ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм топсэлъыхь

2019-03-19

  • Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызы­хуэ­тыншэу къызэгъэпэщыным, дапщэщи хуэдэу, гулъы­тэшхуэ щрат ди республикэм. КъБР-м ЦIыхухэр егъэ­джэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ щызэхэта зэIущIэм и утыку кърахьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ ар.
  • Зэхуэсым зэрыщыжаIамкIэ, Налшык и Iэшэлъашэм щыIэ «Кизиловка» сабий лагерь цIэрыIуэм мы гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманым ирихьэлIэу къыщызэIуахынущ ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм папщIэ зыгъэпсэхупIэ хэха.

  • Ар хеу­быдэ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым и «Дэтхэнэ ­сабийми и ехъулIэныгъэ» щIыналъэ унэтIыныгъэм. Абы ипкъ иткIэ лагерыр щIэрыщIэу къызэрагъэпэщыжынущ, проектыр и лъабжьэу. Абы хухахащ федеральнэ мылъкум къыхэкIауэ  сом мелуани 194,36-рэ. КъинэмыщIауэ, сом мелуан 213,567-рэ хухахащ Сабий зэчиифIэхэр къэгъэнэ­Iуауэ абыхэм ядэлэжьэнымкIэ центр щхьэхуэ къызэгъэ­­пэ­щыным. Абы епха Iуэхугъуэхэр нэхъыбэу щекIуэкIынур «ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ сабий академиерщ.
  • Егъэджэныгъэм и лейуэ сабий зэчиифIэхэм ядэлажьэ IэнатIэхэм 2019 гъэм къриубыдэу иджыри екIуэлIэфыну ­Iэмал яIэнущ ныбжьыщIэ мини 5-м щIигъум. А унэтIын­ыгъэмкIэ республикэр зыхуэныкъуэхэм я процент 90 мэхъу ар, ди гуапэ зэрыхъущи. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм а Iуэ­хугъуэм адэкIи зрагъэужьынущ.
  • КЪАРДЭН  Маритэ.