ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Январь, 2020

Чэрэчэ

2020-01-11

  • Къаныкъуэ Анфисэ
  • Тхыдэ роман. Ещанэ Iыхьэ
  • Хьэт къэралыгъуэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1252 гъэ
  • Зэгуэр къэралыгъуэ лъэщу щыта Хьэт пащтыхьыгъуэм и кIуэдыжыгъуэр зэрымыжыжьэр гурыIуэгъуэт. Абы и пщышхуэу Хьэтусилэ Ещанэр, езым и ныбжьыр зэрыхэкIуатэм гу лъитэну хущIыхьэгъуэ имыIэу щIыналъэм хуэлэжьами, и жьы хъугъуэм жьышхуэ къыхукъуэуащи, гукъеуэшхуэхэр къыкIэщIозэрыхь. Нэхъ пасэм дамэгъуу иIа, щIэгъэкъуэну къыбгъурыта алыдж хытIыгухэр хуэм-хуэмурэ лъэщ зэрыгъэхъури зэрыубыдащи, уIэгъэ хъууэ зи лъэр щIэхуа аслъэныжьым хьэIуцыдз гуп ежауэ кIэщIэпхъуэ нэхъей, Хьэт къэралыгъуэр зэпкъратхъыу щхьэж къыIэрыхьэр и Iыхьэу зэбгралъэфыжыну къощакIуэ. Хэт и гугъэнт гъащIэм и гуащIэгъуэм лъакъуащхьэкIэ хэту къэгъуэгурыкIуа, абы быдэ, Iущ ищIа къэралыгъуэм и егъэзыхыгъуэр зэрымыщIэкIэ къыкIэщIэзэрыхьыну?!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха