ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГукъэкIыжхэм  сыхэзыша тхыгъэ

2022-10-01

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и къыдэкIыгъуэхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ сыкIэлъоплъ. «Фэеплъ» рубрикэм щIэту мы гъэм гъатхэпэм и 12-м ещанэ напэкIуэцIым къытехуа, си цIыхугъэу щыта Беданокъуэ Аскэрбий теухуа «ПщIэшхуэ зыхуащI цIыхут» тхыгъэм къытезгъэзэжурэ седжащ. Дунейм ехыжа цIыху щэджащэм гулъытэ зэрыхуащIар гуапэ сщыхъуащ икIи гукъэкIыжхэм сыхашащ. Муслъымэнхэм зэрыжытIэу хьэдрыхэ хабзэ зэрыщыIэр хьэкъщи, ахърэт нэху Тхьэм кърит, жэнэткIэ гуфIауэ Тхьэм къыщIигъэкI!

  • Тхыгъэр зытеухуа Беданокъуэ Аскэрбий къызэрысцIыхуа хъуам и гугъу фхуэсщIынщ. Ар и саулыкъущ ди Аргудан жылэжьым щызэхэта Ленин Владимир и цIэр зезыхьэ колхозым и тхьэмадэу илъэс 23-кIэ лэжьа, «Ленин» орденыр зыхуагъэфэща, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату тхуэнейрэ хаха, зи лэжьыгъэфIымкIэ щыпсэу щIыналъэр къэралым, дуней псом цIэрыIуэ щызыщIа Тэрчокъуэ Къамбулэт Чыцу и къуэм. Тэрчокъуэ Къамбулэтрэ Беданокъуэмрэ Москва щекIуэкIа съездым и лIыкIуэу щагъэкIуам, абы щызэрыцIыхури ныбжьэгъу зэрыгъэхъуащ икIи зэкIэлъыкIуащ, зэпеуэ щIыкIэу зэдэлэжьащ. Къамбулэти икъукIэ ди жылэжьым лэжьыгъэшхуэ щрихьэкIащ.
  • Адыгэ Республикэм и Куэшы-Хьэблэ районым хыхьэ Хуэдз къуажэм щызэхэта Лениным и цIэр зезыхьэ колхозым и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ лэжьащ Беданокъуэр. А зэманым зэфIиха лэжьыгъэфIхэм папщIэ ар Адыгэ Республикэм и мызакъуэу, къэралым цIэрыIуэ щыхъури и тхыдэм къыхэнащ. Абы щыхьэт тохъуэ КПСС-м и ЦК-м и япэ секретару, СССР-м и Министрхэм я Советым и тхьэмадэу щыта Хрущёв Никитэ Хуэдз адыгэ къуажэм 1964 гъэм шыщхьэуIу мазэм жылэм я гъавэ, хьэцэпэцэ Iухыжыгъуэм ирихьэлIэу къэкIуауэ зэрыщытар. Беданокъуэр и къару илъыгъуэу цIыхубэм яхуэлэжьащ, къыщалъхуа къуажэм и цIэр жыжьэ игъэIуни хузэфIэкIащ.
  • Иджыри сыщIалэу, дзэ къулыкъур зэфIэкIыу 1965 гъэм къэзгъэзэжа нэужь, колхозым шофёру сыщылажьэу, Хуэдз къуажэм Беданокъуэр зи унафэщIу щыта колхозым щIэх-щIэхыурэ сагъакIуэрт, ди колхозым и завхозу щыта Сунш Шамсэдин ЩэрэтлIокъуэ и къуэр сагъашэурэ. Зэм люцернэ жылэ, зэм суданкэ къитшауэ щытащ. А зэманым колхозым и тхьэмадэу щыта Беданокъуэ Аскэрбий и унагъуэм дригъэблагъэурэ хьэщIагъэ къыдихыу, и щхьэгъусэм шыгъу-пIастэ IэфI тхуигъэхьэзырурэ пщIэшхуэ къытхуащIу зэрыщытар гуапэу сигу къинэжащ. Къамбулэтрэ Аскэрбийрэ икъукIэ фIыуэ зэрылъагъуу къекIуэкIащ. Я дуней ехыжыкIари тIуми зэщхь хъуащ. Машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдащ. Я ахърэтыр Тхьэм нэху ищI. Къамбулэт Аскэрбий и хьэдэщIэлъхьэм къикIыжауэ и хъыбар щыжиIэжым зыхуэмыIыгъыу и нэпсыр къыфIыщIэжырт, апхуэдизкIэ а лIищым я кIуэдыкIар игу щIыхьати. Республикэпсо зэхуэс екIуэкIам и бухгалтер нэхъыщхьэри и гъусэу хэтауэ къэкIуэжу