Альберт ящыгъупщэркъым
2017-10-26
- Иджыблагъэ Нарткъалэ щекIуэкIащ Шэшэным хъыбарыншэу щыкIуэда Хьэлышх Альберт и цIэкIэ къызэрагъэпэща мини-футболымкIэ школакIуэхэм я зэпеуэ.
- БлэкIа лIэщIыгъуэм и бгъущI гъэхэм екIуэкIа шэшэн зауэм гуауэшхуэ къызыхуихьахэм ящыщщ Хьэлышх Розэ. Абы и къуэр, и щIалэгъуэрэ и къару илъыгъуэу, хъыбарыншэу кIуэдащ.
- Зы махуи етIысэхакъым Розэ и быныр къи гъуэ тыжын папщIэ. Куэдрэ лъэсу къызэхикIухьащ абы и къуэр иужьу здэщыIа Шэшэным и щIыпIэхэр, зыхуэзэхэм и быным и сурэт яригъэлъагъурэ хъы бар гуэр ящIэмэ къыжраIэну елъэIуу. Мызэ-мытIэу кIуащ зауэм щыхэкIуэдауэ зи цIэр ямыщIэхэр здрашэлIэж Дон Iус Ростов къалэм и дзэ госпиталым. Арщхьэ кIэ и къуэм и лъэужь къудей теувакъым. Абы щыгъуэми Хьэлышх Розэ и фIыгъэкIэ зыкъомым я Iыхьлыхэр къагъуэтыжащ. Ар дэтхэнэми щыгуфIы кIырт езым ейм хуэдэу.
- Иджыпстуи Хьэлышх Розэ жылагъуэ лэжьыгъэшхуэ зэфIегъэкI. Ар и унафэщIщ Хэкур яхъумэу хэкIуэдахэм я унагъуэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм.
- Розэ и къуэ Хьэлышх Альберт хъыбарыншэу зэрыкIуэдрэ илъэс зыбжанэ дэкIами, и цIэр ящыгъупщэркъым. Аращ иджыблагъэ абы и щIыхь кIэ школакIуэхэм мини-футболмыкIэ я зэпеуэ Нарткъалэ къыщIыщы зэ рагъэпэщари.
- Зэхьэзэхуэм къихьэлIат къалэм и еджапIихми я футболист ныбжьыщIэ хэр. Ахэр къикIуэт ямы щIэу зэпеуащ.
- ИкIэм-икIэжым, финалым щызэIущIащ курыт еджапIэхэу №5-мрэ №6-мрэ щIэсхэр. Ар хуабжьу бэ нэныгъэ гуащIэ хъуащ. Апхуэдэу щыт пэтми, курыт еджапIэ №5-м и футболист ныбжьыщIэ- хэм текIуэныгъэр зыIэра гъэ хьащ. Зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэмрэ дипломхэмрэ абыхэм хуа-
- гъэ фэщащ.
- Зэхьэзэхуэм хэта зы футболисти гулъытэншэу къэнакъым. КъищынэмыщIауэ, нэхъ Iэзэу къалъытащ гъуащхьауэ Хьэмыкъуэ Тамерлан (лицей №1), гъуа щхьэтет Къардэн Тамерлан (СОШ №2), гъуащхьэхъумэ Хьэкъун СулътIан (СОШ №6), гъуащхьэ хъумэныкъуэ Къущхьэ Елдар (СОШ №4). Зэпеуэм и футболист нэхъыфI хъуащ Шэрыб Елдар (СОШ №5). Топджэгум кIэлъыплъахэр нэхъ къыдэзыхьэхар Мэ шыкъуэ Анзорщ (СОШ №3).
- Хьэлышх Розэ кърихьэлIа псоми фIыщIэ яхуищIащ и къуэр зэра щы мыгъупщэм икIи абы и цIэкIэ къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэм зэрыхэтам папщIэ.
- Хьэсанэ Борис.