ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Автовокзалыжьым и пIэкIэ – сквер

2021-08-31

  • ЦIыхубэ транспортыр къыгуэхыпIэ имыIэу къалэ гъащIэм зэрепхам шэч хэлъкъым. Налшык къызэIуаха «Ищхъэрэ» автовокзалыщIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм псалъэмакъ зэхуэмыдэхэр иращIэкIащ. Иджыри абы теухуа упщIэхэр зиIэри мащIэкъым.

  • Псалъэм папщIэ, къалэдэсхэм яфIэгъэщIэгъуэнщ ПащIэм и уэрамым тета автовокзал №2-м и унэр, абы къедза щIыпIэр дяпэкIэ къызэрагъэсэбэпынур. Абы жэуап иратащ Налшык и унафэщIхэм — абдеж зыри щаухуэнукъым. Вокзалым и унэр ирахынущ, а щIыпIэм жыгхэр, щхъуантIагъэхэр щагъэкIынущ. Машинэ зэблэкIыпIэхэри нэхъ тынш ящIынущ. А щIыпIэм ирагъэгъуэтыну зэхъуэкIыныгъэм ехьэлIа проект, документацэхэр ягъэхьэзыр.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ, зи гугъу тщIы автовокзалым транспорт 500-м нэблагъэ щылажьэу, икIи абы къыхэкIыу ар къалэ уэрамхэм машинэхэр щызэтрихьэу зэрыщытар. Вокзалыр абдеж зэрыIуахым и фIыгъэкIэ автомашинэхэр гъуэгум нэхъ мащIэ зэрыщыхъунум нэмыщI, дызэрыбауэ хьэуари куэдкIэ нэхъ къабзэнущ.
  • Апхуэдиз транспорт зэкIуалIэ щIыпIэр хуит къэщIыным ехьэлIа унафэр къащтэныр къыхэкIащ вокзалыр жьы зэрыхъуам, иджырей пщалъэхэм зэримызагъэм, шынагъуэншэуи зэрыщымытым. Ар хабзэхъумэ органхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэми куэдрэ къагъэнэIуащ.
  • «Ищхъэрэ» автовокзалым техьэну цIыхухэр нэхъ тыншу абы нэсын папщIэ, къалэ маршруту 8-м я зекIуапIэхэр яхъуэжащ. А маршрутхэм зэпащIэ Налшык къалэм и щIыпIэхэм я нэхъыбэр. Къалэ кIуэцI транспортым и лэжьэкIэм адэкIи зихъуэжынкIи хъунущ, цIыхухэр абыхэм иризекIуэныр нэхъ тынш ящыщIыным тещIыхьауэ.
  • ФокIадэ мазэм щыщIэдзауэ, «Тройка» картэр къалэ транспортхэм лажьэу щаублэнущ. Ар сыт хуэдэ жылагъуэ транспорт лIэужьыгъуэми къыщыбгъэсэбэп хъуну зэтраухуэну я мурадщ. Абы фIыуэ хэлъынущ, и уасэр зэ ептмэ, уздэкIуэнум унэсын папщIэ, нэгъуэщI транспорт уитIысхьэн хуей хъуми, пщIэ щIумыту узекIуэну Iэмал зэрагъуэтынур. ИджыпстукIэ «Тройка» картэр къыщыбгъэсэбэп хъуну терминалхэр гъэувыным ехьэлIа лIэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI.
  • ХъыбарыфIщ, «Ищхъэрэ» автовокзалым къытекIыу КъБКъУ-м, КъБКъАУ-м екIуалIэу ящIыну автобус зекIуапIэщIэм студентхэр пщIэншэу еджапIэхэм зэрашэнур.
  • НэфIэдз Мухьэмэд.