Къулейсызыгъэм пэщIэувэ Iэмалхэр
2020-01-16
- Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэм дыгъуасэ щедэIуащ Мэзкуу «Манеж»-м. Абы кърагъэблэгъащ УФ-м и Правительствэм хэтхэр, Конституцэ судым и унафэщIымрэ и къуэдзэхэмрэ, Суд Нэхъыщхьэм и Iэтащхьэр, Прокурор Нэхъыщхьэр, Следственнэ комитетым, ХэхакIуэ Комиссэ Нэхъыщхьэм, Къэзыбж палатэм я унафэщIхэр, Къэрал Советым хэтхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
- ЗэIущIэм щIэсащ УФ-м и премьер-министр Медведев Дмитрий, ФедерацэмкIэ Советым и унафэщI Матвиенкэ Валентинэ, Къэрал Думэм и унафэщI Володин Вячеслав сымэ.
- Къэралым и УнафэщIым къыхигъэщхьэхукIащ гулъытэ хэха зэрыхуищIынур цIыхухэм я хэхъуэмрэ тхьэмыщкIагъэр къызэнэкIынымрэ. Ар къытеувыIащ къэкIуэну зэманым Урысей Федерацэм зэрызиужьыну унэтIыныгъэхэм, гугъуехь нэхъыщхьэхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэу къилъытэмрэ. Апхуэдэуи Путин Владимир Правительствэмрэ Парламентымрэ къахуигъэлъэгъуащ ягъэзэщIэну къалэн пыухыкIахэр.
- — Мы гъэм япэу Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуагъазэр илъэсым и пэм идогъэкIуэкI. Нобэрей цIыхур хуэныкъуэщ и пэкIэ зэрыкIуэтэну Iэмалхэмрэ зэрызиужьынумрэ, — къыщIидзащ Путиным и псалъэр. — Жэуаплыныгъэ яхэлъу цIыхубэм Iуэхум зрапщытыну зэрыхьэзырыр щыплъагъум деж къэкIуэнум утешыныхьыркъым. Уеблэмэ, сэ къызэрыслъытэмкIэ, цIыхубэм нэхъыфIу елъагъу щыпсэу щIыпIэм щызэфIэгъэкIын хуей лэжьыгъэхэр. Абы къыхэкIыу лъэныкъуитIри дызэгурыIуэу дызэдэлэжьэн хуейуэ аращ. Къэралым зэрызиужьыну Iэмалхэр нэхъыбэж тщIын хуейщ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэщIэхэращ я лъабжьэр дубзыхуа лъэпкъ проектхэм. ЗэрыфщIэщи, Урысейм и тхыдэщIэр зыхуэдэнур куэдкIэ елъытащ абы щыпсэум я бжыгъэм. Аращ демографие Iуэхум ехьэлIауэ си псалъэр къыщIэздзэмэ нэхъ къыщIэсщтэр. Нобэ цIыху мелуани 147-м дыноблагъэ. Хэхъуэ хъарзынэхэр диIэми, зы гугъуехь щыIэщ. Иджыпсту унагъуэ зыухуэхэр 1990 гъэхэм къытхэхъуахэращ. 2019 гъэм къалъхум и бжыгъэм и коэффициентыр 1,5-рэ хъуауэ аращ. Ар ди къэралым дежкIэ мащIэщ. Зэбгъапщэмэ, Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа 1943 гъэм ар 1,3-уэ щытащ. 1990 гъэхэм а щытыкIэр нэхъыкIэж хъуат — бжыгъэр 1,16-рэ хъууэ арат. СабиитI зыпI унагъуэхэр а зэманым гъуэтыгъуейт, гъащIэм зэрыхэпсэукIын мылъку якъуэлътэкъыми. Ди къалэну къызолъытэ дэтхэнэ ди лъэбакъуэри, къатщтэ законри цIыхубэр хъумэным хуэгъэзауэ елэжьыным тедухуэн хуейуэ. Псом хуэмыдэу зи гугъу сщIыр унагъуэм зыщIэгъэкъуэным ехьэлIа политикэр зэрыпхытшын хуейрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ сабийхэм папщIэ яслъэхэр къызэгъэпэщыныр. Мы зэманым сабий мин 77-м щIигъум тещIыхьауэ апхуэдэ IуэхущIапIэхэр зэфIэдгъэуващ, ауэ иджыри а Iуэхум пытщэн хуейщ. ЗэрыжысIащи, демографием и щытыкIэм лъэпощхьэпо шынагъуэ хуэхъур цIыхум хэхъуэ зэримыIэрщ. Абы и лъэныкъуэкIи Iэмал зыбжанэ иджыпсту къыдогъэсэбэп, унагъуэ хуэмыщIахэм ахъшэкIэ защIэдгъакъуэу. А дэIэпыкъуныгъэр къэралым сом мин 11-м щынэблэгъэнущ. Сабий ещанэрэ къыкIэлъыкIуэхэмрэ къызыхэхъуэхэм дазэрыдэIэпыкъу ахъшэхэр щIыналъэ 75-м щыттын щIэддзащ.
