIэ и министру щыта Къардэн Башир, Къэ­рэшей-Шэрджэсым и Правительствэм и Уна­фэщIу щытахэу Къардэнхэ Аскэррэ Аликрэ, ­КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Къардэн ХьэкIуцэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Къардэн Лъос­тэнбийрэ Къардэн Iэбузедрэ, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру щыта Къардэн Ахьмэд,  Олимп чемпион, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, «Совет- с­кая молодежь» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къар­дэн Мухьэмэд, дунейпсо чемпионхэу Къардэн Анзор, Къардэн Ан­темыр, Европэм и чем­пионкэ Къардэн Рагнеттэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и тренерхэу Къардэн Анзор, Къардэн Хьэсэн, нэгъуэщI куэди.
  • Щолэхъупщым
  • и лIыкIуэ
  • Къардэн
  • УФ-м Къэрал кIуэцI Iуэ­хухэмкIэ и министерствэм и архив нэхъыщхьэм (Москва) «Адыгэхэм 1559 — 1748 гъэхэм ирагъэкIуэкIа Iуэ­хухэр» и гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ пщы Къардэны­къуэ Василий теухуа дэф­тэрхэр. Абы и IуэхущIа­фэхэм теухуахэр къы­щыбгъуэтынущ Къудащ  Елбэздыкъуэ 1913 гъэм къыдигъэкIа «Исторические сведения о кабардинском народе» тхылъми.
  • Къэбэрдеипщ, дипломат Къардэныкъуэ Василий теухуауэ абыхэм къы­щыхьар мыращ:
  • «Къэбгъэлъагъуэмэ, Году­нов Борис тетыгъуэр къыщылъысам, адыгэ лъэп­­къымрэ Урысеймрэ я зэхущытыкIэм зэрызи­хъуэжа щыIэтэкъым.
  • Къэралым щекIуэкI зэ­щIэхъееныгъэр (смутное время) Къэбэрдейми щы­зыхащIэрт. Урыс цIыхубэм пщыуэ къалъытэнур ямы­щIэу, пщы нэпцIхэм тхьэ­рыIуэ хуащIырт. АтIэ Москва пэIэщIэ щIыналъэхэм щыпсэухэм, псалъэм пап­щIэ, адыгэхэм, нэгъуэщI я Iэмалт?
  • Япэу зызыгъэIуа Лжедмитрий и деж, и пщы­гъуэмкIэ ехъуэхъуну, ­ады­гэхэм ягъэкIуауэ щытащ Сэнджэлейрэ Ботайрэ. Абы къигъэлъагъуэрт ады­гэхэр Урысейм игъа­щIэ­кIи бгъэдэтыну тхьэ зэраIуам зэрыхуэпэжыр. Москварэ Къэбэрдеймрэ я зэхущытыкIэхэр гугъуми, къэбэрдеипщхэр ­щы­хьэ­рым еблагъэрт, ­­къулыкъу щащIэрт.
  • 1589 гъэм Москва щы­Iащ Къардэныкъуэ Василийрэ Къамбулэтыкъуэ Борисрэ.
  • 1609 гъэм къэбэрдеипщ нэхъыщхьэ Щолэхъум Шуйский Василий деж ­игъэкIуащ и лIыкIуэ пщы Къардэныр.
  • Москва здэкIуэм, Тулэ и Iэгъуэблагъэм нэсауэ, Къар­дэным къэзакъхэр къытеуэри къедыгъуащ, уеблэмэ Щолэхъум пщым хуигъэхь тыгъэхэр къыт-рахащ. Къардэныр Тушинэ яшащ. Абы икIри, Калугэ нагъэсащ.
  • Лжедмитрий яукIа нэужь, Къардэныр щIы­хьащ Ляпунов Прокопий деж, арщхьэкIэ и Iуэхум зыри къимыкIыу, ар Ка­зань яхуащ. Абы 1614 гъэ пщIондэ Къардэныр щы­Iащ.
  • Мыгувэу Щолэхъумрэ нэгъуэщI къэбэрдеип­щ­хэмрэ тетыгъуэщIэр зы­лъы­са урысыпщым тхьэ­рыIуэ хуащIа нэужь, Къар­дэным Москва игъэ­зэжри, пщы Михаил Федорович къыIущIэну щIэлъэIуащ. Апхуэдэу 1614 гъэм пщым ар Дыщэ палатэм иригъэблагъэри, тыгъэш­хуэ­хэр и Iэрылъу Къэбэрдейм къигъэкIуэжауэ щытащ.
  • 1616 гъэм Къардэн Василий иригъэкIуэкIа къэрал Iуэхутхьэбзэхэм я фIыгъэкIэ Къэбэрдейм икIыурэ Москва мызэ-мы­тIэу кIуащ пщыхэу ­Къан­болэт Къундет, Енкъылыш Сэнджэлей, Що­джэ­ныкъуэ-мырзэ Бузулук. Сэнджэлей и гъу­сэт уэркъ 18, Къундетрэ Що­джэ­­ныкъуэмрэ — пщIы­рыпщI. Ахэр кIуэцIры- кIащ Казань къалэмкIэ. Къэбэрдеипщхэр зыте­кIухьа Iуэхур къызэры­гурагъэIуар мыпхуэдэут: «Я адэшхуэхэр, я адэхэр, я къуэшхэмрэ адэ къуэш­хэмрэ урысеипщхэм сыт щыгъуи къулыкъу хуа­щIащ, иджы зи чэзур езыхэрщ».
  • ТетыгъуэщIэр къэу­нэхуа нэужь, Къэбэрдеймрэ Моск­варэ нэхъ щIэх-щIэ­хыурэ зылъихьэ щыхъужар 1613 гъэм щегъэ­жьауэ къыщIэкIынущ».
  • Яхъума дэфтэрхэм ятепщIыхьмэ, а зэман хьэ­лъэм къэралым и щы­хьэрымрэ Къэбэрдейм­рэ я зэпыщIэныгъэр ­зэ­ры­зэт­раухуэжам дип­­ломат ­Къардэн Василий и фIы­щIэ куэд хэлъщ.
  •  Дзэзешэ
  • Къардэныкъуэ
  • «Къардэныкъуэ» жи­Iэмэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, «Къар­дэн и къуэ» къикIыу аращ. ИщхьэкIэ зигугъу щытщIа архив гъэтIылъыгъэхэм («Ады­гэхэм 1559 — 1748 гъэхэм ирагъэкIуэкIа Iуэхухэр») къыхощ Черкасский Василий (Къардэныкъуэ Къазий-мырзэ) къэбэрдеипщхэм зэращы­щыр. Ауэ щIэныгъэлI Къэзакъ Аслъэн къызэри­хутамкIэ, Къазий-мырзэ абазэпщхэм къахэкIащ.
  • Ар Одоевэ 1589 гъэм щызэхэта пэщIэдзэ полкым и япэ дзэзешэт, 1591 гъэм Тулэ щыIащ, 1592 — 1599 гъэхэми къулыкъу ищIащ. 1599 гъэм къы­щыщIэдзауэ Къардэны­къуэр лIакъуэлIэшхэм ящыщщ, 1603 — 1605 гъэ­хэм   Астраханрэ Смо­ленск­рэ дзэзешэу щыIэщ.
  • Абы щхьэгъусэ ищIат Мстиславский Фёдор ­ипхъу Ольгэ. Бын зэда­пIауэ архивхэм хэлъкъым, хуэбгъэфащэмэ, сабий яIауэ къыщIэкIынукъым.
  • НэгъуэщI Къардэныкъуэ Хьэжы-Уэсмэни (Ефэнды УэсмэнкIи еджэрт, къыщалъхуа гъэр хъума хъуа­къым, дунейм ехыжащ 1796 гъэм нэхърэ мынэхъ пасэу) и гугъу щещI дэф­тэрым. Ар капитант, Джылахъстэнейм щып­сэуащ. Дэфтэрхэм къы-зэ­рыхэщымкIэ, 1796 гъэм урысейм къулыкъу щи­щIащ.  И унагъуэм теу­хуауэ зыми дыщыгъуазэкъым.
  • УнэцIэ куэдым я щIэдзапIэр къыщыбгъуэтынкIэ хъунущ къэрал зэхуэ­мыдэхэм я архивхэм — Къэбэрдейр Урысей къэ-ралыгъуэм пыщIа щы­хъуам къыщыщIэ­дзауэ (нэгъуэщIу жыпIэмэ, XVI лIэщIы­гъуэм и етIуанэ Iыхьэм, япэ тхыбзэхэр къэунэхун щыщIадзам щегъэ­жьауэ) ухэплъэмэ. Си фIэщ мэхъу апхуэдэу Iуэхум дыбгъэдыхьэмэ, къэбэрдеипщхэми уна­гъуэцIэ куэдми ятеухуауэ нэхъ гъэщIэгъуэныжхэр къы­зэрытхуэхутэнур.
  • Къапщтэмэ, Урысейм къулыкъу щызыщIа ­ады­гэ­­хэм я хъыбархэр ­зы­фIэхьэлэмэтхэм икъу­кIэ ягу дыхьэну къызолъытэ щIэныгъэлI Къэ­закъ Аслъэн 2006 гъэм къыдигъэкIа «Адыги (черкесы) на русской военной службе. Воеводы и офицеры середины 16 — начала 20 вв.» и лэжьыгъэр.
  • Къардэн  Хьэдис,
  • тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат.