2021-08-05
- КIуэкIуэ Казбек сыхьэтитIрэ ныкъуэм къриубыдэу эфир занщIэкIэ жэуап яритащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм зыкъызэрыхуэгъэза упщIэхэм ящыщу 80-м. КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIыну «эфир занщIэм» зыщыхуагъэхьэзырым кол-центрым тхьэмахуэ зэхуакуитIым къриубыдэу къыIэрыхьат республикэм и УнафэщIым зэрызыхуагъазэ тхыгъэу минрэ ныкъуэм щIигъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2021-08-05
-
Илъэс куэд лъандэрэ цIыхум къыдогъуэгурыкIуэ диныр. Адыгэхэм ди хабзэм къекIу ислъам диныр псэкIэ къызэрытщтэрэ куэд дыдэ щIащ. Ар дин къабзэщ, пэжагъэмрэ гущIэгъумрэ ухуезыгъаджэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ
2021-08-05
- Адыгэ щIэныгъэлI Хъут Шамсудин къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу
- Жыгым къыпыкIэр и уасэщ, цIыхум и уасэр и лэжьыгъэщ, жаIэ. ЦIыхум гъащIэм щыпхиш лъагъуэр бгъуэ хъунуми кIыхь хъунуми зэлъытар къыхиха Iуэхум гурэ псэуэ хилъхьэрщ, гуащIэрэ ерыщагъыу ирихьэлIэрщ. Iуэхум кIуапIэ имыIэжу къыпфIигъэщIу загъуэрэ уригъэкIуэтыжыну зищIми, а лъэпощхьэпом ущхьэдэха нэужьщ зэрымыувэу къыпщыхъу псори щызэхуэхъужыр, узылъыхъуэхэр къыщыбгъуэтыр. Мы тхыгъэр зытеухуа адыгэлI щыпкъэм лэжьыгъэшхуэ къызэринэкIам и мызакъуэу, къызыхэкIа лъэпкъым хуищIа Iуэхутхьэбзэр къызэрымыкIуэу инщ, куущ, бгъуэщ. ИкIуэтыжынуми, узыфIэлIыкIын икIи къыбгурыIуэн ущхьэгъу иIэт, къыхиха гъуэгум ерыщу ирикIуащ, ар щыгъэтауэ, лъэбакъуэу идзами щIэныгъэм увыгъэхэр хуищIу, лъагъуэхэкIхэр хуиубэу, щIэплъыпIэщIэхэр къыхущIигъэщу и IэнатIэм пэрытащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ
2021-08-05
- ЦIыхум и узыншагъэр хъумэныр, и гъащIэр къегъэлыныр дохутырыр махуэ къэс зыпэрыт лэжьыгъэ хьэлъэщ. Абы щыпIэщIэкI щыуагъэм и уасэр цIыху гъащIэщ. Дохутырым махуэ къэс и нэгу щIокI гур хэзыгъэщI Iуэхугъуэ — ар куэдым я псэм дэмыхуэнщ. Сымаджэм дохутырым и нэгум фIэщхъуныгъэ ирилъагъуэу щытын хуейщ. Узыгъэхъужыну узыщыгугъым дзыхь хуумыщIмэ, узым утекIуэфыну? Дохутыр IэщIагъэм ухуеджэныр мащIэщ, абы укъыхуигъэщIауэ щытыпхъэщ. Уи зыгъэпсэхугъуэ зэманыр сымаджэм тебгъэкIуэдэфмэ, уи жейр бгъэныкъуэрэ сыхьэт бжыгъэкIэ операцэр пхуегъэкIуэкIынумэ, жэщ-махуэ жумыIэу узыпэрыт IэнатIэм уи гъащIэр тыхь хуэпщIыфмэ, цIыху зэхэгъэж умыщIу дэтхэнэ зыми уи дэIэпыкъуныгъэр лъыбгъэсыфыну ущытмэ, «дохутыр» цIэ лъапIэр пхуэфащэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр