ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Убых хэгъэгум

2020-01-16

  • «ЩIыпIэцIэхэр фэеплъщ ахэр къыщызэтена щIыналъэхэр зи хэщIапIэу щыта лъэпкъхэм я дежкIэ», — щитхащ географие щIэныгъэхэм я доктор Мурзаев Эдуард «Географиер фIэщыгъэхэмкIэ» и тхылъым.

  • Сочэ къалэм и Iэшэлъашэм ноби къыщагъэсэбэп щIыпIэцIэхэр къызэрыунэхуа щIыкIэр зэхэзыгъэкIыну яужь ихьэ дэтхэнэми а щIыналъэм нэхъапэм щыпсэуа лъэпкъхэм я бзэхэм я IукIэри, я зэхэлъыкIэри тегъэщIапIэ ищIын хуейщ. Сыту жытIэмэ, а Iэгъуэблагъэм ноби къыщагъэсэбэп щIыпIэцIэхэм куэду яхэтщ лъахэм щыIуу щыта бзэхэм — убыххэм, садзхэм (абазэ лъэпкъщ), нэгъуэщIхэми я бзэм щыщ псалъэпкъ щхьэхуэхэр, уеблэмэ, лъабжьитI-щы зиIэхэр.
  • ПсэлъэкIэхэр  щызэгъунэгъуам
  • Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, хы ФIыцIэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и псыIум адыгэхэр, абазэхэр, убыххэр зэгъусэу илъэсищэ бжыгъэкIэ Iусыгъащ. Абы къыхэкIащ зым и бзэр адрейм зригъащIэу къызэрекIуэкIари, я псэлъэкIэхэм хэт языныкъуэ жыIэгъуэхэр я гъунэгъу лъэпкъхэм къызэращтари, зи къежьэкIэмкIэ зэхуэщхьэхуэ лъабжьэ зэхуэмыдэхэр щIыпIэцIэхэм зэрагъуэтари.
  •  
  • «ЩIым и бзэр» зыдж бзэ щIэныгъэлIхэм ящыщ куэдым зэрытрагъэчыныхьымкIэ, Сочэ и Iэшэлъашэм щежэх псыхэми ахэр зи лъабжьэ щIэж лъагапIэхэми ноби зэрахьэ фIэщыгъэхэм я нэхъыбапIэр убыххэмрэ абыхэм япэгъунэгъуу псэуа садзхэмрэ я бзэхэм къатехъукIащ. АбыкIэ тегъэщIапIэщ урыс пащтыхь дзэзешэхэм яхуэлажьэу Кавказым щэхууи нахуэуи къыщызыкIухьа тIасхъэщIэххэм: Торнау Фёдор, Новицкий Георгий, Люлье Леонтий сымэ, къинэмыщIхэми зауэ хуэIухуэщIэу, бгырысхэм я щIыналъэм и зэхэлъыкIэр къэзыIуатэу, зэхагъэувауэ щыта я картэхэри, Инджылыз, Франджы къэралыгъуэхэм, нэгъуэщIхэми къикIыу адыгэ-убых-абазэ щIыналъэм зыщызыплъыхьа, уеблэмэ щыпсэуа Дюбуа де Монпере Фредерик, Бёлл Джеймс, Лапинский Теофил сымэ, нэгъуэщIхэми къызэранэкIа я тхыгъэхэри. Ахэр ди зэманми сэбэпышхуэ щыхъу щыIэщ зи гугъу тщIы щIыпIэцIэхэм къарыкIыр зэхэгъэкIынымкIэ.
  • «Курыт лIэщIыгъуэхэм я пэщIэдзэм къыщегъэжьауэ Урыс-Кавказ зауэр иухыху, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ипщэ-къухьэпIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм, нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, Хъуэстрэ Шахэрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм, а лъэхъэнэм исыгъар убыхыбзэкIэ псалъэу щыта лIакъуэхэрщ, — дыкъыщоджэ щIэныгъэлI, лъахэхутэ цIэрыIуэ Ворошилов Владимир «Топонимы Российского Черноморья. История и этнография в географических названиях» и тхылъ гъуэзэджэу 2007 гъэм Мейкъуапэ къыщыдигъэкIам. — Аращ убыхыбзэм щыщу дызыщыгъуазэу къытхуэна псалъэхэр, адыгэбзэмрэ абазэбзэмрэ хэтхэм фIыуэ къащхьэщыкIхэр, къэдмыгъэсэбэпауэ, а щIыгур ноби зыгъэдахэ щIыпIэцIэхэм я нэхъыбапIэм я къэунэхукIэр щIытхузэхэмыгъэкIынур…».
  • Ворошилов Владимир и Iуэху еплъыкIэр щIэзыгъэбыдэхэм ящыщщ  Iуэхугъуэри: языныкъуэ бзэ щIэныгъэлIхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, убыххэм я псэлъэкIэр, ахэр иджыри Кавказым щиса иужьрей лъэхъэнэхэм, адыгэ, абхъаз, абазэ бзэхэм фIыуэ къащхьэщыкIат, IукIэ щхьэхуи иIэ хъуат.
  • Дызэрыт лъэхъэнэмкIэ къедгъэзэкIыжынщи, щIыпIэцIэхэм «захэзыудыгъуауэ» щыта псалъэпкъхэм ящыщу, адыгэ, абазэ бзэхэм къахэкIахэр къахэцIыхукIыжыныр куэдкIэ нэхъ тыншщ, а тIум фIыуэ хэзыщIыкIхэр, ирилажьэхэр ноби зэрыдиIэм и фIыгъэкIэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, убыхыбзэм къыхэкIа пычыгъуэхэм я Iуэху зыIутыр нэгъуэщIщ, абыхэм къарыкIыр, къыщыунэхуам яIа теплъэр зыхуэдар къыдгурызыгъэIуэфыну щыта цIыхухэр гъуэтыгъуей дыдэ зэрыхъуам къыхэкIыу.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.