ЩIэблэр тхылъ еджэным драгъэхьэх
2013-03-26
- ЕджакIуэхэм я гъатхэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ирихьэлIэу республикэм и библиотекэхэм щокIуэкI «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
- Урысейм илъэс къэс зы тхьэмахуэ щыхухах сабий тхылъым. Апхуэдэ IэмалкIэ цIыхубэр хущIокъу щIэблэр Iуэху мыхъумыщIэхэм драмыгъэшэхыу гъуэгу захуэм — тхылъымрэ щIэныгъэмрэ щытепщэм — трагъэувэну. Нэхъыщхьэжращи, сабийр библиотекэм екIуэлIэху, и къэухьми хохъуэ, и гупсысэми зеузэщI.
- — Дызыщыгугъри ди плъапIэри щIэблэрщ. Ар акъылыфIэу, губзыгъэу, жану къэгъэтэджынымкIэ ди гуащIэ деблэж хъунукъым, — жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан, «Сабий тхылъым и тхьэмахуэм» хухаха гуфIэгъуэ зэIущIэр къыщызэIуихым. — Сыхуейт щIэблэм хьэкъыу япхыкIыну зы компьютери абы тет зы джэгукIэ гуэри тхылъым и пщIэм ауи зэрыпэмыхъунур. Тхылъырщ купщIэ зиIэр, гупсысэ зыхэлъыр. Сохъуэхъу еджакIуэхэр гъащIэм щыжыджэрыну, щIэныгъэм и купщIэм лъэ- Iэсыфыну.
- Фырэ Руслан щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ «Сабий тхылъым и тхьэмахуэм» 2012 гъэм къыщыхэжаныкIахэм. Апхуэдэу, «ЩIэджыкIакIуэ ныбжьыщIэ нэхъыфIу» къалъытащ Мироненкэ Марие (Май къалэм и курыт еджапIэ №1-м и 7-нэ классым ще-джэ), Брай Беслъэн (Шэджэм дэт 1-нэ школ, 3-нэ класс), Ашуров Алим (Налшык къалэ и курыт школ №25, 9-нэ класс), Табыхъу Фаридэ (Анзорей къуажэ, 4-нэ класс), Бжьыней Миланэ (Тэрч къалэ дэт лицей №1, 7-нэ класс) сымэ, нэгъуэщIхэри. 1812 гъэм екIуэкIа зауэр зэриухрэ илъэс 200 зэрырикъум ехьэлIауэ нэгъабэ къызэрагъэпэщауэ щыта зэпеуэм щытекIуа ныбжьыщIэхэри ягъэлъэпIащ. Ахэр: Теувэж Iэниуар (Налшык къалэ и курыт школ №18), Багъ Дианэ (Псынадахэ курыт еджапIэ), Уэщро Дисанэ (Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №2) сымэщ, нэгъуэщIхэрщ. Министрым гулъытэншэу къигъэнакъым лъэпкъ литературэм щIа- лэгъуалэр дегъэхьэхынымкIэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкI библиотекэхэри. Апхуэдэ пщIэ ялъысащ Арщыдан, Кэнжэ, Нейтринэ, Къэрэгъэш жыла-гъуэхэм, Май къалэм дэт библиотекэхэм я лэжьакIуэхэу «Си щIыналъэу Къэбэрдей-Балъкъэр» проектым зи гуащIэ къыхэщахэм.
- «Сабий тхылъым и тхьэмахуэм» и япэ махуэр гукъинэжу екIуэкIащ. Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм кърашэлIа ныбжьыщIэхэр клоуным, Мальвинэ хъыджэбз цIыкIум, Буратинэ, нэгъуэщI псысэ лIыхъужьхэми ягъэгуфIащ, абыхэм уэрэдхэр жаIащ, джэгукIэ хьэлэмэтхэр, фокусхэр ягъэлъэгъуащ.
- Мы тхьэмахуэм екIуэкIыну театр теплъэгъуэ кIэщIхэм, литературэ-макъамэ пшыхьхэм, тхылъыщIэхэм ятеухуа зэхыхьэхэм, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм, литературэ зэхуэсхэм, тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэм, нэгъуэщIхэми я еплъыкIэ, я гупсысэ къыщагъэлъэгъуэнущ класс нэхъ цIыкIухэми нэхъыжьхэми щIэсхэм. Апхуэдэуи еджакIуэхэм яIущIэнущ ди тхакIуэхэр, усакIуэхэр.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.