Австрием и Тироль щIыналъэм
2019-06-18
- «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-м и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Австрием и Тироль щIыналъэм и Инсбрук зыгъэпсэхупIэм мэкъуауэгъуэм и 12 — 14-хэм щекIуэкIащ «Урысей-Тироль саммит» зыфIаща япэ зэIущIэ. Властым щыщхэр, бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэхэм я тхьэмадэхэр, туроператорхэр, масс-медиа унэтIыныгъэм и лIыкIуэхэр зыхэта зэхуэсыр къызэзыгъэпэщар Тироль щIыналъэм ТуризмэмкIэ и советырщ.
- Абдежым къыщызэхуэсахэм «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-м и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн яригъэлъэгъуащ езыр зи тхьэмадэ IуэхущIапIэм щызэхагъэува, Кавказ Ищхъэрэм турист кърагъэблэгъэфын и лъэныкъуэкIэ я зэфIэкIыр зыхуэдэр зыгъэнаIуэ проектыр.
- Саммитым щызэрихьэлIахэм я гугъу ящIащ зыщыщ турист щIыналъэхэр зэпыщIэнымкIэ, зэдэлэжьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ, я зыужьыныгъэм зэщхьу халъагъуэхэм, нэгъуэщIхэми.
- ТIымыжь Хьэсэн жиIам тепщIыхьмэ, нэгъуэщI къэралхэм «бгы-лыжэ» унэтIыныгъэм пыщIауэ щыIэ IуэхущIапIэхэм запыщIэным, ядэлэжьэным «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-м и унафэщIхэм гулъытэ хэха хуащI.
- «Дызэрыт лъэхъэнэм бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэхэр, псом хуэмыдэжу Урысей Федерацэм итхэр, зыр адрейм и ныкъуэкъуэгъуу къэтлъытэнкIэ Iэмал зимыIэщ. Сыту жыпIэмэ, дэ псори дыхуэныкъуэщ, цIыху нэхъыбэ къуршхэм дедгъэхьэхын, къитшэн папщIэ, къэдгъэлъагъуэ зыгъэпсэхукIэм пыщIа щэнхабзэм, Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм нэхъри зэрызедгъэубгъун, зэрызедгъэужьын Iэмалхэр къэгъуэтыным. Ауэ щыхъукIи, а зи гугъу сщIахэр къыдэхъулIэмэ, дэтхэнэми диIэнущ дызыпэплъэ, дызыщыгугъ щIэупщIи ехъулIэныгъи», — къыхигъэбелджылыкIащ ТIымыжь Хьэсэн.
- «Зым адрейм зэрызыщIигъэкъуэфын унэтIыныгъэхэм ящыщу схужыIэнущ спорт зэхьэзэхуэхэр къуршхэм зэгъусэу къыщызэгъэпэщыныр, псоми ди зыужьыныгъэм ехьэлIа программэхэр зэхэгъэувэныр, ски-пассхэр зэщхьу гъэхьэзырыныр, цIыхухэм дазэрыдэлажьэ, щэнхабзэм и Iэмал нэхъ дахэхэмкIэ, удэзыхьэххэмкIэ зэхъуэжэныр, зыгъэпсэхуакIуэхэр зыхуэныкъуэр щIыпIэдэлъху лъэпкъхэм ижькIэрэ къыддекIуэкI хьэщIагъэм епхыныр, нэгъуэщIхэри», — дыщIигъужащ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-м и тхьэмадэм.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.