Казбек и Адыгэ пщэфIапIэр
2021-08-28
- дыгей Республикэм укIуа нэужь, уагъэлъагъунрэ узэрыдахьэхынрэ я куэдщ. Иджыблагъэ сыщыщыIам хуабжьу сфIэгъэщIэгъуэн хъуат КъуэкIыпIэ музейм и Кавказ Ищхъэрэ къудамэу Мейкъуапэ дэтым и пщIан-тIэм пIалъэкIэ къыдагъэува Адыгэ пщэфIапIэр. Ар щIыпIэ куэдым цIэрыIуэ щыхъуа «Матэ» адыгэ кхъуейр зыщI Цышэ Казбек къигупсыса проектхэм языхэзт. «Лъэужь» зыфIища а Iуэху дахэм и купщIэмрэ и мыхьэнэмрэ къытхуиIуэтат езым абы щыгъуэм. Зыпэрыт Iуэху къызэрымыкIуэм хуиIэ творческэ бгъэдыхьэкIэр дгъэщIэгъуауэ дыкъэкIуэжат. Куэд дэмыкIыу Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык къэкIуати, ди хьэщIэщым къедгъэблагъэри, зи яужь итхэм нэхъ гупсэхуу тедгъэпсэлъыхьащ.
- — Казбек, адыгэ кхъуей лIэужьыгъуэфI зэрыхэпхым, абы епха хьэрычэтыщIэ Iуэху узэриIэм куэд щIауэ сыщыгъуазэщ. «Матэ» кхъуейр Адыгейм имызакъуэу, хамэ къэралхэми къыщацIыхуну хунэсащ. Ауэ Мейкъуапэ дыныщыкIуам дыбгъэлъэгъуа проектым теухуакIэ къыщIэддзэнт ди зэпсэлъэныгъэр. Дауэ къэбгупсыса хъуа къепшэкI хъу а Адыгэ пщэфIапIэ цIыкIур? Мы уи лэжьыгъэр и лъабжьэу адыгэ тхыдэм, щэнхабзэм, псэукIэм ехьэлIа проектхэр утыку къипхьэныр сытым къыхэкIа?
- — Адыгэ кхъуей хэхыныр унагъуэкIэ едгъэжьащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ. Кхъуей 10-15 махуэм тщIыуэ щытащ. ИтIанэ цIыхухэр къыщIэупщIэурэ, дэри нэгъуэщI къалэхэм едгъашэурэ ди Iуэхум зиубгъуащ. ПщIэ Iуэхур уигу ирихь щыхъукIэ, абы удимыхьэхынкIэ, щIэ гуэр къыумылъыхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым, абы нэхъ зэрызебгъэужьынуми иужь уитынущ. Мы Iуэхум си щхьэ и фейдэ къыхэсхыным и закъуэкъым сезыгъэгупсысар, ар IэщIагъэ къызэрыгуэкIыу зэрыщымытыр, ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм кхъуей зэрыхихыр, ар шхыныгъуэ нэхъыщхьэхэм зэрыхалъытэр, адыгэ Iэнэм къытралъхьэу, зекIуэ ежьэм здрихьэжьэу зэраIар сщIэрти, къарум и мызакъуэу гурэ-псэрэ хэслъхьащ. ИтIанэ, Iуэху гуэр щебгъажьэкIэ уи гупсысэкIэм къытехуэу чэнджэщ къозытыфыни, гъуэгу уэзылъагъуфыни къыкъуокI. Сызэрыдихьэхам нэмыщI, мы IэщIагъэм — кхъуей хэхыным — теухуауэ сытри зэзгъэщIэну сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. Абы папщIэ, уеблэмэ Къэбэрдей-Балъкъэрми сыкъакIуэри, тхыдэджхэм сахуэзауэ щытащ.
- Дэнэ а псор къыщежьэр? Си сабиигъуэм сыкъызыхэхъукIа дунейр арагъэнщ. ДыщыцIыкIум адэшхуэ-анэшхуэм я куэщI срапIыкIащ. Куэдым дыхуагъэIущащ, езыхэр зэрызэхущытыр, лъытэныгъэу я зэхуаку дэлъыр слъэгъуащ. Ущыпсэум деж апхуэдэ Iуэху гуэр урихьэлIамэ, Iущагъ гуэр зэхэпхамэ, ахэр уигу къэкIыжурэ, уи Iуэхум хэплъхьэурэ укъекIуэкIмэ, фIы куэд къыпокIуэ. Ар сэ згъэунэхуащ. ЛъэныкъуитIымкIи си адэ-анэшхуэхэр псэууэ сыкъэхъуащ сэ, апхуэдэ насып сиIащ. Мис абыхэм жаIэжу зэхэсхам, я дуней тетыкIам къыхэсха хъунщ нобэ сызыпэрыт Iуэхум щыщ Iыхьэхэр, зи гугъу пщIы проектхэр.
- Ди лъэпкъ хабзэр, тхыдэр, IэщIагъэу яIар, къагъэсэбэпа Iэмэпсымэхэр дгъэлъэгъуэн мурадкIэ едгъэжьащ лъэпкъ проектхэр. СыткIэ ахэр зэрысэбэпыр? Псом япэу, къыдэкIуэтей щIэблэм я дежкIэ. Нобэ гаджетхэм фIэкIа Iуэху зимыIэ ныбжьыщIэхэм я нэгу къахущIэгъэхьэнукъым а зи гугъу тщIы шхыныгъуэхэр зыхуэдэр, къызыхащIыкIыр, гъавэм, къэкIыгъэм адыгэр зэрелэжьу щытар, къагъэсэбэпа Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщI куэди.
- — Пэжу а «пщэфIапIэм» щIэлъ хьэпшып мащIэми куэд къыпхуаIуатэ, пасэрей дунейм укъыщегъэхутэ…
- — ПщэфIапIэм ущIыхьэрэ пасэрей нанэм и куэщI укъихутауэ къыпщыхъумэ, ди мурадыр къыдэхъулIауэ аращ. Сэ абы Iэщи-фащи щIэслъхьакъым. АтIэ адыгэм махуэ къэс къигъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэрщ, цIыхур лажьэу зэрышхэж Iуэхущ абы щIэплъагъуэр. Нартыхур, ар зэрахьэж Iэрыщхьэлыр, гуэдзыр щахъумэ гуэныр, кхъуей, сыт хуэдэхэр. ШколакIуэхэр абы къыщIыхьа нэужь, телефонри дунейм щекIуэкIри къафIэмыIуэхужу зэпаплъыхь, хъыбархэм йодаIуэ, нэхъыбэ къызэращIэным иужь итщ. Абы ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Сэ сыхуейт а зэпыщIэныгъэр, блэкIамрэ нобэмрэ зэрызэпхар утыку къисхьэну. XVIII — XIX лIэщIыгъуэм псэуа адыгэм и жьэгум дэлъа фIыгъуэр щызыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым абы. Къытхуеблагъэхэм идогъэлъагъуф нартыху кIэчаным пIастэ къызэрыхащIыкIыр.
- ЕтIуанэрауэ, туристхэм папщIи бгъэлажьэ хъунущ, бгъэлэжьэни хуейщ. А псор зи нэгу щIэкI хамэ цIыхум лъэпкъым и псэукIар къещIэ, ди шхыныгъуэхэм я IэфIагъым къыдехьэх. Кхъуей быдэ хужьыр, кхъуей гъэгъуа плъыжьыр, къурэ шей, кофе, пIастэ, матэ кхъуей зыдэлъ хьэлывэ гъэжьа, псыхьэлывэ, фо — ахэр къызэхуэсхэм яIудогъахуэ Iуэху гуэр къыщызэдгъэпэщам деж.
- — Проект зэмыщхьхэмкIэ ди нобэмрэ пщэдеймрэ зэрызэпыпщIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, абы нэхърэ нэхъ цIыкIукъым туризм и лъэныкъуэкIэ къэбгъэсэбэп зэрыхъури.
- — «Лъэужь» зыфIэсща а проектыр адыгэ лъэпкъым и тхыдэ, щэнхабзэ щIэиныр хъума хъун папщIэ едгъэжьами, дызыхэпсэукI лъэхъэнэм мис апхуэдэ щIэинхэр иджырей псэукIэ-экономикэ зыужьыныгъэм етпхын хуейщ, туризм, инвестицэ я лъэныкъуэкIэ удэзыхьэх, ди блэкIари хъума хъун папщIэ.
