ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр автономиер къызэрыунэхуа  щIыкIэр

2019-11-26

  • КъБКъУ-м и тедзапIэм тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур и тхылъыщIэ къыщыдэкIащ: «Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ автономиер къызэрыунэхуар: щхьэусыгъуэхэр, хэкIыпIэхэр, зыхуэкIуар (1917-1920 гъгъ.)» («Становление национальной автономии Кабардино-Балкарии: предпосылки, альтернативы, итоги (1917-1920 гг.)».

  • ТХЫДЭ дэфтэрхэр и тегъэщIапIэу, щIэныгъэлIым и еплъыкIэри къыхэщу, дэ-гъуэу зэфIэува тхылъыр иджыпсту Кавказ Ищхъэрэм «щызэрихьэ жьыбгъэм» къыздихьащ хужыпIэфыну зи чэзу къыдэкIыгъуэщ. «Монографиер 1917-1920 гъэхэм къэбэрдей адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я автономиер къызэрыунэхуам ехьэлIа лъэпощхьэпохэм ятеухуащ», — къыджеIэ тхылъым и аннотацэм. Ауэ а псалъэ гъущэхэм фIыуэ ящхьэдох щIыналъэм ис дэтхэнэ зыми, ар адыгэ, балъкъэр, осетин, урыс, е нэгъуэщI лъэпкъ ирехъу, ищIапхъэу щыт куэд гунэсу зэпкърыха щыхъуа мы тхылъ щхьэпэ дыдэр.
  •  Бгырыс лъэпкъхэр зэгурамыгъэIуэн, пащтыхьыгъуэр и зэрыпхъуакIуэ мурадхэм нэхъ тыншу лъэIэсын папщIэ, иджыри Урыс-Кавказ зауэр екIуэкIыу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэр «зэIащIэн» зэрыщIадзам, абыхэм фIэщыгъэ иратхэм тегъэщIапIэ узыншэ зэрамыIам     и щхьэр течауэ, цIыху хэпщIахэми я цIэ къриIуэу топсэлъыхь Къэжэр Артур. Къэбэрдейм и цIэр фIамыгъэкIуэдын, абы Iэмал щыхуамыгъуэтым — къылъыс щIыр IэщIамыгъэкIын Iуэхум лIыхъужьу плъытэну зыхуэфащэ куэдым я къару зэрытекIуэдами и гугъу ещI тхыдэтхым.
  • Къэжэрыр топсэлъыхь бгырыс лъэпкъхэр зытет лъабжьэ быдэр къигъэтIэсхъэн папщIэ пащтыхьыгъуэр зыхуэкIуа Iэмалхэм. Абыхэм язт езыхэм «ягъэфIа» бгырыс интеллигентхэм ящыщ гуэрхэр, языныкъуэхэм деж Къуэдзокъуэ Лэкъумэн ещхьу бэлэрыгъауэ, адрейхэм деж — Ахъмэтыкъуэ Къазий-Бэч зыфIэзыщыжа тхакIуэм хуэдэу — ящIэр ящIэжу зэрыпхъуакIуэм сэбэп зэрыхуэхъуар.
  • «Къэбэрдеижьым и гъунапкъэр Тэн нэсу щытащ, — къехь щIэныгъэлIым Къалмыкъ БетIал 1923 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-м екIуэкIа РКП(б)-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ областым и ЦИК-мрэ я зэхуэсым къыщипсэлъар. — Пащтыхь тепщэгъуэр къэIэбэху, икIуэтым икIуэтурэ, ар Балъкъ зэпрыкIауэ иджы къыхуэна дурэш цIыкIум дэсщ. Адыгэ мелуанрэ ныкъуэм хэкур ябгынэу Тыркум Iэпхъуэн хуей хъуащ. Минищэ бжыгъэхэр хы ФIыцIэм хитхьэлыхьащ. Мы къэнэжа дурэш цIыкIуращ пащтыхьыгъуэм Къэбэрдейм къыхуигъэнар».
  • Джылахъстэнейр 1862 гъэм Осетием зэрыхагъэхьам щрегъажьэри, Къэжэр Артур кIэлъоплъ Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ зы автоном зэгухьэныгъэ зэдаухуэным зэрырахулIа щIыкIэмрэ ар къэзыша щхьэусыгъуэхэмрэ. Тхыдэ щыхьэтхэмкIэ гъэнщIа мы тхылъым итыр, шэч хэмылъу, нэхъ бзэ тыншкIэ зэпкърыхауэ еджапIэхэм щаджын хуей лэжьыгъэщ, апхуэдизкIэ ди хэкум теухуауэ зыхэдмыщIыкI Iуэху куэд утыку кърехьэри.
  •  ЧЭРИМ  Марианнэ.