Щхьэгуащэ гущэуи Тхьэр зыдэбгэным, лъы бахъае гущэри къызэрыдох…
2021-08-28
- (ВытхьэкIумэ Къамболэтрэ Выжькъуапэ зауэмрэ я гъыбзэр)
- Анэм и нэпсыр мащIэу къекIуами, абы гу лъитауэ имыгъэхыщIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Пэжу, щыIэщ бын, игу илъыр къызыхуэIуатэ, анэм и гур псалъэ дахэкIэ фIы къэзыщIыжыф. ЩыIэщ бын, апхуэдэ псалъэхэр зыхузэмыгъэпэщ, и гущIэм зигъазэми, къызыхудэмышей, къызыхимыгъэщу зыгъэв. Ауэ, хьэкъыр аращи, анэм и нэпсым дунеижьыр къегъэпсалъэ. Анэр гуIэмэ, щIыри догыз, ауэ сытми жаIакъым. Я хъыбар зэхахыжами, езыхэм я нэгу щIэкIыпами, къэзылъхуа анэхэмрэ анэшхуэхэмрэ я щхьэ кърикIуахэр ягу къыщридзэжкIэ, ди нанэхэм нэпс гуащIэхэр щIагъэкIыу, гъыбзэ кIыхьхэр хузэпащэу зэрыщытар сэ къэслъагъужыну игъуэ сихуащ. Гъэрибщыс хуащIу илъэсым зэ, гъатхэкухэм деж, цIыхубз нэхъыжьхэм къыхалъхьэрти, зи цIэ къащIэжи, щIэблэ ямыщIэу яIэщIэхужаи къамыгъанэу КъурIэн хуагъазэу, жьэрымэ хуагъэууэ нэху щыху зэхэст. Жэщ ныкъуэр тхьэлъэIурэ духьэкIэ ягъэкIуа нэужь, нэхущнэгъым зыкъызэкIэщIитхъыху гъыбзэ кIыхьхэр кърашу къэнэжа уахътыр ягъакIуэрт. Гъэрибщысхэм деж щыжаIэ гъыбзэ гущIыхьэхэм, и пшыналъэм зэчырым и пкъыр щIэту, щабэрэ пхуэмыIуэтэну дахащэу зэпадзыжхэм ящыщт Выжькъуапэ деж щекIуэкIа зауэм хэкIуэда цIыхубз лажьэншэхэм я гъыбзэр.
- Выжькъуапэ деж щекIуэкIа зауэм къела цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ я нэхъыбэр иужькIэ Уарп нэс къэкIуащ, абдеж дэс Щхьэщэхуж къуажэри псэупIэ яхуэхъужауэ щытащ. Щхьэщэхуждэсхэм Выжькъуапэ зауэм и гъыбзэр зымыщIэрэ къыхэзымыдзэфынрэ яхэтакъым. Гъыбзэр щаусари щызэхалъхьари кIахэ лъэныкъуэрами, Къэбэрдейми фIыуэ щацIыхууи щытащ. Уэрэдым и зы вариант Ботэщей къуажэ щыщ Жыгун Пашэ деж ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр 1968 гъэм щитхыжауэ, Iэрытхыр Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и архивым хэлъщ.
- Я IэлъэщI кIапэхэмкIэ нэпсыр щIалъэщIыкIыурэ блэкIар щэхуу къызэзыгъэдзэкIыж уэрэд сатырхэмкIэ нанэхэм ягъейрт зи щIалащхьэ лей къызытехьа хъыджэбзхэр, зауэм хэкIуэда быныр щIэзымылъхьэжыфа адэ-анэхэр, зи адэжь лъахэрэ зи жьэгу пащхьэ щхьэкIэ псэемыблэжу зауэ щIалэхэр, лъэпкъылI зэгурымыIуэхэр, жылэм зи ягъэ екIа, езыхэм къахэкIа жасусхэр. Ягъейрт анэхэм я нэпс мыухыжу илъэсищэм и кIуэцIкIэ щIагъэкIар. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа зауэжьым лъэпкъым къридза удыныр псом япэ зылъэIэсар ахэращ — анэхэращ.
- Апхуэдиз илъэскIэ адыгэр зыхэта джаур зауэжьым щекIуэкIа хъугъэщIагъэ гуузхэм дэтхэнэр къыхэбгъэщын, ауэ адыгэм къыщилъхуакIэ, къыпкъуэту, пащтыхьым къыуищIылIа зауэм пэщIэту къыпфIэщIу дзыхь зэбгъэзахэм щэхуу Iуэху бзаджэхэр къыщыпкIэлъызэрахьэм деж, я щхьэ Iуэхурэ фейдэрэ зыхэлъыр лъэпкъым и Iуэхум нэхърэ нэхъапэ щрагъэщым деж, нэхъыкIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Бийм къыуищIэфынур къобгъэрыкIуэу къозэуэну арамэ, мыбыхэм уи кIуэцI илъыр зэращIэм къыхэкIыу, Iэджэ хьэкIэкхъуэкIагъи къыуапэсыфынут. Мис апхуэдэ гуауэщхьэуэ кърикIуащ Болэтокъуэ ЖанджэрийкIэ зэджэ кIэмыргуеипщым зэрихьа тхьэгъэпцIыгъэми. Адыгэхэм я тIасхъэр бийм хуиIуатэу, я дзэм хашэ яхуэхъуу, адыгэ къуажэхэр зэрыригъапхъуэу, а псом езым и Iыхьи къыхихыжу къекIуэкIащ ар.
- Болэтокъуэ Жанджэрий лIыгъэншэу пхужыIэнутэкъым. Шыщхьэмыгъазэт, джатэпэрыкIуэ жыхуаIэм хуэдэт. Ауэ и лIыгъэр зыхуигъэпсар лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэхутэкъым. Болэтокъуэм и IэмыщIэ илъ къуажэхэм языхэзым зы лIыхъусэ дэст, ВытхьэкIумэ КъамболэткIэ еджэу. Ари псэемыблэжу лIы бланэт, пащтыхьыдзэм ебэнынкIэ къикIуэт зымыщIэ лIыхъут, щытхъубэр зыхуагъэш лIы мышынэхэм ящыщт. Болэтокъуэми зэхимыхыу къанэртэкъым и блыгущIэтым хуагъэш апхуэдиз псалъэфIыр, и цIыхухэм абы ирагъэз дзыхь гъунапкъэншэр. КIэщIу жыпIэнумэ, удын фIыцIэ хуэхъурт.
- ВытхьэкIумэ Къамболэтрэ Болэтокъуэ Жанджэрийрэ я зэхущытыкIэм теухуауэ Iэджэ хъыбари яIуатэ, ауэ нэхъ шэщIауэ ар жызыIэжахэм ящыщщ къэIуэтэжакIуэ нэхъ Iэзэ дыдэхэм ящыщ Къэзанш Пэдыс. Абы къиIуэтэжу зэрыщытамкIэ, ВытхьэкIумэ и къуэмрэ Болэтокъуэ Жанджэрийрэ я Iугъуэ зэдимыкI щыхъум, кIэщI-кIэщIурэ зэщыхьэ хъуащ, ауэрэ зэпэщIэувэпащ. Зи, щызэгурымыIуэжыххэм, ВытхьэкIумэ Къамболэт и къуажэр игъэтэджри, Болэтокъуэм и жьауэм къыщIэкIащ, ВыжькъуапэкIэ зэджэ щIыпIэм, Пщыщэрэ Щхьэгуащэрэ я зэхуакум деж, иджырей Адэмей къуажэм пэмыжыжьэу тIысащ.
- И насыпыншагъэти, ВытхьэкIумэм и къуажэм генерал Засс и дзэм хэтауэ, и Iуэхур щызэIыхьэм щтапIэ ихьэжу Къамболэт деж къекIуэлIэжауэ зы офицер гуэр щыпсэурт. И жыIэм къемыдаIуэу и жьауэм щIэкIа ВытхьэкIумэм и гур къыхуэплъырти, Болэтокъуэ Жанджэрий а офицерым зыIуигъащIэри щэхуу епсэлъащ. «ВытхьэкIумэ Къамболэт и къуажэм Iэщэ къыхуэщтэну цIыхухъуу дэсыр «мыпхуэдэ урыс станицэ гуэрым дытеуэнущ» жыIи дэши, дэ ар зэрытпхъуэну Iэмал къыдэт. Ар къытхуэпщIэмэ, генерал Засс селъэIунщи, уи офицерыгъэри къыуезгъэтыжынщ, уеблэмэ уи IэнатIэкIи удрезгъэгъэкIуеинщ», — игъэгугъащ ар Болэтокъуэм.
- Офицерыр зыхуейр апхуэдэ зыгуэрти, арэзы хъури, къуажэм Болэтокъуэр къыщебгъэрыкIуэну махуэмкIэ пIалъэ зэратащ.
- ПIалъэр къыщысым, къуажэм цIыхухъуу дэсыр офицерым дишри иришэжьащ. Моуэ, IукIуэтащ иджы, щыжиIэм, Болэтокъуэр къуажэм къебгъэрыкIуэри зэрипхъуащ, гущIэгъуншэуи зэтригъэсхьащ. Къуажэм къыдэнауэ дэсыр цIыхубзхэрати, мыжурэпэкIэ зэхэзехуэн ящIу, къаубыдар яупцIэнри гуэрэну зы чэт гуэрым ирахуэурэ гъэр зэтращIащ.
- Пащтыхьыдзэм къуажэр жэщ ныкъуэм фIэкIыхункIэ зэрипхъуэщ, унэхэмрэ псэуалъэхэмрэ зэтригъасхьэри ежьэжащ. Нэхущым Лабапэ деж нэсыжауэ, дзэм ВытхьэкIумэ Къамболэт и дзэр къэкIуэжу къаIууащ. Къаплъэу я цIыхубзхэр къыщалъагъум, щхьэхьу къахэлъадэри, дзитIыр хьэлэч зэрыщIащ. ВытхьэкIумэ Къамболэт а зауэм хэкIуэдащ, япэщIыкIэ и анэр, и шыпхъуитIыр, сабий быныр мэзым щигъэпщкIури.
- ИгъащIэкIэ ятемыкIыжын хъуэн ятелъщ уэрэдым зи цIэ къыхэхуа бзэгузехьэмрэ гъэпцIакIуэхэмрэ. Къуажэр щахъунщIэм, пхъэрыр иужь кърамыгъэхьэн щхьэкIэ гъуэгум Къумыкъу Хьэжысэлам жыхуаIэр трагъэуващ. Ар абдеж зыгъэувар Къунчыкъуэ Пщымахуэ гъум жыхуаIэрат. «Къунчыкъуэм фыкIуэ хъунукъым жиIащ», яжриIэурэ Выжькъуапэ къежьа бжьэдыгъу щIалэгъуалэм яригъэгъэзэжат абы. Мыгукъуэ Хьэбракъ и цIэри уэрэдым къыхощ. Абы и напэншагъэри ухыж зимыIэ хъуэну езыми лъэпкъми къатенащ.
- ВытхьэкIумэм и къуажэр зэрызэрапхъуэр зэхэзыха абазэхэ вакIуэлIхэр КIэныпэ жыхуаIэ щIыпIэм дэтти, щIэхыу яшхэм зрадзри, шыкIапцIэ защIэу къежьащ. Абыхэми Къумыкъур къапэуват, арщхьэкIэ абазэхэхэр емыдаIуэу блэкIри Выжькъуапэ кIуащ. ВытхьэкIумэм и дзэм щIыхьэри, бийм езауэурэ зы цIыху къэмынэу зыщрагъэукIащ. Аращ уэрэдым «Абазэхэу дэ къытлъэIэса гущэхэр ди пащхьэ щепсыхыжат» щIыжиIэр.
- ВытхьэкIумэм къыхуемыгъэлу лъэныкъуэегъэз зызыщIыфа биидзэм Iуиша цIыхубзхэр хы Iуфэм яхьри щащащ, абыхэм я лъэужь зыми игъуэтыжакъым.
- Мэзым къыщIэна бзылъхугъэ быным я щхьэ кърикIуа насыпыншагъэм гъыбзэ траусыхьыжар зэхэзыха бынырылъхухэм абы пащэурэ ди нобэм къэсащ, езы уэрэдыр япэ дыдэ тыдодзэ.
- А, Щхьэгуащэ гущэуи Тхьэр
- зыдэбгэным,
- А, лъы бахъае гущэри къызэрыдох,
- Ди цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ
- щыдах махуэм
- Щхьэфэц мыгъуэми зеIэт.
- Пщэдджыжь гущэуи ди тэджыгъуэм
- Сэлэтыжьхэр къызэрыкъуох,
- ЛIы пщыгъэ гущэуи къыдыхьэжахэм
- Шы дахэхэм зыкIэрагъалIэ.
- А махуэ гущэм, ра, зэрылIэнур,
- Тхьэищауэхэ япхъу гущэм
- и фIэщ мыхъут,
- ЗэрылIэнур зи фIэщ хъупар
- ВытхьэкIумэ и къуэкIэ
- фи Къамболэтт.
- Чэсей гущэуи си бгъафэ хужьыр
- Фоч лъэдакъэкIэ къысхуагъэуфIыцI,
- Фэ фIыцIэ гущэуи дэ ди бгъэщIэпхэхэр
- Фоч пэбжкIэ зыщIыдагъэх.
- Ди щауэ гущэхэм зыщIедгъэхынути,
- Пщыхьэщхьэ пIалъэми дынамыгъэс,
- Уэркъ есу ди гугъэпIа гущэхэри
- Ди пащхьэм щыIуагъэкIыж.
- Дэ ди адэ гущэуи пIэщхьагъыншэм
- Уэркъ щауэхэм даримыпэст,
- Сэлэтыжьхэм дагъэкIэса гущэу
- Псыжь икIыпIэм дыщызэрахьэ.
- Дзэшхуэм хэтхэм я нэхъ Iей гущэм
- Щхьэщэ хуэтщIурэ дыкърашалIэ,
- Бариным дыщрашалIэ гущэми
- Мыгукъуэжьыр къыдогъэцIацIэ.
