Лъэпкъыр зыщ — адыгэщ
2020-01-16
- Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) и уэсят
- 1989 гъэм шыщхьэуIум и 7-м адыгэ лъахэм гуауэм и уэсыпс дыдж къыщехащ… Игъуэ нэмысу, гу щыдмыхуарэ къытщимыхуэжауэ дунейм ехыжащ лъэпкъыр куэдкIэ дызыщыгугъыу щыта Лохвицкий Михаил Юрий и къуэр — Аджыкъу-Джэрий…
- «Хьэдрыхэ напэлъагъу щыIэкъым», жаIэ. АтIэ, арауэ пIэрэт Михаил тхьэмыщкIэр къезышэжьар, дунейм ехыжыным тхьэмахуэ хуэдэ нэхъ имыIэжу ди лъахэм къизышар?.. Черкесск икIри, ар Налшык кIуащ — къыкIэлъыкIуэ махуэм Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэгъуэнут абы и «Уафэгъуагъуэ макъым» къытращIыкIыу ягъэува спектаклыр.
- Дунейм ехыжыным куэд имыIэжу абы итхауэ щыта мы тхыгъэр ауэ къызэрыкIуэкъым — Аджыкъу-Джэрий къытхуищIыжа уэсятщ…
- Совет властым и лъэр къэралым щигъэува нэужь, щIыгу гъунапкъэхэр яхъуэжрейуэ, ди хэгъэгухэм зэреджэр зэрыхуейуэ фIащу зэрыщытам и щхьэусыгъуэкIэ адыгэ лъэпкъыр щыуэ гуэша хъуащ. Апхуэдэу къекIуэкIыурэ, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щыпсэу адыгэхэм «къэбэрдейкIэ», Къэрэшей-Шэрджэсыр зи хэщIапIэхэм «черкескIэ», Адыгей автоном областым исхэм «адыгейкIэ» еджэу щIадзащ. Зи щэнхабзэр, зи анэдэлъхубзэр, зи IуэрыIуатэр, зи лъэпкъ нэмысыр лIэщIыгъуэхэм теIэпхъэ ирамыгъэщIу къыпхызыха лъэпкъыр нобэкIэ зэкъуэудащ. Абы хьэлэ диукIащ адыгэ литературэм, гъуазджэм, щэнхабзэм.
- Зэманыр нэхъ хуэдзэлашхэурэ къекIуэкIащ адыгэ хабзэм, бзэм, щэнхабзэм. НобэкIэ гугъу лъэпкъ удемыхьу бгъуэтынущ анэдэлъхубзэр зымыщIэххэхэри, бзэмыIуу абы ирипсалъэхэри. Пэжщ, иужьрей зэманым мы Iуэхум еплъыкIэщIэ гуэрхэри егъуэт. Гу лъыботэ адыгэхэм я лъэпкъ зэхэщIыкIым зыкъызэриIэтам. Жылагъуэм и политикэ гъащIэм къыщыхъуу хуежьа зэхъуэкIыныгъэхэм, лъэпкъ Iуэхухэр демократиер и лъабжьэу зэфIэхыным иужь зэритым я фIыщIэкIэ нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми щыпсэу адыгэхэр нэхъ гушхуауэ, зэмыплъэкIыжу тепсэлъыхь хъуащ я лъэпкъ тхыдэм, я иджырей псэукIэм, я къэкIуэнум. Гу зылъыттэращи, ар икIи узыщыгуфIыкIынщи, абы псом хуэмыдэу егъэпIейтей адыгэ щIалэгъуалэр.
- Лъэпкъ зэныкъуэкъум и лыгъэм нэгъуэщI щIыпIэхэм земыгъэдзын папщIэ, зэмыгъэтIылъэкIауэ иужь ихьэн хуейщ адыгэ лъэпкъыр нобэкIэ зэрыт щытыкIэр убзыхуауэ Iуэхугъуэ белджылыхэри зехьэным. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, адыгэхэр щыпсэу дэнэ щIыпIи щегъэкIуэкIыпхъэщ жылагъуэм, щIэныгъэм, литературэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэр, бзэ щIэныгъэм и еджагъэшхуэхэр, тхыдэтххэр, философхэр, демографхэр, обществоведхэр, хасэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт зэпсэлъэныгъэ-зэдэуэныгъэхэр. ПрограммитI зэхэлъхьамэ хъарзынэт — зыр икIэщIыпIэкIэ, нобэ зэфIэгъэкIыпхъэ Iуэхугъуэхэм, адрейр — къэкIуэну зэманым ятегъэпсыхьауэ. Лэжьыгъэр зэхэбублэфынущ адыгэ лъэпкъым и лIыкIуэхэу Мейкъуапэ, Налшык, Черкесск къалэхэм икIахэм я зэIущIэшхуэкIэ. Мыбдеж щыбубзыхуфынущ дяпэкIэ зэфIэхын хуей-хэр, унэтIакIуэ центри къызэдгъэпэщынт.
