ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нанэ Iумахуэ

2019-03-19

  • Жьыщхьэ махуэ дахэ хъуауэ нэхъыжьыфI унагъуэм исмэ, гущэр утыкум итмэ, псори зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэумэ, унагъуэ насыпкIэ зэджэжыр мис арауэ къызолъытэ сэ.

  • Мы тхыгъэр теухуащ нанэ Iумахуэ ТхьэкIумащIэ Лусэ и унагъуэ насып дахэм. Дэтхэнэ зы адэ-анэми и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр, дауи, и быным цIыху нэс къыхэкIынырщ, езыри жьыщхьэ махуэ дахэ хъунырщ. Лусэ къехъулIащ и хъуэпсапIэр. Бынри, быным и быныжри, абыхэм я щIэблэри къепщIэкIауэ, абыхэм къабгъэдэкI гуапагъэмрэ хуабагъымрэ зыхра­гъащIэу ягъэпсэу нанэр.

  • Дауи, Лусэ нобэ зэрытыншым хуэдэу къэгъуэгурыкIуакъым, уеблэмэ, гугъуехьышхуи гукъеуэшхуи зыгъэвахэм ящыщщ ар. Гугъуехьым игъэлIа щыIэкъым жаIэ, ауэ сэ абы арэзы сыте­хъуащэркъым. Гугъуехьым уимыгъалIэ щхьэкIэ, гуващIэхами, ар къыпщIохьэж.
  • Лусэ Куба къуажэм къыщалъхуащ, абы и адэ-анэ АфIэунэхэ ХьэтIутIрэ Назифэрэ бынитху зэдагъуэтати, Лусэ быным я нэхъыжьт, абы ипкъ иткIэ, гугъуехь нэхъыби и пщэ къыдэхуат.
  • Хэку зауэшхуэр къэхъеиным илъэс зыбжанэ иIэу къалъхуащ Лусэ, ауэ ар дунейм къыщытехьа гъэм и тэмэмыпIэр зыми ищIэркъым, япэм ахэр ятхыу зэрыщымы­там къыхэкIыу — иужькIэ, щхьэж и теплъэм елъытауэ, хуэгъэфэщауэ ятхыжауэ аращ.
  • Лусэ и адэ-анэми ядэIэпыкъун хуейт, и анэкъилъху нэхъыщIэхэми якIэлъыплъырт. КIэщIу жыпIэмэ, сабиигъуэ иIакъым абы, тIэкIу къызэрыжэпхъыу, хьэмфIанэр къищтэри, губгъуэм ихьащ. ХьэмфIанэкIэ пщIэуэ, IэкIэ нартыхур къыдичу, матэкIэ ­хихыжу — мис апхуэдэурэ лэжьащ. Балигъ хъури, унагъуэ ихьащ.
  • Адыгэ хабзэр щытепщэ ТхьэкIумащIэхэ я унагъуэ дахэм хыхьат Лусэ, арщхьэкIэ, и насыпым щыгуфIыкIын щыщIидзэм, япэу игъуэта сабийр ныкъуэдыкъуэу дунейм къытехьащ. Анэм и дежкIэ абы нэхърэ нэхъ гукъеуэ сыт щыIэ? Сабийм Iуплъэху и гур хэщIурэ, илъэс тIощIым щIигъукIэ IэкIэ зэрихьащ и щIалэ цIыкIур. Аурэ, зэманыр кIуатэурэ, сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн къыхуэхъу и гуащэ тхьэмыщкIэми и лъа­къуитIыр къыщIэмыувэж щыхъум, ари илъэс 13-кIэ зэрихьащ.
  • IэрызехьитIри, унагъуэри, хадэри, джэдкъазри, иужькIэ игъуэта быниплIри зыхуей хуигъазэу, и щхьэгъусэ Хъызыри сыт хуэдэ лэжьыгъэри дигъэпсынщIэурэ къэгъуэгурыкIуащ Лусэ.
  • Пэжщ, Лусэ игъэлIакъым гугъуехьым, ауэ а псори абы къыщIыхьэжащ, и IэпкълъэпкъкIи игъэвыжащ.
  • Зы илъэс тIощI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, узышхуэ къеуалIэри, Лусэ и лъэр щIихат, и щIэлъэныкъуэри къыдэмыбзыжу, пIэм къыхэнат. Дохутырхэри зы махуи щыгугъатэкъым ар къэтэджыжыну. АрщхьэкIэ, я анэм и узыр щхьэщахыным бынхэр ерыщу яужь ихьэри, жэщмахуэ ямыIэу абы иужь итахэщ, куэдрэ пIэм хэмылъуи, къызэфIагъэувэжащ. Лусэ гъащIэр къыхуэупсэжат езым хуэдэ нысэ гумащIэкIэ. Абы и нысэ Лидэ дохутырти, жэщ-махуэ имыIэу, и къарум емыблэжу, дэIэпыкъуэгъу псынщIэу бгъэдэтащ. КIэщIу жыпIэмэ, быныр ерыщу щIэбэнащ я анэм и узыншагъэм, Iэмалу щыIэ псори къагъэсэбэпурэ, Лусэ къагъэтэджыжащ.
  • Лусэрэ и щхьэгъусэ Хъызыррэ я щIалитIми хъыджэбзитIми щIэныгъэ гуэр зэзымыгъэгъуэтауэ зыри яхэткъым. ЩIалэхэр къуа­жэм дэсщ, нэхъыжь Лиуан зы хъыджэбз иIэщ, нэхъыщIэ Лолэ уней хьэрычэтыщIэщ, щIым толажьэ, абы щIалитI иIэщи, абыхэми адэм и гъусэу щIыр зэрахьэ. Хъыджэбзхэри унагъуэщ, Къэрэгъэш дэсхэщ.
  • — Ди анэр тхуэзыгъафIэу, тхуэзыгъэтыншу ди щIыбагъым дэт ди дэлъхумрэ ди нысэмрэ дахуэарэзыщ. Дэ дыхуейт ди анэмкIэ ди гур абыхэм зэрагъэзагъэм хуэдэу, езыхэми ­гъащIэ дахэ къагъэщIэну, бын гуфIэгъуэ куэд ялъагъуну, — жаIэ Лусэ ипхъухэу ХьэIишэтрэ Ритэрэ.
  • НобэкIэ Лусэ лъэрытетщ, быным ядиIуэ­тэжащ, жьыщхьэ махуэ дахэ хъуащ.
  • ЖЫЛОКЪУЭ  Лусаннэ.