ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Январь, 2020

Мишустин  Михаил  и кандидатурэр «Урысей  зэкъуэтым»  деIыгъ

2020-01-18

  • «Урысей зэкъуэт» партым диIыгъащ Мишустин Михаил Урысейм и Правительствэм и УнафэщIу гъэувыным теухуауэ Урысейм и Президент Путин Владимир къыхилъхьар», — жиIащ партым и Совет Нэхъыщхьэм и секретарь, ФедерацэмкIэ Советым и УнафэщIым и къуэдзэ Турчак Андрей.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Налшык  и  псэупIэ  унэхэр  фIыуэ зэрызэрахьэр  къэралым   къыщалъытэ

2020-01-18

  • Лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIахэу ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм реформэхэр щегъэкIуэкIыным зыщIэгъэкъуэнымкIэ фондым и кIэлъыплъакIуэ советым и тхьэмадэ Степашин Сергей, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм реформэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ фондым и генеральнэ директор Цицин Констатин, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек сымэ «ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм фIагъымкIэ и дамыгъэмрэ» блыным кIэралъхьэ «Зыдэплъеипхъэ унэ» пхъэбгъумрэ иратащ Налшык къалэм Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ и уэрамым фэтэр куэд хъууэ тет псэупIэ унэ №58-м хэт фэтэрхэр зи мылъкухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Гъуэгунокъуэ Iэсият. Унэм щIэсхэм тыгъэ хуащIащ щIэх-щIэхыурэ къагъэщIэрэщIэж фондым халъхьэну тхылъхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

ЛэжьакIуэ гупым хагъэхьэ

2020-01-18

  • УФ-м и Президент Путин Владимир къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр зыгъэхьэзырыну лэжьакIуэ гуп къызэрагъэпэщащ икIи абы хэтынухэр яубзыхуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

Назир   и  къуэ  Мухьэмэд

2020-01-18

  • И щIалэгъуэр зауэм ирихьэлIэу нэщIэбжьэ куэд илъэгъуами, гъащIэ хьэлэмэт къигъэщIащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, Ленинград артиллерие академием и кафедрэм и унафэщI, генерал-майор Къатхъэн Мухьэмэд.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Еханэ къыдэкIыгъуэр

2020-01-18

  • Мы махуэхэм дунейм къытехьащ куэд зыпэплъэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэр — 2019 гъэм и еханэ номерыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур

2020-01-18

  • «Спартак-Налшыкым» и футболистхэмрэ унафэщIхэмрэ я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр яухри, ма-хуэку кIуам къызэхуэсыжащ. Абы ирихьэлIэу командэм и тренер нэхъыщхьэри ягъэуващ — ар иужь илъэсхэм гупым и тренер нэхъыжьу лэжьа КIэбышэ Заурщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Мы махуэхэм

2020-01-18

  • ЩIышылэм и 18, щэбэт
  •  
  •  Урысейм и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я командованэ нэхъыщхьэм и махуэщ
  •  Тунисым щагъэлъапIэ я революцэм и махуэр
  •  1535 гъэм Лимэ къалэм (иджыпсту Перу къэралым и щыхьэрщ) и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
  •  1765 гъэм Урысей пащтыхьым унафэ къыдигъэкIауэ щытащ пщы-хэм емыдаIуэ пщылIхэр Сыбырым ягъэкIуэну хуит ищIу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Чэрэчэ

2020-01-18

  • Къаныкъуэ Анфисэ
  • Тхыдэ роман. Ещанэ Iыхьэ
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№2-5-хэм итщ.).
  • — Атисэ, Атисэ! — и гур къызэрыгъуэтыжауэ, къопсалъэ Удынэ. — МафIэ едз хьэуазэм. Мо кхъухьыр къешэлIэн хуейщ.
  • Хъыджэбзми зреч, плъыр чэщанэм телъ хьэуазэ шыхьам мафIэ щIедзэри, Iугъуэ фIыцIэшхуэр пихурэ, умылъагъункIэ Iэмал имыIэу, мафIэшхуэр къызэщIолындэ.
  • ПсэзэпылъхьэпIэ ихуа хытетхэми абы гу лъатауэ къыщIэкIынщ, кхъухьым зыкъреIуэнтIэкIри, гъуэгугъэлъагъуэу къахуэбла мафIэмкIэ хуэм дыдэу къагъазэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2020-01-18

  • Псалъэжьхэр
  • ЩIыщIэ мэш бэвщ
  •  ПсэукIэмыщIэ уэкъулэ щIрейщ.
  •  Уэсэпс хуабэ мэшгъэкIщ.
  •  Псэуным лъакъуибгъу щIэтщ.
  •  ЩIыр кIийуэрэ къокIуэ, гъэр гъыуэрэ мэкIуэж.
  •  УэфIрэ уэлбанэрэ я хьэкъ зэтенэркъым.
  •  ПхъэIэщэ вийм зэдащтэмэ, щIыгуль къагъазэ.
  •  IэщIагъэ зиIэ Iэужь иIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2020-01-18

  • 1 КъБР «Мир» канал
  • Блыщхьэ, щIышылэм и 20
  • 17.00 «Спорт утыку» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 17.15 «ХъуэпсапIэм добжьыфIэ» (12+)
  • 17.40 «ТегъэщIапIэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+)
  • 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр