ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адэжь хэкуми Бибарс щоджэгу

2021-08-28

  • Израилым и адыгэ къуажэ Кфар-Камэ щыщ футболист цIэрыIуэ Натхъуэ Бибарс шыщхьэуIум и 5-м и адэжь щIыналъэм — Сочэ къалэм — щыджэгуащ. «Фыщт» стадионым щызэIущIащ Краснодар крайм и «Сочи» футбол командэмрэ Сербием и «Партизан» гупымрэ. Ди лъэпкъэгъу футболист цIэрыIуэм иджы япэу къыхуихуауэ аращ ди лъахэм щыджэгуну.

  • Пэжщ, Сочэ япэу щыджэгуу арами, ар Израилым и мызакъуэу, Урысейми фIыуэ къыщацIыху. Бибарс Москва и ЦСКА-ми, Къэзан и «Рубинми» хэту щытащ, Iулыдж ини щызэригъэпэщащ. Иужьрей илъэситIым Натхъуэр Сербием и къалащхьэ Белград «Партизан»-м щоджэгу.
  • Хэт мы адыгэ футболистыр? Дэнэ къыщежьэрэ и къуэпсыр?
  • Илъэс зыбжанэ ипэ Израилым лэжьыгъэ IуэхукIэ дыщыщыIам зи цIэр фIыуэ тщIэ щIалэм и унагъуэм щыщхэр зэдгъэцIыхуащ, ауэ езыр, сыт щыгъуи хуэдэу, ежьати, дыхуэзакъым. Бибрэс и анэ Натхъуэ Нурхьэн къызэрыджиIэжамкIэ, щIалэм топ иIыгъыу дунейм къытехьами ярейуэ, зэрыцIыкIурэ джэгуну фIэфIу щытащ. А лъагъуныгъэр и адэм деж къыщежьэрт абы Акрэм футбол зыпищI щымыIэу щытащ.
  • «МащIэрэ ди гъунэгъухэм я щхьэгъубжэр хиуда абы топкIэ, — игу къигъэкIыжт, — Нурхьэн, — и къуэм и сабиигъуэр. — КъищынэмыщIауэ, школым здихь тхылъылъэр къыщыгъуэпщэрти, топыр иIыгъыу къэкIуэжырт. ЩыцIыкIум щегъэжьауэ пщIэнт ар футболист зэрыхъунур».
  • ИлъэсипщIым нэса нэужь Бибарс Израилым и ныбжьыщIэ гупым хагъэхьащ. Къуажэ футбол командэм джэгун щыщIэзыдза щIалэ цIыкIур Тель-Авив и «Ха-поэль»-м хэту утыкушхуэ ихьащ. И адэм и чэнджэщкIэ къыхиха бжыгъэм — «6»-м фIы куэд къыхудэкIуащ — Бибарс Израилым и щIалэгъуалэ гуп къыхэхам хагъэхьэри, абы и капитан занщIэу хъуащ икIи куэд дэмыкIыу къэралым и командэ нэхъыщхьэми ар щыхахащ. КъыжыIапхъэщ абы щыгъуэм Израилым и командэр япэ дыдэу лъэпкъкIэ журтым щымыщ цIыхум IэщIалъхьауэ зэрыщытар. Ар къилэжьат адыгэ щIалэм.
  • «6» бжыгъэр и футболкэм тету, ехъулIэныгъэ куэд иIэу журт къэралым щыджэгу Бибарс Урысейм кърагъэблэгъа нэужь, егупсысауэ ихъуэжащ насып куэд къызыхудэ-кIуа а бжыгъэр. Ар «66»-рэ ищIащ. Сытыт и щхьэусыгъуэр? Зыр и адэм и фэеплът, адрейр БаскетболымкIэ Израилым и гупым хэта, Бибарс и адэ къуэшым ипхъу Натхъуэ Нелли (абыи «6» бжыгъэращ зэрихьар) и фэеплът. Пщащэр машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдауэ щытащ 2000 гъэхэм.
  • Футболыр фIыуэ зылъагъуу щыта и адэмрэ баскетболым хэта и шыпхъумрэ я фэеплъыр ихъумэу, и Iулыджым нэхъри хигъахъуэу утыку итщ адыгэ щIалэр, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я командэ нэхъыфIхэм ирагъэблагъэу.
  • Дэри ди гуапэу дыкIэлъып-лъу щытащ, хамэ щIыналъэ къыщалъхуа ди лъэпкъэгъу щIалэм ЦСКА-мрэ «Рубин»-мрэ щызыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэм. Иджыри и лэжьыгъэм дегъэгушхуэ.
  • Къэзан япэу щыкIуа илъэ-сым Бибарс дэIэпыкъуну кIэлъыкIуат и анэмрэ и шыпхъу Натхъуэ Наташэрэ. Абы щыгъуэм Нурхьэн игу къегъэкIыж щIалэр Израилым зэрикIам щхьэкIэ, журту псоми зэрагугъар. «Ауэ зэрыадыгэр, зэрымуслъымэныр къащIа нэужь, къыдэджэгухэмрэ цIыхугъэ къыхуэхъуахэмрэ къызэрыхущытым занщIэу зихъуэжат», — жеIэж анэм.
  • Натхъуэхэ я унэр музейм хуэдэщ. Бибарс къикIуа гъуэгуанэр нэрылъагъу зыщIу къыхуагъэфэща кубокхэр, бгъэхэIухэр, медалхэр плIанэпэ дахэхэм щызэгъэзэхуащ.
  • Акрэм дунейм темытыжми, щIалэм и ехъулIэныгъэхэм анэмрэ и шыпхъуитIымрэ ирогушхуэ. Апхуэдэуи Нурхьэн и гур хуэзэгъащ и къуэ закъуэм, абы и щхьэгъусэщ Кфар-Камэ щыщ Ачмыжь Талие, быныфIэу унагъуэ дахэу зэдопсэу.
  • Израилым и лъэпкъ командэ къыхэхамрэ Сербием и «Партизан» командэмрэ нобэкIэ я футболист нэхъ цIэрыIуэ дыдэм Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым и цIэр зэрыщитхар «bibars 66»-щ. Ар зэрыджэгум, и псэукIэм, и лэжьыгъэм кIэлъоплъ цIыху мин 60-м нэблагъэ.
  • къэбарт Мирэ.