- ХьэжьыкIэу ди ныкъуэидэ гущэхэр
- Афицар гущэхэм зэхуадз,
- ХъужынкIэ мыгугъэжыххэуи гущэ
- Дэ ди адэм игъэзэжащ.
- Ди адэ и унэ дыщисым,
- Жэхафэ гущэри ди тхьэмахуакIуэт,
- Выжькъуапэ гущэ дыкъыщыдахум,
- Мыжьыкъ алащэ гущэхэм
- дыкъыдагъажэ.
- Сэлэтыжьхэм дыщрахужьэ гущэм
- Ди пхъэ вакъэ гущэхэр
- къыдогъэлъэхъу,
- Ди псэлъыхъуу Тхьэм еплъ гущэхэр
- Мы Выжькъуапэ гущэми къыдыреуэ.
- Бжьэдыгъу гущэм и щIалэгъуалэр
- Iуащхьэ къуагъым къызэдыкъуоплъ,
- Жэхьэнэмэр зыхуагъэплъа гущэри
- Къунчыкъуэ и къуэкIэ
- Пщымахуэ гъумщ.
- Бырамбыхуу ди щхьэтепхъуэ гущэр
- Къунчыкъуэ и къуэм къыдогъэлъагъу,
- Бжьэдыгъухэм я нэрылъагъу гущэуи
- Пощтыкум закъыфIыдодз.
- Абазэхэхэм хъыбар евгъащIэ гущэмэ,
- Я псэ тIэкIукIэ дащэхужынт,
- КIэмыргуейм и щIалэгъуалэ гущэри
- Зэуэгъуэ гущэм зи къэмыс.
- Абазэхэу дэ къытлъэIэса гущэхэр
- Ди пащхьэ щепсыхыжат,
- КIэмыргуейм и щIалэгъуалэ гущэмэ
- Заущэхури мэзым хыхьэжат.
- Ержыбу дыщэр зи пащIэ гущэр
- Мыгукъуэжьым зыIэщIегъэхьэ,
- Трамэу шы зыщIэмыхьэ гущэр
- Хы Iуфэм къыщызэрашэ.
- КхъухьыIум дыщрашалIэ гущэм
- Гъэр уасэм къыщыщIоупщIэ,
- Афицархэм дэ дыщащэху гущэкIэ
- Жыр лэныстэ гущэкIэ дэ зытлIыжынти…
- Хуарзыжьу дэ дызыхэплъэ гущэмэ
- Ди нэхэр ятемыплъэж,
- Фейцейуэ дызыхэда гущэхэр
- Ди пащхьэ щепсыхыжащ.
- ДанапцIэ гущэу дэ ди щхьэцышхуэр
- Сэлэтыжьхэм я шэтырышхуэ гущи,
- Бырамбыхуу ди джанэ щIагъуэхэр
- БжыщхьэкIэ, ра, къызэIатхъ гущи…
- Къумыкъушхуэу Хьэжысэлам гущэм
- Гъуо зещIри, а махуэм къоджэ,
- Зи Тхьэшхуэр къызэджэжа гущэхэр
- Мы махуэм кърекIуэлIэж, гущэ.
- ЦIуужу ди дыщэ пыIэ гущэхэр
- Бжырыбжыщхьэбэм, ра, къахолыдыкI,
- Шу миным къахэлыдыкI гущэр
- ВытхьэкIумэ и къуэкIэ фи Къамболэт гущи…
- И лъапсэм псы ирагъэжыхьыжащ, жаIэ. Мы гыбзэ гуащIэр зэпхьэлIэ хъунур ВытхьэкIумэ Къамболэт и къуажэм и закъуэкъым. ВыжькъуапэкIэ зэджэ щIыпIэри щыIэжкъым. ЩIыпIэр пхыкIыгъуеи бийр ялъэмыIэсын хуэдэу зэгъуэкIи ищIу Выжькъуапэ деж Шыкъ шэдылъэкIэ зэджэ сэрэшышхуэ иIэт. Псыжь къиумэ, и ягъэр гъунэгъу къуажэхэм екIыу зэращIэуэм къыхэкIыу, Шыкъ шэдылъэм Псыжь илъадэрэ дэуэхыпIэ хуащIа псыжапIэм хэлъэдэжу Шыкъ псыIыгъыпIэр 1940 гъэм ящIауэ щытащ. Арыххэуи, псыIыгъыпIэм и щIэм Выжькъуапэ зэрыщыту кIуащ…
- Уэрэдыр зыуса цIыхубзхэм я нэгу щIэкIа тхьэмыщкIагъэхэм хузэхалъхьами, губампIэдэхыу яусами, ар Выжькъуапэ и фэеплъ нэсуи къыщIэкIащ…
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.