ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыналъэпсо олимпиадэр йокIуэкI

2019-03-19

  • Хабзэ хъуауэ, мы гъэм ебланэу КъБКъУ-м къы­щы­зэрагъэпэщащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я школакIуэ нэхъыжьхэр зыхэт олимпиадэ зэIуха. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ университетым и пресс-IэнатIэм. Курыт школым щадж предмет зыбжанэ къызэ­щIэ­зыу­быдэ зэпеуэр гъатхэпэм и 16, 17 махуэхэм екIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъ­къэрымрэ Ингуш Республикэмрэ я курыт школ­хэм щеджэ ныбжьыщIэ  ми­ни 3-м щIигъу.
  • — КъБКъУ-мрэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщ олимпиадэ зэIухар зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъы­кIуэм нэхъ цIэрыIуэ хъууэ­рэ, цIыху нэхъыбэ къы­хы­хьэурэ йокIуэкI. Гъэ къэси зэпеуэм унэтIыныгъэщIэхэр къыхохьэ.

  • Мы гъэм ныбжьыщIэхэр япэу зэпеуащ инджылызыбзэмкIи, — жеIэ зи цIэ къитIуа министерствэм и пашэм и къуэ­дзэ Мокаев Ашэмэз. — Школа­кIуэ­хэм я дежкIэ мы­хьэ­нэшхуэ иIэщ мы зэпеуэм, сыту жыпIэмэ абы щыте­кIуэ­хэм къахьыфынущ еджапIэ нэхъыщхьэм щыщIэ­тIыс­хьэ­кIэ къахуэщхьэпэжын, къалъытэн балл бжыгъэхэр. Ап­хуэдэуи дэтхэнэ ныбжьыщIэми Iэмал иIэщ и щIэныгъэр здынэсыр къихутэфыну.
  • Гъатхэпэм и 16-м, олимпиадэм и япэ махуэм, школакIуэхэр зэпеуащ предмети 8-кIэ. Апхуэдэхэт математикэр, урысыбзэр, физикэр, тхыдэр, химиер, геогра­фиер, информатикэр, литературэр. НыбжьыщIэ нэхъыбэ здекIуэлIахэм ящыщщ тхыдэ, химие, урысыбзэ предметхэмкIэ зэпеуэхэр. КъыкIэлъыкIуэ махуэм школакIуэхэр хэтащ биологиемкIэ, обществознаниемкIэ, инджылызыбзэмкIэ, къинэмыщIауэ, аргуэру урысыбзэмрэ математикэмкIэ къызэрагъэпэща зэпеуэ­хэм. А махуэм бжьыпэр зыIыгъар биологие предметыращ. Абы сабий нэхъыбэ дыдэ екIуэлIащ.

  • Зэпеуэхэр къызы­хуэ­тын­шэу екIуэкIынымкIэ сэ­бэ­пышхуэ хъуащ университетым и волонтёрхэр. Абыхэм ныбжьы­щIэхэр яунэтIащ зэпеуэ щхьэ­хуэхэр щекIуэкIыну аудиторэхэмкIэ, упщIэ зиIэхэм жэуап иратащ.
  • Олимпиадэ зэIухам кърикIуахэм мы зэманым хоп­лъэ. Абы къигъэлъэгъуахэр къралъхьэнущ КъБКъУ-м и сайтым. ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ балл тху­рытху хущIагъунущ, а унэтIыныгъэмкIэ университетым щы­щIэ­тIысхьэкIэ. Зэпеуэм зэ­ры­хэтамрэ абы къыщахьа баллхэмрэ щыхьэт техъуэ сертификатхэри иратыжынущ.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.