- КIэщIу жыпIэмэ, блэкIам и купщIэр нобэрей махуэм гъуазэ хуэпщIыфмэ, куэд пхуэхъумэнущ, узэрыщыту укъызэтенэфынущ, зыужьыныгъи бгъуэтынущ. Зи гугъу пщIы, «шэрхъ зыщIэт пщэфIапIэр» Адыгейм и унафэщIхэми я нэIэ щIэту апхуэдэщ, хьэщIэ егъэблэгъэнымрэ турист IуэхумкIэ къыпхуэгъэсэбэпыну щытщи. Абы фIагъыу иIэхэм ящыщщ шэрхъ щIэту къепшэкI зэрыхъур — республикэм зэхыхьэ щекIуэкI щIыпIэхэм, уеблэмэ нэгъуэщI хэгъэгухэм пшэ хъунущ.
- — А пщэфIапIэм зы хьэку телъыджэ къыбгъурытщ. Уи деж хьэщIапIэ дызэрыщыIар Инстаграмым къыщитлъхьам пщIэжрэ абы щIэупщIэу иIар? ГъэщIэгъуэн пщымыхъуу къанэркъым и зэхэлъыкIэр, зыхуэгъэпсар, шхын зэрыщыбгъэхьэзырым нэмыщI щIэплъхьа гупсысэр? Уэра ар къэзыгупсысар? Сыт лъэпкъищым я щэнхабзэр щызэппхыу, адыгэм ейр курых щIыхуэпщIар?
- — Хьэкур къэзыгупсысар сэрам и мызакъуэу зыщIари сэращ. СызэригугъэмкIэ, узэрыIуплъэу къыбощIэ зи гугъу пщIы лъэпкъхэр зыхуэдэмрэ ахэр зэспхын хуей щIэхъуамрэ. Нэхъыщхьэращи, а хьэкум IэфIу уегъашхэ. Хьэкум и курыкуп-сэм лъагэу тетщ урыс самовар. Абы шей литр 50 йохуэ. И ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ жьэгу иIэщ, шыуаныр иту, ухуеймэ, зыгуэр щыгъавэ, щыгъажьэ, сэмэгумкIэ кофе щыбгъавэ мэхъу. А псоми я лъабжьэм мафIэ щIыбощIыхьри, мавэ, мажьэ! Сыт ар зи нэщэнэр? Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, гуапагъэм, берычэтым!
- Адыгэр ижь-ижьыж лъандэрэ хьэщIэхуэфIщ, и жьэгу мафIэр зэщIэгъэнарэ и Iэнэ лъакъуищыр узэдауэ апхуэдэщ. Адыгэр илъэс бжыгъэ куэд мэхъу урысым зэрыдэпсэурэ, ныбжьэгъу зэрыхуэхъурэ. Хэт зымыщIэр абыхэм самоваркIэ ягъэва шейм пэрысу зэман гукъинэжхэр зэрагъакIуэр? Пшахъуэм хэту гъэва кофер зи нэщэнэр хамэ къэрал куэдым ипхъа хъуа адыгэ лъэпкъым я псэукIэрщ, зыхэс лъэпкъым я ерыскъыхэр зэрашхырщ. КъуэкIыпIэ къэралым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зыщыгуфIыкIын гуэрщ ар, туристхэми, фэри, дэри фIыуэ долъагъу нобэ кофер. А хьэкур зэщIэгъэнамэ, екIуэкI Iуэхум хэтхэм шей, кофе, адыгэ кхъуей зыдэлъ хьэлывэ хуабэрэ кхъуейрэ едгъэшхыфынущ. ЦIыху 300-м зэуэ я гуапэ тщIыфынущ.
- — Мы зи гугъу пщIыхэр къыщыджепIэжам Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ куэдым къыпхуатхат Налшык къэпшэфыну уи «адыгэ пщэфIапIэр» — жаIэри…
- — Дэни сшэфынущ. Аращ ар зыхуэщIар, шэрхъ щIыщIэтри аращ. Дыкърагъэблагъэмэ, Налшыки щызгъэлъэгъуэфынущ абы и фIагъ псори. Дяпэ-кIэ апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр, зэдэлэжьэныгъэхэр зэтеублэным иужь ситщ, ноби сыкъыщIэкIуар аращ, си гупсысэхэм щыщ гуэрхэр ди къуэш хэгъэгум щыпхызгъэкIыну. Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэшхуэхэр дэтIыгъыу, ди гуапэу дыкъеблэгъэнущ, си гугъэщ цIыхухэми ягу ирихьыну.