насыпыншагъэр къэхъуат. Гъуэгу щытехьам пшахъуэ мывэ телъакъым зэрызэрагъэпэщыжынум хуагъэхьэзыра гъуэгум. Зэхыхьэ нэужьым жэщ къатехъуауэ, пшагъуэри Iуву телъу къыздэкIуэжым, Хуэдз къэблэгъэжауэ гъуэгум пшахъуэ мывэ тракIутауэ къыщIэкIат. КъахуэкIуэ машинэм къидз нэхум шофёрым гъуэгур иримыгъэлъагъуу, зэтракIута пшахъуэ мывэм дэжейри щхьэпридзат ахэр зэрыса машинэр. Апхуэдэу Хуэдз къэблэгъэжауэ шофёрри ещанэу щыри гуузу иукIат.
  • Ар къэхъури мазитI хуэдэ дэкIауэ, сэ хьэлъэзешэ машинэ къэсхуну сагъакIуэ. ДыкъыздэкIуэжым пщэдджыжьым сыхьэтибгъухэм Армавир дыкъэсащ. Хуэдз къуажэм дыдыхьэу Аскэрбий и щхьэгъусэм дыхуэгузэвэну къыщыхэслъхьэм, Борис абы арэзы техъуащ. Зы сыхьэтрэ ныкъуэм къуажэм дынэсри Аскэрбий и щхьэгъусэм дыхуэгузэващ. Абы дызэрыкIуар цIыхубзым апхуэдизкIэ гуапэ щыхъуати, ар къызэрытщыгуфIыкIар къэIуэтэжыгъуейщ. Iэнэ къищтэу димыгъэхьэщIауэ дыкъыдигъэкIыжакъым. Дыкъыщежьэжым зыкъысхуигъэзащ Къамбулэт сэлам гуапэ хуесхыжы-ну икIи къызэрелъэIуауэ щыта Iуэху гуэрым и хъыбарыр игу къэзгъэкIыжыну къызжиIащ. Дыкъэсыжа нэужь сыщIыхьэу и сэламри есхыжыну, пщэрылъ къысщищIари жесIэну ескуркъым сошынэ-ри. Апхуэдэурэ махуэхэр кIуэрт, сыгузавэу. Зы тхьэмахуэ хуэдэ дэкIауэ, пщэдджыжьым тхылъымпIэм Iэ трезгъэдзэну, мыхъур трезгъэгъэуэну сыщIыхьэн хуей хъуащ. Къамбулэт тхылъымпIэхэр къызитыжа щхьэкIэ сыкъыщIэмыкIыжу сыщытт, гукъыдэж зэриIэм гу лъыстауэ. ИтIанэ езыр-езыру къопсалъэри къызоупщI: «Сыт, Заудин, щхьэ ущыт?». Абдеж псори хуэсIуэтэжащ. Къызэшхыдэн дэнэ къэкIа, сыту фIыуэ уигу къэкIа жиIэри гуапэ щыхъуат. Сэламри и гуапэу сIихыжри, къыщIелъэIуа Iуэхури зэрыщымыгъупщар, зэфIэкIмэ езыр зэрыпсэлъэжынур дыщIигъужащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Аскэрбий мыгъуэм и щIалэм институтыр къиухауэ, къыхуагъэлъагуъэ лэжьапIэхэр имыдэу КъэбэрдеймкIэ къэкIуэну хуэпабгъэу арат. Дубки хьэблэмкIэ щыIа заводым инженер нэхъыщхьэу игъэкIуауэ щытат ар Къамбулэт. А тхьэмыщкIэри, и ныбжьэгъум и кIуэдыкIам хуэдэу, силос Iухыжыгъуэм щIидза къудейуэ пщэдджыжьым жьыуэ Аргудан къыдэлъэдауэ къыздэкIуэм, джабэ лъапэм деж Налшык — Ташлы — Тала автобусым ис шофёрыр тежеикIри къыхуэкIуэ машинэм къыжьэхэуащ. Къамбулэт абы кърита удын хьэлъэм иужькIэ махуэ ещанэм дунейм ехыжащ. СССР-м УзыншагъэмкIэ и министр, профессор Чазов Евгений и лэжьэгъу дохутыритI и гъусэу къэкIуат абы щыгъуэ, ауэ къылъыса фэбжьым къахуегъэлакъым. Иужьрей псалъэу жиIэжар — къыжьэхэуа шофёрыр ямыгъэтIысынырт, арщхьэкIэ ягъэтIысащ икIи тезыру илъэсипщIым нэблагъэ щысыну тралъхьащ.
  • Фэеплъ тхыгъэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Беданокъуэ Мэрзият узыншагъэ быдэ Тхьэм кърит! И ныбжь Тхьэм иригъэкъу! Беданокъуэ лъэпкъым зи мычэзу нэщхъеягъуэ Тхьэм фимыгъэлъагъукIэ. Аскэрбий тхьэмыщкIэр фщымыгъупщэу лъэпкъыр Тхьэм фигъэпсэу!
  • ЖАНОКЪУЭ Заудин,
  • лэжьыгъэм и ветеран,  Аргудан къуажэ.