Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-08-28
- Зы сампIэм ситI зэдихуэркъым
- Зы жьэм жьэдыхьэр жьищэм жьэдохьэ. Псалъэр псынщIэу хэIущIыIу зэрыхъум теухуащ.
- Зы лIыр джэдыгуибгъурэ лIибгъур джэдыгуншэу. Зым Iыхьэ Iэджэ лъос, зы Iыхьи ялъыскъым Iэджэм.
- Зы сампIэм ситI зэдихуэркъым. Пашэныгъэр, бжьыпэр, тетыгъуэр убыдыным зэхуэдэу хущIэкъухэр зэгъусэу зэдекIуэкIыфыркъым.
- Зы хьэнэф зы хьэнэф и пщыжщ. Унафи хабзи яIэжкъым: зым зыр кърехуэкI — я Iуэху зэIумыбзщ.
- Зы IэкIэ хъарбызитI пхуэIыгъынукъым. Iуэху зыбжанэ къызэдэпщтэмэ, языхэзи къохъулIэнкъым.
- Зыгуэр къепсыху: «Упсэу!» пхужеIэжынкъым. ЖаIэ псоми упэджыжыфынкъым, псори арэзы пхуэщIынкъым. Зыгуэрхэм я псалъэмакъ мышыухэм, хъыбарыпцIхэм гулъытэ яхуэмыфащэу къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
- ЗыхуэмышыIэ пщтырафэщ. Зыгуэрым ежьэнымкIэ, пэплъэнымкIэ шыIэныгъэр зыхуримыкъу хабзэ цIыхум теухуащ.
- ЦIыху дагъуэншэ щыIэкъым
- Шыдыжьым и хьэлъэр шыдыщIэм и натIэщ, къэсынущ а пIалъэр — ар гъащIэм игъалъэу.
- * * *
- Шыдыр — шыдщи, зэрышыдыр езы шыдым имыщIэж; къыптралъхьэр уи хьэлъэм, уэ ухэтми — уэ къэщIэж.
- * * *
- Щхьэ зыфIэмытым едауэ-еныкъуэкъур жея аслъэным и кIэм йокъур.
- * * *
- ЩIащIэр — лъэщыгъэкIэ ягъэжыIэщIэ.
- * * *
- ФIылъагъуныгъэр — гуакIуагъэ щылъхущи, лъагъумыхъуныгъэр — фыгъуэ-ижэгъ IэрыпIэщ.
- * * *
- ЦIыху псэ къабзэр щыпсэуну зэхъуапсэ дунейм дыгъэр псоми зэхуэдэу къащылъос.
- * * *
- ЦIыху дагъуэншэ щыIэкъым, апхуэдэ ухуэзэмэ, ар цIыхукъым — мелыIычщ.
- * * *
- ГущIэгъуншэм нэпс къекIуамэ, щыгуфIыкIыу арщ уи гуауэм.
- Хьэту Пётр.
- Агънокъуэ Лашэ и хъыбархэр
- ХьэщIэ
- Джылахъстэнейм къикIри, Агънокъуэ Лашэ бгъэдэсын щхьэкIэ Инэрокъуэхэ, Елъыхъухэ, Мэртазэхэ ящыщ къэкIуащ. Ахэр лIакъуэлIэшхэт, хуабжьу шу зэгъэпэщахэт. Къуажэм дыхьэри, къэувыIахэщ, Агънокъуэм и унэр яцIыхуртэкъыми. ДжэгуакIуэр къулейсыз дыдэу псэурт. И бжыхьхэр лъэлъауэ, къэуауэ, и унащхьэ бгъэныр къефыхауэ, и унэжь цIыкIур щIыбышэу, и Iуэхур хуабжьу зэкIэлъымыкIуэт.
- ЛIищыр зы щIалэ гуэрым хуэзэри еупщIахэщ:
- — Агънокъуэ Лашэ и унэр дэнэ деж къыщыдгъуэтыну?
- ЩIалэр губзыгъэу къыщIэкIри, мо шу зэгъэпэщахэр щилъагъум: «Уэлэхьи, мыхэр Агънокъуэм и деж дэпшэну хьэдыгъуэдахэм, къуажэми пщIэ къытхуимыхьын» — жиIэри гупсысащ.
- — Фэ моуэ фыщыт, сэ иджыпсту ар щыIэрэ щымыIэрэ зэзгъэщIэнщ, — жиIэри Агънокъуэм и деж кIуащ.
- — ХьэщIэ къыпхуэкIуащ, дауэ тщIыну? – жиIэри еупщIащ джэгуакIуэм.
- — Ахэр си деж къыумышэ, модэ ди гъунэгъум я деж егъэблагъэ, ар ди унэу фIэкIа къыумыгъащIэу. «Езым нэмэз ещIри, и Iуэху зэфIэкIмэ, къыфхыхьэнщ», яжеIэ, — игъэIущащ джэгуакIуэм щIалэр.
