ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Январь, 2020

Печатым и махуэрягъэлъапIэ

2020-01-14

  • Урысей печатым и махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и журналистхэр щагъэлъэпIащ Налшык къалэм дэт Печатым и унэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и прокуратурэм и лэжьакIуэхэм, IэнатIэм и ветеранхэм я махуэшхуэмкIэ йохъуэхъу

2020-01-14

  • Республикэ прокуратурэм и коллегием и зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэр IэнатIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ. Абы къыхигъэщхьэхукIащ нобэ прокуратурэм щылажьэхэм нэхъыжьхэм къыхуагъэна хабзэфIхэм зэрахуэпэжыр икIи я къалэныр IэкIуэлъакIуэу икIи егугъуу зэрырахьэкIыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Бэлагъы  Къантемыр  аргуэру зы саугъэт  къехь

2020-01-14

  • Налшык щыщ режиссёр щIалэ Бэлагъы Къантемыр теухуа хъыбарыщIэхэм язщ нэхъ пасэу зи гугъу тщIа «Дылда» («КIыхьсолэ») фильмым иджы США-м хыхьэ Палм-Спрингс къалэм щекIуэкIа дунейпсо фестивалым FIPRESCI саугъэтыр къызэрыщихьар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Iэмэпсымэхэр тыгъэ яхуещI

2020-01-14

  • «РусГидро»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм, илъэс къэс иригъэкIуэкI «Рождённые энергией» псапащIэ Iуэхум хыхьэу, республикэм и медицинэ IуэхущIапIитIым IэнатIэм къащыхуэщхьэпэн Iэмэпсымэхэр тыгъэ яхуищIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Псапэ

«Адыгэ псалъэр» къезыгъэхьхэм захудогъазэ

2020-01-14

  • 2020 гъэм  и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щыщIадз зэманыр иухащ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ: ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
  • Мази 5-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 580-рэ кIэпIейкIэ 25-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-01-14

  • ЩIышылэм и 14,
  • гъубж
  •  
  • МахуэгъэпсыжьымкIэ ИлъэсыщIэм и япэ махуэщ
  • Узбекистаным щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр
  • 1700 гъэм Пётр Езанэм унафэ ищIащ европэ къэралхэм щыпсэухэм я щыгъынхэм хуэдэхэмкIэ пщы псоми захуэпэн хуейуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыужьыныгъэм  и  гъуэгум  тету

2020-01-14

  • Ди гуапэ зэрыхъущи, ди республикэм гулъытэшхуэ щегъуэт хъыбарегъащIэ технологие пэрытхэм, бжыгъэр зи лъабжьэ Интернетым зегъэужьыным. А унэтIыныгъэхэр зи пщэрылъ министерствэ щхьэхуи къыщызэрагъэпэщауэ щолажьэ ди щIыналъэм. Къэрал къулыкъущIапIэщIэм зэфIиха япэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ псынщIагъышхуэ зиIэ Интернет курыт школхэм яIэну Iэмал етыныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэ

«Сэ  си  Хэкум срилIыкIуэщ»

2020-01-14

  • Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ IV Дунейпсо щIалэгъуалэ зэхыхьэ иджыблагъэ къызэригъэпэщащ Европэм и Советым. Франджым и Страсбург къалэм щызэхаша форумым хэтащ УФ-м щыпсэу ныбжьыщIэ 24-рэ. Апхуэдэхэт МГИМО-м и студентхэр, Москва, Обнинск, Екатеринбург, Воронеж, Оренбург, Налшык, нэгъуэщI къалэхэм, щIыпIэхэм къикIа щIалэгъуалэр. Ди республикэм щыщу зэхуэсым ирагъэблэгъащ Налшык дэт гимназие №4-м и 11-нэ дипломатие классым щеджэ Брай Ланэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Битокъу Залинэ и хъуэпсапIэхэр

2020-01-14

  • Ди республикэм и къалащхьэм дэт курыт школ №25-м щылажьэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэ Битокъу Залинэ къызэрилъытэмкIэ, иджырей щIэблэм уадэлэжьэныр жэуаплыныгъэ ин зыпылъщ, апхуэдэуи икъукIэ хьэлэмэтщ, гур хэзыгъахъуэщ. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм и щхьэусыгъуэр, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, пщащэм егъэджакIуэ IэщIагъэр фIыуэ илъагъуу, абы и псэр хуеIэу къызэрытэджарщ. А гупсысэхэр абы и гуращэт иджыри курыт школым и еджакIуэу щыщыта зэманым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

2020-01-14

ЩоджэнцIыкIухэрэ ЗекIуэрейхэрэ куэд щIауэ зэблагъэщ. ЩоджэнцIыкIу Алий
(сэмэгумкIэ япэу щысщ) Дыгулыбгъуей ЗекIуэрейхэ щохьэщIэ. 1937 гъэ

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Чэрэчэ

2020-01-14

  • Къаныкъуэ Анфисэ
  •  Тхыдэ роман.  Ещанэ  Iыхьэ
  •  (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №2-м итщ.).
  • Бжьыхьэ дыгъэм уи нэр ирищIу къепсми, къыпих гуащIи щыIэкъым. Я нэр щIаукъуанцIэрэ, гъууэ пылъэлъыжа пщIащэ гъуэжь-плъыжьыфэхэр шы лъэгум зэрызэхигъэщащэм и щхъыщхъ макъым щIэдэIуу, къуданитIыр здрикIуэм, Арнэут егъэщIагъуэ:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Вагъуэхэр»  Iэпщэм  къызэщIекъуэж

2020-01-14

  • Лъэпкъ библиотекэм и щIэджыкIакIуэ пэшышхуэм щIэзу къыщызэхуэсат адыгэхэм ящыщу япэ дыдэу Совет Союзым футболымкIэ и чемпион хъуа Iэпщэ Александр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъур ягъэлъэпIэну. Абыхэм яхэтт Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгум и лъабжьэр зыгъэтIылъа икIи къэралпсо утыкум ехъулIэныгъэкIэ изыша щIалэ ахъырзэман куэд: Налшык и «Спартак»-м и щIыхьыр илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм зыхъумахэу Сыжажэ Валерэ, Гогибедашвили Заур, Гъубж Вячеслав, Хьэнцэ Аслъэнбэч, Мэшыкъуэ Аслъэн, абы щыджэгуахэу икIи иужькIэ и тренер нэхъыщхьэу щытахэу Къумыкъу Виктор, Красножан Юрэ, Шыпш Тимур, Биджий Хьэсэнбий сымэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым, Правительствэм къикIахэр, Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ футбол академием и гъэсэнхэр, и ныбжьэгъуу, зыцIыхуу щытахэр, и унагъуэм щыщхэр. Зэрымыпсэужрэ илъэс 28-рэ дэкIами (1991 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м дунейм ехыжащ), Iэпщэм хузэфIэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «топджэгум и вагъуэхэр» и пшыхьым къыщызэщIикъуэжыну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

Махуэ лейм и къэунэхукIэр

2020-01-14

  • 2020 гъэр, зэрытщIэщи, «високоснэщ» (латин псалъэщ, «къытрагъэзэж еханэ махуэ» жыхуиIэщ). АтIэ, сытым къыхэкIа илъэсищ дэкIрэ еплIанэр «високоснэу», абы и махуэ бжыгъэр адрейхэм елъытауэ зыкIэ нэхъыбэу къызэралъытэр? А упщIэм и жэуапым дылъыхъуэу, махуэгъэпсым и тхыдэм дриплъэнщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха