Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2019-12-28
- Псалъэжьхэр
- Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып
- Ныбэм имылъмэ, лъэр щIэкIыркъым.
- Псым къыхадза бдзэжьейуэ ныджэм къытенащ.
- Узэфыгъуэ къыптокIуэ.
- ЦIыху акъылыншэрэ мафIэншэ жьэгурэ.
- ШкIащIэм ягъэдела выжь хуэдэ.
- Iуэхур кIэкIэ зэрехьэ.
- Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып.
- Акъыл кIэщIыр бзэгу кIыхьщ.
- Делэри, мыпсэлъэху, губзыгъэщ.
- ЖызыIэн мыукIытэр ищIэни укIытэркъым.
- Жьы хъуар гу махэщ.
- Зи нэгу къабзэм игури къабзэщ.
- Ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэр
- Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артисткэ, Урысейм и Театр Иным и солисткэ Мамсыр Маргаритэ.
- Гъэм и тепщэр
- Дзыгъуэ хужьыр Къевгъэблагъэ
- КъуэкIыпIэ махуэгъэпсымкIэ 2020 гъэр Дзыгъуэшхуэ хужьым и гъэщ. А илъэсым куэдым я гъащIэм зэхъуэкIыныгъэщIэхэр щекIуэкIынущ. Гулъытэ хуэщIыпхъэщ унагъуэ жьэгум, зэныбжьэгъугъэм. Ахэр егъэфIэкIуэным теухуауэ евгъэкIуэкI сыт хуэдэ Iуэхугъуэри къывэхъулIэнущ.
- Дзыгъуэшхуэм узэрыгурыIуэнур
- Дзыгъуэшхуэр псэущхьэ губзыгъэщ. Абы зыхуигъэувыж мурадхэр зэрызригъэхъулIэну щIыкIэр еубзыхури, итIанэ Iуэхум и ужь ихьэу аращ. Ахэр къывэхъулIэну фыхуеймэ, хабзэ зыхуэвгъэувыжам быдэу фытетын, фи псалъэр вгъэпэжын хуейщ. НэгъуэщIу дзыгъуэшхуэм угурыIуэнукъым. Iуэхур къыщIэвдзэрэ зэхъуэкIыныгъэ хэфлъхьэжыну фыхуежьэмэ, фызэрымыгугъауэщ ар къызэрыщIидзынур. АбыкIэ дзыгъуэшхуэм фыкъегъэгугъэ.
- Унагъуэ жьэгум ехъулIэныгъэ къришэлIэну къалъытэ а псэущхьэ цIыкIум и теплъэр зиIэ хьэпшыпхэм. Ар гъущIым къыхэщIыкIауэ щытмэ нэхъыфIщ, апхуэдэуи нэхъыбэрэ щыплъагъун щIыпIэм деж тегъэувапхъэщ.
- Сыт къабзагъэм
- къыдэкIуэр?
- ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу, Iэмал имыIэу, фи унэр къабзэу зэлъыIуфх. Илъэс бжыгъэ хъуауэ къэвмыгъэсэбэпыж хьэпшыпхэр хыфIэвдзэ. Абыхэм сабэр зэрызэхуахьэсым къищынэмыщIауэ, зэран хъу мэгъу къару гуэрхэр къапкърокI. Абы иужькIэ, дзыгъуэм зэрыжиIэмкIэ, унагъуэ жьэгум и хуабагъми, абы дэлъ гуапагъэми къапщIэу хэхъуэнущ, илъэсым и гуащэми фIыщIэ къыфхуищIынущ.
- Iэнэр берычэтмэ
- Дзыгъуэшхуэхэр унагъуэ псэущхьэхэщ. Аращи, ИлъэсыщIэ махуэшхуэр фи унагъуэм къыщивгъэхьэжыныр нэхъ тэмэмщ. Iэмал фызэриIэкIи хьэщIэ нэхъыбэ къевгъэблагъэ. ЦIыхухэр нэхъыбэхукIэ дзыгъуэшхуэми и гукъыдэжыр хэхъуэнущ. ИлъэсыщIэ жэщыр къызэривгъэхьэну щыгъынми гулъытэ хуэщIыпхъэщ: и плъыфэкIэ щхъуэ плъыфэр нэхъ ебэкIыу, хьэпшып цIугъэнэхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ щытмэ нэхъыфIщ. ИлъэсыщIэ Iэнэми фегугъу: дзыгъуэшхуэм шхын хэплъыхь ищIыркъым, ауэ зэмылIэужьыгъуэр фIэфIщ. Iэнэр берычэту щытмэ, унагъуэр ерыскъыншэ хъунукъым.
- Махуэшхуэ
- тыгъэхэр
- Сыт хуэдэ илъэсыщIэ махуэшхуэ саугъэтхэмрэ тыгъэхэмрэ щымыIэу?! Илъэсым и гуащэр сыт хуэдэ Iуэхуми зэгъэзэхуауэ бгъэдыхьэ псэущхьэщ. Абы къыхэкIыу фи илъэсыщIэ саугъэтхэри фызыхуэупсэхэр зыщыгуфIыкIын, унагъуэм щхьэпэ щыхъун хьэпшыпу къыхэфх. Зыщывмыгъэгъупщэ: дзыгъуэшхуэм ныбжьэгъуу къимылъытэ псэущхьэхэм — жьындум, хьэм, джэдум — я сурэтхэр къызытещ хьэпшыпхэр тыгъэ фымыщI.
- Дзыгъуэшхуэм гъащIэр фIыуэ елъагъу, ерыщу и мурадым хуокIуэ. Абы къыхэкIыу, 2020 гъэм дзыгъуэм и щапхъэм дытетмэ, ди хъуэпсапIэхэр зэдгъэхъулIэфынущ. Дзыгъуэшхуэм фIыуэ елъагъу цIыху жыджэрхэр, лэжьыгъэм зыпыIузымыдзхэр, къызэгъэпэщакIуэхэр. Апхуэдэхэм кърахьэжьэ Iуэхухэр къехъулIэнымкIэ а псэущхьэ цIыкIур дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунущ.
- Нэщэнэхэр
- Дзыгъуэшхуэм и илъэсым, 2020 гъэм, нэщэнэ щхьэхуэхэр иIэщ. ЩIыхуэ фтелъу илъэсыщIэм фытемыхьэ. Зи гугъу ищIыр ахъшэ щIыхуэм и закъуэкъым, Iуэху гуэркIэ къэвгъэгугъахэми, къызэрыфщыгугъыр Iэмал имыIэу яхуэфщIэ, гъэр имыкI щIыкIэ. Илъэс псом дзыгъуэшхуэм и нэIэ щIигъэтынущ, и щхьэ закъуэ мыхъуу, къэзыухъуреихьхэм я Iуэхур дэкIыным телажьэхэр.
- Зыгуэрым фебийуэ 2020 гъэм фыпемыжьэ. Псалъэмакъ мыщхьэпэхэр здэщыIэм ехъулIэныгъэр къыпекIуэкIынущ. Фи гужьгъэжьхэр зыщывгъэгъупщи, цIыхухэм фи гур яхузэIуфх.
- БлэкIа илъэсыр гуапэу евгъэжьэжи, ИлъэсыщIэм гугъэ дахэхэр фиIэу фытехьэ!
- Дзыгъуэшхуэм теухуауэ
- Дзыгъуэшхуэхэр я закъуэу псэукъым.
- А псэущхьэ цIыкIухэм ику иту илъэситI къагъащIэу аращ.
- Абыхэм я дзэр псэуху къокI! КъищынэмыщIауэ, дзыгъуэшхуэхэм пщIыхьэпIэ ялъагъу икIи гупщIэузым илIыкIыфынущ.
- Мэхэр фIыуэ зыхагъэщхьэхукI. Аращи, шхыным хэлъ щхъухь нэхъ мащIэ дыдэри занщIэу зэхагъэкI.
- Шынагъуэ гуэр къызэрыблагъэр псом япэу дзыгъуэшхуэхэм къащIэ икIи а щIыпIэр псынщIэу ябгынэ.
- ЩхьэщэмыщI Изэ.
- ГъэщIэгъуэнщ
- ИлъэсыщIэм теухуа хабзэхэр
- ИлъэсыщIэ махуэшхуэм епха хабзэ гъэщIэгъуэн куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми мыхьэнэ щхьэхуэ яIэу, хъыбар къадекIуэкIыу щытщ.
- Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ИлъэсыщIэр къыщрагъэхьэ зэманыр фIыуэ зэщхьэщокI. Апхуэдэу, Пасэрей Вавилоным ар къыщрагъэблагъэр гъатхэрт. Махуэшхуэм деж пщым и IупэфIэгъухэр и гъусэу къалэм дэкIырти, цIыхухэм хуиту, гушхуауэ я нэгу зрагъэужьырт.
- Микронезием ИлъэсыщIэр, хабзэ хъуауэ, щIышылэм и 1-м къыщрагъэхьэ. ХытIыгум щыпсэу псоми а махуэм цIэщIэ фIащ икIи ар нэхъ я гъунэгъухэм щэхуу жраIэ. Дзыхь нэхъ зыхуащI я Iыхьлыхэр абдежым бэрэбаным ину йоуэ, цIэр щыжаIэкIэ шейтIанхэм зэхрамыгъэхыну.
- Италием ИлъэсыщIэ жэщым щыгъыныжьхэр щхьэгъубжэмкIэ къыщыдадз. Щыгъын нэхъыбэ хыфIадзэхукIэ, гъэ зытехьам къахуихьыну ехъулIэныгъэри нэхъ иныну къалъытэ.
- «Ирония судьбы, или С легким паром!» фильм цIэрыIуэр илъэс 40-м щIигъуауэ илъэсым и иужьрей махуэм телевизорымкIэ къыщагъэлъагъуэ ди къэралым.
- Тибетым ИлъэсыщIэ махуэшхуэм хьэлывэ ящIри, уэрамым дэт цIыхухэм хуагуэш. Я хьэлывэр цIыху нэхъыбэм я IухуэхукIэ, гъащIэм мылъку нэхъыбэ къахэхъуэну къалъытэ.
- Тхьэхущынэ Ланэ.
- Къуажэхьхэр
- Зищхьэрпхъэмтелъ
- Чы матэ унэ,
- Унэ гъавалъэ.
- КIапсэу щыIэм я нэхъ
- кIыхь,
- Ауэ зыми хуэмышыхь.
- Зи лъэр пхъэм хэлъ,
- Зи щхьэр пхъэм телъ.
- Iэлъэныкъуэ шэмэдж,
- Шэмэдж къазыдзэ.
- Выгуи шыгуи
- щыземыкIуэ,
- Унищэ зекIуапIэ.
- Зэхэзылъхьар Щоджэн Леонидщ.
- ЖЭУАПХЭР:
- Ду. Гъуэгу. ГъущI Iунэ. Гъубжэ. ГъущI гъуэгу.
- ГушыIэхэр
- Дэнэ щищIэнур?
- Къуэм тхыдэмкIэ «тIу» къихьауэ къэкIуэжащ.
- Анэр мэшхыдэ:
- — СыкIуэнщи, егъэджакIуэм зыхуэзгъэзэнщ! Дэнэ си къуэм щищIэнур илъэс щитI и пэкIэ къэхъуар?!
- Жэуапхэм сащошынэ
- Профессорым студентым жреIэ:
- — Сыту ущэху, щIалэ, си упщIэхэм уащышынэу ара?