- ЭкономикэмкIэ, тхыдэмкIэ, бзэмрэ литературэмкIэ адыгэ хэгъэгуищми щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм я зым тхыдэтххэмрэ обществоведхэмрэ я симпозиум щегъэкIуэкIауэ, нобэрей зэманым къигъэувхэм къекIу, пэжыр нэгъэсауэ къэзыIуатэ, пасэ зэманым къыщегъэжьауэ ди нобэм къэс къызэщIэзыубыдэ, адыгэцIэ зезыхьэ псоми ятегъэпсыхьа «Адыгэ тхыдэ» тхылъ икIэщIыпIэкIэ къыдэгъэкIа зэрыхъуным и унафи къэхьыпхъэщ. Апхуэдэ къабзэу къызэгъэпэщамэ нэхъыфIщ бзэм и лэжьакIуэхэр, институтхэм щезыгъаджэхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр зыхэтыну зэпсэлъэныгъэшхуэ. Къэбэрдейми, Адыгейми, Шэрджэсми зэхэту ирагъэкIуэкIын хуейщ цIыхубэ щIэныгъэм и лэжьакIуэхэр зыхэтыну зэпсэлъэныгъэр. Мыбдеж и гугъу щащIынт лъэпкъ еджапIэхэм я Iуэхухэр зытетым, дяпэкIи зехьэпхъэ Iуэхугъуэхэм, н. къ.
- Зэхуэсу зэмычэнджэщауэ хъунукъым адыгэ хэгъэгуищми ит театрхэм, ЩэнхабзэмкIэ унэхэм, телестудиехэм я Iуэхузехьэхэр. ХэмыкIэсамэ, игъуэ хъуащ Къэбэрдейм, Шэрджэсым, Адыгейм щыIэ драмэ театрхэр режиссёрхэмкIэ, актёрхэмкIэ зэхъуажэурэ спектаклхэр зэдагъэуву, телевизионнэ программэхэр зэтехуэу ягъэпсу къэублэныр. ИщхьэкIэ щыIэ унафэщIхэм зыхуагъэзэн хуейщ дэнэ щIыпIи щыпсэу адыгэ псори а зы телевизионнэ программэм еплъыфынымкIэ Iэмалхэр къыхузэрагъэпэщыну. Абы къикIыр аращи, Адыгейри, Къэбэрдейри, Шэрджэсри, адыгэхэр зэгъэуIуауэ щыпсэу нэгъуэщI щIыпIэхэри зэпызыщIэфы-ну ретрансляционнэ кабельнэ Iэмэпсымэхэр зэгъэуIун хуейщ.
- ЕмыкIуу къызолъытэ иджыри къыздэсым художественнэ, документальнэ, телевизионнэ фильмхэр здэбгъэувын киностудие гуэри адыгэхэм дызэримыIэр. Пэжщ, абы и гугъуи ямыщIу къэнакъым. Ауэ, зэрыжаIэщи, Iуэхур зэхэзыублэнрэ абы зыщIэзыгъэкъуэнрэщ щымыIэр. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, апхуэдэ киностудиер къыщызэIупхыфынущ радиомрэ телевиденэмкIэ адыгэ хэгъэгуищми щыIэ комитетхэм ящыщ зым. А киностудием щылэжьэфынухэри бгъуэтынущ…
-
МЫ ТХЫГЪЭМ къыщыхэслъхьа гупсысэхэм гъуэгу ятыныр зы мэскъалкIэ зэран хуэхъунукъым Краснодар, Ставрополь крайхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэу адрей лъэпкъхэм я сэбэп зыхэлъхэм. Ауэ ахэр зымыдэнухэри щыIэнкIэ мэхъу. Дауи, щыIэнущ, сыту жыпIэмэ, зи гугъу сщIа Iуэхугъуэхэр пхуигъэзагъэркъым унафэщI куэдыр зэса административнэ гуэшыкIэм и гъунапкъэхэм. Ауэ нобэ, адыгэхэм я лъэпкъ зэхэщIыкIым щIэгъэхуэбжьауэ зыкъыщиIэт зэманым, къэзгъэлъэгъуахэм нэмыщI, нэгъуэщI хэкIыпIи Iэмали щыIэу слъагъуркъым. Адрей псоми щIы гъунапкъэхэр щIэрыщIэу гъэбелджылыжыным, абдежхэм зэрылъагъуу, зэрылъытэу иджыри къэс щыпсэу лъэпкъхэр зэщыIеиным, нэгъуэщI Iуэху хьэлъэхэм ухуашэнкIэ хъунущ.
СызэрегупсысымкIэ, зы цIыху губзыгъи, ар сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкIауи щIыи, къыкъуэкIыну къыщIэкIынкъым адыгэ лъэпкъыр зыуэ щытыжын зэрыхуеймкIэ акъылэгъу къыпхуэмыхъуну. Си тхыгъэм зи гугъу щысщIахэр зэрыт письмо накъыгъэм и пэщIэдзэм езгъэхьащ КПСС-м и ЦК-м, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ Пленумым ехъулIэу.
- ЛОХВИЦКИЙ Михаил
- (Аджыкъу Джэрий).
- 1989 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27-м,
- Тбилиси къалэ.