Ислъамым и нур
2019-12-26
- Дерс щхьэпэ
- Уэ пхузогъэтIылъ, си адэ
- «Псыпэр зрижэм псыкIэр ирожэ» жиIащ адыгэ псалъэжьым. Ар купщIэшхуэ зиIэщ, мы ди хъыбарри абы и щыхьэтщ.
- Щхьэгъуси быни зыгъуэта щIалэ псэурт, жьы дыдэ хъуа и адэм и гъусэу. Зэгуэрым щIалэм и щхьэгъусэм жиIащ зыхузэфIэмыкIыж и тхьэмадэр зэриужэгъуар, абы гугъу зэрыдехьыр, къызэрехьэлъэкIыр.
- Зэман дэкIщ, фызым и лIыр къигъэдаIуэри, лIыжь тхьэмыщкIэр зыхагъэкIащ. Гуэщым щыпсэуну ар ягъэIэпхъуащ.
- Зы махуэ гуэрым дадэм деж къуэрылъху цIыкIур щIыхьащ. «Уи адэм деж кIуэи, си щIалэ цIыкIу, щIыIэм сесри, зэтеспIэн гуэр къызитыну схуелъэIу», — жиIащ адэшхуэм.
- Iуэхур зытетыр и адэм щыжриIэм, зы пIэипхъуэ къритащ. ЛIыжьым хуахьар фIэиныIуэ хъури, тIууэ зэгуитхъащ. «Зым сэ срикъунщ, адрейр унэм хьыж», — жиIэри, сабийм къыIэщIилъхьэжащ.
- ПIэипхъуэ ныкъуэр унэм щIимыхьэжу нэгъуэщI щIыпIэкIэ зыхь сабийм и адэр къыIущIащ: «Мыр сыт, си щIалэ цIыкIу, дэнэ пхьырэ мы пIэипхъуэ ныкъуэр?» — еупщIащ ар и быным. «Мыр, си адэ, дадэ хуэдэу, уэри жьы ухъумэ, уэстыжыну пхузогъэтIылъ», — жэуап къитащ сабийм.
- Апхуэдэ дэри къытщыщIыну дыхуэмеймэ, гуапэу, щабэу дабгъэдэвгъэт дыкъэзылъхуахэм. Дэ абыхэм яхуэтщI пщIэращ дэри ди бынхэм къытхуащIыжынур.
- КъурIэн лъапIэм къыщокIуэ: «Дэ цIыхум Iэмыр хуэтщIащ адэ-анэм фIыуэ яхущытыныр. Ар анэм ныбэкIэ кърихьэкIащ, зы гугъуехьым адрейр къыкIэлъыкIуэу. ИлъэситIкIэ бгъэкIэ игъэшхащ. ФIыщIэ Сэ къысхуэщI, уи адэ-анэми яхуэщI. Сэ Си пащхьэ укъиувэжынущ. Сэ Си пIэм тхьэнэпцIхэр ирагъэувэу, абыхэм ухуагъэпщылIыну ахэр (адэ-анэр) къыщоныкъуэкъум и деж, ар умыдэ, ауэ уи щIыб яхуумыгъазэ, щабэу ябгъэдэт, Сэ зыкъысхуэзыгъэзахэм я лъагъуэм ирикIуэ. Фэ къыфпэщылъщ Си пащхьэ фыкъиувэжыну. Сэ фщIамкIэ жэуап фэзгъэхьынущ».
- Мы Iэят лъапIэм щыгъуазэ дещI адэ-анэм я хьэкъыр зэрыгуащIэм икIи къыдгурегъаIуэ абыхэм щабэу ябгъэдэтын зэрыхуейр, ягу хэдгъэщI зэрымыхъунур.
- Ди тхыгъэм щIыдгъужынут адэ-анэм ятеухуауэ Ал Бухъари къиIуэтэжа нэ-гъуэщI хьэдиситIи: «Нэхъ гуэныхь ин дыдэхэм ящыщщ Алыхьым и пIэм тхьэнэпцIхэр игъэувэнымрэ адэ-анэр IэщIыб щIынымрэ». «Унэхъуащ жьы хъуа адэ-анэм я щхьэр япIыжыну къэзыгъанэхэр. Абыхэм жэнэтыр ялъагъунукъым».
- ГъащIэм и хабзэщ дыкъэзылъхуахэр ди япэ дунейм щехыжу. Ахэр тIэщIэкIа иужькIэ дыхущIемыгъуэжын папщIэ, псэухукIэ арэзы зэрытщIыным дыхущIэвгъэкъу.
- Уаз
- Бегъымбарым ипхъу ФатIимэ
- Шэч хэмылъу, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм ипхъухэм гъэсэныгъэшхуэ яхэлъащ, хьэл-щэн дахи яIащ. Ауэ псоми ялейт хъыджэбз нэхъыщIэ ФатIимэ.
- Бегъымбарым и бын псори зэхуэдэу фIыуэ илъагъурт, ауэ щыхъукIи, и гур ФатIимэ нэхъ хупихырт икIи ар зыми хуигъадэртэкъым.
- ЛIыкIуэ лъапIэр сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ нэсу зэрыщытар дэнэ дежи щынаIуэщ. Мы тхыгъэми къыхощ апхуэдэ щапхъэ куэд. Псалъэм и хьэтыркIэ, бзылъхугъэм яхуэфэщэн пщIэ хуащIу щытакъым хьэрыпхэм япэм (псом хуэмыдэу, Мэчэ щыпсэухэм), уеблэмэ, пхъукIэ Тхьэр зыхуэупсахэм я хъыджэбзхэр дунейм къызэрытехьэу щаукIыжи къэхъурт. Псэууэ къагъэнахэр зыми хабжэртэкъым, псалъи, Iуэху еплъыкIи яIэну хуиттэкъым.
- Мухьэмэд бегъымбарым пхъуиплI къыхуалъхуати, дэтхэнэ зыми хуабжьу щыгуфIыкIат икIи къыхуигъэфэщам папщIэ Алыхьым фIыщIэ хуищIащ. ЛIыкIуэ лъапIэм и пхъуиплIри лъагъуныгъэмрэ хуабагъымрэ щIипIыкIащ. Мухьэмэд бегъымбарым и зэманыращ хьэрыпхэм бзылъхугъэхэм пщIэ хуащIын щыщIадзар.
- ФатIимэ (Тхьэр арэзы зыхуэхъуныр) дунейм къызэрытехьар
- ЛIыкIуэ лъапIэмрэ Хъадыжэрэ щызэрышам щыгъуэ, япэщIыкIэ ахэр щыпсэуащ бегъымбарым и адэ къуэш Iэбу ТIалиб и унэм. Унэр зэвти, щIэхуэхэртэкъым. Абы ипкъ иткIэ, ахэр Iэпхъуащ Хъадыжэ и унэм. Ар бзылъхугъэ къулейт, лъэпкъыфI къыхэкIат, пщIэшхуи къыхуащIырт. Нобэр къыздэсым къызэтенащ Хъадыжэ и унэ зи гугъу тщIыр. Абы зэреджэр «ФатIимэ къыщалъхуа унэщ».
- ТIууэ зэтет а уардэ унэ гъуэжьыфэм и пщIантIэм хъурмэ къызыпыкIэ жыг хадэшхуэ къыпытт.
- Зэгуэрым махуэр егъэлеяуэ хуабэт. Хъадыжэ и еханэ быныр (ФатIимэ) дунейм къыщытехьэну сыхьэтыр къэблэгъат. ЛIыкIуэ лъапIэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) щIэстэкъым. Ар «Хьирэ» бгъуэнщIагъым щыIэт Тхьэ лъапIэм хуэпщылIу. ЩIалэщIэ цIыкIухэу Алийрэ Заидрэ Хъадыжэ яжриIащ ЛIыкIуэм хъыбар ирагъащIэу къашэжыну. НыбжьыщIэ цIыкIухэм километриплI хъу гъуэгуанэр жэкIэ зэпачащ. ЛIыкIуэм хъыбар щрагъащIэм, псынщIэ дыдэу унэм къэсыжахэщ. Хъыджэбз цIыкIур дунейм къыщытехьэм, Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) Алыхьым фIыщIэ хуищIри, ФатIимэ цIэри фIищащ.
- ФатIимэ и сабиигъуэр
- ФатIимэ и ныбжьыр илъэс иримыкъу щIыкIэ, ДжэбрэIил мелыIычыр Мухьэмэд къыхуэкIуэри, хъыбар къригъэщIащ зэрылIыкIуэмкIэ.
- Мухьэмэд бегъымбарым, Тхьэм пщэрылъ къыхуищIа къалэнхэм япкъ иткIэ, япэм хуэдэу хущIыхьэжтэкъым и псэм и щIасэ и хъыджэбз цIыкIум зэман хухихыну. Апхуэдэу щытми, IэплIэкIэ кърихьэкIыни, щIиупскIэни, игъэджэгуни къанэртэкъым.
- Ауэрэ, зэманыр кIуэурэ, ФатIимэ и ныбжьыр илъэситху ирикъуащ. А лъэхъэнэм джаурхэм етауэ леишхуэ зэрахьэрт. Муслъымэнхэм къатехьэ лейр и нэгу щIэкIырт ФатIимэ. Ар сабийми, зыхищIэрт абы и унагъуэми, и адэ-анэм я ныбжьэгъухэми гукъеуэ гуэр зэраIэр, ауэ псори тэмэму къыгурыIуащэртэкъым. Куэдрэ и адэ-анэм еупщIырт: «Сыт апхуэдиз лей цIыху Iейхэм щIызэрахьэр?».
- Зэгуэрым, ЛIыкIуэ лъапIэм зэрихабзэу, Кэхьбэм нэмэз щищIырт. Ар зылъэгъуа джаурхэм ящыщ гуэрхэм (Абу Джахьил абыхэм яхэту) мурад ящIащ я зэран нэмэз зыщI ЛIыкIуэм ирагъэкIыну. Нэхъ ипэIуэкIэ лIа махъшэм и кIуэцIфэцI ифыхьахэр къащтэри, нэмэз зыщIу щыс ЛIыкIуэм и дамэм тралъхьащ. Бегъымбарыр къыхэщтыкIами, и нэмэзыр зэпигъэуакъым, икIи джаур бзаджащIэхэм зыкIи закъригъэщIакъым. Ар зылъэгъуа бзылъхугъэ гуэр гузэвэгъуэкIэ жащ ФатIимэ и деж Iуэхур зыIутыр жриIэну. Ар и адэм и деж жэри, абы и дамэм телъ фIейхэр трихащ. Хъыджэбз цIыкIур гъыурэ, Тхьэм зыхуигъазэри жиIащ: «Уа, си Алыхь, Уэ уахуэзгъэзащ мыбыхэм!» Къытригъэзэжурэ, щэ жиIащ апхуэдэу.
- Псэ къабзэм и лъэIур Тхьэм къабыл ищIат.
- Мис апхуэдэурэ гугъуехь псори и нэгу щIэкIыурэ къэтэджащ ФатIимэ (Тхьэр арэзы зыхуэхъуныр).
- Ар илъэсипщI фIэкIа мыхъуу, и анэ Хъадыжэ дунейм ехыжащ.
- Мэчэм икIыу Мединэм зэрыIэпхъуар
- Мэчэм леишхуэ щызэрахьэрт джаурхэм. Муслъымэнхэр хуэм-хуэмурэ Мединэм Iэпхъуэу щIадзащ. Мэчэм къыдэнар Мухьэмэд бегъымбарымрэ и унагъуэмрэт, къищынэмыщIауэ, сымаджэхэмрэ жьы дыдэ хъуахэмрэ.
- Мединэм щыпсэухэр цIыху щабэхэт, гуапэхэт, абыхэм лей зэрахьэртэкъым, ауэ ЛIыкIуэ лъапIэм иджыри Тхьэм Iэмыр къыхуищIатэкъым абы Iэпхъуэну. ФатIимэ и адэм куэдрэ еупщIырт: «Си адэ, дапщэщ уэ ущыIэпхъуэнур? Сэри сыздэпшэну?» — жиIэурэ. Бегъымбарым и жэуапыр сыт щыгъуи зыт: «ШыIэныгъэ зыхэгъэлъ, си хъыджэбз цIыкIу» жиIэрт, и сабийм и щхьэм Iэ дилъэурэ.
- Ауэрэ Алыхьым и Iэмырыр къылъэIэсри, Мухьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) Iэпхъуащ Мединэм. Нэхъ иужьыIуэ- кIэ, ФатIими адрей ипхъухэри абы кIуащ. Абы щыдэтIысхьаращ ФатIимэ псэ тыншыгъуэ щигъуэтар.
- ФатIимэрэ Алийрэ зэщхьэгъусэ зэрыхъуар
- ФатIимэ (Тхьэр арэзы зыхуэхъуныр) балигъыпIэ щиувам, куэд щIэхъуэпсырт а бзылъхугъэ псэ къабзэр щхьэгъусэ хуэхъуну. Абыхэм яхэтащ зи цIэр ислъам тхыдэм къыхэна цIэрыIуэ куэд, псалъэм и хьэтыркIэ, Тхьэр арэзы зыхуэхъунхэу Абу Бэкр, Хьумар, нэгъуэщIхэри. АрщхьэкIэ, ЛIыкIуэ лъапIэм псоми жэуапу яритыр зыт: «Си хъыджэбзыр зэстынур Тхьэм къысхуигъэлъагъуэращ». Дауи, Бегъымбарыр щIэхъуэпсырт и хъыджэбзыр насыпыфIэ хъуну, ауэ Алыхьым апхуэдэ нэщэнэ иджыри къритатэкъым ФатIимэ теухуауэ. А лъэхъэнэм Ассад ипхъу ФатIими щIэхъуэпсырт и щIалэ Алий щхьэгъусэкIэ насыпыфIэ хъуауэ илъагъуну. КъехьэкI-нехьэкI хэмыту анэм и къуэм жриIащ ЛIыкIуэм ипхъу ФатIимэ нысэ хуэхъуну зэрыщIэхъуэпсыр. Ар щызэхихым, Алий зэуэ къэгузэващ: «ЛIыкIуэ лъапIэм и пхъур цIэрэ щхьэрэ зиIэ куэдым яритакъым, си анэ, сэ къызитын?!»
- «Илъэситху ныбжьым узэритрэ ЛIыкIуэ лъапIэм и унэм ущыпсэуащ, уи адэр фIы дыдэу къилъагъуу щытащ, уэри нэхъыфIыжу укъелъагъу, сэ си гугъэкъым «хьэуэ» къыбжиIэну, си щIалэ, — жиIащ анэм.
- Алий икъукIэ щIалэ зэпIэзэрытт, Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлът.
- Япэм хьэрыпхэм я хабзэу щытащ быныр нэгъуэщI унагъуэм иратрэ ирагъэпIу. А хабзэм ипкъ иткIэ, Алий щапIар Мухьэмэд бегъымбар лъапIэм и унэрат.
- Алий (Тхьэр арэзы зыхуэхъуныр), дауи, щIэхъуэпсырт ФатIимэ щхьэгъусэ ищIыну, арщхьэкIэ тегушхуэу и хъуэпсапIэр зыми яхуиIуэтэфыртэкъым.
- ИужькIэ, зэчэнджэща гупым щытрагъэгушхуэм, Алий ЛIыкIуэм и деж лъэIуакIуэ кIуащ. Алий щилъагъум, ЛIыкIуэр (Тхьэр арэзы зыхуэхъуар) гуфIащ, гуапэу иригъэблэгъащ, арщхьэкIэ,щIалэр апхуэдизкIэ укIытэрти, икIи тIысыфыртэкъым, зы псалъи хужыIэртэкъым. Алыхьыр акъылкIэ зыхуэупса ЛIыкIуэ лъапIэм къыгурыIуат Алий къыщIэкIуар.
- «Сыт, Алий, ФатIимэ щхьэкIэ укъызэлъэIуну укъысхуэкIуауэ ара?», — щIэупщIащ Мухьэмэд бегъымбарыр. «Аращ, ЛIыкIуэ ЛъапIэ», — укIытапэурэ жэуап итащ Алий. ИужькIэ, ЛIыкIуэм и пхъур Алий зыщIэт пэшым къыщIишэри, еупщIащ: «ФатIимэ, Алий щхьэгъусэ уищIыну хуейщ. Уэ сыт жыпIэнур, уарэзы?». ФатIимэ зы псалъэ жиIакъым, и щхьэр ехьэхауэ щыта мыхъумэ. А зэманым хабзэр апхуэдэт, бзылъхугъэм зыри жэуап имытамэ, арэзыуэ арат.
- Алий и мэIур зэрищар
- Ислъам диным къигъэува мардэхэм ящыщ зыщ «мэхьыр». АбыкIэ дызэджэр цIыхухъум щхьэгъусэ къыщишэкIэ итыну и къалэн мылъкуращ.
- Бегъымбарыр (Тхьэр арэзы зыхуэхъуар) Алий еупщIащ: «Сыт, Алий, мэхьыру птыну уи гугъэр? Сэ си хъыджэбзхэр мылъкукIэ нэхъуеиншэу згъэсакъым, абыхэм Тхьэм фIыщIэ хуащI зымащIэ дыдэмкIи». «ЛIыкIуэ ЛъапIэ, сэ зышрэ зы мэIурэ фIэкIа зыри сиIэкъым», — жэуап итащ Алий. «Шыр уэ нэхъ къыпхуэсэбэпынущ, ауэ мэIур щэи, абы къыщIэпхыр птынщ мэхьыру», — чэнджэщ иритащ ЛIыкIуэ Лъа- пIэм.
- Алий гуфIэу Iуэхур зыIутыр и анэм жриIэжри, мэIур ищэну бэзэрым ихьащ. АрщхьэкIэ абы и мэIум щIэупщIэшхуи апхуэдэу иIэтэкъым, е езым сатум и насып хэмылъу арауэ къыщIэкIынут.
- Уэсмэн Тхьэр арэзы зыхуэхъуным Алий къыщилъагъум, къыбгъэдыхьэщ, гуапэу сэлам кърихри, къеупщIащ: «Уа, Алий, уи мэIур щхьэ пщэн хуей хъуа?». «Уэлэхьи, Уэсмэн, Iуэху щхьэпэ щхьэкIэ сщэуэ арамэ», — укIытэурэ жэуап итащ Алий. Уэсмэн лIы губзыгъэт. Ар егупсысащ: «Алий нэхърэ нэхъ зэпIэзэрыт куэд щыIэу къыщIэкIынукъым. Уэлэхьи, а мэIур абы ауэ имыщэ, гурыIуэгъуэщ мылъку зэрыхуэныкъуэр, щIалэм дэIэпыкъун хуейщ жиIэри, мэIур къищэхуну мурад ищIащ.
- — Дапщэ жыпIэр уи мэIум, Алий?
- — Уэ езым хуэбгъэув уасэмкIэ сыарэзыщ.
- — Дирхьэм 480-рэ уэстынущ.
- — Сыарэзыщ. ДызэгурыIуащ.
- Уэсмэн дыжьын дирхьэм 480-рэ иритри, мэIур къищэхуащ. Алий гуфIэу къежьэжащ, унэм нэсыжыным тIэкIу фIэкIа имыIэжу, и щIыбагъымкIэ щызэхихащ Уэсмэн и макъыр.
- — КъэувыIэт, Алий.
- — Сыт къэхъуар, Уэсмэн, ущIегъуэжауэ ара?
- — ЖыпIэр зищIысыр сыт, дауэ сыщIегъуэжын?! Мы мэIур къызыхуэсщэхуар уэращ. Гурэ псэкIэ сыарэзыуэ тыгъэ пхуэсщIыжыну сыхуейщ, Алий, — жиIэри, щIалэм и мэIур тыгъэ къыхуищIыжащ. Тхьэр арэзы зыхуэхъун Уэсмэн мис апхуэдэу и хьэлэлагъымкIэ псоми къахэщу щытащ.
- ФатIимэ зэи къулейуэ псэуакъым, уеблэмэ, щымэжэлIа куэдрэ къэхъуащ, ауэ щыхъукIи, иIэ мащIэм щхьэкIи Тхьэм хуэарэзыуэ и щхьэгъусэм пщIэ, нэмыс хуищIу, я зэхуаку лъагъуныгъэрэ шыIэныгъэрэ дэлъу псэуахэщ. Апхуэдэут ЛIыкIуэ ЛъапIэм и быныр зэригъэсар.
- Зэгуэрым ФатIимэ сымаджэ хъуауэ хэлът. Алий гузэвэгъуэ телът, жэщ-махуэ имыIэу Тхьэшхуэм елъэIурт и щхьэгъусэм гущIэгъу къыхуищIыну. Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) и хъыджэбзыр сымаджэу щызэхихым, щIэупщIакIуэ кIуащ. ЛIыкIуэр щытеуIуэм, Алий щIэстэкъыми, ФатIимэ къэтэджри, бжэр къыIуихащ, щыгуфIыкIыу адэр унэм щIишащ.