- — Хьэуэ, жэуапхэм…
- КъыщилъыхъуэкIэ — зыгуэр ещIэ
- Студентым билетыр къищтэм, еплъым, игъэтIылъыжурэ, и ныкъуэм хэщыпыхьауэ, профессорым зачёткэр Iихри, «3» къыхуригъэуващ.
- — Ар абы къилэжьа? — жиIэри къеупщIащ экзаменым и гъусэу щIэсыр.
- — Зыгуэр къыщилъыхъуэкIэ — зыгуэр ещIэ, — пидзыжащ профессорым.
- Сыт ущIэгуфIэр?
- Студентым экзамен итыну щIыхьащ.
- — Хэт уи унэцIэр? — къеупщIащ профессорыр.
- Студентым жиIащ и унэцIэр, хуабжьу пыгуфIыкIыурэ.
- — Сыт апхуэдизу ущIэгуфIэр? — щIоупщIэ егъэджакIуэр.
- — Уи япэ упщIэм хъарзынэу жэуап зэрестам сыщогуфIыкI, — жиIащ студентым.
- Фи махуэшхуэ Iэнэм
- Лы хьэжа зэрылъ мыIэрысэ гъэжьа
- МыIэрысэ нэхъ быдэхэр къыхах, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, якIхэр кърач, я пэ цIыкIухэр бжэмышхкIэ кърагъэщэщри гъущэу ялъэщIыж. МыIэрысэкIыр здитам и деж сэ жан пIащIэкIэ и кур кърагъэж. МыIэрысэкум щыщу зы сантиметр нэблагъэ фэм къыкIэранэ. КунэщI хъуа мыIэрысэм лы хьэжар иралъхьэ.
- Лы хьэжар зэрагъэхьэзырыр: былымыл гъэвар цIыкIу-цIыкIуу яупщIатэри лыхьэжым щIагъэкI, абы бурш, шыгъу, бжьын упщIэта, пхъы гъэва халъхьэ. Прунж гъэва хэзылъхьи щыIэщ.
- А псори фIыуэ зэIащIэри мыIэрысэм и кум из хъуху иралъхьэ, и щIыIум тхъуцIынэ тралъхьэ е шатэ тракIэ. АдэкIэ пщагъэ хэмылъу тхьэв япщ. Ар хъурейуэ, мм 3-4 и Iувагъыу яхури лы хьэжар щралъхьэнум кърагъэжа щIыпIэм деж тралъхьэ, и щхьэфэм гъуанитI-щы хуащI, бахъэр къикIын щхьэкIэ, арыншэмэ щыжьэкIэ мыIэрысэр къэчэнущ. МыIэрысэр «зэрагъэбыда» тхьэвыщхьэм шатэ щахуэ. Апхуэдэу ягъэхьэзыра мыIэрысэхэр зэбгъурылъу тебэм иралъхьэри псы щIыIэ тIэкIу щIакIэ. Тебэр хьэкулъэм ирагъэувэри мыIэрысэм дыщафэ къытеуэху дакъикъи 8-10-кIэ ягъажьэ.
- Iэнэм тепщэч чэнжкIэ трагъэувэ, зы цIыхум хуэзэу мыIэрысищ-плIы илъу. ЩIакхъуэ щIыгъуу пщтыру яшх. МыIэрысэм и кум кърагъэжар мыIэрысэпс ящI хъунущ.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):зи кур къигъэжа мыIэрысэу — 3, лы гъэва хьэжауэ — г 145-рэ, пхъы гъэвауэ — г 6, бжьыныщхьэ упщIэтауэ — г 6, тхъуцIынэу — г 20, тхьэву — г 30, шатэу — г 15, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр»
- тхылъымкъитхыжащ.
- ГушыIэпсалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:3. «ШхэныIэ … », жаIэ, псом хуэмыдэу ущымэжалIэм деж. 5. «Перестройкэ» зэманым сондэджэр IуэхукIэ Жьэмыгъуэ Африкэм зыгъэкIуа адыгэ драматург. 6. А цIыхубзыр апхуэдизкIэ хьэсыщи, ухуейми еуи укI, ауэ … игъэувам пхукIэригъэхунукъым. 7. Уэршэру зэхэт щIалэ гупым лIыжьыр ябгъэдыхьэу «мыбдежым Iуэхуншэу фыщызэхэмыт» щажриIэм, … и унэ и бжэн лъакъуэу зэбгрыкIыжащ. 10. Фызым «хьэм сщичын сщыгъкъым» жиIэу и лIыр къигъэгумэщIэну хуейрэ нэпс хущIэмыгъэкIмэ, ар иукъэбзмэ и мурадыр нэхъ къехъулIэнущ. 12. И унагъуэр ипIын имыдэу, ди гъунэгъу щIалэжьым зигъэбзэхри … хыхьэжащ. 14. Щхъухьпсыхь зезыхьэу жыхуаIэ цIыхубзым апхуэдэу йоджэ. 15. Зы сом лейуэ зыщIыпIи щигъэкIуэдынукъым, кIэпIейкIэм … трипIытIэу ехь и гъащIэр. 17. Сыти жыIи, къуэш … нэхърэ ныбжьэгъуфI уиIэныр нэхъыфIщ. 18. А лIы цIыкIур апхуэдизкIэ ныбэхуэфIщи, зэпэхъурейуэ … хъуащ. 19. Iэщ: къытехьауэ упэщIэхуэмэ, уи нэ вагъуэр уигъэлъагъужыныщ. 21. Губгъуэм, мэзым къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэ: апхуэдизкIэ гуащIэщи, уи Iур зэригъалъэм къыщымынэу, уи нэпсри къыщIеху. 24. Языныкъуэхэр абы апхуэдизкIэ зэщIишащи, ар зэрыт зы абджкIэ я унэри я лъапсэри ящэфынущ. 25. Къэрал жыпым щэхуу иIэбэурэ къулыкъущIэшхуэр хуабжьу … хъуащ. 30. Нартыху бзий гъур епт нэхърэ, жэмым апхуэдэ хузэхэпщIэмэ, игукIэ фIыщIэшхуэ къыпхуищIынущ. 31. Ар уи пашэмэ, гъуэгу тэмэм утришэнкIэ умыгугъэ — вэнвейм ухишэнущ. 33. АпхуэдизкIэ фэфI тетщи, пщIэнкъым щIалэ Iэчлъэчыр … куцIрэ фо цIынэкIэ япIауэ фIэкI. 35. Мэз псэущхьэ: апхуэдизкIэ хьилэшыщи, таурыхъым зэрыщыжиIэмкIэ, псори къызэтрегъапцIэ. 36. ИлъэсыщIэ жэщым ипэ къихуэу зи ажалыр къагъэс жыг. 37. Къэрал мылъкур щысхьыншэу зышххэм яхэтщ зи пщэр апхуэдэу хъуа. 38. ЗаконкIэ ар птынуи къеIыпхынуи ухуиткъым, укъаумысмэ, уагъэтIысынущ. Ауэ егъэлеяуэ нэпсейхэр а законми щышынэркъым. 39. Фыхуейми фи фIэщ фщIы, фыхуэмейми фымыщI, я къуэм гъащIэ гъусэ хуэхъуа цIыхубзыр я пхъум хуэдэу ялъагъуу жаIэ языныкъуэ унэгуащэхэм.
- Къехыу:1. Зэ упкIэри уаIэщIэкIщ, … цIыкIу, тIэу упкIэри уаIэщIэкIщ, ещанэм я IэмыщIэ уихуащ. 2. ИщхьэкIэ къытет унафэщIым и хьэр псафэ хуэзышэну хьэзыр цIыху. 4. Емыгупсысауэ Iуэху гуэрхэр къезыхьэжьэ, акъылыр щагуэшым дурэшым дэса цIыху. 5. Зыщышынэн имылъагъумэ, кхъуэр абы докIуей. 8. АпхуэдизкIэ хуэмыхущи, и зыгъазэр зы мазэщ. 9. А адыгэ щIалэм зыпумыши нэхъ уи фейдэщ, тIрабгъуэу укъытридзэнщ. Сыту жыпIэмэ, пелуанщ, дуней псом и чемпион зыбжанэрэ хъуащ. 11. … мыкъу уврэ, … къуа зигъэщхърэ? 12. Убэлэрыгъамэ, хадэм илъэдэнурэ жыгыщIэ цIыкIухэр джафэу иухъуэнщIынущ. 13. ФызитI зэфIэнам зым адрейм иредз: «УзыфIэфI дыдэм деж кIуэи хуэтхьэусыхэ, уи … къысщыхуэ!». 16. Зи лIыр жьэкIэ зышх цIыхубз бзаджэ. 20. Дзыгъуэр а псэущхьэ дахэ цыкIум хуэзамэ и гъащIэ гъуэгур къиухащ, дуней нэхум пыкIауэ бжы. 21. Силос гъущэкIэ япI колхоз Iэщыр зыщIэхъуэпс шхыныгъуэ. 22. Езым жиIам пхутекIынукъым, жыIэмыдаIуэщ, адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ цIыхур щыту малIэ. 23. Къэзанокъуэ Жэбагъы зэрыжиIамкIэ, губзыгъэр езыр къыпфIэкIынущ, апхуэдэ цIыхум уэ уфIэкIын хуейщ. 26. Хъыджэбз къыдэнэжа гуэрым жиIауэ яIуэтэж: «Сашэнути, … бостейр кIуэдыжащ». 27. АпхуэдизкIэ цIыхугъэншэщи, а лIым и … игъащIэм зы цIыхум екIакъым. 28. Уехъуапсэу языныкъуэ мыIэрысэхэм апхуэдэфэ яIэщ. Фадэ фIыуэ щIэзыкIэхэми я нэкIур апхуэдэу щыхъу щыIэщ. 29. Псэлъэгъуей: фIэщхъугъуейщ цIыхубзхэм апхуэдэ къахэбгъуэтэну. Ауэ цIыхухъухэм яхэтщ махуэ псом псалъитI къызыжьэдэмыкI. 31. УкIытэ зыхэлъ пщащэм, мыхъун гуэр зэхихамэ, и нэкIур апхуэдэу мэхъу. Зыхэмылъым ейм зихъуэжыркъым. 32. Iэзэ къашэри … ирищIщ. 33. Языныкъуэ цIыхубзхэм налмэсым къыхэщыкIа тхьэгъу я пщIыхьэгъумэ, джэдым … и пщIыхьэгъущ. 34. Нэхъапэм адыгэм абы ирадзэрт хабзэншагъэ зылэжьа цIыхухэр.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Дыгъэгъазэм и 21-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:1. Лы. 5. Гулъ. 7. Хьэщхьэтеуэ. 8. Ерэн. 9. Дей. 10. Тхъупс. 13. Выбжьэ. 14. Сэнтх. 18. Бжьо. 20. Сэшхуэ. 21. Медан. 22. Бдзы. 25. Шхэпс. 26. Титов. 30. ИкIута. 32. Къурш. 33. Танэ. 34. Къуабэбжьабэ. 35. Нэ. 36. Ер.
- Къехыу:1. Лесев. 2. Къэхъун. 3. Мэсей. 4. Журт. 6. «Лъапсэ». 11. Яжьэ. 12. Гъуэз. 13. Вагъуэбаш. 15. Хабаров. 16. Бжьыдзэ. 17. Шхуэ. 19. Без. 23. Япэ. 24. Чий. 27. Мирон. 28. Курыбэ. 29. Уэтэр. 31. Анэл. 33. Тебэ.