ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Ажалгъуэгур» — адыгэбзэкIэ, «Хъан-Джэрийр» инджылызыбзэкIэ къыдэкIащ

2019-06-18

  • Псалъэжьым «Жьым щытхъуи, щIэр къащтэ» жиIэ щхьэкIэ, зи щIалэгъуэхэр жыжьэрэ-гъунэгъуу зылъэщIэмыхьэ нэхъыжь ахъырзэманхэри диIэщ, Тхьэм и фIыщIэкIэ. Абыхэм язщ щэнхабзэ утыкур аргуэру тхылъыщIэкIэ зыгъэбжьыфIэ МэшбащIэ Исхьэкъ.

  • ТхакIуэм дызэригъэгуфIэ тхылъхэр зэуэ тIу мэхъу. Япэр — мазэ зыбжанэ ипэкIэ урысыбзэкIэ дызэджа, иджы МэшбащIэм зэрызэхилъхьа дыдэм хуэдэу адыгэбзэкIэ дунейм къытехьа «Ажал гъуэгурщ». ЗэрыфщIэщи, романыр теухуащ тхыдэм «Къэнжал зауэ» цIэмкIэ хэува зауэзэрылIым. Мы IэдакъэщIэкIыр аргуэру щхьэусыгъуэ тхуохъу адыгэ диалектхэм я тхыбзэр зы жыпхъэм игъэувэныр икIэщIыпIэкIэ гъэзэщIэн хуей къалэну зэрыщытыр Iуэхум зи къарурэ зи зэфIэкIрэ езыхьэлIэфынухэм дигу къэдгъэкIыжыну. ЖытIэм и щыхьэт наIуэу Исхьэкъ и роман цIэрыIуэм и иужьрей сатырхэр зэрытха дыдэм хуэдэу къыдохь: «Адыгэ хабзэ IэрымышIыр лъэпкъ лъапсэ тфэзышIыгъэхэ тинахъыжъ пIашъэхэм ацIэкIэ, ащ непи ыгъэпсэухэрэм ацIэкIэ джыри зэ лIэшIэгъу нэмыIэми силъэпкъ хые-зафэ щигъэIэну Тхьэм селъэIу».
  • Дызэрыпсалъэ бзэр езыр-езыру лэжьэж къэхъугъэщи, цIыху унафэкIэ ухэIэбэну гугъущ. ИтIанэми, сыт хуэдизкIэ дэтхэнэ адыгэ диалектри нэхъ бей хъунут, нэгъуэщI мыхъуми, зэтехуэу диIэ псалъэхэр грамматикэ и лъэныкъуэкIэ зы тхыкIэм тету зэдгъэуIуфамэ.
  • ЕтIуанэ хъыбарыфIыр — МэшбащIэм и «Хъан-Джэрий» романыр Иорданием щыщ тхакIуэ Iэзокъуэ Мухьэмэд инджылызыбзэкIэ зэрызэридзэкIарщ. КупщIэм хуэфэщэж теплъэ гуакIуэ иIэу тхылъыр къыщыдэкIащ Мейкъуапэ дэт «Polygraph-SOUTH» тедзапIэм.
  • Зэрынэрылъагъущи, ди тхыдэр блэкIа зэманым и гугъупIэм хиубыдами, нобэрей дунейм дызэрылъэщIыхьэн Iэмали Iэмэпсыми ди мащIэкъым. А Iуэхугъуэм махуэ зыбжанэ и пэкIэ «Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр хуэфащэу зыфIаща МэшбащIэм ехьэлIауэ утепсэлъыхьмэ, тхыдэр зыджынуми, литературэм хэлIыфIыхьынуми, хамэбзэ зэзыгъэщIэнуми, и анэдэлъхубзэм и хъугъуэфIыгъуэхэм лъэIэсыну зи мурадми щIэгъэкъуэнрэ чэнджэщэгъурэ хуэхъуфын хуэдэу купщафIэщ икIи убгъуащ Тхьэм куэдрэ узыншэу къытщхьэщигъэтыну дызыхуелъэIу тхьэмадэр нобэрей махуэм зэрыхэувэ ехъулIэныгъэхэр.
  • ЧЭРИМ Марианнэ.