|
Январь, 2020
2020-01-16
- Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэм дыгъуасэ щедэIуащ Мэзкуу «Манеж»-м. Абы кърагъэблэгъащ УФ-м и Правительствэм хэтхэр, Конституцэ судым и унафэщIымрэ и къуэдзэхэмрэ, Суд Нэхъыщхьэм и Iэтащхьэр, Прокурор Нэхъыщхьэр, Следственнэ комитетым, ХэхакIуэ Комиссэ Нэхъыщхьэм, Къэзыбж палатэм я унафэщIхэр, Къэрал Советым хэтхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ
2020-01-16
-
ЩIышылэм и 16, махуэку
-
Мыл зыщIым, лъэрыжэкIэ къыщажыхь щIыпIэхэм ар тезылъхьэм и дунейпсо махуэщ
- Ливерпуль къалэм (Инджылыз) щыщ «Битлз» гуп цIэрыIуэм и махуэщ
- США-м щагъэлъапIэ цIыхухэм диныр хуиту зэрахьэныр япэмыубыдыным теухуа махуэр
- Таиландым и егъэджакIуэхэм я махуэр ягъэлъапIэ
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-01-16
- «ЩIыпIэцIэхэр фэеплъщ ахэр къыщызэтена щIыналъэхэр зи хэщIапIэу щыта лъэпкъхэм я дежкIэ», — щитхащ географие щIэныгъэхэм я доктор Мурзаев Эдуард «Географиер фIэщыгъэхэмкIэ» и тхылъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-01-16
Къэбэрдей, Балъкъэр къэрал драмэ театрхэм щылэжьахэу Хэку зауэшхуэм хэтахэр: Аттаев Магомед, Къумахуэ Хужьэ, Мыд Хьэжмусэ (щысхэр); КъардэнгъущI Зырамыку, Щхьэгъэпсо Мухьэмэд, Кучуков Магомед, ТIыхъужь Алий, Болэ Мурат. Налшык, 1975 гъэ
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2020-01-16
- ЩIышылэ (январь)
- ЩIышылэм и 15
- 1890 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, IуэрыIуатэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ Кубэ Шэбан.
- ЩIышылэм и 17
- 1950 гъэм къалъхуащ адыгэ уэрэджыIакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ ПащIэ Ленэ.
- ЩIышылэм и 18
- 1940 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ, кинодраматург Жылэтеж Сэлэдин.
- 1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м и жылагъуэ лэжьакIуэ, УФ-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличник Умэ Светланэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс
2020-01-16
- Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) и уэсят
- 1989 гъэм шыщхьэуIум и 7-м адыгэ лъахэм гуауэм и уэсыпс дыдж къыщехащ… Игъуэ нэмысу, гу щыдмыхуарэ къытщимыхуэжауэ дунейм ехыжащ лъэпкъыр куэдкIэ дызыщыгугъыу щыта Лохвицкий Михаил Юрий и къуэр — Аджыкъу-Джэрий…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу
2020-01-16
- Къаныкъуэ Анфисэ
- Тхыдэ роман. Ещанэ Iыхьэ
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№2, 3-хэм итщ.).
- Гунагъ1
- Хьэтуссэм и IэплIэр хузэIуихат апхуэдизу зыхуэныкъуэ хьэщIэ лъапIэхэм. ХъыбарыфIыр псынщIэу зэIэпахыркъэ — псоми ящIэрт пщыкъуэр хы адрыщI кIуэуэ, мэуэтыдзэр къызэришар. Уеблэмэ, хьэуар нэхъ псынщIэ хъуауэ, дыгъэр нэхъ нэхуу къепсу, дэIэпыкъуэгъур къызэрысар псэущхьэ нэгъунэ зыхащIарэ гуфIэу къыпщыхъурт.
- Хьэт къэралыгъуэм и пщышхуэр икIи гуфIэрт, ауэ апхуэдиз зэман дэкIауэ и вакъуэм зэрыIущIэжынуми иригузавэу, тепыIэншэт. ТIысамэ — щымысыфу, тэджамэ — щымытыфу, и Iэ пыдиикIахэр зэригъэIуэтрэ, щатэу, Хьэтусилэ, ирикIукI-кърикIукIыу, пэплъэрт и хьэщIэхэм.
- — Къэсащ, зиусхьэн! БыдапIэм къыдохьэ, — пщызэхуэсыр щызэхашэ пэшым и бжэр зэIуихри, къыщIэбэкъуащ хъумакIуэр.
- — ЗанщIэу мыбыкIэ къыщIэфшэ, — зегъэкIэщIри, тахътэм зрегъэзагъэ Хьэтусилэ.
- Иужьрей зэманым и нэгу щIэкIа псоми ирагуха нэхъей, къызэфIэщэха пщыжьыр нэжэгужэ къэхъужат, и лъэр жан хъужаи хуэдэт. Абы и нэ фIыцIэ хъуреитIыр зэм бжэм треубыдэ, ар Алэдамэ къызэIуихыу, и пащхьэ къызэриувэнур къыхуэмыгъэсу, зэми и напIэр иредзыхри, егъэупIэрапIэ, куэдыIуэрэ зы щIыпIэм теубыдауэ зэрыщытым и нэр щIригъэсыкIыурэ, ехузри. Зэм-зэ бжэр зэIуахри, я щIалэгъуэр зэкIэрымыхуу зэрыздахьам хуэдэу, зэбгъурыту къыщIобакъуэ Тутхьэлийрэ Алэдамэрэ.
- — Алэдамэ… Тутхьэлий… — хуэм дыдэу зыкъеIэт пщыжьми, мэуэтыпщым и нэр треубыдэ. — Лъапэ махуэкIэ укъытхыхьэжауэ тхьэм къыщIигъэкI, си щIалэ.
- — Упсэуж, ди адэ! — мэуэтыпщыр Хьэтусилэ гъунэгъу дыдэу бгъэдэкIуатэри, и щхьэр ищIащ.
- — ГъащIэр зэрыжэ… Еплъ, пщы ухъужащ! — Хьэтусилэ и гузавэр хуэм-хуэмурэ щхьэщокI.
- — Мы гъащIэм зыгуэр къызэхъулIэххамэ, уэращ зи фIыщIэр, зиусхьэн! Сэ ар зэи сщыгъупщакъым икIи сщыгъупщэнукъым, — гуапэу пыгуфIыкIащ Алэдамэ.
- — Мыдэ къэкIуатэт, — и IитIыр вакъуэм хуишийри, и гур къызэфIэзэрыхьауэ, хьэтыпщым и макъыр ехуэхащ.
- Вакъуэм зэрыIущIэнум, абы и нэгум зэриплъэнум щышынэми, Хьэтусилэ къыгурыIуат Алэдамэ губжь къызэрыхуимыIэр. Абы пщыжьыр къигъэгумэщIат.
- — Уи гур умыухыж, ди адэ, — Алэдамэ абы пежьэри, быдэу IэплIэ хуищIащ. — УмыгумэщI!
- — Тутхьэлий, афэрым, си щIалэ! Си гум гугъэ нэхур щыбгъэблэжащ, упсэу! — Iэ зырызымкIэ лIитIыр гуапэу зришалIэри, IэплIэ яхуищIащ пщыжьым.
- — Къалащхьэм укъэсыху уи нэгу щIэкIа щIыпIэхэр къыпхуэмыцIыхужу укъыкIуэцIрыкIа хъунщ?! — къэралыгъуэр зэрыщэщэжым теукIытыхьауэ, пщыжьым и жьэпкъыпэр пыкIэзызыкIырт. — Иужьрей илъэсхэм къыткIэщIэзэрыхьа гузэвэгъуэр къызэрытIэпIыкI мыхъумэ, зи тхуэгъэужьыхыркъым, Алэдамэ.
- — Ажалым къищынэмыщIа, хэкIыпIэ гуэр зимыIэ щыIэкъым, Хьэтусилэ, зыгуэр хъужынщ ари. Къыббгъурыувэу, зауэ губгъуэм ныбдихьэну мэуэт мин тIощI къекIуэлIащ. Хьэтхэмрэ мэуэтхэмрэ къаруушхуэ дызэрогъэхъу. Умыгузавэ, — вакъуэ адэм и нэгум иплъэри, жиIащ Алэдамэ.
- Пщыжьым и фIэщ хъужыртэкъым апхуэдизу зэкъуэншэкIауэ къилъытэ цIыхухъум и нэгур зэIухауэ, губжь къыхуимыIэу, гуапэу къызэрыIуплъэр.
- — Дзэзешэм зэрыжиIэмкIэ, Ашэрэд къежьакIэщ. Фырат къикIмэ, къэсагъэххэу бжы. Къэркъэмышымрэ Мэтэнеймрэ я зэхуаку дэж псыращ бийр зыIыгъыр. Тхьэхэм дыкъаужэгъужатэкъыми, абдеж псым и чэнжыпIэкъым. КъищынэмыщIауэ, Мэтэнейр яхьэхуа нэужь абдеж телъа лъэмыжыр дгъэсыжат. Абы зымащIэкIэ иIэжьэнущ Ашэрэд. Дэри зыдмыгъэгувэу дежьэмэ, нэхъыфIу къысщохъу, — къыхилъхьащ Тутхьэлий.
- Пщыжьым ахэр иутIыпщыжри, тахътэм етIысэхащ.
- — Пэжщ, си щIалэ. Ди къухьэпIэ щIыналъэхэм я дзэр къежьауэ къокIуэри, ахэр къызэрысу, зыдмыIэжьэу дежьэнщ. Псори хьэзырщ, Iэщэми, шыхэми, хьэкуэстэгухэми кIэлъыдгъэплъыжащ, зыщIэткъузащ. Дзей дымыгъуэтмэ, дызэрыхъу дыхъуу зытIэтыну дигу илъу арат, — и нэпс къыфIекIуар зэпилъэщIыхьыжу, игу къызэрыгъуэтыжауэ жеIэ Хьэтусилэ.
- — Дауэ сыпкъуэмыувэрэт, ди адэ. Ар щхьэ уигу къэбгъэкIыхха?! НэхъапэIуэу зыкъэдвгъэщIатэми, Псатхьэр си щыхьэткъэ, дызыщымысхьыжынт, — Алэдамэ и жьагъуэт Хьэт къэралыгъуэм апхуэдэ лей къызэрытехьар, тхьэмыщкIэгъуэ зэрихуар.
- — Уа, щIалэ! — Хьэтусилэ еджащ бжэIутым. — Ди хьэщIэхэм гъуэгуанэшхуэ къызэпачащ, иIэ псынщIэу, Iэнэр къытевгъэувэ. Гуащэми фыкъеджэ. Сыт хуэдэу гуфIэну Дэдей!
