Зыхилъхьэ щыIэкъым
2019-03-19
- «Физикхэмрэ лирикхэмрэ псэкIэ зэгъунэгъущ», — щIыжаIэр литературэр IэщIагъэ етIуанэ зыхуэхъухэр физикхэм куэду къазэрыхэкIыр арагъэнщ. Псом хуэмыдэжу физикхэм я деж куэдрэ уащрохьэлIэ усэ зытххэм. 1951 гъэм мэкъуауэгъуэми 11-м Нартан къуажэм къыщалъхуа, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБКъУ-м физикэм и теориемкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэ Къуныжь Борис, и IэщIагъэ нэхъыщхьэм нэмыщI, нэгъуэщI Iуэхугъуэ зыбжанэми дахьэх: усэ етх, шахмат хъарзынэу мэджэгу.
- УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым полимерхэм я физикэм теухуауэ щIэныгъэ лэжьыгъэу куэд дыдэ зытха икIи трезыгъэдза Къуныжь Борис а псоми и Iэр зэрыхунэс щIыкIэр. Ауэ нэхъ гъэщIэгъуэныж тщыхъуар щIэныгъэлIым и усэ шэрыуэхэрщ, абыхэм къыщигъэсэбэп псалъэ купщIафIэхэрщ. Образ щIэщыгъуэхэр, гъэщIэгъуэнхэр зэриухуэ щIыкIэрщ. Борис и усэхэм пэж дыдэу къыбжаIэ физикэмрэ лирикэмрэ зэрызэпэмыжыжьэр.
- Къуныжьым КъБКъУ-р къиухащ. Университет нэужьым Мэзкуу аспирантурэм щеджащ, ар 1979 гъэм къиухри, илъэситI иримыкъум и кандидат лэжьыгъэр игъэхьэзырри пхигъэкIащ. Доктор лэжьыгъэр гъэхьэзырыным яужь ихьэри, ари куэдыщэ дэмыкIыу зэфIигъэкIащ. 1998 гъэм щIалэ гурыхуэр щIэныгъэхэм я доктор хъуащ. Щеджа университетым илъэс зыкъомхъуауэ щолажьэ, студентхэр ирегъаджэри, езым бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ гурыхуагъэмрэ и гъэсэнхэм зэраритыным хущIэкъу зэпытщ.
- Борис и усэхэм къыбжаIэ ар лъэпкъым, Адыгэ Хэкум и тхыдэм, и къэкIуэнум егупсыс зэпыту зэрыщытыр. Къуныжьыр ирогушхуэ ПащIэ Бэчмырзэ зэрикъуажэгъум. Зыхилъхьэ щымыIэ жыхуаIэм хуэдэу фIыуэ елъагъу КIуащ БетIал и усэхэр. Апхуэдэуи Къуныжьыр дахьэх Лермонтов Михаил, Есенин Сергей сымэ я тхыгъэхэм.
- Физик-усакIуэм, лъэпкъым и тхыдэм теухуа усэхэр итхым и мызакъуэу, ди лъэпкъым и къежьэкIам, и къекIуэкIыкIам ехьэлIа къэхутэныгъэхэри иIэщ. Къуныжьым усэ зыкъом иIэщ, ауэ ар зэлIалIэр итхыр занщIэу къытрыригъэдзэныркъым
- Къуныжь Борис
- и усэхэр
- Гъэмахуэ пщыхьэщхьэ
- Вагъуэ къехуэхар, тхьэмпэ
- къыпыхуауэ
- Нэр тепщIыпщIэу псым
- къыхолыдыкI.
- ЩIыр, цы топу, хуэму мэкIэрахъуэ,
- Зыр зым кIэлъигъакIуэу гъэхэр
- къыпебжыкI.
- Дыгъэм и лэжьыгъэр сфIощI
- къытехьэлъауэ,
- Щхьэдоплъыхыр къуршым ар
- еша-елIауэ.
- Зи фэр шэхум хуэдэ мазэр
- Уэгум къехуэхащ.
- Гуэлым ар хэхуати,
- Шыхэм ирафащ.
- Сыщалъхуа си къуажэ
- Нартан къуажэу къуажэ кIыхь,
- Тхыдэ куэдыр зи пшэрыхь,
- Щихънагъ Iуащхьэр зи дамыгъэ,
- Уэ уи цIыхухэм яIэщ лIыгъэ.
- Илъэс куэд уэ къэбгъэщIами,
- Махуэ къэскIэ уощIэращIэ.
- Нартан Iуащхьэм укъыщежьащ.
- ПIэпIынэ щыгуми уисыгъащ.
- Яхэбдзыну зы хэмыту,
- жэмыхьэтхэу узэхэтщ.
- Уи къуажапщэр Агъзэгъейщ.
- Уи къуажэкIэр ГъукIэжьейщ.
- Хьэуд къуажэ и кум итщ,
- Къесын хьэблэ къыбгъурылъщ.
- Ауэ псори дригушхуэу,
- Уэ къэплъхуауэ уиIэщ къуэшхуэ,
- Хэкум ар и пщы уэлийт,
- И унэцIэр Къылышбийт.
- Пэмыжыжьэу Жэмыжьыкъуэ
- Щыпсэуащ зы лIы цIэрыIуэ
- Ар усакIуэт, бзэ шэрыуэт,
- Къызэреджэри Бэчмырзэт.
- Хьэуд къуажэ къыщалъхуат
- Дуней псом къыщацIыхуат,
- Уи бэнакIуэ НакIэ Тафэ,
- Пелуан щIалу щIалэ бжьыфIэр.
- Норильск къалэм, гъущI ягъэткIуу,
- ЦIыху мин бжыгъэ щегъэпсэу
- Джонсон щIалэу цIыху
- нэщхъыфIэм,
- И къуажэгъухэр зыгъэгуфIэм.
- Къыщалъхуащ ар Агъзэгъей,
- И унэцIэр Хьэгъэжейщ.
- ЛIы гумащIэщ, лъэрызехьэщ.
- ЛIыхъужьыцIэри зэрехьэ.
- Сынохъуэхъур, си къуажэшхуэ,
- Дыгъэр куэдрэ къыпхуепсыну.
- Жыгхэр куэдрэ пхуэгъэгъэну,
- Уи цIыхубэр узыншэну,
- Берычэтыр убгъэдэлъу,
- Гъэ минищым ухыхьэну.
- Къэбэрдей
- Си щIэныгъэм хэзгъэхъуэну
- Е си нэгу зезгъэужьыну,
- Гъуэгуанэшхуэ зэпысчащ,
- ЩIыпIэ куэдми сыщыIащ.
- Ауэ псынщIэу сыпхуозэш,
- Зэмызэгъхэр зыщIу зэш,
- Дуней дахэр зи пщэдей,
- Жэнэт лъапсэу Къэбэрдей.
- Iуащхьэмахуэ уи дамыгъэщ,
- УзыщIэкъур мамырыгъэщ,
- Махуэ къэс урехъу нэхъ дахэ,
- Дыгъэ бзийр щыджэгу си лъахэ.
- Уи гъунэгъухэр зэрызохьэ,
- Уи уи цIыхухэр зохьэзохуэ,
- ГъащIэ дахэ яухуэну,
- Къэбэрдей, уэ пхуэфэщэну.
- Идар
- Ди благъэфIхэ, си ныбжьэгъуфIхэ!
- Нобэ куэду фызэхуэс.
- Мэхъур си къуэр зы илъэс!
- Фадэр изу фэ ивгъахъуэ,
- Идар цIыкIум фыхуэхъуахъуэ
- И лъэр жыру тхуэувыну,
- Лъабжьэ быдэ игъуэтыну,
- Берычэтыр къелъэлъэхыу,
- Къуныжь лъэпкъыр игъэбагъуэу,
- ИлъэсищэкIэ псэуну.