- — «Гъуэмылэ» IэфIыкIэм хуэдэу дахэу гъэщIэрэщIауэ зэкIуэцIылъ уи ерыскъым щыщи къэсащ Налшык. Ар апхуэдизкIэ къэуатщи, жэщ-махуэ зыбжанэкIэ гъуэгу утехьэнуми, нэгъуэщI гъуэмылэ ухуейкъым. Сыт ар къызыхэщIыкIар?
- — Ар езыр гъуэмылэкъэ?! Уэркъ гъуэмылэщ! Ар ерыскъыгъуиблу зэхэлъщ, гуэдз къигъэкIыкIа, нартыху къигъэкIыкIа, кхъуей, лы гъэгъуа, хугу сыт хуэдэхэр фокIэ зэхэщIэжауэ. Апхуэдэ гъуэмылэр адыгэ Iэщэфащэм хэта гъуэмылапхъэ цIыкIум илъу шур зекIуэ ежьэрт.
- Гъуэгу здытетым къэмэжэлIамэ, зы тыкъыр къыпичрэ жьэдилъхьэмэ, къару къыхилъхьэжырт. ШхыгъуафIэтэкъым ар, тыншуи бгъэныщкIуртэкъым. Ауэ гур къыщIэзыубыдэ ерыскъыхэмкIэ зэхэлъ шхыныгъуэщи, и Iыхьэ нэхъ мащIэми къару къыпхелъхьэж, зы тIэкIунитIэм уи ныбэ из ещI.
- — Уи IэдакъэщIэкIхэмкIэ дгъэзэжынщи, уэ пщIы кхъуей быдэ лIэужьыгъуэм и фIагъым утезгъэпсэлъыхьынут. Ар къэбэрдей кхъуейм ещхьу ину, берычэту щыткъым, цIыкIущ, быдэщ, ауэ IэфIщ.
- — Дэ иджыпсту тщIы кхъуей быдэм и IэфIагъым и закъуэкъым фIагъыу иIэр, ар икIи пIалъэ кIыхькIэ щылъынущ, гъуэгу здытепхьэн хуей хъуми — цIыкIущ, гъущэщ, быдэщ. Къэбэрдей кхъуей цIынэми, гъэгъуами унагъуэ кхъуейкIэ нэхъ уеджэнщ, унагъуэм щызепхьэу, щыпшхыу аращи.
- Ди кхъуейм шхыныгъуэ 50 хуэдиз къыхыбощIыкIыф. Дэ ресторанхэм я пщафIэ лъэрызехьэхэм дадолажьэри, дощIэ. Кхъуейр ди республикэм и бренд хъуащи, нэхъри зэрызедгъэужьыным, лIэужьыгъуэщIэхэр зэрытщIыным дыпылъщ.
- КъищынэмыщIауэ, «Матэ» кхъуей быдэм хуабжьу сэбэпынагъ ин пылъщ цIыху Iэпкълъэпкъым дежкIэ. Уеблэмэ, сабий зи ныбэ илъ анэм ира-гъэшх езым и къупщхьэхэр быдэ хъун папщIэ, сабийри Iэбыдэ-лъэбыдэу дунейм къытехьэн щхьэкIэ. ИужькIи, цIыкIур игъэшхэху анэм дежкIэ сэбэпщ кхъуейр.
- Сабийм и къупщхьэр зэрызэригъэубыдым хуэдэ дыдэу, лIыжь-фызыжь хъуахэм я къупщхьэхэр быдэу щигъэтщ абы. Адыгэм къэуат зыщIэмылъ, узыншагъэм дежкIэ мысэбэп ишхыу щытакъым. Нэхъапэм кхъуей быдэр мэкъуауэ кIуэхэм Iэмал имыIэу здрахьэжьэ ерыскъыхэм ящыщт. Япэрауэ, уигъэмэжалIэртэкъым, етIуанэрауэ, зы кхъуей тыкъыр уи бзэгу лъабжьэм щIэплъхьэмэ, махуэм я нэхъ хуабэми, псы ухуигъалIэртэкъым.
- — А пасэрей шхыныгъуэр иджырей теплъэ иIэу сату Iуэхум зэрыхуэбгъэхьэзы-рыр екIущ икIи удэзыхьэхщ.
- — Сату Iуэхум ухэтыфын щхьэкIэ, и IэфIагъкIи, и теплъэкIи цIыхур къыдихьэхыу щытын хуейщ продукцэм. ДызыхэпсэукI дунейм и хабзэхэр (шхыныр куэд зэрыхъуар, цIыхум я щэхуэкIэр) къэтлъытэри, ди кхъуейр грамм 250-300 хъууэ тщIын щIэддзащ. Ар адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр къызытещ пхъэ пхъуантэм, тхылъымпIэ Iувым къыхэщIыкIа коробкэм идолъхьэ. ЛIэужьыгъуэу тщIы псоми зэкIуэцIылъхьэкIэ къахуэдгупсысащ. Абы нэсын ипэ къихуэу, зэIымыхьэу хъума хъун папщIэ, иджырей технологием и Iэмал псори къэдгъэсэбэпу зэкIуэцIыдолъхьэ.
- — «Матэ» фирмэм и ерыскъыхэкIхэр Москва гъэлъэгъуэныгъэхэми хэтщ, ВДНХ-ми щыбгъэлъэгъуащ.
- — Мызэ-мытIэу дыщыIащ гъэлъэгъуэныгъэхэм. Ди Iуэхур зэредгъажьэрэ Адыгэ Республикэм Мэкъумэш IэнатIэхэм-кIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэм дадолажьэ, Правительствэм и нэIэ къыттригъэтщ. Абыхэм срагъэблагъэри, зыбжанэрэ дыщыIащ гъэлъэгъуэныгъэ инхэм, къэрал утыкухэм дихьащ. Адыгэ Республикэм ущискIэ, адыгэ шхыныгъуэщ, адыгэ хабзэщ, адыгэ фащэщ бгъэлъэгъуэн хуейр, сэ къызэрыслъытэмкIэ. Мыбдежым кхъуейм къыпэкIуэ фейдэм и закъуэкъым нэхъыщхьэр, атIэ дэ езым ди щхьэр дгъэлъэпIэжу, ди фIагъымрэ беягъымрэ утыкушхуэхэм щыдгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ иIэщ.
- — Утыку узэрихьэну а кхъуейр дуней псом апхуэдизкIэ щыпэрыхьэтщи, егъэлеяуэ уефIэкIын хуейщ кхъуеифI зыщI къэралхэм, лъэпкъхэм.
- — Зыгуэрым дефIэкIын щхьэкIэ, кхъуей IэфI тщIынымкIэ хэкIыпIэ къэтлъыхъуэжын хуейуэ щыткъым, Замирэ. Абы и IэфIагъри, и сэбэпынагъри дунейпсо мардэм изагъэу къытхуагъэнащ ди адэжьхэм. Ди кхъуейр зы къэралым ейми къыкIэрыхуркъым, абы щхьэ-кIи уныкъуэкъуэн хуейкъым. Пэжщ, кхъуей лIэужьыгъуэ куэд щыIэщ, цIыхум нэхъ фIэфIыр къыхихыу.
- Дэ ди кхъуейр къедгъэцIыхун хуей къудейуэ аращ, итIанэ зыхуейм ищэхунщ, зыхуэмейм ищэхункъым. Иджыпсту къапщтэмэ, уасэкIэ мыбдеж тIэкIу щафIэлъапIэщ кхъуейр. Ауэ зи щхьэ хуэсакъыж, зи бын и узыншагъэ кIэлъыплъ цIыхум нэхъыфIращ къищэхур. Дэ дыкъапщтэмэ, цIыхум я ныбэ из тщIыныркъым япэ идгъэщыр, атIэ лъэпкъ зэхэщIыкIыр догъэкIуатэ, и къэуатым гулъытэ нэхъ худощI. ИтIанэ, ди кхъуей быдэр илъэскIэ щылъми, зыри къыщыщIынукъым. КIуэ, «Роспотребнадзор»-м и хабзэр аращи, мазитI тыдотхэ.
- «Матэ» кхъуейм иджы къежьа хэхыкIэ лъэпкъ етхьэлIэркъым, унагъуэм зэрыщащIым хуэдабзэущ зэрытщIыр. Жэмым къыщIэтша шэр мыупщIыIу щIыкIэ кхъуей хыдох. Краснодар, Ставрополь, Налшык дэт тыкуэнышхуэ зыбжанэм щыдощэ.
- Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.