Матовников Александр: Ахъшэ щхьэкIэ къаугъэхэр къагъэхъей
2018-10-04
- УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александр блэкIа тхьэмахуэ зэхуакум жиIащ Гундэлэн къуажэм къыщыхъуа хьэлэбэлыкъыр зэхэзыублар республикэм щыщыIэ щытыкIэр ахъшэ щхьэкIэ зэIагъэхьэну хуейхэр зэрыарар. «Къаугъэр къызыхэкIар мыхьэнэншэ дыдэщ: шухэр блэкIащ, иужькIэ къагъэзэжащ икIи ар хъарзынэщ. ЩыIэщ ар мурад щхьэхуэм тещIыхьауэ къэзыгъэсэбэпхэр… Дэ дощIэ а цIыхухэр хэтми икIи хабзэхъумэхэри ди гъусэу дадэлэжьэнущ ахъшэ щхьэкIэ къаугъэр къэзыгъэхъейхэм», — къет Кавказ Ищхъэрэм и дин лэжьакIуэхэм я лIыкIуэхэм Пятигорск щрагъэкIуэкIа зэIущIэм Матовниковым щыжиIа псалъэхэр «ХъыбарыщIэхэр» урысей агентствэм.
- Полномочнэ лIыкIуэм жиIащ лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ апхуэдэ Iуэхухэр илъэс хъурейм къриубыдэу щIыналъэ псоми зэрыщекIуэкIыр. «ИкIи дэ ди щыуагъэ нэхъ ин дыдэр абыхэм зэрызыхуэдмыгъэхьэзырырщ», — къыхигъэщхьэхукIащ абы.
- Матовниковым къыхигъэбелджылыкIащ властхэм щытыкIэр зэрагъэзэкIуэжынур икIи апхуэдэ Iуэху- хэм зэрызыхуагъэхьэзырынур. «Дэ хабзэу дгъэувынщ: гуфIэгъуэ псори къызэщIэдоубыдэ икIи ахэр щекIуэкIынум зы мазэ ипэ къихуэу зыхудогъэхьэзыр. ДымыпIащIэу, зэпIэзэрыту… Дэ къыдгуроIуэ илъэсипщI ипэкIи апхуэдэ къэхъуауэ зэрыщытар. Дэ къыдгуроIуэ зэхэублакIуэу къыщIэкIынкIэ хъунур хэтми. Дэ абы дыщыгъуазэщ икIи щытыкIэр зыхуэкIуэнум дыкIэлъыплъамэ, абы зыхуэдгъэхьэ-зырамэ, ар нэгъуэщIу екIуэкIынут», — щIигъужащ полномочнэ лIыкIуэм.
- КъыкIэлъыкIуэ махуэм абы Налшык журналистхэм щажриIащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм яку къаугъэ зэрыдэмылъыр, ахэр Интернетым щызэщIэзыгъаплъэр «зыщIэн зымыгъуэтхэр» зэрыарар.
- «КъывгурызгъэIуэну сыхуейщ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм къаугъэ яку зэрыдэмылъыр. ЩыIэщ нэгъуэщI Iуэху гуэри зимыIэ гуп цIыкIу. А Iуэхуншэхэр Интернетым исщ, икIи щытыкIэ гуэрхэр къагъэсэбэпыну, лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэ зэмылIэужьыгъуэхэм ириджэгуну хущIокъу. Абыхэм фIей яупцI, ахъшэшхуэ къезыт цIыхухэм я пащхьэм зыгуэрхэр зэфIагъэкI хуэдэу зыкъыщагъэхъун мурадкIэ. Си фIэщ мэхъу дэ а псоми дазэрытекIуэнур», — жиIащ Матовниковым.