- Фомытхэ ейуэ зы унагъуэ къулей гуэр и гъунэгъути, арат здригъэблэгъэнур. ЩIалэр къыдэкIыжри, шухэм я деж къэкIуэжащ. АпщIондэхукIэ езы Агънокъуэр шыгъуэгумкIэ екIуэкIри, ахэр здригъэблэгъэнум я деж кIуащ. Нэмэзлыкъыр къригъащтэри, нэмэз ищIу хьэщIэхэр къыдашащ. КъэкIуахэми, Агънокъуэм и унэра я гугъэу, заплъыхь: «Къэбэрдейр къызэхикIухьурэ къыхиха мылъкумкIэ зэригъэпэщащ», — жаIэурэ.
- Шухэр дыхьэу щалъагъум, Фомытхэ: «ХьэщIэ къытхуокIуэ», — жаIэри, езым я хьэщIэу фIэкIа ямыщIэу ирагъэблэгъащ.
- — Дэнэ щыIэ Адэлджэрий? – жаIэри хьэщIэхэр щIэупщIащ.
- — Нэмэз ещIри иджыпсту къэкIуэнущ, — жаIащ, я деж зэрыщыIэр ящIэу, щIыщIэупщIэр арауэ я гугъэу.
- Агънокъуэм нэмэзыр иуха нэужь, хьэщIэхэм я деж кIуэри сэлам ярихащ, хъыбарыжьыр яжриIэу ябгъэдэтIысхьэжащ. Мобыхэм пщIыхьэпIэу ягу къэкIыркъым ар Агънокъуэм и мыунэу. Бысымми я пщIыхьэпIэ къыхэхуэркъым ахэр езым я мыхьэщIэу. «Агънокъуэм ди хьэщIэхэм я зэш трегъэу», — жаIэри мэгуфIэхэр. Абы тету, псори зэрымыщIэу, хьэщIэхэр я гъунэгъум яригъэгъэхьэщIащ.
- Пщэдджыжьым ежьэжын щыхъум, хьэщIэхэм жаIащ:
- — Адэлджэрий, уи унагъуэр лъэщ ухъу, фIыгъуэр Тхьэм къыббгъэдилъхьэ, дыбгъэлъэпIащ. IэнэщIу дыкъыпхуэмыкIуэу шы къыпхуэтшэну ди мурадащ, ауэ езым зэрыхуейуэ зэригъэпэщыжынщ жытIэри, ахъшэ къыпхуэтхьащ.
- Сэлам зэрахыжри фIыщIэр Агънокъуэм ейуэ Фомытхэ ягъэхьэщIауэ ежьэжахэщ.
- Агънокъуэм «зы алащэ сиIамэ нэхъыфIт», жиIэри абыхэм кърата ахъшэр къищтэри ежьащ. Зы нэгъуей хъан гуэрым и деж кIуащ. Хъаным и деж дэмыхьэ щIыкIэ цIыхухэм еупщIащ: «Хъаныр тыгъэ тынкIэ дауэ щыт?» — жиIэри.
- — Хъаныр къыппемыжьэмэ, къыпхуищIэн щыIэкъым, ауэ къыщIэкIрэ нэфIэгуфIэу уригъэблагъэмэ, къотэнущ. КъыщIэкIарэ и нэгу ущIимыгъаплъу, ибгъу фIэкIа и гупэ къыпхуимыгъазэмэ, къыпыкIын щыIэкъым, — жаIэри Iуэхум щыгъуазэ ящIащ.
- — АтIэ фыкIуи къысхуевджэ! Къэбэрдейм я джэгуакIуэр къэкIуащ жыфIи, — жиIэри иутIыпщащ.
- Хъаным щыжраIэм, и гуапэ мыхъущами, къыщIэкIащ. Нэжэгужэу къыбгъэдыхьэри, сэлам гуапэ кърихащ, къызэригъэлъапIэр белджылыуэ. КъыщыгуфIыкIри, и Iэр иIыгъыурэ унэм щIишащ. Езы хъанми джэгуакIуитI иIэти, игъакIуэри а тIури псынщIэу къригъэшащ. ДжэгуакIуищыр зэхигъэтIысхьэри, зы тхьэмахуэкIэ зэхигъэсащ и нэгу зригъэужьу. ИтIанэ къежьэжын хъури хъаным къыжриIащ:
- — Зыгуэр уэзмытауэ узутIыпщыжынукъым. Сыт нэхъ ухуей?
- — Зыри сыхуейкъым, сэ былымыхьэ сыкъежьакъым, услъагъуну сыкъэкIуати, хъарзынэу дызэбгъэдэсащ. Тхьэм узыншэ уищI, — жиIащ.
- АрщхьэкIэ джэгуакIуэм я Iуэхур хъаным ищIэртэкъэ!
- — Уэлэхьи, ар мыхъун, — жиIэри былымрэ шырэ къритащ. Агънокъуэжьри зыхуейр арати, къихури къэкIуэжащ.
