Ислъамым и нур
2021-08-28
- Мулид мазэ лъапIэр
- Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарыр дунейм къыщытехьа мазэ лъапIэр къэблэгъащ. Мы гъэм ар тохуэ жэпуэгъуэм (октябрым) и 18-м.
- Алыхьым япэ дыдэу къигъэщIа цIыхум икIи бегъымба-рым (Iэдэм) деж щегъэжьауэ, дэтхэнэ зы бегъымбарми ящIэу щытащ иужьрейуэ Мухьэмэд бегъымбарыр цIыхубэм къазэрыхуигъэкIуэнур икIи абы и къыхуеджэныгъэм щIэты- ну уэсят зымыщIауэ зыри яхэткъым. КъурIэн лъапIэм ипэкIэ къеха тхылъхэми итащ а хъыбарыр. Абы щыхьэт тохъуэ КъурIэным щыщу «Аль-Имран» сурэм и 81-нэ Iэятыр.
- Iэдэм бегъымбарыр иджыри жэнэтым щыIэу хьэршым щилъэгъуауэ щытащ Алыхьым и цIэ лъапIэм пэгъунэгъуу Мухьэмэд и цIэр иту. Абы щыгъуэм Iэдэм лIыкIуэм къыгурыIуат ар Тхьэм къигъэщIа псоми зэрахиIэтыкIар.
- Хьисэ бегъымбарми и тхылъым къыщыкIуат Мухьэмэд бегъымбарыр зэрыщыIэнур икIи псэухукIэ цIыхубэр къыхуриджащ иужьрейуэ къэкIуэну лIыкIуэ лъапIэ Мухьэмэд и жыIэм щIэтынхэу. Абы щыхьэт тохъуэ КъурIэным щыщу «Ас-Сэфф» сурэм и еханэ Iэятыр.
- СулътIан Къэбус и цIэр зезыхьэ мэжджытым и кIуэцIым цIыху 7000-м нэблагъэ зэуэ щIэхуэнущ, и пщIантIэм цIыху 8000 дозагъэ. Абы азэн джапIэу 5 иIэщ. Зым и лъагагъыр метр 90-м щIегъу, адрейхэм метр 45,5-кIэ заIэтащ.
- Мэжджытым фIэлъщ Австрием щрагъэщIауэ уэздыгъэ 35-рэ. Абыхэм ящыщу нэхъ ин дыдэр тонни 8 и мэхъу. Алэрыбгъу илъым и хьэлъагъщ тонн 21-рэ.
- ЩIыхуэм зэрызыщыпхъумэну духьэ
- Аллахьуммэ! Инни Iэгьузу бикэ мин Iэл хьэмми уэль хьэзэни, уэль гьэджзи уэль кэсэли, уэл бухъли уэль джубни, уэ дэлэгьи дэйни уэ гъэлэбэти рриджаль.
- Алыхьу си Тхьэ! Си фIэщу сыножалIэ нэщхъеягъэмрэ гу-хэщIымрэ, къарууншагъэмрэ щхьэхынагъымрэ, быдагъэмрэ шынэмрэ, щIыхуэм и бэлыхьымрэ цIыхур къыстегушхуэнымрэ сащыпхъумэну.
- Адэ-анэр къыфхуэмыарэзымэ…
- Жэнэтым кIуэхэр хьэрыпыбзэкIэщ зэрызэпсэлъэнур. ДунеягъэкIэ а бзэр ящIэу щымытами, жэнэтым гугъуехь лъэпкъи зэрыщымыIэм ипкъ иткIэ, жэнэт Iыхьлыхэр а бзэмкIэ тыншу зэпсэлъэнущ. Абы и щыхьэтщ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым жиIа мы псалъэхэр: «Хьэрыпхэр фIыуэ флъагъу мы щхьэусыгъуищым и хьэтыркIэ: «Сэ сызэрыхьэрыпым, КъурIэныр хьэрыпыбзэкIэ къызэрехам, жэнэтым кIуэнухэр хьэрыпыбзэкIэ зэрызэпсэлъэнум щхьэкIэ».
- * * *
- Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Тхьэ соIуэ Iиман ябгъэдэмылъкIэ! Тхьэ соIуэ Iиман ябгъэдэмылъкIэ! Тхьэ соIуэ Iиман ябгъэдэмылъкIэ!». Асхьабхэр щIэупщIащ: «Хэт жыхуэпIэр, ЛIыкIуэ лъапIэ?». «Зи гъунэгъур гугъу езыгъэхьхэращ жыхуэсIэр», — жэуап къитащ бегъымбарым.
- * * *
- Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым жи-Iащ: «Алыхьыр арэзы яхуэхъунущ зи адэхэм я ныбжьэгъухэр зымыгъэкIуэдхэм, абыхэм якIэлъыкIуэхэм».
- Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: Жэщ-махуэ имыIэу Алыхьым фыхуэпщылIами, адэ-анэр къыфхуэмыарэзымэ, Тхьэр арэзы къыфхуэхъунукъым»
- Хьэрыпхэм бзылъхугъэхэм пщIэ хуащIын щыщIадзар
- Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым и зэманыращ хьэрыпхэм бзылъхугъэр цIыхум хабжэ щыхъуар. АбыкIэ щапхъэ яхуэхъуари лIыкIуэ лъапIэращ.
- Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым Алыхьыр къыхуэупсат хъыджэбзиплIкIэ. Дэтхэнэ зыми хуабжьу щыгуфIыкIат лIыкIуэр, псори зэхуэдэу фIыуэ илъагъурт. Ауэ и хъыджэбз нэхъыщIэ ФатIимэ лIыкIуэм и гур нэхъ хупихырт. Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) ипхъухэр лъагъуныгъэмрэ хуабагъэмрэ щIипIыкIат. ЛIыкIуэм ипхъухэм яхуиIэ лъагъуныгъэмрэ хуабагъымрэщ хьэрыпхэм щапхъэ яхуэхъуар бзылъхугъэм пщIэ-нэмыс хуэщIын зэрыхуеймкIэ.
- ФатIимэ дунейм къызэрытехьар
- ЛIыкIуэ лъапIэмрэ Хъадыжэрэ щызэрышам, япэщIыкIэ ахэр щыпсэуащ Мухьэмэд бегъымбарым и адэ къуэш Iэбу ТIалиб и унэм. Унэр Iэзэвлъэзэвт, щIэхуэхэртэкъым. Апхуэдэу щыхъум, ахэр Iэпхъуащ Хъадыжэ и унэм. Хъадыжэ лъэпкъыфI къыхэкIат, цIыхум пщIэшхуэ къыхуащIырт, езыр къулейт. Хъадыжэ тIууэ зэтет и уардэунэ гъуэжьыфэр нобэр къыздэсым щы-Iэщ.
- Хъадыжэ и еханэ быныр (ФатIимэ) дунейм къыщытехьэну сыхьэтыр къэсат. А сыхьэтым Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа лIыкIуэ лъапIэр унэм щIэстэкъым, ар Алыхьым хуэпщылIу «Хьирэ» бгъуэнщIагъым щыIэт. ЩIалэщIэ цIыкIухэу Алийрэ Зейдрэ Хъадыжэ яжриIащ лIыкIуэм деж кIуэуэ, хъыбар ирагъэщIэну. КилометриплI зыдэлъ гъуэгуанэр жэкIэ зэпачащ абыхэм. Iуэхур зыIутыр Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) щыжраIэм, псори щIэх дыдэу унэм къэсыжахэщ. Сабийр дунейм къыщытехьэм, ЛIыкIуэм Алыхьым фIыщIэ хуищIри, ФатIимэ фIищащ.
