ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэкурысхэмрэ  хэхэсхэмрэ  яхуэгъэза  джэпсалъэ

2019-06-15

  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
  • Анэдэлъхубзэр хъумэным, ар егъэфIэкIуэным, ди бынхэм яIурылъыным, къэкIуэну щIэблэм яхуэхъумэным, абы пыщIа нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдым йогупсыс лъэпкъыр щыIэнымкIэ бзэм иIэ мыхьэнэр къызыгурыIуэ дэтхэнэ адыгэри, ар дэнэ щыпсэуми. Ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэр Кавказ зауэжьым дуней псом дыщри- къухьащ. Бзэр хъумэным пыщIа гугъуехьхэм я нэхъыбэр абы къыхэкIащ.

  • Ди щIыналъэхэм (Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым) щыпсэуж адыгэхэри анэдэлъхубзэр хъумэным гугъу дыдохь, ар къэралыбзэу ди республикэхэм щыщытми, къэралым гулъытэ къыхуищIми. АтIэ тынш ар хамэ щIыналъэ уису, уи лъэпкъым, уи бзэм гулъытэ лей къыхуамыщIу пхъумэну? Ди жагъуэ зэрыхъущи, ди бзэр зыщIэжу хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр мащIэ дыдэщ.
  • Анэбзэр зыIэщIэхужахэр зэрымымащIэм дегъэгумэщI адэжь щIыналъэм исыж адыгэхэри Хэкужьым пэIэщIэ хъуахэу щIыналъэ куэдым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри. Бзэр унагъуэм щыземыкIуэмэ, школым щыбгъэтIылъ лъабжьэр махэ мэхъу, зэман докIри, зэтощэщэж. Ауэ, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ хуэхъуми, нобэрей щIэблэм анэдэлъхубзэр ящIэу къэтэджыркъым.
  • Тхыдэм къызэригъэлъэгъуэжымкIэ, адыгэ мамлюкхэм илъэс бжы-гъэшхуэкIэ тепщэныгъэр щаIыгъащ Ливиеми, Суданми, Мысырми, Сириеми. Апхуэдиз къарурэ мылъкурэ зыбгъэдэлъа лIыхъужьхэм адыгэбзэр яIэщIэмыхуныр яхузэфIэкIакъым, сыту жыпIэмэ, хэхэсым и анэдэлъхубзэр хамэщIым щыIэщIоху. Зырызыххэщ ар къызэхъулIэр. Бзэр щыпхъумэфынур, зыщебгъэузэщIыфынур Хэкум и закъуэщ. Псом хуэмыдэу абыкIэ къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм. И сабиигъуэм цIыхум зригъэщIар зэи IэщIэхужынукъым. Аращи, щIэб-
  • лэм адыгэбзэр фIыуэ ирагъэлъагъумэ, абы пыIуамыгъэщту драгъэхьэхмэ, адэ-анэм, егъэджакIуэхэм лъэпкъым къалэнышхуэ хуигъэзэщIауэ къыдолъытэ.
  • Бзэр мыкIуэдын щхьэкIэ, ар гъэлэжьэныр, иIэ къалэнхэм къахэгъэхъуэныр Iэмал имыIэу зэгугъупхъэхэм ящыщщ. АдыгэбзэкIэ къыдэкI газетым, журналхэм, дауи, мин бжыгъэ йоджэ, ауэ ахэр дэтхэнэ зы адыгэми и унагъуэ ихьэркъым. А щытыкIэм зегъэхъуэжынми хуэфащэ гулъытэ имыгъуэту хъунукъым. А псоми къадэкIуэу, дяпэкIи бзэр егъэфIэкIуэн, гъэкъэбзэн хуейщ. Сыт хуэдиз хамэ псалъэ къэдгъэсэбэпрэ, ди бзэмкIэ абыхэм я мыхьэнэхэр къызэрыдгъэлъэгъуэн диIэу? Девгъэплъыт: бжыгъэхэр, махуэцIэхэр, мазэцIэхэр адыгэбзэкIэ жытIэу пIэрэ?
  • Уэрамхэм, IуэхущIапIэхэм, къалэхэм, къуажэхэм, н.къ. я фIэщыгъэхэр ди республикэм щызекIуэ къэралыбзэхэмкIэ — адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ — тратхэу хуежьащ. Апхуэдэу щIамэ, цIыхум и нэри есэнут анэдэлъхубзэм, и бзэри абы нэхъ хуэщIа хъунут. Апхуэдэ щIыкIэкIэ бзэм и пщIэри нэхъ къэIэта хъунущ. Адыгэ Республикэм и щIыналъэм зы IуэхущIапIи унапIи щыбгъуэтынукъым абыхэм я фIэщыгъэр адыгеибзэкIи урысыбзэкIи темыту. Дэри абыхэм щапхъэ къатетхыпхъэщ.
  • Мыдрейуэ, радиомрэ телевиденэмрэ а Iуэхум халъхьэфынухэр нэсу къагъэсэбэпыну Iэмал яIэкъым. А псори зэран мэхъу адыгэбзэр цIыхубэм къащтэнымкIэ. Телевиденэр ди зэманым къару лъэщщ. Зы тхылъ къеджэ нэхърэ телевизорымкIэ зы нэтын еплъыныр нэхъ къащтэ щыхъуакIэ, дэри абы зытедухуэн хуейщ. А каналыр зэрылэжьэн хуейм и щапхъэ гъунэжу щыIэщ. Пщэдджыжьым, сабийм и къэушыгъуэм ирихьэлIэу, телевизорымкIэ къэтын хуейщ адыгэ уэрэдхэр, къафэхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, таурыхъхэр, н.къ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми сабийр дригъэхьэхынущ бзэм, ар фIыуэ иригъэлъагъунущ, и IукIэ дахэм иригъэсэнущ. Бзэм и IэфIагъым пэувыфын гурыщIэ щыIэкъым. Ар зэ зыхэпщIамэ, сыт щыгъуи уи Iум, уи гум илъу упсэунущ.
  • Адыгэ хабзэр, тхыдэр, щэнхабзэр щIэблэм езыгъащIэ тхылъхэми дыхуейщ. ИнтернетымкIэ, телевизорымкIэ адыгэбзэ дерсхэр егъэкIуэкIыпхъэщ, дэнэкIэ щыIэ ди лъэпкъэгъум и бзэр иджыфын, зригъэщIэфын папщIэ. А Iуэхухэр зэфIэзыхыфын IэщIагъэлIхэри щыIэщ.
  • Дэтхэнэми фIыуэ илъагъужын хуейщ и Хэкур, и бзэр, и хабзэр. Ди щхьэм пщIэ хуэтщIыжу, ди акъылым къызэщIиубыдэр ди бзэм хуэкIуэжу дыщытмэ, дыкIуэдыжынкъым. Илъэс 20 ипэкIэ къыхэтлъхьауэ щыта «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэшхуэр ноби йокIуэкI, лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхум хуэлажьэу. Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэныр, бзэр курыт школхэм зэрыщаджыр егъэфIэкIуэныр, апхуэдэуи а Iуэхухэм хуэлажьэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэр наIуэ къэщIауэ гъэпэжэныр, еджакIуэ зэчиифIэхэр гъэгушхуэныр зи къалэн нэхъыщхьэу щыт а зэпеуэр лъэп-къым зегъэузэщIыным хуэунэтIа IуэхугъуэфIхэм ящыщщ.
  • Бзэм и мыхьэнэр ин дыдэщ. Бзэр щыIэщ, мэлажьэ, ар зей лъэпкъым и цIыхухэм яIурылъмэ, я унагъуэхэм щрипсалъэмэ, я сабийхэм ирагъащIэмэ, Iуэху иризэфIахыу къэрал IуэхущIапIэхэм къыщагъэсэбэпмэ. Ар щыIэху, лъэпкъри щыIэщ. Абы къыхэкIыу бзэм псом япэ дегугъун хуейщ.
  • Хэкурысхэри хэхэсхэри фыкъыхудоджэ анэдэлъхубзэр фхъумэну, фи щIэблэм евгъэщIэну, псоми ди къарур зэхэтлъхьэу абы и пщIэр къэтIэтыжыну!
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и X зэхуэсышхуэм хэтахэм я цIэкIэ.
  • Налшык, 2019 гъэ, накъыгъэм и 31.