- ЗыщIэн зымыщIэжым
- Зыгуэр имыщIэм ар
- мэзэшыр:
- Къречри, жыгыр иресэжыр.
- Адыгагъэм ихьым
- Яшэр ирегъашэ, мылъкукIи
- егъэбыдэ.
- Къашэр къимыкIуэту
- егъэнысэ.
- Къыдэхуэжкъым езым и
- щхьэ дыдэм
- Хуиту хуищIыжыну
- мырамысэ.
- ГуфIапщIэ
- «Дахэщ а уи напщIэр», —
- ЗэрыжиIэм папщIэ,
- Къуаргъ фIыцIэжьым
- къанжэм
- Къритащ гуфIапщIэ.
- Къэрабгъэм
- Уитщ утыкум уи псэр
- щыхэкIауэ,
- КъуэгъэнапIэм ущохъуж
- фочауэ…
- ПыIэжьынэм
- «ЦIыкIури инри
- физгъэкIынущ бжьынэм!» —
- Къэувауэ къовэр
- пыIэжьынэр.
- «Батэгъэш»
- Егъэшыфыр жьэкIэ батэ:
- Игъэувмэ зы Iэмбатэ,
- Iэтэм нэскIэ егъэбатэ.
- Джатокъуэ Юрэ.
- КIыфIым фIыуэ пхрыплъыф
- Жыгыщхьэм щыбзэрабзэ,
- Сэхураныщхьэр зыгъэкъабзэ.
- КъэкIухьлъакъуэ, лъакъуэ
- кIыхь,
- Ди пщIантIэкур къэзыфыхь.
- КIыфIым фIыуэ
- пхрыплъыф,
- Гуэщым щакIуэуэ щIэсыф.
- Зи фэр быдэ,
- Зи кур тIатIэ.
- Гъавэ зиIэм кIэрымыкI,
- Хьэмыжь лъабжьэр
- щIэзытIыкI.
- Iус матэ зрат,
- Шэ пэгун къыдэзыт.
- ЖЭУАПХЭР:
- Бзу. Гуэгушыхъу. Джэду. ДжэдыкIэ. Дзыгъуэ. Жэм.
- Зэхэзылъхьар Щоджэн Леонидщ.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. Адыгэр зэуIуу щыпсэу хамэ къэралхэм ящыщ зым и щыхьэр. 4. ЩэкI … е лIы … 7. Iэпслъэпсым щыщ. 9. Ватикан къэрал жьгъейр а къалэм и щIыналъэм хеубыдэ. 10. Къурш лъэныкъуэмкIэ къриху жьы щIыIэтыIэ. 11. Гагариныр здэлъэта щIыпIэ жыжьэ. 13. «НыбжьыщIэ …» — ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэ. 15. Адыгэ лъэпкъ. 18. Къэбэрдей композитор Iэзэ. 19. Нартхэм я фадэр абы къыхащIыкIырт. 20. Хьэцэпэцэ щаIуэкIэ гъупщым нэхърэ нэхъ щабэу къыщIэкIыр. 22. Танкым ит Iэщэ. 24. КIапсэ къызыхах къэкIыгъэ. 25. Зи къудамэхэр теухъуэнщIыкIа жыг лъэдий гъум. 26. Къамылым къыхащIыкI лъэгурыдз, алэрыбгъу.
- Къехыу: 2. ЦIыв хъурей цIыкIу къэзылъэтыхь, IэпапIэ фIыцIэхэр хэсу. 3. Уи … си бжыхь къыумыпх. 5. Си гъунэгъур … къызыпыкI IэнатIэ уващ. 6. Налшык щыпсэу уэрэджыIакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ артист. 8. ПкIэлъейм и зы Iыхьэ. 12. Пасэрей Iэщэ. 13. Хамэ щIыналъэ псэупIэ зыхуэхъуа цIыху. 14. Пщэдейрей ныбгъуэ нэхърэ — нобэрей … 16. Адыгэ тхакIуэ, драматург. Абы и цIэр зэрехьэ Налшык и уэрамхэм ящыщ зым. 17. Къэралым и щIыналъэр щиух е щыщIидзэ щIыпIэ. 21. Пхъэщхьэмыщхьэ. 23. ХадэхэкI. 24. Жьым щытхъуи, … къащтэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ШыщхьэуIум и 21-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Вагъэбдзумэ. 5. Къэп. 6. Бдзы. 7. КIыщ. 10. Джэдыгу. 12. Къэшэж. 14. Щхьэгъубжэ. 17. Дамэлей. 21. Къанкъул. 23. Чехов. 26. Щыкъу. 28. Баш. 29. Чей. 30. Ласицкене.
- Къехыу: 2. Алъп. 3. Бадзэ. 4. МэкI. 8. Мы. 9. Уэ. 10. Джей. 11. Гущэ. 12. Къэб. 13. Жыг. 15. Гъудэ. 16. Къыкъ. 18. Мэл. 19. Лэч. 20. Хыв. 22. Къуэ. 24. Егъу. 25. КIарц. 27. Къута. 29. Чын.