- 2006 гъэ
- Гъэхэр макIуэ
- Дунейр шэрхъщи мэкIэрахъуэ,
- ПсынщIэу, псынщIэу гъэхэр макIуэ.
- Жэщи мэхъур, нэхуи мэщ,
- Ауэ сыхъуркъым сэ Iущ.
- Илъэс плIыщIым сыщIигъуащ.
- Сыту мащIэ сэ слъэгъуар.
- Сыту мащIэ хуэзлэжьар
- Сыщалъхуауэ си къуажэжьым,
- ФIыуэ слъагъу адыгэ лъэпкъым.
- Мыщхъыдж
- I
- ФхуэсIуэтэнущ сэ хъыбар.
- Мыщхъыджщ ар зытеухуар.
- Мыщхъыдж зи цIэр псыежэхщ,
- Ар зэзгъэщхьыр сэ псыпхъэхщ.
- Илъэс куэд лэжьат мыпIащIэу,
- Къуэ дихат абы щIэращIэу,
- Къуэ нэпкъитIым къуацэ тетт,
- Хьэцыбанэ абы хэтт.
- КъыщыкIт лъагэу бэрэжьей,
- Куэду итт абы пыжьей,
- ЯтIагъуэ бгыхэм щаIэу абгъуэ,
- Пабжьэ Iувхэм хэсхэт ныбгъуэ.
- ДыкIуэрт абы дэ джэгуакIуэ,
- Е къэтхьыну щIымэракIуэ.
- КIэщIу жыпIэм, а къуэ куум
- Дэ щыдгъуэтырт насып куу.
- II
- Щыхьэр къалэ унафэщIым
- Псалъэ IэщIэкIа мыхъумыщIэм,
- ЩIэпхъаджагъэ кърикIуащ —
- Мыщхъыджыкъуэр текIуэдащ,
- ЯщIащ ар куэншыб идзыпIэ,
- Къуэм дэз хъуащ ар зы
- напIэзыпIэм,
- ЩIы абы тратхъуэжащ,
- Тафэу губгъуэ ящIыжащ.
- Мыщхъыдж хуащIащ нэгъуэщI
- жапIэ,
- Сеплъым, сфIощIыр сэ ар бампIэу,
- Къуажэ гупэмкIэ къашащ,
- КъуэщIэ дитхъуу хыхьэжащ.
- Адыгэ лъэпкъ
- Срогушхуэ сызэрыадыгэм
- ИкIи сропагэ.
- Си гур хохъуэ, сеплъым ди
- къуршыжьхэм,
- Iуащхьэмахуэ лъагэм.
- Согупсысыр ди нартыжьхэм,
- ЗекIуэ зэрыкIуахэм,
- Мысыр хэкум щытепща
- мамлюкхэм,
- Сигу доуз ИстамбылакIуэ
- гъыбзэхэм,
- Тенджыз ФIыцIэм хэкIуэда
- адыгэхэм.
- Гъэ мин бжыгъэ мэхъу уи тхыдэр.
- Си адыгэ лъэпкъ!
- Бэлыхь куэд ятелъщ уи бынхэм,
- Си адыгэ лъэпкъ!
- Дуней псом тепхъащ уи
- цIыхухэр,
- Си адыгэ лъэпкъ!
- Тхьэм солъэIу уэ пIуэтэжыну,
- Си адыгэ лъэпкъ!
- Къэралыгъуэ бгъуэтыжыну,
- Си адыгэ лъэпкъ!
- IэщIыб сумыщI
- Уафэр чэщанэщ,
- Мэзыр уэзджынэщ,
- Шэтыбгыр уи щхьэщ,
- Къуршхэр къэухьщ.
- Мэзхэр уи набдзэщ,
- Псыхэр уи нэпсщ,
- Щотыншыр си псэр
- Адыгэ лъапсэм,
- Сыт къысщымыщIми,
- IэщIыб сумыщI.