- И сабиигъуэр
- ФатIимэ и ныбжьыр илъэс иримыкъу щIы- кIэ ДжэбрэIил мелыIычыр Мухьэмэд къыхуэкIуэри, къыжриIащ ар зэрылIыкIуэр. Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэм и пщэм Алыхьым дилъхьа къалэнхэм япкъ иткIэ, псэм пищI и сабий ФатIимэ хухихын зэман имыIэж хъуат. Ауэ щыхъукIи, дэджэгуни, щIиупскIэни, кърихьэкIыни къигъанэртэкъым.
- Ауэрэ зэманыр кIуатэурэ, ФатIимэ и ныбжьыр илъэситху ирикъуащ. А лъэхъэнэм джаурхэм хуабжьу лей зэрахьэрт, муслъымэнхэр гугъу ирагъэхьырт. А псори ФатIимэ илъагъурт. Сабийм къыгурыIуэрт апхуэдэу щытын зэрыхуэмейр. А цIыкIур куэдрэ и адэ-анэм еупщIырт апхуэдиз лей джаурхэм щIызэрахьэм и щхьэусыгъуэмкIэ.
- Зы махуэ гуэрым Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм нэмэз ищIу здэщысым, джаурхэм ящыщ зым махъшэ лIам и кIуэцIфэцI ифыхьар нэмэз зыщIу щыс ЛIыкIуэм и дамащхьэм трилъхьат. ЛIыкIуэр къэщта щхьэкIэ, нэмэзыр зэпигъэуатэкъым. Ар зылъэгъуа бзылъхугъэ гуэр кIийуэ ФатIимэ и деж къажэ- ри, Iуэхур зыIутыр жриIащ. ФатIимэ гъыурэ и адэм и деж жэкIэ кIуэри, и дамащхьэм телъ фIейхэр трихащ. Сабийм Алыхьым зыхуигъазэри, елъэIуащ: «Я Алыхь закъуэ, Уэ уахуэгъэзащ лейзехьэхэм», — жиIэурэ. Тхьэм къабыл ищIащ ФатIимэ и лъэIур.
- Апхуэдэ гугъуехь куэд и нэгу щIэкIыу- рэ къэтэджащ ФатIимэ. Ар илъэсипщI фIэкIа мыхъуу и анэ Хъадыжэ дунейм ехыжащ.
- Псэ тыншыгъуэ щигъуэтар
- Мэккэм икIыу Мединэм щыIэпхъуаращ ФатIимэ псэ тыншыгъуэ щигъуэтар. Мэккэм дэс-хэр цIыху ткIийхэт, абыхэм леишхуэ зэрахьэрт, муслъымэнхэр хуабжьу гугъу ирагъэхьырт. ЦIыхухэр хуэм-хуэмурэ Мединэм Iэпхъуэу хуежьащ. Мединэм щыпсэухэр цIыху щабэхэт, гуапэхэт, лей зэрахьэртэкъым. Мэккэм дэс муслъымэнхэр къанэ щымыIэу Iэпхъуат Мединэм, къэнар ЛIыкIуэ лъапIэм и унагъуэрат, къищынэмыщIауэ, жьы дыдэ хъуахэмрэ сы- маджэхэмрэт. (ЛIыкIуэм иджыри Iэмыр къыхуищIатэкъым Iэпхъуэну). ФатIимэ и адэм куэдрэ еупщIырт: «Си адэ, дапщэщ дэри дыщыIэпхъуэнур? Сэри сыздэпшэну?» — жиIэурэ. Адэм и жэуапыр сыт щыгъуи зыт: «ШыIэныгъэ зыхэгъэлъ, си хъыджэбз цIыкIу», — жиIэурэ ФатIимэ и щхьэм щабэу Iэ дилъэрт.
- Ауэрэ, Алыхьым и Iэмырыр къылъэIэсри, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэр Iэпхъуащ Мединэм, иужькIэ, ФатIими, адрей ипхъухэри Iэпхъуахэщ. Мис абы щыгъуэщ ФатIимэ псэтыншыгъуэ щигъуэтар.