ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Егъэджэныгъэм и фIагъыр къэIэтынырщ школым и къалэн нэхъыщхьэр

2021-08-28

  •  КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор шыщхьэуIу зэIущIэр къызэIуихащ. И пэублэ псалъэм ар къызэхуэсахэм щехъуэхъуащ гъэ еджэгъуэщIэмкIэ, IэнатIэм хэт дэтхэнэми узыншагъэрэ ехъулIэныгъэрэ иIэу лъэхъэнэр ирихьэкIыну зэригуапэр къыхигъэщащ. АдэкIэ абы псэлъапIэр хуит хуищIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Республикэм и УнафэщIым зэрыжиIамкIэ, гъэ еджэгъуэ блэкIар хьэлъэу щытащ ди къэралми республикэми я дежкIэ, дызэрыт эпидемилогие щытыкIэ къызэрымыкIуэм къыхэкIыу.

  • — Апхуэдэу хъуами, ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэр пэлъэщащ зэманым къытхуигъэува къалэнхэр къызыхуэтын- шэу зэфIэхыным. Абы щыхьэт тохъуэ курыт школыр къэзыух- хэр зыпхыкIа къэрал къэпщытэныгъэхэм къарикIуа бжыгъэфIхэр, — къыхигъэщащ КIуэкIуэм. — Ахэр езыр-езыру къэхута ехъулIэныгъэкъым – абыхэм я щIыбагъ къыдэлъщ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм хэт дэтхэнэми и лэжьыгъэшхуэ. ФIыщIэ фхузощI апхуэдэ псэ хьэлэл Iуэху бгъэдэтыкIэм папщIэ.
  • АдэкIэ республикэм и Iэтащхьэр къытеувыIащ зи пашэ щIыналъэм егъэджэныгъэм ехьэлIауэ щекIуэкI лэжьыгъэфIхэм. Ди гуапэ зэрыхъущи, республикэм и еджапIэхэр, гъэсапIэхэр къа- нэ щымыIэу хуэхьэзырщ гъэ еджэгъуэщIэм. ФокIадэм и 1-м абыхэм я бжэхэр къыхузэIуахынущ школакIуэ мини 115-м, абыхэм ящыщу мин 12,5-р езанэ классым щIэтIысхьэ сабийхэщ. Апхуэдиз школакIуэр зыхуей хуэзэу, зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ егъэджэныгъэм хэтын папщIэ, ди республикэм щолажьэ лъэпкъ проект цIэрыIуэ куэд. Абыхэм ящыщу КIуэкIуэ Казбек къытеувыIащ «Егъэджэныгъэ», «Демографие» проектхэм.
  • — Егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къэралым щекIуэкI политикэр хуэгъэпсащ дэтхэнэ сабийми Iэмал псори къыхузэгъэпэщы- ным, школым щекIуэкI лэжьыгъэм и фIагъыр къэIэтыным. А лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ ди щIыналъэм къыщызэIудох еджапIэщIэхэр, гъэсапIэщIэхэр, щызэдогъэпэщыж щыIэхэр, дунейпсо мардэм хуэкIуэу щIэблэм щIэныгъэ едгъэгъуэтыным дыхущIэкъуу, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек. — Егъэджэныгъэм къыкIэрыху хъунукъым гъэсэныгъэри. КъытщIэувэн хуейщ псэукIэ узыншэм зи щэныр теухуа, хьэл дахэ, лъэпкъ гъэсэныгъэ зыхэлъ щIэблэ екIу. АбыкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIывогъэкI егъэджакIуэхэм. А Iуэхум адэкIи гулъытэ игъуэтыну сыщогугъ.
  • ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ, ди щIыналъэм, Налшык я махуэшхуэхэмкIэ къызэхуэсахэм гуапэу ехъуэхъуащ КIуэкIуэ Казбек икIи лэжьыгъэ купщIафIэ кърахьэлIэну зэригуапэр жиIащ.
  • УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэм закъыхуигъэзащ видео зэпыщIэныгъэ IэмалымкIэ. Абы зэрыжиIамкIэ, ди къэралым и егъэджэныгъэ IэнатIэр ящыщщ пандемием и зэран нэхъ мащIэ ды-дэу зэкIахэм. Махуэрыеджэм тетынущ школхэри еджапIэ нэхъыщхьэхэри. ЩIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм адэкIи зиужьыным къэралым дяпэкIи гулъытэ хуищIынущ.
  • Зэхуэсым доклад нэхъыщхьэр щыщызыщIа министр Езауэ Анзор зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм, къыпэщылъ къалэнхэм, лъэпкъ проектхэм къызэIуах IэмалыщIэхэр ди республикэм къызэрыщагъэсэбэпым. Докладым гулъытэ хэха щызыгъуэта унэтIыныгъэхэм ящыщщ школ IэщIагъэлIхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым, ныбжьыщIэхэм ират щIэныгъэм и фIагъым хэгъэхъуэныр, зи Iуэху дэмыкI еджапIэхэм, гъэсапIэхэм методикэ и лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъуныр, программэм и лейуэ ныбжьыщIэхэм ядэлэжьэныр, школхэм я унафэщIхэм я Iэзагъыр, IэкIуэлъакIуагъыр къэIэтыныр, школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлэжьэныр, школ мастерскойхэм я лэжьэкIэр тэрэз щIыныр, нэгъуэщIхэри. Ар къытеувыIащ «Точка роста», «Доброшкола», «Кванториум», «1T-куб» центрхэм ди республикэм и еджапIэхэм зэрызыщаужьым.
  • Лъэпкъыбзэхэр хъумэным и гугъу щищIым, министрым къыхигъэщащ 1 — 4-нэ классхэм папщIэ зэреджэ-методикэ комплектыщIэхэр зэрыщыIэр, 5 — 9-нэ классхэр зэреджэн тхылъхэри мыгувэу хьэзыр зэрыхъунур. Анэдэлъхубзэр зэрадж тхылъхэр федеральнэ реестрым хагъэхьэным и Iуэхур и кIэм зэрынэблагъэ-ри жиIащ Езауэ Анзор. Апхуэдэу министрыр къытеувыIащ къэкIуэну гъэ еджэгъуэм IэнатIэм къыпэщылъ къалэнхэм, гулъытэ зыхуэщIыпхъэ Iуэхугъуэ гугъухэм.
  • — ПщIэ зыхуэсщI ди егъэджакIуэхэ. Махуэ зыбжанэ дэкIмэ, гъэ еджэгъуэщIэр дублэнущ. IэнатIэм хэт дэтхэнэми лъэхъэнэщIэм худиIэщ мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ. Ахэр къыдэхъулIэн пап-щIэ етхьэлIэн хуейщ ди зэфIэкIхэр, щIэныгъэр, шыIэныгъэр, псом я щхьэращи, узыншагъэ диIэн хуейщ, — жиIащ и псалъэм и кIэухыу Езауэм. — Сынывохъуэхъу фи мурадхэр къывэхъулIэну, хъуэпсапIэу фиIэхэр нахуапIэ хъуауэ флъагъуну. Фыузыншэу, фи еджакIуэхэм, гъэсэнхэм я текIуэныгъэхэм къаруущIэ къыфхалъхьэу творческэ лъагапIэщIэхэм фынэсыну си гуапэщ.
  • Министрым жиIахэм дыщIагъуу зэIущIэм къыщыпсэлъащ районхэм, къалэхэм я курыт школхэм, гъэсапIэхэм я унафэщI пашэхэр, егъэджакIуэ Iэзэхэр. Абыхэм ящыщщ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ методикэ IуэхухэмкIэ и зэгухьэныгъэм и унафэщI Башиевэ Светланэ, Шэджэм щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ — егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ къудамэм и пашэ Iэрыпщэ Жаннэ, Май районым хыхьэ Ново-Ивановскэ жылэм дэт курыт школ №7-м и унафэщI Хиврич Еленэ, «Урысейм и егъэджакIуэ-2021» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуа, Май къалэм дэт курыт школ №5-м инджылызыбзэр щезыгъэдж Къущхьэ Каринэ сымэ.
  • Зэхуэсым и утыку ирахьа Iуэхугъуэхэм ятеухуа резолюцэхэр къащтащ.
  •  ЖЫЛАСЭ Маритэ.