- ФатIимэ икъукIэ фагъуэт. Ар зылъэгъуа ЛIыкIуэм и гур зэуэ хэщIат. «Сыт, си хъыджэбз цIыкIу, къоузыр?», — жиIэу ЛIыкIуэр щыщIэупщIэм, ФатIимэ жэуап къитащ: «Алыхьышхуэм сыхуэарэзыщ, си адэ. Махуэ зыбжанэ мэхъури зыри сшхакъым, сомэжалIэри аращ». Нэхъри и гур хэщIащ ЛIыкIуэ лъапIэм. «ШыIэныгъэ зыхэгъэлъи, Тхьэм фIыщIэ хуэщI, си хъыджэбз цIыкIу. ДунеягъэкIэ умэжалIэми, жэнэтым къыппэплъэр насыпышхуэщ. Сэ Алыхьым срилIыкIуэ пэтми, махуищ мэхъу си жьэм хугу хьэдзэ хуэдиз зэрызмыхьрэ», — жиIащ ЛIыкIуэ ЛъапIэм (Тхьэр арэзы зыхуэхъуам). АдэкIи къыпищащ: «ФатIимэ, зыщумыгъэгъупщэ, бзылъхугъэу Тхьэм къигъэщIахэм уэ уазэрыхиIэтыкIар. Тхьэшхуэм хиIэтыкIауэ къигъэщIащ бзылъхугъэ зыбжанэ, дауи, уи анэ Хъадыжи абыхэм ящыщ зыщ. Ауэ щыхъукIи, Алыхьым бзылъхугъэ нэхъыфIу къигъэщIар уэращ. «СыбогъэмэжалIэ, е мащIэщ къыпхуэлэжьыр» жыпIэу уи щхьэгъусэм иумыхъуэн, арэзы хуэхъу, и гур фIы хуэщI, къилэжь мащIэр фIыщIэ щIы. Зыщумыгъэгъупщэ, уэ узэста Алий Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ щIалэщ. ДунеягъэкIэ гугъу уехьми, жэнэ-тым къыщыппоплъэ насып мыухыж».
- ФатIимэ зэуэ нэхъыфI ищIыжат и адэм и псалъэ Iущхэм.
- ЛIыкIуэ лъапIэр дунейм ехыжа нэужь, илъэс ныкъуэ нэхъ дэмыкIыу, ФатIими дунейм ехыжащ. Абы щыгъуэм ФатIимэ и ныбжьыр илъэс 24-рэ фIэкIа хъуртэкъым, и щIалэ цIыкIу Хъусен илъэси 7-м, Хьэсэн илъэси 8-м иту арат.
- ЩIалэм и жэуап Iущыр
- Зэгуэрым кхъэм сыкIуауэ сыIущIащ зи акъыл зэтемыс щIалэм. Ар сынхэм я зэхуаку дэст. ЩIалэм зэрызищIхэр телъыджэт: зэм Iейуэ лъаIуэу уафэмкIэ дэплъейрт, зэми хэгупсысыхьауэ щIым еплъыхырт, ижьымкIэ плъэрти, гуфIэгъуэ гуэрым игъэдыхьэшхырт, сэмэгумкIэ плъэрти, гузэвэгъуэ гуэрым игъагъырт.
- Сэ абы сыбгъэдыхьэри, сэлам есхащ икIи сеупщIащ: «Сыт мыбдеж щыпщIэр? Кхъэм щхьэ удэс?». Жэуап къызитащ щIалэм: «Сэ я гъусэу сыщысщ зэи зэран къысхуэмыхъунухэм, мыбдеж сызэрыIукIыжу си щIыбагъкIэ къысхуэмыпсэлъэнухэм».
- ЕтIуанэу сеупщIащ уафэмкIэ плъэурэ щIэлъэIуам, щIым еплъыхыурэ щIэгупсысам, ижьымкIэ плъэурэ щIэдыхьэшхам, сэмэгумкIэ плъэурэ щIэгъам и щхьэусыгъуэм. ЩIалэм жэуап къызитащ: «Уа, Малик, уафэм сыщыдэплъейкIэ, Алыхьым и псалъэхэр сигу къокIыж: «Уафэращ фи ерыскъыр здэщыIэр. ФыкъыщIэзгъэгугъари здэщыIэр аращ». А Iэятыр зигу къэкIыжыр Алыхьым фIэкIа нэгъущI зыми елъэIу хъунукъым. ЩIым сыщеплъыхым деж сигу къокIыж Тхьэм и псалъэу: «Аращ (щIыращ) фыкъызыхэсщIыкIар. Фызыхыхьэжынури аращ. Къемэт махуэм фыкъызыхэкIыжынури щIыращ», икIи срегъэгупсыс а Iэятым и мыхьэнэм. ИжьымкIэ сыщыплъэкIэ сигу къокIыж ДыкъэзыгъэщIам и псалъэу: «Зи тхыгъэхэр ижьымкIэ зратыжхэр — гуфIэгъуэ щыщIэнукъым». А Iэятым сыщегупсыскIэ гуфIэгъуэ къызет. СэмэгумкIэ сыщыплъэкIэ, сигу къокIыж Тхьэм и псалъэу: «Зи тхыгъэхэр сэмэгумкIэ зратыжхэр унэхъуахэрщ». А Iэятым сыщегупсыскIэ, гузэвэгъуэм сегъагъ».
- Малик ибн Динар къиIуэтэжащ.
- Муслъымэн диным къихьахэр
- Алыхьыр сэ къысхуэныкъуэкъым, Алыхьым хуэныкъуэр сэращ
- Дуней псом щыцIэрыIуэ боксёр Майкл Джерард Тайсон 1992 гъэм ислъам диныр къищтащ. Абы щыгъуэм ар лъэхъуэщым ист. Боксёрым зэрыжиIэмкIэ, ислъам диным Тайсон и гъащIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зригъэхъуэжащ.
- Журналистхэм ярита интервьюхэм ящыщ зым Тайсон щыжиIауэ щытащ: «Алыхьыр сэ къысхуэ- ныкъуэкъым, Алыхьым хуэныкъуэр сэращ» псалъэ гъуэзэджэхэр. Майкл муслъымэн хъуа нэужь, Ма- лик Абдул Азиз цIэр зыфIищыжащ, абы хьэж ищIащ.
- УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ
- — Дэ КъурIэн дыщемыджэфкIэ, КъурIэным щыщ сурэхэмрэ Iэятхэмрэ адыгэбзэ хьэрфкIэ тхауэ зэдгъащIэу нэмэзыр иритщI хъуну?
- — Хъунущ. КъурIэныр зэрытхар хьэрыпыбзэщ. Нэмэз зыщI псори хьэрыпыбзэкIэ еджэфыркъым. Дэтхэнэ зы лъэпкъми езым и анэдэлъхубзэ хьэрфхэмкIэ тхауэ зригъащIэ хъунущ сурэхэмрэ Iэятхэмрэ.
- Апхуэдабзэу, духьэри нэгъуэщIыбзэкIэ къыубж хъунущ. «Духьэ» «лъэIу» къикIыу аращ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Алыхьым зэрызыхуэбгъазэ лъэIухэращ.
- Алыхьым цIыхухэр къигъэщIащ я фэкIи, я бзэкIи, я лъэпкъкIи зэхуэмыдэу. ДыкъэзыгъэщIам къыгуроIуэ сыт хуэдэ бзэкIэ уелъэIуми.
- — Джумхьэ нэмэзыр мэжджытым щащIыну бзылъхугъэхэм къатехуэрэ?
- — Хьэуэ. Тхьэм бзылъхугъэхэм къалэн ящищIакъым мэжджытым кIуэуэ нэмэз щащIыну. Уеблэмэ, хьэдис щыIэщ цIыхубзхэм нэмэзыр унэм щащIмэ зэрынэхъыфIым теухуауэ. Ауэ мэжджытым щащIми хъунущ.
- Сауд Хьэрыпым щыIэ «Ал-Хьэрам»-«Ал-Нэбэуи»-мрэ къищынэмыщIауэ, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэу дунейм тет мэжджытыр Иерусалим дэт «Ал-Акъсэ»-ращ. КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ абы и цIэр.
- «Ал-Акъсэ» псалъэм «нэхъ жыжьэу» къикIыу аращ. Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, Мэчэм зэрыпэжыжьэращ а цIэр щIыфIащар. Ар 636 гъэм Хьумар ибн ал ХъэтIаб и унафэкIэ яухуауэ щытащ. Абы щыгъуэм ар нэмэз щащI унэ мыин дыдэу щытащ. Иджы абы и теплъэм, дауи, зихъуэжащ — нэмэз щызыщIыну хуей псори зэрыщIэмыхуэм къыхэкIыу, ар ин ящIащ, и теплъэри ирагъэфIэкIуащ.
- ЩIыр щыхъеяхэми мафIэсхэми куэдрэ къелащ а мэжджытыр. Абы иджы цIыху мини 5-м зэуэ нэмэз щащIыфынущ.