- Путин Владимир къыхилъхьащ 2020 гъэм и щIышылэм щегъэжьауэ унагъуэ хуэмыщIахэм сабий япIыфын щхьэкIэ (илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ и ныбжьыр 7 хъухункIэ) мазэ къэс зэрызыщIагъэкъуэну Iэмалыр. Ар тещIыхьауэ щытынущ цIыхур ирипсэун папщIэ зыхуейм хуэдизым зи хэхъуэхэр щхьэдэмых унагъуэхэм.
- УФ-м и УнафэщIым къигъэлъэгъуащ унагъуэщIэхэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм зэрызрагъэубгъуну щIыкIэри: япэ сабийр къыщалъхукIэ анэхэм (унагъуэхэм) хухах ахъшэр иратын хуейщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр сэбэп хуэхъунущ етIуанэ сабийр къазэрыхэхъуэнум унагъуэм зыхуигъэхьэзырыным.
- Путиным къыхилъхьащ анэхэм ират ахъшэр сом мини 150-кIэ нэхъыбэ ящIыну, абы щыгъуэм ар сом мин 616-рэ 617-рэ хъунущ. Ахъшэр къагъэсэбэпыну хуитыныгъэ яIэнущ етIуанэ сабийр къызэралъхуу. УнафэщIым къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ унагъуэм сабий ещанэ къыщыхэхъуэкIэ унагъуэм тель ипотекэ щIыхуэм и ныкъуэр къэралым хуитыжу зэращIар.
- Путин Владимир къытеувыIащ егъэджэныгъэ Iуэхуми. Абы зэрыжиIамкIэ, къакIуэ илъэсипщIым икухэм ирихьэлIэу, Урысейм школакIуэ мелуан 19 иIэнущ, 2010 гъэм елъытауэ ар мелуани 6-кIэ нэхъыбэщ. Абы Правительствэм зыхуигъэзащ щIыналъэхэр зыхущыщIэ школ бжыгъэхэр къагъэ-нэIуэным иджыпсту щыщIэдзауэ и ужь ихьэну. Апхуэдэуи къэрал унафэщIым жиIащ 2020 гъэм фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу еджакIуэхэм я класс унафэщIхэм сом мини 5 мынэхъ мащIэ я улахуэм хухагъэхъуэныр зэрыфIэкъабылыр.
- — 2019 гъэм япэу къэхъуауэ аращ къэралым щыпсэухэм я ныбжьыр ику иту илъэс 73-м щIигъуауэ. Ар епхауэ къызолъытэ псэукIэр нэхъыфI зэрыхъуам, псом хуэмыдэу ди медицинэм зэрызиужьам, — пищащ Путин Владимир. — Ауэ гугъуехьхэр зэрыщыIэри зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. ОНФ-м лъэIукIэ зыхуэзгъэзэну сыхуейт фельдшер акушер IуэхущIапIэхэм я ухуэныгъэхэмрэ ахэр зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщынымрэ зэрекIуэкIым и нэIэ тригъэтыну. IэмэпсымэщIэхэмкIэ къызэдгъэпэщын хуейщ сымаджэщхэр, поликлиникэхэр, дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и IэнатIэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ мы Iуэхум ахъшэ щхьэхуэ зэрыхуэдутIыпщар федеральнэ бюджетым къыхэкIыу. Къэралым и щIыналъэхэр къыхузоджэ медицинэм и лэжьакIуэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэм елэжьыну. Ди къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ цIыхум я псэукIэр едгъэфIэкIуэныр. Ар къыдэхъулIэн папщIэ, экономикэм зэхъуэкIыныгъэхэр едгъэгъуэтын хуейщ. ВВП-м и хэхъуэр дуней псом къыщекIуэкIым нэхърэ нэхъыбэ тщIыпхъэщ. Абы щхьэкIэ инвестицэхэм къыхэхъуэр илъэс къэс проценти 5 нэхъ мымащIэ хъун хуейщ. ДэIэпыкъуныгъэ егъэгъуэтыпхъэщ IуэхущIапIэ инхэм къищынэмыщIа, хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ. Апхуэдэуи дызэлэжьын хуейхэм ящыщщ кIэрыхубжьэрыхур зэхэгъэщхьэхукIауэ къызэрыхашыр зэтедублэныр.
- Къэралым и УнафэщIым жиIащ зи соцсеть, мессенджер, пощт сервис, нэгъуэщI интернет Iэмалхэр зиIэж къэрал мыкуэдым Урысейр зэращыщыр икIи «Доступный интернет» проектыр къыхалъхьэныр зэрыигъуэр. Ар зэтраухуэмэ, цIыхухэм ахъшэ щIатын хуей хъунукъым сетым зэрихьэмрэ къагъэсэбэп Интернет-трафикымрэ.
- — Мы гъэм дгъэлъэпIэнущ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъур. Урысейм дежкIэ ар махуэшхуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Ди адэжьхэм я лIыхъужьыгъэм и фэеплъ къудейкъым ар, атIэ къэкIуэнур духуэным дыхуэзыгъэпабгъэ Iуэхущ. Абы къыхэкIыу ди ТекIуэныгъэр щытхъумэн хуейщ хъыбар нэпцIхэм, — жиIащ Путиным. — Урысейм къыщызэдгъэпэщынущ ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм теухуа архив дэфтэрхэм, сурэтхэм, кино лэжьыгъэхэм зыщыщыбгъэгъуэзэфыну IуэхущIапIэ ин. Ар дуней псом дежкIэ зэIухауэ щытынущ. Апхуэдэ лэжьыгъэ едгъэкIуэкIыныр ди къалэнщ, ТекIуэныгъэр къэзыхьа къэралу дыщыщыткIэ.
- Урысейм и Президентым къыхигъэщащ къэралым илъэс пщIы бжыгъэ и пэкIэ ирикъун зэрызыхуэхъумэжыну Iэмалхэр зэрыбгъэдэлъыр, ауэ абы щыгугъуу щысыныр къызэремызэгъыр. ЗыхъумэжыныгъэмкIэ IэмэпсымэщIэхэр къэкIуэну щIэблэм къыху- зэгъэпэщын зэрыхуейри Путин Вла-димир къигъэлъэгъуащ.
- Политикэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэ зыбжанэм Урысейм и КонституцэщIэр къэщтэн хуейуэ къызэрагъэлъагъуэм и гугъу щищIым, УнафэщIым жиIащ 1993 гъэм яубзыхуа а дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуахэр ноби къызэрезэгъыр.
- — Къэрал IэнатIэ къыхэзыхым къыгурыIуэн хуейщ и гъащIэр Урысейм, абы и цIыхухэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрырипхыр. Абы къыдэкIуэу Урысейм и Президент хъуну къагъэлъагъуэм къыхуагъэувыр нэхъ ткIиижу щытын хуейщ: къэралитIым я цIыхуу щытынкIэ Iэмал иIэкъым. Иджыпсту Президентым Iэмал егъуэт Правительствэм и УнафэщIыр игъэувыну. Ауэ Къэрал Думэм хэт фракцэхэм къалъытэ Правительствэм хэтхэр иубзыхуну Федеральнэ Зэхуэсыр хуэхьэзыру. Абы къыхэкIыу а ухуэкIэми зэхъуэкIыныгъэ хэтлъхьэну къыхызолъхьэ: Парламентым къегъэлъагъуэ премьерым, абы и къуэдзэхэм, министрхэм я къулыкъум пэрыувэнухэр, къэрал унафэщIыр абы арэзы темыхъуэну хуитыныгъэ имыIэу. Мы зи гугъу тщIа псори тхуэгъэзащIэмэ, политикэ зэхъуэкIыныгъэщIэхэр диIэнущ. ДызыхущIэкъун хуейр зыкIи къимыкIуэт къэрал лъэрызехьэ духуэнырщ, — дыщIигъуащ Путиным.
- Къэрал УнафэщIым къедэIуахэм фIыщIэ яхуищIа нэужь, Урысей Федерацэм и гимнымкIэ зэIущIэр зэхуащIыжащ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.