2020 гъэм и Адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэ
2020-01-16
- ЩIышылэ (январь)
- ЩIышылэм и 15
- 1890 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, IуэрыIуатэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ Кубэ Шэбан.
- ЩIышылэм и 17
- 1950 гъэм къалъхуащ адыгэ уэрэджыIакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ ПащIэ Ленэ.
- ЩIышылэм и 18
- 1940 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ, кинодраматург Жылэтеж Сэлэдин.
- 1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м и жылагъуэ лэжьакIуэ, УФ-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличник Умэ Светланэ.
- ЩIышылэм и 20
- 1921 гъэм Бгырыс АССР-р къэунэхуащ.
- 1975 гъэм къалъхуащ самбэмкIэ тIэунейрэ дунейпсо чемпион (1999, 2003) Алъхъуо Сыхьэтбий.
- ЩIышылэм и 21
- Инженер дзэм и махуэщ
- 1918 гъэм Адыгейм Совет властыр щагъэуващ.
- 1924 гъэм Ленин (Ульянов) Владимир дунейм ехыжащ.
- 1985 гъэм Франджым и ЛIыхъужь Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан дунейм ехыжащ.
- ЩIышылэм и 22
- 1517 гъэм Мысыр шэрджэс мамлюкхэмрэ тыркудзэмрэ Каир пэмыжыжьэу зэзэуэн щыщIадзащ.
- ЩIышылэм и 23
- 1935 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, тхакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым тIэунейрэ и лауреат МафIэдз Сэрэбий.
- ЩIышылэм и 25
- Урысей студентыгъуэм и махуэщ
- 1919 гъэм Деникин и дзэхэм Налшык яубыдащ.
- 1936 гъэм Стахановым и лэжьэкIэм теува гупышхуэ лъакъуэрыгъажэкIэ Налшык къэкIуащ.
- ЩIышылэм и 26
- Таможнэм и лэжьакIуэм и дунейпсо махуэщ
- ЩIышылэм и 27
- Холокостым хэкIуэдахэм я щыгъуэ махуэщ
- 1904 гъэм Урыс-Япон зауэм щIидзащ.
- 1941 гъэм «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
- 1968 гъэм Налшык Къэрал музыкэ театр къыщызэIуахащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ Урысейм и къэрал лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Хьэгъэжей Джонсон.
- ЩIышылэм и 28
- ЦIыхум ехьэлIа хъыбарыр хъумэным и дунейпсо махуэщ.
- 1820 гъэм Антарктидэр къахутащ.
- ЩIышылэм и 29
- 1710 гъэм славяныбзэм и пIэкIэ иджырей урысыбзэм и алфавитыр къащтэным теухуа унафэ пащтыхьым къыдигъэкIащ.
- 2001 гъэм КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим дунейм ехыжащ.
- ЩIышылэм и 31
- 1996 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм зегъэужьыным теухуа къэрал программэ къащтащ.
- МАЗАЕ (ФЕВРАЛЬ)
- Мазаем и 1
- 1829 гъэм адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ Налшык къыщызэIуихащ сабий нэхъ акъылыфIэхэм я школ.
- 1929 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал хорыр къызэрагъэпэщащ.
- 1935 гъэм къалъхуащ археолог, шапсыгъ, лъахэдж, узэщIакIуэ ТIэшу Мадин.
- Мазаем и 2
- 1943 гъэм советыдзэхэм Сталинград и деж текIуэныгъэ къыщахьащ.
- Мазаем и 3
- 1924 гъэм «Къэбэрдей плъыжь» газетым и цIэр «Къэрэхьэлъкъ» жиIэу зэрахъуэкIащ.
- 1925 гъэм СССР-м радиом псэлъэн щыщIидзащ.
- Мазаем и 4
- Лышх узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
- 1935 гъэм Москва и метром япэ мафIэгур ирикIуащ.
- 1945 гъэм Кърымым къыщызэIуахащ СССР-м, США-м, Инджылызым я лIыщхьэхэр зыхэт Ялтэ конференцыр.
- Мазаем и 6
- 1935 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблым Советхэм я VII съездым и лIыкIуэхэм папщIэ Москва и Театр Иным концерт щитащ.
- 1975 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, журналист, дохутыр ПщыукI Латмир.
- Мазаем и 7
- 2014 гъэм Сочэ щекIуэкIа XXII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр къызэIуахащ.
- 1855 гъэм Курилхэмрэ Сахалинрэ зэдэгуэшыным теухуауэ Урыс-Япон зэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ.
- 1890 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Ашуров Танахум.
- Мазаем и 8
- Урысей щIэныгъэм и махуэщ
- Дзэ топографым и махуэщ
- 1724 гъэм Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академиер къызэрагъэпэщащ.
- 1955 гъэм къалъхуащ хи- мие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щауэ Iэбубэчыр.
- Мазаем и 9
- Граждан авиацэм и лэжьакIуэм и махуэщ
- Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ
- Мазаем и 10
- Дипломат лэжьакIуэм и махуэщ
- 1890 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и япэ редактор нэхъыщхьэу щыта, зэрырагъаджэ «Адыгэбзэ» тхылъыр зытха Хъуран Батий.
- 1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, публицист, критик цIэрыIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КхъуэIуфэ Хьэчим.
- 1945 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ Едыдж Нихьаи.
- Мазаем и 12
- 1957 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыяпэ дыдэу Налшык телевиденэм лэжьэн щIидзащ.
- Мазаем и 13
- Радиом и дунейпсо махуэщ
- 1924 гъэм Ставрополь крайр къызэрагъэпэщащ.
- 1945 гъэм къалъхуащ сурэтыщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Тэрч къалэ щIыхь зиIэ и цIыху Гъыдэ Валерий.
- 1950 гъэм къалъхуащ адыгэ драматург, УФ-м и цIыхубэ артист Кукан Мурат.
- Мазаем и 14
- ФIыуэ зэрылъагъухэм я махуэщ.
- Компьютерщикым и махуэщ.
- Мазаем и 15
- Я къулыкъу ягъэзащIэу нэгъуэщI къэрал щыхэкIуэда урысей цIыхухэм я фэеплъ махуэщ
- Лышх узыфэ зыпкърыт сабийхэм я дунейпсо махуэщ
- 1960 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Зумакулов Борис.
- 1970 гъэм къалъхуащ Кавказымрэ Шэрджэс щIыналъэмрэ я тхыдэм теухуа лэжьыгъэхэр зи IэдакъэщIэкI, щIэныгъэхэм я доктор Хъун Яхья (Израиль).
- Мазаем и 16
- Урысейм ЭнергетикэмкIэ и министерствэм и архивым и махуэщ
- 1571 гъэм Грозный Иван Iэ тридзащ Урысейм и япэ дзэ уставым.
- 1940 гъэм къалъхуащ Кубаным и къэрал, политикэ лэжьакIуэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и сенатору щыта Кондратенкэ Николай.
- Мазаем и 17
- 1863 гъэм Дунейпсо Жор Плъыжьыр къызэрагъэпэщащ.
- Мазаем и 18
- Урысейм и транспорт полицэм и махуэщ
- 1924 гъэм Налшык Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIу къыщызэIуахащ.
- 1935 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист цIэрыIуэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Хьэсэн.
- Мазаем и 19
- 1837 гъэм Лермонтов Михаил «УсакIуэм и лIэныгъэ» усэр, Пушкин зэраукIам теухуар, тхын иухащ.
- 1986 гъэм СССР-м «Мир» станцыр хьэршым ириутIыпщхьащ.
- Мазаем и 20
- Социальнэ зэхуэгъэдэныгъэм и дунейпсо махуэщ
- 1940 гъэм Налшык IэфIыкIэ щащI фабрикэ къыщызэIуахащ.
- 1935 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Гъащтэ Абдул.
- Мазаем и 21
- Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ
- Экскурсоводым и дунейпсо махуэщ
- 1819 гъэм Санкт-Петербург къэрал университетыр къызэIуахащ.
- Мазаем и 22
- 1944 гъэмТамбий Владимир Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
- 1960 гъэм къалъхуащ къэрал, политикэ лэжьакIуэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIу щыта Хьэсанэ Руслан.
- Мазаем и 23
- Хэкум и хъумакIуэм и махуэщ
- 2014 гъэм Сочэ щекIуэкIа XXII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр зэхуащIыжащ.
- 1942 гъэм кхъухьлъатэзехуэ КъардэнКъубатий Ленин орденыр япэу къратащ.
- Мазаем и 24
- Илъэс 275-рэ ипэкIэ къалъхуащ урыс флотым и адмирал, касог пщышхуэ Ридадэ и къуэрылъху Ушаков Фёдор (1745 — 1817).
- 1915 гъэм къалъхуащ драматург, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Щхьэгъэпсо Мухьэмэд.
- Мазаем и 25
- 1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIуэкIуэ Джэмалдин.
- Мазаем и 26
- 1712 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ Тулэ щащIа Iэщэ заводыр къызэIуахащ.
- 1990 гъэм Чехословакием советыдзэхэр кърашыжащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ Щауэ Къалидар.
- 1965 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Парламентым и депутат, Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тхьэгъэлэдж Тимур.
- Мазаем и 27
- Мыщэ хужьым и дунейпсо махуэщ
- 1945 гъэмМэсей Аслъэнджэрий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщI Мэзукъуэбз Хьэзрэт.
- ГЪАТХЭПЭ (МАРТ)
- Гъатхэпэм и 2
- 1911 гъэм Пятницкэм и хорыр япэу утыку къихьащ.
- 1805 гъэм къалъхуащ тхыдэдж, Кавказым и этнограф, адыгэхэм ятетхыхьа Люлье Леонтий.