-
- ТХЬЭМАХУЭ бжыгъэкIэ къэкIуа мэуэтыдзэр гъуэгуанэм зэхиукIауэ, ешауэ къэсын я гугъами, зекIуэ хьэлъэр нартхэм зыуи къащымыхъуам хуэдэу зэрыжант. Уеблэмэ, зыгъэпсэхугъуи хуэмейуэ, къалащхьэм дэкIыу, иджыпстуи зауэ IэнатIэм Iуувэну хьэзырыфэт. Къалэдэсхэм яфIэгъэщIэгъуэнт, еувалIэу къыхащыпыкIа нэхъей, мэуэт зауэлI екIухэр. Нэхъ телъыджэж ящыхъуат нэжьгъущIыдзэм хэт фызшу ябгэхэр. Абыхэм Хьэтуссэ и уэрам Iэхуитлъэхуитхэр яфIэмащIэу щрикIуэкIэ, къалэдэсхэм блынхэм зракъузылIэрт, нэхъ телъыджэ ямылъэгъуам хуэдэуи, я щхьэр ягъэкIэрахъуэурэ кIэлъыплъырт Iэщэ-фащэкIэ зэщIэузэда, щIакIуэ Iувхэм къыщIэщ дэщI екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа тхьэIухудхэм. ЗауэлI мин тIощI бгъэхьэщIэныр хьэтхэм дежкIэ зэрыIуэхушхуэр зэхэзыщIыкI нартхэм бысымым зыкъытрамыгъэхьэлъэн папщIэ, я щхьэ Iуэху зэрахуэжмэ нэхъ къащтэу, щакIуэ кIуэрт.
- Зи чэзу щакIуэм къикIыжа нарт гупым кърахьэлIа нышыр IэкIуэлъакIуэу зэIызых щауэ екIухэм къахэплъэу шордакъым тетт Хьэтусилэ, мэуэтыпщыр щIыгъуу. Хьэтыпщым илъэс тIощIкIэ имылъэгъуа и вакъуэм гу щимыхуэжу зэпиплъыхьырт, хьэщIэхэр къазэрыхуеблагъэрэ зы махуэ имыутIыпщауэ, хы адрыщI къыщекIуэкI къэхъукъащIэхэм тригъэпсэлъыхьу зыбгъэдигъэст.
- Узыфэ хьэлъэ зыщхьэщыкIыу зи нэр къэплъэжа, хьэлъэ гуэр зи плIэм дэкIыжу хуиту бэуэжа, зи гур псэхужам хуэдэу, нэжэгужэт Хьэтусилэ. ЩIымахуэр къэсами, Хьэтуссэр къэралым и курыкупсым зэрисым къыхэкIыу, дунейр хуабэнэпцIт: дыгъэр зэм къыкъуэкIырт, зэми пшэм къуилъэфэжурэ зигъэпщкIужырт, хьэщIэхэм гъуэрыгъуапщкIуэ къадэджэгу нэхъей.
- — АтIэ, уи щхьэгъусэм и фIыгъэкIэ къыфщIэуващ мо зауэлI телъыджэхэр, — Алэдамэ къыхуиIуэта хъыбархэр игъэщIагъуэу, и щхьэр игъэкIэрэхъуащ пщыжьым, зыхьэхэм яхэплъэурэ.
- — ЗэраукIын илэжьами, пэжщ, гуащэм и фIыщIэкIэ къэунэхуащ нартхэмрэ нэрыбгейхэмрэ я зэхуаку къыдэкIа лIы ерухэр. Ахэр мыдрей нарт лъэпкъхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэщщ, зиусхьэн. Уеблэмэ, фIэщщIыгъуейуэ къаруушхуэ къалъыкъуокI, пелуанщ. Плъагъункъэ! — пщIантIэм щызэхэзекIуэ мэуэт-зыхьэхэм яхэплъэурэ, арэзыуэ жиIащ Алэдамэ.
- — Тхьэм къихъумэ! Телъыджэщ! — хуэмыухыжу игъэщIагъуэрт пщыжьым. — Куэдрэ, куэд дыдэрэ сыногупсысащ, Алэдамэ. Дауэ хъуа, дауэ екIуэлIэжа, и адэ-анэр псэууэ ирихьэлIэжа, сыт хуэдэу зигъэлъэгъуа жысIэурэ. Еплъ ар зэрыхъуа!
- — Зэрыхъун хуейм хуэдэу хъуащ, зиусхьэн! — ипхъу къамылыфэр зэгуэкIуа щIалэм зэгуэр зэрыримытар игу къэкIыжу, нэщхъей къэхъужа лIыжьым хуеплъэкIри, пыгуфIыкIащ мэуэтыпщыр.
- — Пэжщ… Апхуэдэу къэмыхъуатэмэ, нобэ къыслъихьэжа гугъэр зэи згъэунэхунутэкъым. Апхуэдэу жыпIэкIи, абы щыгъуэ укъызэрызэлъэIуар пхуэсщIатэмэ, Хьэт къэралыгъуэм и тхыдэ лъагъуэм нэгъуэщI щIыпIэкIэ зиукъуэдиину къыщIэкIынт. Пэжщ. СынокъуэншэкIащ… Си хъыджэбзыр уэстатэмэ, псэут иджы, — гукъэкIыж хьэлъэхэр пшэ фIыцIэу къыщхьэщыуващ Хьэтусилэ.
- — БлэкIам къыпхуегъэгъэзэжынукъым. И гугъу умыщI абы. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, лей къыстехьа си гугъэу, куэдрэ къызэфыкIащ сэри ар. Ауэ, гъащIэм и пIэ ирегъэзагъэ псори. ГъащIэм нэхърэ дэ дынэхъ Iущкъым, — жи Алэдамэ.
- — Ашэрэд Фыратыпсым къызэрикIыу, ди щIыналъэм къихьэнущ. МэтэнеймкIэ къыпхыкIынумэ, япэу зрихьэлIэнур Къэркъэмышщ. НэгъуэщI зекIуапIэ ищIынукъым абы, — псалъэмакъыр зэуэ ихъуэжащ пщыжьым.
- — Абы ди фейдэ хэлъщ, зиусхьэн. Къэркъэмыш екIуэкIыу бгылъэщ, лъагапIэм тетщи, псым укъызэпрыкIыу абы укъыдэкIуеиныр гугъуехьышхуэ ящыхъунущ къум пщтырым къикIа, гъуэгуанэшхуэ къызэпызыча ащырхэм. Ар езыхэм ящIэу къыщIэкIынукъым. ЯщIэми, зыщыгугъыр къызгурыIуэркъым. КъищынэмыщIауэ, щIымахуэщ. Хьэт къэралыгъуэм и къуэкIыпIэ щIыналъэхэм нэхъ щIыIэ иIэкъыми, къалащхьэм нэс къыкIуэцIрыдмыгъэкIыу дапежьэрэ Фырат Iуфэ дыщызэрихьэлIэмэ, Iуэхур нэхъ тынш хъунущ. А щIыпIэм Ашэрэд щызэуэфынукъым, щIымахуэ шылэри хуэшэчынукъым, — гу лъитащ мэуэтми.
- — Абы сыщогугъ сэри, — арэзы техъуащ Хьэтусилэ. — Нобэ-пщэдейуэ къэсынущ ди къухьэпIэ щIыналъэхэм я дзэри, махуэ зытIущкIэ зедгъэгъэпсэхунщи, дежьэнщ.
- — КъухьэпIэр зекIуэм нежьэрэ, алыдж лъэпкъхэр абы ирихьэлIэу къыптеуэмэ-щэ?! — игъэщIэгъуащ Алэдамэ.
- — Илэуным2 и тетым къухьэпIэ щIыналъэхэр иIыгъыну дыкъигъэгугъащ. Къытхуэпэжщ ар, зэман жыжьэ лъандэрэ дыкъызэдокIуэкI. Дызыщыгугъыр а щIыналъэм и мывэкъалэхэрщ. Илэуным пэлъэща зэи срихьэлIакъым. Тхьэхэм дыкъамыужэгъужамэ, алыджхэм я гум IейкIэ дыкъэкIыу, нэгъуэщI щIыпIэ теуапIэ ящIынкъым, армыхъумэ, дызыдэкIа къалэр щIым щыщ ящIауэ дыкърихьэлIэжынри хэлъщ! — нэщхъей-нэщхъейуэ пидзыжащ абы Хьэтусилэ.
- — Ауэ щыхъукIэ, ащырыдзэр зэхэдмыкъутэу хъунукъым, Хьэтусилэ. Дыхуиткъым къуэкIыпIэр зыIэщIэдгъэкIыну.
- ЦIыхухъуитIыр, щхьэж и гупсысэм зэщIищтэжащи, щым къызэрыгъэхъужауэ зэбгъурытщ. ПсэзэпылъхьэпIэ, гъэунэхупIэ… Сыти фIэщ абы. Хэплъэгъуэт Хьэтейм и Iуэхур.
- — Уи щIалэр бжьыфIэщ, гъэсэныгъэ дахэ хэлъщ, зауэ IэнатIэми зэрыхуэIэрыхуэр наIуэщ. Пхуэфащэу игъэсащ, хэт ипIами. Мэуэт хахуэмрэ нэрыбгей Iущымрэ щIэблэ дахэкIэ къывэтащ Псатхьэр. ГъащIэ кIыхь ухъу! — нарт зауэлIхэм зэхаубла джатэрыуэ джэгум къахэжаныкI щIалэ цыплъымкIэ и щхьэр ищIри, пыгуфIыкIащ пщыжьыр.
- — Арнэутрэ абырэ ныбжьэгъу зэхуэхъуащ занщIэу, — а Iуэхур зэригуапэр къапщIэу, щыпкъэу жиIащ Алэдамэ.
- — Зэфэгъущ, хьэлкIэ зэтохуэри аращ щIызэзэгъыр. Гу лъыптами сщIэркъым, Лулимэс — Тутхьэлий и къуэ нэхъыщIэр — апхуэдэкъым. Ар пщтырщ, къипкI-къилъыр и хамэкъым, куэдми езэгъыркъым. Ар хуабжьу си жагъуэщ. А щIалитIыр зы анэм къилъхуауэ диIатэмэ, си хьэдэр нобэ ягъэсми, си гур зэгъауэ адэжьхэм я пащхьэ сихьэжынут. Лулимэс щтэращтэм дагъуэта бынщ… Уэри сэри дощIэж щтэращтэм и къуэр зэригъасэ щIыкIэр, — пщыгъуэр къызыIэщIигъэкIа къуэш быныр игу къэкIыжащ пщым.
- — Лулимэс щIалэ хахуэщ, зиусхьэн. ЗауэлIщ. Тутхьэлий къэсыжыху къашкъэхэр иIыгъащ абы. Хым къызэпрыкIа дзэр зэралъагъуу, заущэхужащ псыхъуэм дэсхэми. А зымкIэ уигу-уи щхьэр зытелъу уежьэ хъунущ — къашкъэхэм, мышынэу, зыкъаIэтынукъым, зекIуэм ущыIэху. Абыхэм къагурыIуакIэщ нартхэмрэ хьэтхэмрэ я зэхуаку дэсу, къипкI-къилъыр афIэкIа зэрахуэмыгъунур. Абы Лулимэс и фIыщIэу хэлъри хэбгъэкIуадэ хъунукъым. Щтэращтэм къилъхуами, нэмыплъ хуэмыфащэу лIы нэсщ, — идэркъым Алэдамэ.
