Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий IущIащ Роcгидрометым и унафэщI Яковенкэ Максим
2017-10-25
- Правительствэм и Унэм дыгъуасэ КIуэкIуэ Юрий щыIущIащ Роcгидрометым и унафэщI Яковенкэ Максим.
- Уэм, уэсукхъуэм, ятIэпсым зэрызэщахъумэ Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьащ зэIущIэм. ЗэрыфщIэжщи, 2017 гъэм и шыщхьэуIу — фокIадэ мазэхэм ятIэпсыр куэду къызэрехам и зэранкIэ цIыхухэр хэкIуэдащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ зыбжанэм лей къатехьащ.
- Бгы лъагэ геофизикэ институтым дыгъуасэ къыщызэIуахащ гидрометеорологие Iуэхугъуэхэм жыджэру хэлэжьыхьыным щытепсэлъыхь урысейпсо щIэныгъэ конференц. Яковенкэ Максим КIуэкIуэ Юрий щигъэгъуэзащ щIыуэпсым и къэхъукъащIэ шынагъуэхэм цIыхухэмрэ экономикэм и объектхэмрэ щыхъумэ-нымкIэ технологиещIэхэм.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ дыкъэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр къэпщытэнымкIэ системэ зэхэт къызэгъэпэщыным теухуауэ республикэм и властым и IэнатIэхэмрэ Росгидрометымрэ адэкIи зэрызэдэлэжьэфыну щIыкIэм.
- Ярославская Маринэ.