- 1920 гъэм къалъхуащ усакIуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен.
- Гъатхэпэм и 3
- ТхакIуэм и дунейпсо махуэщ
- ЩIыуэпс къамыгъэIурыщIам и дунейпсо махуэщ
- ТхьэкIумэм и узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
- 1930 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ Мысачэ Пётр.
- Гъатхэпэм и 4
- 1940 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIуэкIуэ Тэлэдин.
- Гъатхэпэм и 5
- 1953 гъэм дунейм ехыжащ Сталин Иосиф.
- 1950 гъэм къалъхуащ полковник, жылагъуэ лэжьакIуэ, Рихьэние (Израиль) щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Гъыш Самир.
- Гъатхэпэм и 6
- Дзэм еIэзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ
- Гъатхэпэм и 7
- 1944 гъэм ГКО-м и УнафэщI Сталин Иосиф КъБАССР-м Молотовым и цIэр зезыхьэ и колхозым и парт организацэм и секретарь Къашыргъэ ХьэпащIэ фIыщIэ къыхуищIат, Дзэ Плъыжьым зэрызыщIагъэкъуам папщIэ.
- Гъатхэпэм и 8
- ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэщ
- Геодезиемрэ картографиемрэ я лэжьакIуэхэм я махуэщ
- 1940 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Къаскъул Мусэбий.
- 1950 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Унэрокъуэ Раисэ.
- Гъатхэпэм и 10
- Архивхэм я махуэщ
- Гъатхэпэм и 11
- Афияным кIэлъыплъ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
- ХъумакIуэм и махуэщ
- 1991 гъэм «Ленин гъуэгу» газетым и цIэр «Адыгэ псалъэ» жиIэу зэрахъуэкIащ.
- 1900 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, СССР-мрэ Куржымрэ ЩIэныгъэхэмкIэ я академиехэм я академик, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Джанашиа Симон.
- Гъатхэпэм и 12
- Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IуэхущIапIэм щылажьэхэм я махуэщ
- 1917 гъэм Урысейм пащтыхьыр щытрадзащ.
- 1955 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Хъурей Арсен.
- Гъатхэпэм и 13
- 1955 гъэм СССР-м ШынагъуэншагъэмкIэ и Къэрал Комитет (КГБ) къызэрагъэпэщащ.
- 1900 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-ми КъБР-ми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Шейблер Трувор.
- Гъатхэпэм и 14
- Адыгэбзэм и махуэщ
- 1853 гъэм Бырсей Умар и «Адыгэбзэ псалъалъэ» тхылъыр дунейм къытехьащ.
- 2003 гъэм Адыгэ Республикэм унафэ къыщащтащ гъатхэпэм и 14-р Адыгэбзэм и махуэу гъэувыным теухуауэ.
- Гъатхэпэм и 15
- ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэным щылажьэхэм я махуэщ
- 1917 гъэм ПIалъэкIэ щыIэ Правительствэм и орган Тэрч къыщызэрагъэпэщащ.
- 1880 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я цIыхубэ лIыхъужь Къылыш СулътIан-Джэрий.
- Гъатхэпэм и 17
- 1805 гъэм Дельпоццо И. П. Къэбэрдейм и пристав нэхъыщхьэу къагъэкIуащ.
- 1918 гъэм къызэIуахащ Тэрч областым и лъэпкъхэм я II съездыр.
- Гъатхэпэм и 18
- 1913 гъэм Налшык къыщызэIуахащ къалэм и округым и лъэпкъхэм я I съездыр.
- 1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор, УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Хъупсырокъуэ Хъызыр.
- Гъатхэпэм и 19
- ПсыщIагъ кхъухьым ис хыдзэлIхэм я махуэщ
- 1930 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Къашыргъэ Билал.
- 1945 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ ДзыхьмыщI Зарэ.
- Гъатхэпэм и 20
- Насыпым и дунейпсо махуэщ
- Франджыбзэм и махуэщ
- Астрологием и дунейпсо махуэщ
- 1944 гъэм Дохъушыкъуей спирт заводым, зэрагъэпэщыжа нэужь, лажьэу щIидзэжащ.
- 1910 гъэм къалъхуащ «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зыхуагъэфэща Мусэ Менлы.
- Гъатхэпэм и 21
- Усыгъэм и дунейпсо махуэщ
- Дауным и узыфэр зыпкърытхэм я дунейпсо махуэщ
- Лъэпкъ зэхэгъэжыр гъэкIуэдыным и дунейпсо махуэщ
- Мэзхэм я дунейпсо махуэщ
- Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэщ
- 1910 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Махъсидэ Залымхъан.
- 1940 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, АР-м и цIыхубэ артист Жанэ Нафисэт.
- 1960 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Джатокъуэ Олег.
- Гъатхэпэм и 22
- Псы ресурсхэм я дунейпсо махуэщ
- Таксистым и дунейпсо махуэщ
- Гъатхэпэм и 23
- Урысейм, и Гидрометеорологием и лэжьакIуэхэм я махуэщ
- Гъатхэпэм и 24
- Жьэн узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
- 1960 гъэм къалъхуащ адыгэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Абхъазым щIыхь зиIэ и артисткэ, АР-м и цIыхубэ артисткэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Къандурым и дунейпсо саугъэтым и лауреат Нэхей Тамарэ.
- Гъатхэпэм и 25
- Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэщ
- Гъатхэпэм и 27
- Урысейм и МВД-м и къэрал кIуэцI дзэхэм я махуэщ
- Театрым и дунейпсо махуэщ
- Гъатхэпэм и 28
- Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэщ
- 1957 гъэм Балъкъэр лъэпкъым и автономиер зэфIагъэувэжащ.
- 1776 гъэм Москва Театр Иныр къыщызэIуахащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, публицист, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Псыхэмыхьэ Мусэ.
- Гъатхэпэм и 29
- Юрист IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
- Гъатхэпэм и 30
- 1935 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ адыгэ спортсмен, Олимп Джэгухэм я чемпион (1968) Нагъуэ (Аталай) Мыхьмуд.
- МЭЛЫЖЬЫХЬ (АПРЕЛЬ)
- Мэлыжьыхьым и 1
- Ауанымрэ дыхьэшхэнымрэ я махуэщ
- 1930 гъэм къалъхуащ адыгэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, АР-м и цIыхубэ артисткэ Щауэжь Розэ.
- 1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м, АР-м щIыхь зиIэ я артисткэ КIуэкIуэ Елизаветэ.
- Мэлыжьыхьым и 2
- Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
- 1911 гъэм узэщIакIуэ Цагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр.
- 1948 гъэм адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ КIэрашэ Тембот СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ.
- Мэлыжьыхьым и 3
- 1904 гъэм Кавказ бригадэм хыхьэ Къэбэрдей сотняр къызэрагъэпэщауэ щытащ.
- Мэлыжьыхьым и 5
- Геологым и махуэщ
- 1905 гъэм Алъхъуей (Курп Ищхъэрэ) къуажэм и мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ.
- 1943 гъэм ВКП(б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и бюром унафэ къищтащ Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуауэ.
- Мэлыжьыхьым и 6
- СтIолыщхьэ теннисым и дунейпсо махуэщ
- МВД-м и следственнэ органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
- Мэлыжьыхьым и 7
- Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ
- 1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ цIэрыIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист Мэзыхьэ Борис.
- Мэлыжьыхьым и 8
- Цыджанхэм я дунейпсо махуэщ
- Дзэ комиссариатхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
- 1945 гъэм къалъхуащ УФ-м, АР-м я цIыхубэ сурэтыщI, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къат Теувэж.
- Мэлыжьыхьым и 10
- Хьэуам щызэпэщIэт къарухэм защыхъумэным и махуэщ
- 1945 гъэмИуан Хьэсэн Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
- 1964 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ», «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.
- Мэлыжьыхьым и 11
- ГъэрыпIэм исхэр хуит къэщIыжыным и дунейпсо махуэщ
- 1940 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор Бэтокъуэ Нияз.
- Мэлыжьыхьым и 12
- Космонавтикэм и дунейпсо махуэщ
- 1961 гъэм Гагарин Юрий «Восток» кхъухьым ису дунейм щыяпэу хьэршым лъэтащ.
- Мэлыжьыхьым и 13
- 1517 гъэм Каир щхьэпылъэ щащIащ мамлюкыдзэм и дзэпщ ин Ал-Ашраф Тумэн-бей.
- 1895 гъэм Урыс Къэрал музейр къызэIуахащ.
- 1905 гъэм къалъхуащ адыгэ узэщIакIуэ, еджагъэшхуэ ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр.
- Мэлыжьыхьым и 14
- 1945 гъэм Москва къыщызэIуахащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и Ботаникэ хадэ нэхъыщхьэр.
- Мэлыжьыхьым и 15
- Щэнхабзэм и дунейпсо махуэщ
- Радио, электроннэ IэщIагъэлIым и махуэщ
- 1395 гъэм узбек дзэзешэ Тамерланрэ къыпчакъ хъан Тохъутэмыщрэ я дзэхэр Къэбэрдей тафэм щызэзэуащ.
- Мэлыжьыхьым и 16
- Циркым и дунейпсо махуэщ
- 1905 гъэм Урысейм и япэ профсоюзыр — печатым и лэжьакIуэхэм ейр — къызэрагъэпэщащ.
- 1920 гъэм цIыхубэ милицэм и Налшык IуэхущIапIэр къызэрагъэпэщащ.
- 1934 гъэм«Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр ягъэуващ. 1991 гъэм нэсыху а цIэ лъапIэр цIыху 12.772-м фIащат.
- Мэлыжьыхьым и 17
- Гемофилием и дунейпсо махуэщ
- Мэлыжьыхьым и 18
- Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
- Радиор фIыуэ зылъагъум и дунейпсо махуэщ
- 1970 гъэм Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ «Мадинэ» япэ адыгэ оперэр ягъэуващ.
- Мэлыжьыхьым и 19
- Урысей полиграфием и махуэщ
- 1563 гъэм япэ урыс типографие къызэIуахащ.
- 1783 гъэм Кърымыр Урысейм гухьащ.
- 1965 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Беслъэней Эдуард.
- Мэлыжьыхьым и 20
- Донорым и лъэпкъ махуэщ
- 1937 гъэм Прохладнэ станицэр къалэ хъуащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ Германием щыIэ Адыгэ Хасэхэм я Федерацэм и тхьэмадэу щыта ТIамжьыкъуэ (Цей) Умар-Фарукъ.
- 1940 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Джырандокъуэ Михаил.
- Мэлыжьыхьым и 21
- ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэщ.
- Бухгалтер нэхъыщхьэм и махуэщ.
- 1925 гъэм къалъхуащ Иорданием и къэрал, дзэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, дипломат, генерал-майор Бырмамыт Фоаз.
- 1940 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат ЖьакIэмыхъу КIунэ.
- Мэлыжьыхьым и 22
- ЩIы-анэм и дунейпсо махуэщ
- 1870 гъэм къалъхуащ Ленин (Ульянов) Владимир.
- Мэлыжьыхьым и 23
- Тхылъымрэ ар зытхам и хуитыныгъэр хъумэнымрэ я дунейпсо махуэщ
- Мэлыжьыхьым и 24
- Къуэш зэхуэхъуа къалэхэм я дунейпсо махуэщ
- Мэлыжьыхьым и 25
- Адыгэ (шэрджэс) ныпым и махуэщ
- Техьэгъуэ узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
- ДНК-м и дунейпсо махуэщ
- 1920 гъэм Налшык япэ медицинэ IуэхущIапIэ къыщызэIуахащ.
- Мэлыжьыхьым и 26
- Интеллект мылъкум и дунейпсо махуэщ
- Радиацэм и зэранкIэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
- 1952 гъэм Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIу хахащ Мэлбахъуэ Тимборэ.
- 1986 гъэм Чернобыль атом электростанцыр (Украинэ) къэуащ.
- 1991 гъэм «Лей зытехьа лъэпкъхэр гъэзэхуэжыным и IуэхукIэ» УФ-м и Закон къащтащ.
- Мэлыжьыхьым и 27
- Урысей парламентаризмэм и махуэщ
- Нотариусым и махуэщ
- Мэлыжьыхьым и 28
- Лэжьыгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
- Химие шынагъуэншагъэм и махуэщ
- Мэлыжьыхьым и 29
- Къафэм и дунейпсо махуэщ
- 1964 гъэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэуващ «Лалуцэ» япэ адыгэ балетыр.
- 1810 гъэм къалъхуащ урыс сурэтыщI Iэзэ, генерал-майор Гагарин Григорий.
- Мэлыжьыхьым и 30
- Джазым и дунейпсо махуэщ
- Ветеринар дохутырым и дунейпсо махуэщ
- 1789 гъэм США-м и япэ президентыр хахащ. Ар Вашингтон Джорджт.
- 1945 гъэм Егоров Михаилрэ Кантарие Мелитонрэ сыхьэт 14-рэ дакъикъэ 35-м ТекIуэныгъэм и Бэракъ плъыжьыр Берлин и Рейхстагым фIадзащ.
- НАКЪЫГЪЭ (МАЙ)
- Накъыгъэм и 1
- Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэщ
- 1955 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Емкъуж Мухьэмэд.
- Накъыгъэм и 2
- 1934 гъэм Налшык Пионерхэм я унэ къыщызэIуахащ.
- 1930 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта ТIажь Пётр.
- Накъыгъэм и 3
- Печатым и хуитыныгъэм и дунейпсо махуэщ
- Дыгъэм и дунейпсо махуэщ
- Накъыгъэм и 4
- 1959 гъэм Налшык газ къашэу щIадзащ.
- 2010 гъэм УФ-м и Президентым и УказкIэ Налшык «Дзэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
- Накъыгъэм и 5
- Акушерым и дунейпсо махуэщ
- Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
- Водолазым и махуэщ
- 1836 гъэм Европэм щыяпэ дыдэу Бельгием гъущI гъуэгу щаутIыпщащ.
- 1945 гъэм советыдзэхэм Даниемрэ Нидерландхэмрэ хуит къащIыжащ.
- 1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къардэн Iэбубэ.
- Накъыгъэм и 6
- 1939 гъэм Налшык шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ.
- 1870 гъэм къалъхуащ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и маршал, адыгэ дзэзешэ цIэрыIуэ Азнавур (Анчокъуэ) Ахъмэт.
- 1875 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, узэщIакIуэ Долэт-Джэрий СулътIан.
- 1960 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъБР-м щыIэ УФПС-м и унафэщIу щыта Шурдым Iэсият.
- Накъыгъэм и 7
- Радиом и махуэщ
- 1895 гъэм урыс инженер Попов Александр япэ радиоприемник къигупсысащ.
- 1927 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и япэ нэтынхэм щIидзащ.
- 1985 гъэм Налшык Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
- 1990 гъэм КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ колхозхэт, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Инэмыкъуэ КIунац (Адыгей).
- 1950 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Балэ Иринэ.
- Накъыгъэм и 8
- Жор Плъыжьымрэ Мазэ ныкъуэ ЩхъуантIэмрэ я дунейпсо махуэщ
- 1945 гъэм фашист Германием псалъэмакъыншэу зыкъызэритымкIэ актым Iэ традзащ.
- Накъыгъэм и 9
- ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И МАХУЭЩ
- 1945 гъэм «1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ» медалыр ягъэуващ.
- 1910 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мыд Хьэжмусэ.
- 1915 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м и къэрал лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бгъэжьнокъуэ Хьэчим.
- Накъыгъэм и 10
- 1930 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, АПСН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик, УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бузэр Ким.
- 1945 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор Пэнэж Увжыкъуэ.
- Накъыгъэм и 12
- Медицинэ сестрахэм я дунейпсо махуэщ
- 1954 гъэм Налшык технологие техникум къыщызэIуахащ.
- 1935 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрыш Нурхьэлий.
- Накъыгъэм и 13
- УФ-м и Хы фIыцIэ флотым и махуэщ
- 1965 гъэм къалъхуащ КъБР-мрэ Ингуш Республикэмрэ щIыхь зиIэ я артист Зеущэ Iэуес.
- Накъыгъэм и 14
- 1692 гъэм япэ урыс дзэ кхъухьыр псым трагъэхьащ.
- 1796 гъэм инджылыз еджагъэшхуэ Дженнер Эдвард япэу фэрэкI хущхъуэ хилъхьащ.
- 1945 гъэм къалъхуащ къэрал, политикэ лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, Абхъаз Республикэм и япэ президенту щыта Ардзинбэ Владислав.
- 1950 гъэм къалъхуащ композитор, музыковед Блай Тамарэ.
- Накъыгъэм и 15
- Унагъуэм и дунейпсо махуэщ
- 1942 гъэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ шууей дивизэр зауэм Iухьащ.
- 1935 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист Къамбий Зуфар.
- Накъыгъэм и 16
- Биографхэм я махуэщ
- Накъыгъэм и 17
- Хъыбар зэбгрезыгъэх зэгухьэныгъэм и дунейпсо махуэщ
- 1915 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Делэ Алий (Адыгей).
- Накъыгъэм и 19
- 1991 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей лъэпкъым и япэ конгресс. Абы и япэ президенту хахащ Къалмыкъ Юрий Хьэмзэт и къуэр.
- Накъыгъэм и 20
- Метрологием и дунейпсо махуэщ
- 1935 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЖьэкIэмыхъу Мусэбий.
- 1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Тэтрокъуэ Астемыр.
- Накъыгъэм и 21
- Полярникым и махуэщ
- Урыс-Кавказ зауэм (1763 — 1864) хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэщ
- 2004 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ.
- Накъыгъэм и 24
- Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэщ
- 1905 гъэм къалъхуащ Нобель, Ленин саугъэтхэм я лауреат, СССР-м и Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Социалист Лэжьыгъэм тIэунейрэ и ЛIыхъужь урыс тхакIуэшхуэ Шолохов Михаил.
- 1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ, усакIуэ Анзор Мухьэмэд.
- Накъыгъэм и 25
- Филологым и махуэщ
- 1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий.
- 1950 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэу щыта Бозий Натбий.
- Накъыгъэм и 26
- ХьэрычэтыщIэм и махуэщ
- Накъыгъэм и 27
- Библиотекарым и махуэщ
- 1703 гъэм Санкт-Петербург ухуэн щIадзащ.
- 1795 гъэм Урысейм цIыху куэд зэуэ зэкIуалIэ хъун библиотекэ къыщызэIуахащ.
- Накъыгъэм и 28
- Гъунапкъэхъумэм и махуэщ
- 1930 гъэм къалъхуащ Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ.
- 1928 гъэм Мейкъуапэ къыщызэIуахащ Адыгейм и тхылъ тедзапIэ.
- 1930 гъэм къалъхуащ киноактёр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Молей Барэсбий.
- 1950 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ Джэрыджэ Хьэсэн.
- Накъыгъэм и 29
- ООН-м щыIэ мамырыгъэщIэкъухэм (миротворецхэм) я дунейпсо махуэщ
- Дзэ автомобилистым и махуэщ
- Накъыгъэм и 30
- 1970 гъэм къалъхуащ телережиссёр, культурологием и кандидат, УФ-м и артиадэм, КъБР-м и Къэрал саугъэт- хэм я лауреат Сэралъп Самарэ.
- Накъыгъэм и 31
- Химикым и махуэщ
- Уэчылым и махуэщ
- 1960 гъэм къалъхуащ политикэ лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Къарэнашэ Iэминат.
- МЭКЪУАУЭГЪУЭ (ИЮНЬ)
- Мэкъуауэгъуэм и 1
- Адэ-анэхэм я дунейпсо махуэщ
- Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
- 1921 гъэм «Кабардино-Балкарская правда» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ.
- 1924 гъэм «Адыгэ псалъэ», «Заман» газетхэм я япэ номерхэр къыдэкIащ.
- Мэкъуауэгъуэм и 2
- 1928 гъэм Налшык тхылъ тедзапIэ къыщызэIуахащ.
- 1950 гъэм къалъхуащ усакIуэ цIэрыIуэ, журналист Хьэту Пётр.
- Мэкъуауэгъуэм и 3
- 1935 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Тамбий Александр.
- Мэкъуауэгъуэм и 5
- Экологым и махуэщ
- 1945 гъэм Германиер зэрыхагъэщIамкIэ икIи СССР-м, США-м, Инджылызым, Франджым я Правительствэхэм Германием и власть нэхъыщхьэм и къалэнхэр зэрагъэзэщIэнумкIэ декларацэм Iэ традзащ.
- 1930 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ Хъунэгу Нурет.
- 1960 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, шэрджэс еджагъэшхуэ Мамбэт Мурадин.
- Мэкъуауэгъуэм и 6
- Урысыбзэм и махуэщ
- Мэкъуауэгъуэм и 8
- Тенджызым и дунейпсо махуэщ
- Социальнэ лэжьакIуэм и махуэщ
- 1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей артиадэм и лауреат МахуэлI Хъаджэт.
- Мэкъуауэгъуэм и 10
- 1774 гъэм Урысеймрэ Тыркумрэ зэращIылIащ Кючук-Кайнарджий мамыр зэгурыIуэныгъэр. Абы ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр Урысейм и зы Iыхьэу къалъытащ.
- 1955 гъэм Тырныаузрэ Докшукинэмрэ къалэ хъуащ.
- 1910 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-график, УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, «Нартхэр», «Ди деж къэса уэрэдхэр», «Къурш щхьэгухухэм я таурыхъхэр» тхылъхэр зыгъэщIэрэщIа Глуховцев Александр.
- 1925 гъэм къалъхуащ режиссёр цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Ерчэн Леонид.
- Мэкъуауэгъуэм и 12
- Урысейм и махуэщ
- 1942 гъэм Зеикъуэ къуажэм къагъэIэпхъуат Ленинград хамэ къэралыбзэхэр щаджу дэт пединститутыр.
- 1945 гъэм Калинин Михаил Кремлым Маршал Жуков Георгий щритащ Совет Союзым и ЛIыхъужьым и ещанэ Дыщэ Вагъуэр.
- 1990 гъэм Урысей Федерацэм и Къэрал суверенитетым и Декларацэр къащтащ.
- 1990 гъэм «Печатымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ ятеухуауэ» Законыр СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ. Абы цензурэр игъэкIуэдыжащ.
- Мэкъуауэгъуэм и 13
- 1936 гъэм Къэбэрдей къэрал лъэпкъ драмэ театрыр къызэIуахащ.
- 1950 гъэм къалъхуащ искусствоведением и доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, Тыркумэн консерваторэм и проректор Абыкъуэ ФатIимэ.
- 1970 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор ХъуакIуэ Заурбэч.
- Мэкъуауэгъуэм и 14
- Донорым и дунейпсо махуэщ
- УФ-м и Миграционнэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
- 1936 гъэм КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ и управленэр къызэрагъэпэщащ.
- 1955 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, драматург ЛIыхэс Мухьдин.
- Мэкъуауэгъуэм и 15
- 1561 гъэм Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) Москва нэсащ.
- 1945 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Пщыгъуэш Юрий.
- Мэкъуауэгъуэм и 16
- 1963 гъэм Терешковэ Валентинэ «Восток-6» кхъухьым ису хьэршым лъэтащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Къумахуэ Владимир.
- Мэкъуауэгъуэм и 17
- 1940 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист КIэш Фёдор.
- Мэкъуауэгъуэм и 18
- 1956 гъэм Налшык музыкэ училищэ къыщызэIуахащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ сурэтыщI Индрис Залымхъан.
- Мэкъуауэгъуэм и 19
- 1960 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, КъБР-м и Правительствэм и саугъэтым и лауреат БищIо Iэсият.
- Мэкъуауэгъуэм и 20
- Зи псэупIэр IэмалыншагъэкIэ зыхъуэжын хуей хъуахэм я дунейпсо махуэщ
- 1957 гъэм Москва Союзхэм я Унэм и Колоннэ залышхуэм къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м гъуазджэмрэ литературэмкIэ и гъэлъэгъуэныгъэр.
- 1920 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Кхъуэхъу Цуцэ.
- Мэкъуауэгъуэм и 21
- Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэщ
- 1925 гъэм Москва и уэрамхэм япэ таксихэр къыдыхьащ.
- Мэкъуауэгъуэм и 22
- Щыгъуэмрэ фэеплъымрэ я махуэщ- Хэку зауэшхуэм щыщIидза махуэщ
- 1941 гъэм Хэку зауэшхуэр къэхъеящ.
- 1944 гъэм КъБАССР-м и Министрхэм я Советым деж Архив управленэ къыщызэрагъэпэщащ.
- Мэкъуауэгъуэм и 23
- 1941 гъэм Къэсейхьэблэ щыщ ТхьэмытлIокъуэ Хьэсэн КъухьэпIэ Украинэм и къэрал гъунапкъэр ихъумэу, лIыгъэ хэлъу и гъащIэр итащ: гранатэхэр щIэпхауэ фашист танкым зыщIидзэри, ар икъутащ, езыри хэкIуэдащ.
- 1950 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, «Хьэбэз гипс завод» ОАО-м и унафэщI Аргун Олег.
- Мэкъуауэгъуэм и 24
- 1937 гъэм Республикэм и Советхэм я зи мычэзу съездым къищтащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и япэ Конституцэр.
- 1945 гъэм Москва и Утыку Плъыжьым ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ.
- Мэкъуауэгъуэм и 25
- ХыдзэлIым (морякым) и махуэщ
- 1945 гъэм къалъхуащ психологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, жылагъуэ лэжьакIуэ Хъурей Леоренэ.
- Мэкъуауэгъуэм и 26
- 1938 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутатхэр япэу хахащ.
- 1945 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, МАИ-м и академик Къэсей Борис.
- Мэкъуауэгъуэм и 27
- Урысейм и щIалэгъуалэм и махуэщ
- 1919 гъэм Япэ дунейпсо зауэр зэриухамкIэ зэгурыIуэныгъэм Версаль Iэ щытрадзащ.
- 1979 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
- Мэкъуауэгъуэм и 29
- 1908 гъэм Тунгус метеоритыр ЩIым къытехуащ.
- 1940 гъэм Луначарскэм и цIэр зезыхьэ Театральнэ институтым и адыгэ студиер къаухащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр хъунухэм.
- 1930 гъэм къалъхуащ «Шэрджэсхэр» монографиер зи Iэдакъэ къыщIэкIа, хэхэс адыгэхэм ятеухуауэ куэд зылэжьа Хьэтыкъуей Раджаб (Израиль).
- Мэкъуауэгъуэм и 30
- 1945 гъэм къалъхуащ америкэ бзэщIэныгъэлI, адыгэбзэр зыджа, тхылъ зыбжанэ зытха профессор Коларуссо Джон.
- БАДЗЭУЭГЪУЭ (ИЮЛЬ)
- Бадзэуэгъуэм и 1
- 1925 гъэм къалъхуащ тырку публицист, узэщIакIуэ цIэрыIуэ Айдемир (Выщхьэ) Иззэт.
- 1980 гъэм къалъхуащ Олимп Джэгухэм я чемпион (2008), КъБР-м спортымкIэ и министру щыта Хъущт Аслъэнбэч.
- Бадзэуэгъуэм и 2
- Спорт журналистым и дунейпсо махуэщ
- 1805 гъэм къалъхуащ адыгэпщ, Кавказ зауэм и лIыхъужь ХьэтIохъущокъуэ Мухьэмэт-Iэшэ.
- 1964 гъэм «Къэббалъкъгаз» трестыр къызэрагъэпэщащ.
- 1990 гъэм КПСС-м и ХХVIII съездыр (иужьрей дыдэр) къызэIуахащ.
- Бадзэуэгъуэм и 3
- ГИБДД-м (ГАИ-м) и махуэщ
- 1700 гъэм Константинополь щызэращIылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Iузэв (Азов), и Iэгъуэблагъэхэри щIыгъуу (Таганрог, Павловск, Миус), Урысейм и щIыналъэ хъуащ.
- 1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УказкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Ленин орденыр етIуанэу къыхуагъэфэщащ.
- Бадзэуэгъуэм и 4
- 1916 гъэм Урысейм и тенджыз кхъухьлъатэзехуэхэр Балтие тенджыз щIыIум щекIуэкIа хьэуа зауэм щытекIуащ.
- 1920 гъэм къалъхуащ танкист хъыжьэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард.
- 1975 гъэм къалъхуащ бэнэкIэ хуитымкIэ дунейпсо чемпион (1991) Бажэ Заудин.
- Бадзэуэгъуэм и 5
- Псы, тенджыз флотым и лэжьакIуэхэм я махуэщ
- 1957 гъэм Налшык Лениным и фэеплъ къыщызэIуахащ.
- 1900 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Абыкъуэ Хъалид.
- 1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Апажэ Мухьэмэд.
- Бадзэуэгъуэм и 6
- 1957 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и гуфIэгъуэ сессие зэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам икIи республикэм Ленин орденыр етIуанэу къызэрыратам.
- 1960 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Сэхъурокъуэ Анатолий.
- Бадзэуэгъуэм и 7
- 1971 гъэм КIыщокъуэ Алим СССР-м и Литфондым и унафэщIу хахащ.
- Бадзэуэгъуэм и 8
- Унагъуэм, лъагъуныгъэм, пэжыгъэм я махуэщ
- Бадзэуэгъуэм и 9
- 1945 гъэм ВКП(б)-м и Налшык къалэ комитетым унафэ къищтащ Хэку зауэшхуэм ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэм защIэгъэкъуэным теухуауэ.
- 1959 гъэм Налшык и Театр ЩхъуантIэм Пятницкэм и цIэр зезыхьэ къэрал академическэ хорым и концерт щекIуэкIащ.
- Бадзэуэгъуэм и 10
- 1918 гъэм Советхэм я V Урысейпсо съездым РСФСР-м и Конституцэр — япэ Совет Конституцэр — къищтащ.
- 1955 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъБР-м цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ хъумэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и медалыр зыхуагъэфэща Портэ Галинэ.
- Бадзэуэгъуэм и 11
- 1958 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблыр Монголием кIуащ, абы и лъэпкъ махуэшхуэм хэтын папщIэ.
- Бадзэуэгъуэм и 12
- Бдзэжьеящэм и махуэщ
- Урысей пощтым и махуэщ
- 1641 гъэм Астрахань хъаныдзэм Балъкъ и деж щригъэкIуэкIа зауэм хэкIуэдащ Къундет зэшхэр — Чэлимэтрэ Елдаррэ.
- Бадзэуэгъуэм и 13
- 1908 гъэм Лондон къыщызэIуахащ IV Олимп Джэгухэр. Абы япэ дыдэу цIыхубзхэр хэтащ.
- 1930 гъэм Монтевидео (Уругвай) къыщызэIуахащ футболымкIэ япэ дунейпсо чемпионатыр. Абы къэрал 13 хэтащ. Уругвайр чемпион хъуащ.
- Бадзэуэгъуэм и 14
- 1945 гъэм Париж ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ. Япэ иту уэрамым ирикIуащ Франджым и ЛIыхъужь, адыгэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан.
- 1957 гъэм Налшык щекIуэкIащ СССР-м ис лъэпкъ псоми я тхакIуэхэр зыхэта пшыхь гъэщIэгъуэн.
- Бадзэуэгъуэм и 15
- 1939 гъэм Бахъсэн, Аруан, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм район газетхэр къыщыдэкIыу щIадзащ.
- 1957 гъэм РСФСР-м и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэм я лIыкIуэхэм я кIэух концертыр Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щекIуэкIащ.
- 1925 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я кандидат, профессор, УФ-м профессиональнэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Пщыбий Инал.
- Бадзэуэгъуэм и 16
- 622 гъэр Муслъымэн махуэгъэпсым и щIэдзапIэщ. Ислъамым и къежьапIэу къалъытэ. Мухьэмэд Бегъымбарыр Мэчэм икIри Мадинэ кIуащ.
- 1935 гъэм къалъхуащ СССР-м спортымкIэ и мастер, СССР-м щэнейрэ и чемпион, КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Анатолэ.
- Бадзэуэгъуэм и 17
- 1945 гъэм ЕтIуанэ дунейпсо зауэм текIуэныгъэр къыщызыхьа къэралхэм я Iэтащхьэхэм я Берлин (Потсдам) конференцыр къызэIуахащ.
- 1967 гъэм Лениным и цIэр зэрихьэу Арщыдан щыIэ колхозым Ленин орденыр къратащ.
- Бадзэуэгъуэм и 19
- Металлургым и махуэщ
- 1980 гъэм Москва щыщIидзащ ХХII Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм.
- Бадзэуэгъуэм и 20
- 1561 гъэм урыс пащтыхь гуащэ Гуащэнэ чыристан диныр кърагъэщтащ, Марие цIэри фIащащ.
- Бадзэуэгъуэм и 21
- 1829 гъэм адыгэлI Хьэшыр Чылар япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ и щыгум къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ дэкIащ.
- 1969 гъэм Америкэм щыщ астронавт Армстронг Нил Мазэм япэ дыдэу теуващ.
- 1994 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал гербыр, Къэрал ныпыр, Къэрал гимныр къащтащ.
- Бадзэуэгъуэм и 22
- 1945 гъэм Къэбэрдей Республикэм и щакIуэ хозяйствэр къызэрагъэпэщащ.
- Бадзэуэгъуэм и 24
- 1940 гъэм къалъхуащ композитор, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтым и лауреат Даур Аслъэн.
- 1940 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор Къэзан Хьэмзэт.
- Бадзэуэгъуэм и 25
- УФ-м и следственнэ органхэм я лэжьакIуэм и махуэщ
- СатуущIым и махуэщ
- Бадзэуэгъуэм и 26
- Дзэ-Тенджыз флотым и махуэщ
- Бадзэуэгъуэм и 27
- 1991 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ президент къулыкъур.
- 1940 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Чуякъуэ Юнус.
- Бадзэуэгъуэм и 28
- 1957 гъэм «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр студентхэмрэ щIалэгъуалэмрэ Москва щрагъэкIуэкIа фестивалым и лауреат хъуащ.
- 1900 гъэм къалъхуащ Сирием щыпсэу хэхэс адыгэхэм ятеухуауэ куэд зылэжьа, Сорбоннэр къэзыуха, «Адыгэхэм я тхыдэ», «Адыгэхэр пащтыхьхэм зэрезэуар» лэжьыгъэхэр зи IэдакъэщIэкI Сэмгугъу Iэмин.
- Бадзэуэгъуэм и 29
- 1945 гъэм къалъхуащ АР-м щIыхь зиIэ и журналист Сэхъутэ Нурбий.
- Бадзэуэгъуэм и 30
- Зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо махуэщ
- 1980 гъэм Израилым и Кнессетым къэралым и щыхьэру Иерусалим игъэуващ.
- ШЫЩХЬЭУIУ (АВГУСТ)
- ШыщхьэуIум и 1
- Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэщ
- 1914 гъэм Япэ дунейпсо зауэм щIидзащ.
- 1958 гъэм «Iуащхьэмахуэ» журналым и япэ номерыр дунейм къытехьащ.
- 1967 гъэм Бахъсэнрэ Тэрчрэ къалэ хъуащ.
- 1930 гъэм къалъхуащ тхакIуэ Къущхьэ СулътIан.
- ШыщхьэуIум и 2
- Хьэуа-Десантыдзэхэм я махуэщ
- ГъущI гъуэгум и лэжьакIуэм и махуэщ
- 1942 гъэм Налшык Дзэ Плъыжьым щхьэкIэ щагъэхьэзырат ткIуаткIуэ къауэ зэрыт птулъкIэ мин 20.
- 1585 гъэм къалъхуащ пщыгуащэ, къэрал лэжьакIуэ Черкасская Жылэгуащэ.
- ШыщхьэуIум и 3
- 1952 гъэм Хельсинки щызэхуащIыжащ ХV Олимп Джэгухэр. Абы япэ дыдэу СССР-м и спортсменхэр хэтащ.
- 1994 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Бгырысхэм я дунейпсо конгресс.
- ШыщхьэуIум и 4
- 1905 гъэм къалъхуащ куржы лингвист-кавказовед, абхъаз-адыгэ бзэ гупым елэжьа, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Куржым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Рогавэ Георгий.
- ШыщхьэуIум и 5
- 1900 гъэм къалъхуащ жэмыш, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Пащты Салимэ.
- ШыщхьэуIум и 6
- ГъущI гъуэгудзэм и махуэщ
- 1945 гъэм Японием и Хиросимэ къалэм США-м и кхъухьлъатэм атом бомбэ щридзыхащ.
- ШыщхьэуIум и 7
- 1646 гъэм къэзакъ атаман Пожарский Семёнрэ адыгэпщ Черкасский Муцалрэ зауэлI мини 6 зыхэт я дзэр Нурадин-Джэрий и лагерым теуэри, хьэбэсабэу зэтракъутащ.
- 1833 гъэм Черепановхэ зэадэзэкъуэ Ефимрэ Миронрэ Урысейм япэ дыдэу мафIэгу щащIащ, гъущI гъуэгууи километри 3,5-рэ щаухуащ.
- 1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зауэ щытыкIэ щагъэуващ.
- ШыщхьэуIум и 8
- Физкультурникым и махуэщ
- 1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым унафэ ищIащ и къалэм и къыдыхьэпIэхэм быдапIэхэр щаухуэну.
- ШыщхьэуIум и 9
- УхуакIуэм и махуэщ
- 1945 гъэм Японием и Нагасаки къалэм США-м и кхъухьлъатэм атомнэ бомбэ щридзыхащ.
- 1950 гъэм къалъхуащ усакIуэ, драматург, радиожурналист Вындыжь Марие.
- ШыщхьэуIум и 10
- 1930 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м и комсомолым, профсоюзым я пашэу щыта, «Горянка» газетым и япэ редактор нэхъыщхьэ Сэбаншы Розэ.
- 1930 гъэм къалъхуащ литературовед, Дагъыстэным щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Ержыб Аслъэн.
- 1930 гъэм къалъхуащ США-м щыпсэу хэхэс адыгэхэм ящыщ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Кавказ Ищхъэрэ центрым и унафэщIу щыта Къэзан Яхья.
- 1940 гъэм къалъхуащ Сирием къикIыжа тхакIуэ, узэщIакIуэ, егъэджакIуэ Къумыкъу Мамдухь.
- 1940 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ МызэущI Борис.
- ШыщхьэуIум и 11
- 1945 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, РАЕН-м и член-корреспон-дент, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Елгъэр Анатолий.
- ШыщхьэуIум и 12
- УФ-м и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я махуэщ
- ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэщ
- 1930 гъэм къалъхуащ хи- мие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Бырхьэм Михаил.
- ШыщхьэуIум и 13
- 1915 гъэм къалъхуащ РСФСР-м, КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, радиом и диктору щыта Безрокъуэ Хужь.
- 1955 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, генерал-полковник, КъБР-м и Iэтащхьэ (2014 — 2018 гъгъ), УФ-м КъэралкIуэцI IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэхэм щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и IV нагъыщэр зыхуагъэфэща, ЛIыгъэм и орденыр зрата, УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и Секретарым и къуэдзэ КIуэкIуэ Юрий.
- ШыщхьэуIум и 14
- Абхъазыр зыхъумахэм я фэеплъ махуэщ
- 1992 гъэм куржы-абхъаз зауэр къэхъеящ.
- ШыщхьэуIум и 15
- Археологым и махуэщ
- 1855 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ Теувэж Дзыгъуэ.
- 1940 гъэм къалъхуащ сурэтыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэцэ Владимир.
- ШыщхьэуIум и 16
- Урысейм и Хьэуа флотым и махуэщ
- 1934 гъэм Москва къыщызэIуахащ СССР-м и тхакIуэхэм я япэ съездыр.
- 1939 гъэм «Кабардинка» ансамблым концертхэр КъуэкIыпIэ Жыжьэм тын щыщIидзащ.
- 1960 гъэм Налшык къыщызэIуахащ изобразительнэ гъуазджэмкIэ музей.
- 1965 гъэм Урысейм и щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр къызэрагъэпэщащ.
- ШыщхьэуIум и 17
- 1771 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм Къэбэрдей цIыхубэм Щытхъу тхылъ къахуигъэхьащ.
- ШыщхьэуIум и 18
- 1941 гъэм КъБР-м тхьэмахуэ щIыхьэху щекIуэкIащ. Абы къыщалэжьа сом мин 300-р Зыхъумэжыныгъэм и фондым халъхьащ.
- 1600 гъэм къалъхуащ нэмыцэ дипломат, адыгэ тхыдэр зыджа Олеарий Iэдэм.
- ШыщхьэуIум и 19
- 1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ БищIо Анатолий.
- 1965 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дэбагъуэ Роман.
- ШыщхьэуIум и 21
- 1561 гъэм урыс пащтыхь Грозный Иван (Иван IV) щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие).
- ШыщхьэуIум и 22
- Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэщ
- 1937 гъэм КIыщокъуэ Пщымахуэ дунейм ехыжащ.
- 1959 гъэм Тэрч къалэм щатащ налмэс Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкI завод.
- ШыщхьэуIум и 23
- 1382 гъэм Урысейм артиллерие дзэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Ар япэу къагъэсэбэпащ Тохъутэмыщ хъаныр Мэзкуу щытеуам щыгъуэ.
- 1943 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Курск и деж нэмыцэ-фашистыдзэр щызэтрикъутащ.
- 1992 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиер къызэрагъэпэщащ.
- ШыщхьэуIум и 24
- Ди эрэм и 79 гъэм Везувий вулканыр кърихуащ. Абы зэтрикъутащ Помпей, Геркуланум къалэхэр.
- 1830 гъэм дунейм ехыжащ Къэбэрдей пщы уэлий хахуэ Жанхъуэт Кушыку.
- 1943 гъэм кхъухьлъатэзехуэ Къардэн Къубатий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
- ШыщхьэуIум и 25
- 1530 гъэм къалъхуащ Рюриковичхэ ящыщ япэ урыс пащтыхь, адыгэ малъхъэ Иван IV Грозный.
- 1960 гъэм къалъхуащ нейрохирург, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор Семэн Жаннэ.
- ШыщхьэуIум и 26
- 1908 гъэм Тыркум япэ Адыгэ Хасэ къыщызэрагъэпэщащ.
- 1991 гъэм РАН-м прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и КъБЩIКъИ-р къызэIуахащ.
- ШыщхьэуIум и 27
- Кином и махуэщ
- 1910 гъэм къалъхуащ псапащIэ цIэрыIуэ Терезэ-анэр (Бонджниу Агнесс Гонджа).
- 1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, Адыгейм, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къантемыр Тыркубий.
- ШыщхьэуIум и 29
- 1949 гъэм СССР-м академик Курчатов Игорь и унафэм щIэту япэ атомнэ бомбэ щагъэунэхуащ.
- ШыщхьэуIум и 30
- Шахтёрым и махуэщ
- 1730 гъэмЧеркасский Алексей пщым Невский Алек- сандр и орденыр къратащ.
- ШыщхьэуIум и 31
- 1914 гъэм Санкт-Петербург и цIэр Петрограду зэрахъуэ-кIащ.
- 1971 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Октябрь Революцэ орденыр къратащ.
- ФОКIАДЭ (СЕНТЯБРЬ)
- ФокIадэм и 1
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэщ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и махуэщ
- Налшык къалэ и махуэщ
- ЩIэныгъэм и махуэщ
- 1569 гъэмИдар Гуащэнэ (Марие), урыс пащтыхь гуащэр дунейм ехыжащ.
- 1921 гъэм Къэбэрдей АО-р къызэрагъэпэщащ.
- 1939 гъэм ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къэхъеящ.
- 1940 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ адыгэ, балъкъэр балет студиехэр.
- ФокIадэм и 2
- Урысей гвардием и махуэщ
- ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ
- 1943 гъэм кхъухьлъатэзехуэ Къанкъуэщ Ахьмэдхъан Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
- ФокIадэм и 3
- Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
- ФокIадэм и 5
- 1936 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щаутIыпщащ Бахъсэн ГЭС-р.
- 1875 гъэм къалъхуащ пщыгуащэ, оперэ уэрэджыIакIуэ, Петербург консерваторэр къэзыуха Черкасская Марианнэ.
- 1895 гъэм къалъхуащ усакIуэ, композитор, пшынауэ, уэрэджыIакIуэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Индрис.
- ФокIадэм и 6
- ЩIыдагъэ, газ промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэщ
- 1991 гъэм Ленинград къалэм и цIэр Санкт-Петербургыу зэрахъуэкIащ.
- 2001 гъэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэкIуащ.
- ФокIадэм и 7
- 1923 гъэм Интерполыр — уголовнэ полицэм и дунейпсо организацэр — къызэрагъэпэщащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м, Абхъазым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием я академик, Абхъаз къэрал университетым и ректор Гварамие Алеко.
- 1955 гъэм къалъхуащ къэрал, политикэ лэжьакIуэ, Шэджэм район администрацэм и Iэтащхьэу щыта Ахъуэхъу Къанщобий.
- ФокIадэм и 8
- Финансистым и махуэщ
- Журналистхэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ
- ФокIадэм и 10
- 1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Быджанэ Мурат.
- ФокIадэм и 11
- 1943 гъэм Къуэныкъуей Назир зауэ къалэн иIэу япэ дыдэу уэгум ихьащ икIи япэ нэмыцэ кхъухьлъатэр къриудыхащ, абы папщIи генерал Савицкий Евгений япэ орденыр къритащ.
- ФокIадэм и 12
- Программистым и махуэщ
- 1953 гъэм Хрущёв Никитэ КПСС-м и ЦК-м и япэ секретару хахащ.
- 1930 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Брат Хьэбас.
- 1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий.
- 1960 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, журналист Мамыщ Владимир.
- ФокIадэм и 13
- Танкистым и махуэщ
- Парикмахерым и махуэщ
- 1762 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэр пащтыхь къулыкъум пэрыуващ.
- 1942 гъэм Сталинград зауэм щIидзащ.
- ФокIадэм и 14
- 1950 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Щоджэн БетIал.
- 1965 гъэм къалъхуащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий.
- ФокIадэм и 15
- Демократием и дунейпсо махуэщ
- 1932 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутыр къызэIуахащ.
- 1960 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъШР-м и Правительствэм и УнафэщIу лэжьа Къардэн Мурат.
- ФокIадэм и 17
- 1940 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъШР-мрэ КъБР-мрэ щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ БакIуу Хъанджэрий.
- ФокIадэм и 20
- Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэщ
- Осетие Ипщэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
- Мэзым и лэжьакIуэм и махуэщ
- ФокIадэм и 21
- 1942 гъэм Бахъсэн партизан гупыр жэщым Къармэхьэблэ щыIэ нэмыцэ гарнизоным теуащ, абы хэщIыныгъэшхуи иритащ.
- 1945 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, къэфакIуэ Мысачэ Валентинэ.
- 1955 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Бей Iэуес.
- ФокIадэм и 22
- Махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъу бжьыхьэ махуэщ
- ФокIадэм и 23
- 1869 гъэм Менделеев Дмитрий химие элементхэм я периодическэ законыр къызэIуихащ.
- 1924 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдынымкIэ комиссэ къызэрагъэпэщащ.
- ФокIадэм и 24
- 1993 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ гуп (комиссэ).
- ФокIадэм и 25
- 1934 гъэм Налшык къы-щызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхоз-совхоз япэ спартакиадэр.
- 1915 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Еутых Аскэр.
- ФокIадэм и 27
- Машинэухуэм и махуэщ
- Туризмэм и дунейпсо махуэщ
- ГъэсакIуэм и махуэщ
- 1965 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэбий Анзор.
- ФокIадэм и 28
- Адыгэ фащэм и махуэщ
- Атом промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэщ
- 1680 гъэм къалъхуащ Урысей Империем и канцлер щэджащэ, Сыбырым и губернатор Черкасский Алексей.
- ФокIадэм и 30
- Абхъаз лъэпкъым и текIуэныгъэм и махуэщ
- 1835 гъэм къалъхуащ Тыркум щыIэ лъэпкъ-щэнхабзэ зэщIэхъееныгъэм и пашэ, маршал, дипломат ТIыгъуэ ФуIэд-пэщэ.
- 1930 гъэм къалъхуащ США-м щыпсэуа, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, хэхэс адыгэхэм ятеухуа куэд зылэжьа Хьэвжокъуэ Маждэ.
- ЖЭПУЭГЪУЭ (ОКТЯБРЬ)
- Жэпуэгъуэм и 1
- Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэщ
- УФ-м и лъэсыдзэм и махуэщ
- Макъамэм и дунейпсо махуэщ
- 1924 гъэм Налшык егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр техникум къыщызэIуахащ.
- 1933 гъэм Налшык Лениным и цIэр зэрихьэу дэт еджапIэ къалэ цIыкIум къыщызэрагъэпэщащ лъэпкъ студие.
- 1945 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Къущхьэ Iэмырхъан.
- 1950 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, щIэныгъэрылажьэ Ергъукъу-ШащIэ Шамсиет.
- Жэпуэгъуэм и 2
- Соцпедагогым и дунейпсо махуэщ
- 1945 гъэм Къэбэрдей къэрал пединститутым школ-интернат къыщызэIуахащ.
- 1930 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм хыхьэ Блашэпсынэ къуажэм щыщ дин лэжьакIуэ цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
- 1970 гъэм къалъхуащ пауэрлифтингымкIэ 1996, 1997, 1998, 1999 гъэхэм дунейпсо чемпион хъуа Хъуажь Юрий.
- Жэпуэгъуэм и 3
- Архитектурэм и дунейпсо махуэщ
- Дохутырым и дунейпсо махуэщ
- ОМОН-м и махуэщ
- Адыгэшым и махуэщ
- 1934 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрагъэпэщащ.
- Жэпуэгъуэм и 4
- Хьэршыдзэм и махуэщ
- 1957 гъэм СССР-м дунейм щыяпэу ЩIым и IэрыщI спутникыр иутIыпщащ.
- 1986 гъэм «Iуащхьэмахуэ лъапэ» къэрал лъэпкъ паркыр къызэрагъэпэщащ.
- Жэпуэгъуэм и 5
- ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэщ
- 1990 гъэм Адыгэ Республикэр къызэрагъэпэщащ.
- 1950 гъэм къалъхуащ генерал-лейтенант, УФ-м и ВВС-м и командующэм и къуэдзэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор Быж Айтэч.
- Жэпуэгъуэм и 6
- 1768 гъэм Тыркум Урысейм зауэ кърищIылIащ.
- Жэпуэгъуэм и 7
- 1918 гъэм Даутокъуэ-Серебряков Заурбэч и дзэм Налшык къищтащ.
- Жэпуэгъуэм и 8
- 1860 гъэм Бахъсэн цIыхубэ судыр къызэрагъэпэщауэ щытащ.
- 1935 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор Умар Анатолий.
- Жэпуэгъуэм и 9
- Пощтым и дунейпсо махуэщ
- 1955 гъэм къалъхуащ ухуакIуэ, хьэрычэтыщIэ, «ААА» фирмэм (Налшык) и тхьэмадэ Къуршэ Валерий.
- Жэпуэгъуэм и 10
- Психикэ узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
- 1910 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Щомахуэ Iэмырхъан.
- 1930 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIуантIэ Iэзид.
- 1935 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф.
- 1940 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Куэт Къанщобий.
- 1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щоджэн ФатIимэ.
- Жэпуэгъуэм и 11
- Мэкъумэш IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
- Жэпуэгъуэм и 13
- 1884 гъэм Гринвичыр Меридианым техуэу ягъэуващ.
- 1904 гъэм Тэрч-Псыжь полкым хыхьэ адыгэ шуудзэм хэтхэм зыкъаIэтащ.
- Жэпуэгъуэм и 15
- 1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТекIуий Анатолий.
- 1935 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Абхъазым и цIыхубэ артист Мысостышхуэ Пщызэбий.
- 1940 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и саугъэтыр зрата IутIыж Борис.
- Жэпуэгъуэм и 16
- ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэщ
- 1991 гъэм Налшык щызэхэтащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я нэхъыжьыфIхэм я съезд.
- 1955 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, литературовед ТIымыжь Хьэмыщэ.
- Жэпуэгъуэм и 18
- Гъуэгу хозяйствэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
- Жэпуэгъуэм и 19
- 1097 гъэмМономах Владимир Урысейр пщыгъуэ-пщыгъуэкIэ игуэшащ.
- 1900 гъэм къалъхуащ Сирием и къэрал, дзэ лэжьакIуэ, полицэм и генерал, СХьР-м щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ Хьэпышт Мухьэмэд-Алий.
- 1955 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ЛIыбекъуэ Алексей.
- Жэпуэгъуэм и 20
- Дзэ связистым и махуэщ
- ПщафIэм и дунейпсо махуэщ
- 2000 гъэм Шэджэм къалэ хъуащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ усакIуэ, АР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Мэхъуэш Руслан.
- Жэпуэгъуэм и 22
- 1612 гъэм Минин, Пожарский, Черкасский Къанщауэ сымэ зи пашэ урысыдзэм лыхьхэр (полякхэр) Москва дахужащ.
- 1721 гъэм Урыс сенатым пащтыхьыцIэр игъэкIуэдыжри, Пётр Езанэр Урысейм и император ищIащ.
- Жэпуэгъуэм и 23
- 1995 гъэм инджылыз дохутыр Уэстеби Стивен цIыхугум и пIэкIэ токкIэ лажьэ гу япэу ирилъхьат.
- Жэпуэгъуэм и 24
- Спецназым и махуэщ
- Школ библиотекэхэм я дунейпсо махуэщ
- ООН-м и махуэщ
- 1945 гъэм ООН-м и Уставыр къащтащ.
- Жэпуэгъуэм и 25
- УФ-м и Таможенникым и махуэщ
- Автомобиль, цIыхухэр къезышэкI транспортым я лэжьакIуэм и махуэщ
- 1940 гъэм къалъхуащ Сирием и къэрал, политикэ лэжьакIуэ, СХьР-м и Парламентым и депутат, Дамаск щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ (1996 — 2006) Абазэ (Маршэн) Шараф.
- Жэпуэгъуэм и 27
- 1940 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал драмэ театрыр.
- Жэпуэгъуэм и 28
- 1900 гъэм къалъхуащ къэбэрдей литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа икIи и классик ЩоджэнцIыкIу Алий.
- Жэпуэгъуэм и 29
- 1930 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Пэнэф Сэфар.
- Жэпуэгъуэм и 30
- 1653 гъэм Урысейм унафэ къыщыдэкIащ дыгъуэгъуакIуэхэмрэ хъунщIакIуэхэмрэ ямыукIыу, япэщIыкIэ къамышыкIэ яубэрэжьыну, итIанэ и Iэпхъуамбэр паупщIу Сыбыр ягъэкIуэну.
- ЩЭКIУЭГЪУЭ (НОЯБРЬ)
- ЩэкIуэгъуэм и 1
- Суд приставым и махуэщ
- ЩэкIуэгъуэм и 2
- 1949 гъэм Къэбэрдей бгылъагэ заповедникыр къызэрагъэпэщащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Молэ Владимир.
- ЩэкIуэгъуэм и 3
- 1907 гъэм Франджым дунейм щыяпэу вертолёт щагъэлъэтащ.
- ЩэкIуэгъуэм и 4
- ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
- 1890 гъэм дунейм щыяпэу Лондон метро къыщызэIуахащ.
- ЩэкIуэгъуэм и 5
- ТIасхъэщIэх IэнатIэм и махуэщ
- 1922 гъэм Налшык щызэхэ-тащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм я япэ съезд.
- 1967 гъэм Москва щатащ «Останкино» телецентрыр.
- ЩэкIуэгъуэм и 6
- 1685 гъэм къалъхуащ Къэбэрдейм и жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэ, узэщIакIуэ, дипломат Къэзанокъуэ Жэбагъы.
- ЩэкIуэгъуэм и 7
- Октябрь революцэм и махуэщ (1917)
- 1928 гъэм Акъбащ ГЭС-р ятащ (КъБР).
- 1930 гъэм къалъхуащ техни- кэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМА-м и профессор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Быгуэ Хьэзрэталий.
- 1935 гъэм къалъхуащ усакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Пётр.
- ЩэкIуэгъуэм и 9
- 1918 гъэм Къатхъэн Назир пащтыхь генерал Мистулов и дзэр зэтрикъутащ.
- 1940 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ Хьэлэш Сэфарбий.
- ЩэкIуэгъуэм и 10
- ЩIэныгъэм и дунейпсо махуэщ
- МВД-м и лэжьакIуэм и махуэщ
- ЩэкIуэгъуэм и 11
- 1905 гъэм Севастополь и хыдзэлIхэм, кхъухь тедзапIэмрэ тенджыз заводымрэ я лэжьакIуэхэм зыкъаIэтат.
- ЩэкIуэгъуэм и 13
- 1955 гъэм къалъхуащ зэдзэкIакIуэ, радиожурналист Мэремкъул Ларисэ.
- ЩэкIуэгъуэм и 14
- Социологым и махуэщ
- 1935 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м щыщ ухуакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Алмэ Алий.
- ЩэкIуэгъуэм и 15
- 1764 гъэм Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академиер къызэрагъэпэщащ.
- 1934 гъэм СССР-м япэу макъ зыщIэт теленэтынхэр щекIуэкIащ.
- 1960 гъэм къалъхуащ актрисэ Мэкъуауэ ФатIимэ.
- ЩэкIуэгъуэм и 16
- 1942 гъэм «За Советскую Кабардино-Балкарию!» листовкэр къыдагъэкIыу щIадзащ.
- 1943 гъэмЯхэгуауэ Михаил Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
- ЩэкIуэгъуэм и 17
- Участковэм и махуэщ
- 1869 гъэм Суэц кIэнауэр (Мысыр) къызэIуахащ.
- 1920 гъэм Бгырыс (Горскэ) АССР-р къызэрагъэпэщащ.
- 1933 гъэм СССР-мрэ США-мрэ дипломат зэпыщIэныгъэ яIэ хъуащ.
- ЩэкIуэгъуэм и 19
- Артиллерием и махуэщ
- 1941 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым Къэбэрдей-Балъкъэр шууей дивизэр къызэгъэпэщыным теухуауэ унафэ къищтащ.
- 1985 гъэм къалъхуащ IэпщэрыбанэмкIэ дунейпсо чемпион ХьэкIырэ Атмир.
- ЩэкIуэгъуэм и 20
- 1480 гъэм Урысейм тэтэр-монгол тепщэныгъэр щиухащ.
- 1999 гъэм «КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
- ЩэкIуэгъуэм и 21
- Телевиденэм и дунейпсо махуэщ
- УФ-м и налог органхэм я лэжьакIуэхэм я дунейпсо махуэщ
- ЩэкIуэгъуэм и 23
- 1920 гъэм къалъхуащ усакIуэ телъыджэ, щIэныгъэлI КIуащ БетIал.
- ЩэкIуэгъуэм и 28
- Адыгэ нарт эпосым и махуэщ
- 1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр партизан гупыр Жэмтхьэлэ Ипщэ щыIэ нэмыцэ гарнизоным теуащ, хэщIыныгъэшхуи иритащ.
- 1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Аллэ.
- ЩэкIуэгъуэм и 29
- Анэм и махуэщ
- 1917 гъэм Цагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ «Адыгэ макъ» газетым и япэ номерыр къыдагъэкIащ.
- ЩэкIуэгъуэм и 30
- 1571 гъэм Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ дунейм ехыжащ.
- 1925 гъэм къалъхуащ Адыгэ АО-м и унафэщIу щыта (1960 — 1982) СССР-м и консул нэхъыщхьэу Болгарием щыIа (1982 — 1989) Бэрзэдж Нухь.
- ДЫГЪЭГЪАЗЭ (ДЕКАБРЬ)
- Дыгъэгъазэм и 1
- СПИД-м ебэныным и дунейпсо махуэщ
- 1917 гъэм Тэрч-Дагъыстэн правительствэ къызэрагъэпэщащ.
- Дыгъэгъазэм и 2
- Банкым и лэжьакIуэм и махуэщ
- 1870 гъэм Рим къалэр Италием и щыхьэр хъуащ.
- 1960 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Гуанэ Аскэрбий.
- Дыгъэгъазэм и 3
- Юристым и махуэщ
- Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэщ
- Сэлэт мыцIыхум и махуэщ
- Дыгъэгъазэм и 5
- 1936 гъэм СССР-м и Конституцэр къащтащ. КъБАО-р КъБАССР хъуащ.
- 1915 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Пщыжь Пщымахуэ (Адыгей).
- 1960 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Жыласэ Заурбэч.
- Дыгъэгъазэм и 7
- Граждан авиацэм и дунейпсо махуэщ
- 1725 гъэм Петербург щызэхэтащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и япэ зэхыхьэр.
- Дыгъэгъазэм и 8
- 1991 гъэм Къэрал Щхьэхуит-хэм я Зэгухьэныгъэр (СНГ) къызэзыгъэпэща Беловежскэ зэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ. Абы СССР къэралыгъуэр щымыIэж ищIащ.
- Дыгъэгъазэм и 9
- Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэ
- Дыгъэгъазэм и 10
- Футболым и дунейпсо махуэщ
- Нобель и махуэщ (Нобель и саугъэтхэр щат махуэщ)
- 1935 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъыш Нухь.
- 1970 гъэм къалъхуащ къэрал, спорт лэжьакIуэ, самбомкIэ пщыкIузрэ дунейпсо чемпион хъуа Хьэсанэ Мурат.
- Дыгъэгъазэм и 11
- 1815 гъэм Петербург щыIэ Берже заводым япэ урыс кхъухьыр щащIащ.
- 1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Абей Виктор.
- Дыгъэгъазэм и 12
- Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэщ
- 1993 гъэм КъБР-м палатитI хъу и Парламентыр хахащ.
- 1935 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бахъуэ БетIал.
- Дыгъэгъазэм и 13
- 1949 гъэм Налшык щекIуэкIащ Къэбэрдей АССР-м и цIыхубз ныбжьыщIэхэм я республикэ съезд.
- 1991 гъэм Налшык щекIуэкIащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм я съезд.
- Дыгъэгъазэм и 14
- 1695 гъэм пащтыхь Пётр Езанэм къыхилъхьэри, адыгэпщ Черкасский Алий (Михаил) Алигъуокъуэ и къуэр Урысейм и генералиссимусу хахащ.
- Дыгъэгъазэм и 15
- 1699 гъэм, Пётр Езанэм и унафэкIэ, Урысейр Юлиан махуэгъэпсым хуэкIуащ.
- 1925 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мамбэт Хьэлым.
- Дыгъэгъазэм и 16
- 1890 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Мысырым хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министру, премьер-министру щыта Хьэхъу (Февзи) Мыхьмуд.
- Дыгъэгъазэм и 17
- 1959 гъэм СССР-м Стратегие мыхьэнэ зиIэ ракетэдзэхэр къыщызэрагъэпэщащ.
- 1970 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием я цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим.
- Дыгъэгъазэм и 18
- ЗАГС-м и лэжьакIуэхэм я махуэщ
- 1930 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Жамборэ Хьэсэнбий.
- 1940 гъэм къалъхуащ къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и академик, УФ-м, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Федченкэ Людмилэ.
- Дыгъэгъазэм и 19
- 1935 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, Горький Максим и цIэр зезыхьэ дунейпсо литературэ институ-тым и профессор Алий Аллэ.
- Дыгъэгъазэм и 20
- Къэралым и шынагъуэншагъэм и органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
- 1917 гъэм ВЧК-р (Урысейпсо чрезвычайнэ комиссэр) къызэрагъэпэщащ.
- 1760 гъэм къалъхуащ адыгэпщ, урысей полковник, Георгий Щихъым и орденыр зрата ХьэтIохъущокъуэ Исмел-Псыгъуэ.
- Дыгъэгъазэм и 22
- Энергетикым и махуэщ
- 1790 гъэм Суворов Александр зи пашэ урысыдзэм Измаил тырку быдапIэр къищтащ.
- 2001 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэ (ГКЗ)
- Дыгъэгъазэм и 23
- 1905 гъэм къалъхуащ Иорданием щыпсэуа адыгэ дохутыр, дипломат, адыгэ тхыдэдж, тхылъ зыбжанэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа Хьэвжокъуэ Шаукэт.
- 1935 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэ, тхыдэдж, «Звезда» журналым и редактор нэхъыщхьэ, ЩIДАА-м и академик Гордин Яков.
- Дыгъэгъазэм и 24
- 1960 гъэм къалъхуащ сабий инфекционист, «2013 гъэм и дохутыр нэхъыфI» цIэр зыхуагъэфэща Чым Мадинэ.
- Дыгъэгъазэм и 25
- 1935 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, СССР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэу щыта Дэгужьий Виталий.
- Дыгъэгъазэм и 27
- КъегъэлакIуэм и махуэщ
- 1932 гъэм СССР-м паспорт системэ щагъэуващ.
- 1945 гъэм дунейпсо валютэ фондымрэ (МВФ) КъэщIэрэщIэжыныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ я дунейпсо банкымрэ (МБРР) къызэрагъэпэщащ.
- Дыгъэгъазэм и 28
- 1959 гъэм Налшык телемеханикэ аппаратурэ къыщыщIагъэкI завод къыщызэIуахащ.
- 1968 гъэм Мейкъуапэ иIэ Зэныбжьэгъугъэм и утыкум «ИгъащIэкIэ Урысейм дыщIыгъуу» фэеплъыр къыщызэIуахащ.
- Дыгъэгъазэм и 29
- 1699 гъэм Пётр Езанэм унафэ къыдигъэкIащ, Европэм щыIэ къэралхэм хуэдэу, Урысейми Хьисэ бегъымбарыр къыщалъхуам гъэхэр къыдабжыну.
- Дыгъэгъазэм и 30
- 1972 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ орденыр къыхуагъэфэщащ.
- Зыгъэхьэзырар
- НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.