- — Арами, блэкIам си нэгу щIигъэкIар сщыгъупщэркъым, сщIэнури сщIэркъым. ЕмыкIу сыкъыумыщI, Алэдамэ, зыгуэр бжесIэнут… Ашэрэд благъэ дызэхуищIыну хуейуэ, ипхъу нэхъыжьыр Арнэут къритыну яужь итащ. Хуэзгъэдэхакъым. Псом япэрауэ, мыцIыхур благъэ щIыным Iущ сищIащ. ЕтIуанэрауэ, благъэ жиIэурэ, Ашэрэд Хьэтейр зрилъэфэлIэну хэтауэ аращ, ар сэ къызгурымыIуэ и гугъэми. Егупсысыт… Сыту напэтех: игъащIэ лъандэрэ тын къыдэзыту щыта щIыналъэм и жьауэ дыщIэувэн хуейуэ! Аслъэныжьыр хьэIуцыдзым деж лъэIуакIуэ кIуауэ уи нэгу къыпхущIэгъэхьэрэ?! ИкIагъэкъэ?! Иджы еплъ: уэ пхъу уиIэщ, Арнэут щIалэ хахуэщ. Уэ нэхъыфI згъуэтынукъым сэ. Дызэрыгъэубыд, благъэ дызэхуэгъэхъу! — жи лIыжьым.
- Мэуэтхэм я хьэлтэкъым благъагъэкIэ дамэгъу зрагъэгъуэтуи, Алэдамэ зэи егупсысатэкъым Атисэ зыгуэрым иритыну. Хьэтыпщым къиIэта Iуэхугъуэм Iэнкун къищIауэ, вакъуэ адэм и жагъуэ имыщIу «хьэуэ» зэрыжиIэнур къыхуэмыщIэу, пщыжьым хуеплъэкIащ ар.
- — Атисэ нэрыбгейщ, зиусхьэн. Сыт хуэдэ унафэ хуэзмыщIами, дэкIуэн IуэхукIэ нэжьгъущIыдзэм узригъэпсэлъэнукъым. Мэуэтхэм къытхэтIысхьэжа нэрыбгейхэр хуеймэ — унагъуэ зэрагъэпэщу, хуэмеймэ — залымыгъэ ирамыхыу, емыкIу къамыщIу есащ. КъищынэмыщIауэ, Арнэутрэ Атисэрэ зэ зэжьэхэуауэ срихьэлIащи, зэщхьэгъусэу си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым, — гушыIэм зритыжри, дыхьэшхащ Алэдамэ.
- — Сыт жыпIэр! Зэщыхьауэ арат? — дыхьэшхэн щыхъуащ ар пщыжьми.
- — Я зэхуакум хъуаскIэр къыдидзу! — и щхьэр игъэкIэрахъуэри, гухэхъуэу къэдыхьэшхщ мэуэтри, дыщIигъужащ. — Сыт щыгъуи сыббгъурыувэнущ, зиусхьэн. Ар зыщумыгъэгъупщэ. ЗыгуэркIэ укъызэлъэIунуи уи дзэр умыгъэш. Абы щхьэкIэ благъэ дызэхуэмыхъункIэ Iэмал имыIэуи щыткъым. Сэ зэи узгъэщIэхъунукъым. НыбжьыщIэхэр зэгуакIуэрэ, ди щхьэ и унафэ тщIыжынущ жаIэми — зэран сахуэхъунукъым.
- Хьэтусилэ и вакъуэм хуеплъэкIри, и нэм нэпсыр къыщIэуващ. Апхуэдэ Iущыгъэ и чэзум къыкъуэкIыфатэкъым езыми, нобэр къыздэсым Iэбэ пэтми лъэIэсыжыртэкъым пщыжьыр.
- — Сэ быдэу сощIэ — мыр си иужьрей зекIуэщ, — гупсэхугъуэ гуэр и нэгум къищу жиIащ Хьэтусилэ.
- — Сыт жыпIэр, зиусхьэн?! — игъэщIэгъуащ ар вакъуэм. — ЗекIуэм унемыжьэмэ, нэхъыфIтэкъэ?
- — Къэсащ си чэзур, Алэдамэ. Куэдщ ар. Илъэс тIощIым щIигъукIэ зесхьащ пащтыхьыгъуэр. Си щIалэ закъуэр лIыпIэ иуващ, и фIыгъуэ дыдэщ. Хьэтейр хуэныкъуэщ пащтыхьыщIэ, и къару илъыгъуэу, и жаныгъуэу. Си кIуэдыжыгъуэр къыщысакIэ, зауэ губгъуэм си хьэдэр кърахыжмэ нэхъ къэсщтэнущ, гъуэлъыпIэм сыхэлIыхь нэхърэ, — пыгуфIыкIри, и щхьэр ищIащ пщыжьым. — ЗауэлIу срекIуэдыж, лIыжь кхъахэ мыхъуу.
- — Языныкъуэхэр лIауэ дунейм тетщи, хэти псэууэ щIым щIэлъщ, зиусхьэн. Уэ пхуэдэпщхэр зэи кIуэдыжыркъым! Зи цIэр IуэрыIуатэм къыхэнэхэм уащыщщ. Абы нэхъыбэ сыткIэ тхьэм уелъэIун?!
-
- Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1251 гъэ
-
- ЗауэлI мин плIыщIым щIигъу къызэрыгъэхъуа хьэт-мэуэтыдзэр къаркъэмыш лъагапIэхэм къыщыщхьэщыхьэм ирихьэлIэу, Ашэрэд Фырат псыхъуэм къыдыхьэным иджыри махуитI гъуэгуанэ къыпэщылът. ИщхъэрэкIэ удэплъейми, ипщэкIэ уеплъыхми, нэм къиплъыхьыр къуакIэбгыкIэщ. Тхьэхэм я хэщIапIэ нэхъей, гъэмахуэкIэрэ дахащэу къызэщIэгъагъэ къуэ задэр иджыпсту уэс Iувым щIигъэнащи, нэр ирищIу топщIыпщIыкI. КъуэкIийм дож зэпэщIэува лъэпкъитIым пIалъэ яхуэхъуа, пасэрей лъэпкъыжьхэм я хъыбар гъэщIэгъуэнхэр зи лъынтхуэм хэлъу къезыхьэкI псы- жьыр.
- Хьэтыдзэм и гъуазэ къалэныр зи пщэ далъхьа Тутхьэлийрэ мэуэтхэм я пашэмрэ щыхупIэм къыщхьэщыхьэщ, Iэдакъэжьауэ ящIри, псым и адрыщI Iуфэм къыщыщIэдзауэ, жыжьэ дыдэу зызыукъуэдий бгылъэмкIэ плъащ.
- — ТIасхъэщIэххэм зэрыжаIамкIэ, махуитI дэкIмэ, нэхущым къэсынущ ащырыдзэр, — щэху дыдэу жиIащ Тутхьэлий.
- — Ашэрэд и цIыхухэр мы псым къикIыфынукъым, — гу лъитащ мэуэтыпщми. — Гъэмахуэу щытами зыгуэрт. Модэ плъэт, Тутхьэлий. Мод-дэ, жыжьэу. Мэхъей зыгуэр. ТIасхъэщIэх къаутIыпща хъунщ…
- — НтIэ, нтIэ, мес, къэслъэгъуащ. ТIу мэхъу. Фыкъаплъэ, фыкъаплъэ! Нэвгъэсыж Ашэрэд деж дызэрыхьэзырыр! — погуфIыкI пщыкъуэр. — Дызэрыгугъэр къыдэхъулIэмэ, ащырыдзэр къэсынурэ, къызэхэувэнущ, Фырат къызэрызэпрыкIынур къахуэмыщIэу. ТэлайкIэ гупсысэнщи, лъэмыж къытралъхьэну яужь иувэнущ. Ди щIыналъэр дэ тхуэдэу зыми ицIыхуркъым. Псым и чэнжыпIэхэр дощIэ. Абы пэрытыху дэ тIууэ зыдгуэшынщ, псым дызэпрыкIынщи, биидзэр къэдухъуреихьынщ. ИкIи къимыкIыфу, лъэныкъуищымкIи къаувыхьарэ ямыгъэзэжыфу…
- — Пэжщ. Мэуэтыдзэр ипщэкIэ, хьэтхэр ищхъэрэкIэ дакъыщытеуэрэ къуэкIыпIэмкIэ я кIуапIэр зэхуэтщIыжмэ, ди IэмыщIэм илъу бжы, — и нэщхъыр зэхэлъу щIэплъыпIэмкIэ плъащ Алэдамэ.
- — Депсыхынщи, дыпэплъэнщ къэсыху. Сыт щIауэ дыкъакIуэрэ… Гъуэгуанэшхуэ къызэпытчащ, зауэлIхэм замыгъэпсэхуу хъунукъым, — шыр кърикъуэнтIэкIри, дзэмкIэ къигъэзэжащ Тутхьэлий.
- АдрыщI бгылъэм щызэхэзекIуэ тIасхъэщIэххэм тэлайкIэ якIэлъыплъри, Алэдами уэрым яхыхьэжащ.
-
- * * *
-
- Зигурэ зи щхьэрэ зэтелъу къежьа ащырыпщым и дзэр хьэт-мэуэтыдзэм нэхърэ щыкIэ нэхъыбэми, къумым щыпсэу лъэпкъым зэмыса щIыIэр ефыкIырт, щIымахуэ шылэм кърихьэлIати, щIыIэ узым ирихыр я куэдт. ГугъапIэшхуэхэр кърихьэжьэу къежьа пщы ябгэр абы иригубжьарэ и цIыхухэр игъэлыгъуэу ишхыным хуэдэу, къызэщIэнауэ къэсащ.
- Ашэрэд къыгурыIуэжат зэрепIэщIэкIар, унафэ псори и пщэ дилъхьэжу, зэрымычэнджэщам фIы къызэрыримыкIуари наIуэт. КъищынэмыщIауэ, дзыхь зыхуищI, и дэIуэгъу, и дзэзешэ нэхъыфI дыдэр къэзыукIар имыщIэу, кIэрыхуащи, ари къоуз. Абы къыхуэгъэдэIуэнут пщыр, Iуэхур езэгъырабгъуу зэтриублэнут. А псори Ашэрэд езым къыгурыIуэжми, къезыхъуэным и щхьэр зэрыфIихынур ящIэри, блыгущIэтхэри щымщ.
- Гъунапкъэм уекIуэлIар зырикIщ, Фырат псыр зи бгъуагъым, зи уэрагъым, зи кууагъым дзэр зэпрышын хуейкъэ? ЩIыпIэр уэсым щIигъэнащи, уи лъэр хуиту пхузэблэхыркъым, псым лъэмыж телъхьэн хуейщи — Iэгъуэблагъэр нэщIщ, мэзыр жыжьэщ. Тхьэмахуэ дапщэ хъуауэ бгылъэ защIэкIэ къакIуэрэ ащырыдзэр! Хьэт къэралыгъуэмрэ Мэтэнеймрэ я зэпылъыпIэм къэсащи, адэкIэ кIуэтэфыркъым.
- Абдеж щызэхэту зэманыр ягъакIуэ зэрымыхъунур гурыIуэгъуэти, Нынурт бзаджагъэ гуэр и щхьэм къищхьэрыуэри, пщым дэгуэшащ. Ашэрэд гупсысэщ-гупсысэри, арэзы техъуащ щIалэм къыхилъхьам. Арыххэуи, Нынурт дзэм и нэхъыбэр къищтэщ, Сауштэр гъусэ ищIри, ищхъэрэкIэ дэкIуеящ. Мэтэнейм я пщым зэрыжиIамкIэ, Фырат ищхьэIуэкIэ удэкIуеймэ щыIэ щIыналъэм деж псыр чэнж щохъури, хьэтхэм уатеуэфынущ, абдеж ущызэпрыкIыу. Абы ирихьэлIэу лъэмыжри тралъхьэнщи, иныкъуэр ищхъэрэкIэ, мыдрейр къуэкIыпIэмкIэ къащытеуэнщи, я пIэм ирамыгъэкIыу, хьэтхэр зэтраукIэнщ. АпщIондэху къакIэлъреплъ, ирегугъэ ащырыдзэр Къэркъэмыш щепсыхауэ, лъэмыжым фIэкIа Iуэху ямыIэу зэхэту…
- Ащырхэм зытраухуар къайхъулIэнрэ къаймыхъулIэнрэ зыми ищIэртэкъым. Хуагъэфащэ защIэ мыхъумэ, и пэжыпIэм гур тезагъэу пщIэнукъым. ЩIымахуэ жэщ щIыIэхэр кIыхькъэ?! Ащырыпщым и куэдт зэгупсысынрэ зэхуигъэхъунрэ.
-
- Блэгъуиплъэ
-
- Дзэр зекIуэ зэрежьэрэ Мэуэтейр нэхъ джафэ хъуауэ, цIыхухэр уэрамыщхьэхэм щыземыкIуэжу, Iэгъуэблагъэр щыму, уеблэмэ Iузэври нэщхъейуэ къыпщыхъурт, апхуэдизкIэ нэщIт быдапIэри. Дунейри, Мэуэтейм зыкъыдищI нэхъей, уэтIпсытIщ, зэм уэс щабэу кърегъажьэри, уэшхыпсыр хэту къотIэтIэх, зэми уаем зыкъызэкъуех, щIыщхьэр тощтыкIыжри, уи лъэр пхузэблэмыхыу щтырыгъу мэхъу. Чэщанэ Iэтахэм жьыуейр, щIэфиихьыжу, щызэприхуми, нэрыбгейхэм я къэрэгъулыр чэщанэм тетщ сыт щыгъуи хуэдэу. ЩIакIуэ Iувхэм зыкIуэцIашыхьарэ, я лъакъуэм мыщэфэ бацэр фIэлъу, щхьэрыхъуэныр я щхьэм быдэу ешэкIарэ, я нэ жыжьэрыплъэхэм фIэкIа къыщIэмыщу тетщ лъагапIэм. Абыхэм ящыщ зым и нэм къыфIонэ жылэм и гъунэ дыдэм деж щыт унэ Iушэ цIыкIум зы фызыжь къыщIэкIауэ, епIэщIэкIыу, уардэунэмкIэ къызэриунэтIар.
- — Мы уаем сыт мыгъуэм зэрихуэрэ мори, — и напщIэ лъэныкъуэр еIэт, и нэр зэрегъэдзэкIри, тенджызыщхьэм треубыдэж нэрыбгей набдзэгубдзаплъэм.
- — Гуащэм ириджа хъунщ аргуэру. Щэху гуэр зэхуаIуатэ а тIуми, си гур яхуэфIкъым, — къыпедзыж абы етIуанэм.
- — Щэхуу! Дызэхахмэ, фIы щIэтхынкъым. Фэ тIур фи жьэм фытекIуэдэжауэ флъагъунщ, — мэгъумэтIымэ ещанэр.
- Плъыр чэщанэр дэнэ къэна, зрикIуэ гъуэгур зымылъагъуххэ фызыжь набгъэм Аскъалэ и уэрам зэв нэшэкъашэхэр фIыуэ ецIыхури, хуэгъэфащэ защIэу нос уардэунэм. Абы и щIыб къыдэшам, щымысхьыххэу, уэшх-уэс зэхэлъыр йощащэ, ирихьэжьэу, мэзыжьым щIидзэжын нэхъей, жьапщаер фызыжьым щIэроIэри, ерагъыу и лъэм тету аращ.
- — Гуащэм сыхуэмызэу хъунукъым, тIасэ. Жэт, кхъыIэ, хъыбар егъащIэт! — бжэм деж щыт хъумакIуэхэм ящыщ зым зыхуегъазэ абыи, куэд дэмыкIыу мэуэтей гуащэм и пащхьэ ирашэ.
- — Ди закъуэу, дахэ! Ди закъуэу дызэгъэпсалъэт, — мэлъаIуэ, зи дыжьын щхьэц псыфыр IэлъэщI фIыцIэ лъабжьэм къыщIэблэбл фызыжьыр.
- — Сытым укъысхуихьа, нанэ? — щIоупщIэ гуащэр, псори щIегъэкIри.
- — Ди пщыр иужь дыдэ зыIуса Iэнащхьэм къытефхыжа блэгъур пIысхати… ПщIэжрэ? — фызыжьым IэщIэлъ баш кIыхьым зытрегъащIэри, щхъуэ-хужьыфэ хъужа и нэ кугъуэхэр гуащэм треубыдэ, зыгуэр илъагъу нэхъей.
- — СощIэж. Сыт ар? — щIыIэ уаем фызыжьыр фIырыфIкIэ къызэремыжьар къыгуроIуэри, и гур щIопхъуэ Удынэ.
- — Алъандэрэ си щхьэнтэ щIагъым щIэлъащ ар. Щыму. Зы псалъи къызжимыIэу. ТIэкIу сыщхьэукъуэнщ жысIэри, зызгъэукIурият нетIэ… СепщIыхьащ а блэгъум сиплъэу. ЗэгъащIэ, гуащэ, мы дуней къутэжым къыдэхъеину псыкъиум къыпхуихьынущ хъыбар. Уи нэр щIэплъыпIэм тумыгъэкI.
- — Сыт псыкъиум къихьыфынур? ЖыпIэр къызгурыIуэркъым, — и нэщхъыр зэхеукIэри, зыкъеIэт Удынэ.
- — Умыжей ныжэбэ, гуащэ! ЩIэплъыпIэм уи нэр къытумых… Уи нэр щIэплъыпIэм къытумых, — къытригъэзэжрэ жиIэу, щIыбкIэ икIуэтурэ, фызыжьым зегъэбзэхыж.
- Удынэ ундэрэщхъуауэ къонэ. Ныуэжьыр къызэрыфIэмыщIам и щыхьэту, фызыжьым къыкIэрыжа псыр лъэгум итщ… Абы къыхуихьа хъыбарым къикIри зыхуихьынури имыщIэу, егупсыс зэпыту жэщ къытехъуащ Удынэ. И щхьэгъусэмрэ и къуэ пажэмрэ зережьэрэ и гупсысэ псори абыхэм етащи, хэплъэу къэна бзылъхугъэр къахуэцIыхужыркъым. ГугъэфIэну къыхуэна ипхъу закъуэм деж гулъытэрэ хуабагъэрэ щигъуэтыну хъунт, ауэ, Атисэ и къулыкъум къыдэхуэркъым.
- Псори зэхэзэрыхьыжауэ, махуэхэр фагъуэу, шхыныр IэфIыншэу, цIыхухэр псори зы нэкIуу къыщохъу Удынэ. Сыт апхуэдэу щIыщытыр, сыт къефыкIыр? Дэнэ кIуэжа и лIыгъэр, и ерыщагъыр, и хахуагъэр? ПщIыхьым хьэтым хуэдэщ, зыщIыпIэ кIуэцIрыщэтауэ зыхуэмыIэтыжыфу къыщохъу гуащэм. Зыри къыгурыIуэжыркъым, щIэплъыпIэм фIэкIа плъапIэ иIэжкъым абы. Iэмалыншэщ. Зыкъиузэду якIэлъыкIуэн хуэдэу мэхъури, гуащэ къалэнхэр ехьэкIын, цIыхухэр зыхуей хуэгъэзэн зэрыхуейр игу къокIыжри, и Iэпэ-лъапэр шхэуэ мэтIысыж. Къыхуэгъэсыжыркъым и щIалэмрэ щхьэгъусэмрэ. Иджы хъыбар гуэрым и гугъу къыхуищIащ фызыжьми, плъыр чэщанэхэм язым докIуей.
- Хэт ищIэрэ, фызыжь делэм зэхэщIыкIыгъуэу жимыIэфами, лIыкIуэ къиутIыпща хъунщ Алэдамэ. Атисэ и тетыгъуэщ ныжэби, абы щIыгъуу пэплъэнщ.
- УпщIэ леи къыхэмыкIыу, псалъэмакъ щIагъуи емыкIуэкIыу, жэщ псом яхэтащ гуащэр къэрэгъулхэм. Фызыжь делэм жиIэм зэредэIуам, ар и фIэщ зэрищIам щхьэкIэ, и щхьэ хуэшхыдэжу нэху къыщытещхьэм, аддэ жыжьэу, щIэплъыпIэмкIэ, хыщхьэм щхьэщыт пщагъуэм кхъухь фIыцIэшхуэ хэгъуэщыхьарэ, толъкъунхэм кърадзэкIыу къыщыхъуащ Удынэ. Хэт ищIэрэ а кхъухь закъуэр зищIысри, къыздикIри, здэкIуэри. КъызэрыщIэкIымкIэ, пэжт фызыжьым жиIар.
-
Хьэтхэм зауэм зыхуагъэхьэзыр.
-
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-01-16
Игуасу псым километр 1320-рэ и кIыхьагъщ икIи абы зэпещIэ Аргентинэмрэ Бразилиемрэ. Иужьрейм и Куритибэ къалэм и гъунэгъуу Игуасу псори зэхэту псыкъелъэ щхьэхуэ-щхьэхуэу 270-у зэкIэщIокI. Ахэр йохуэх метр 75-кIэ. Апхуэдэ телъыджэ илъэс минищэ хуэдиз ипэкIэ щIыр зэрыхъеям къыдэхъуауэ къалъытэ. ЩIыпIэр зрагъэлъагъун папщIэ цIыху куэд дыдэ ма-кIуэ. 1986 гъэм ар ЮНЕСКО-м и дуней- псо щIэиным щыщ Iыхьэу ягъэуващ.
Зыхыхьэхэр: Махуэку
|