ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ФIыкIэ дащогугъ

2023-01-24

  • ЩIышылэм и 19-м къыдэкIа «Адыгэ псалъэ» газетым къытехуащ Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэ Лыхь Людэ зыгъэпIейтея зы Iуэхугъуэ. Ар теухуат нобэ языныкъуэ щIалэгъуалэм гулъытэр, гуапагъэр, шыIэныгъэр къазэремэщIэкIым. Школым дэт егъэджакIуэм щхьэрыжэ щымыхъуу къэнакъым и анэм щIыгъуу маршрут транспортым къитIысхьэжа хъыджэбз цIыкIум, тIысыпIэ къыщылъымысым, къыхуагъэува шэнтым тетIысхьэн имыдэу, цIыхухэм зэхахыу зэрызихъунщIамрэ и анэм ину зэрепсэлъэжамрэ. Апхуэдэ щытыкIэм ириукIыта анэм ар ЕГЭ-м къыщIэкIыжа къудейуэ зэрыщытымкIэ щIиуфащ.

  • Жылагъуэ гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм ущыгъуэзэну, уи нэкIэ плъагъуну ухуеймэ, цIыхубэ транспортым хуэдэу ар къэзыгъэнаIуэ къэгъуэтыгъуейщ. Зы ныбжь гуэрым нэсахэм ди нэгу щIэкIащ автобус фIэкIа щыземыкIуа лъэхъэнэри япэ маршрут таксихэр къыщежьари.
  • Лыхь Людэ къиIуэтэжа хъыбарым теухуауэ жытIэмэ, пэж дыдэу ЕГЭ-ми зэманми лажьэ яIэкъым, псори къыщежьар мис а хъыджэбз цIыкIум и анэм дежщ, жытIэнри мащIэу къыщIэкIынущ. Унагъуэм псори къызэрыщежьэр гурыIуэгъуэщ, ауэ сыт хуэдизрэ тлъагъурэ адэ-анэ щэныфIэхэм бын жьэшхуэ къащIэхъуэу. Пхъум ищIам анэр иримыукIытауэ щыткъым, ар зэригъэзэхуэжын Iэмал къилъыхъуэу ЕГЭ-р тегъэщIапIэ щищIакIэ. Игъуэтар арат. Жылэр зэхэту анэм апхуэдэу епсалъэм ар и щыпэщIэкъым икIи фIыуэ къыгуроIуэ ар къызэрыхуэгъунур. Ар еджапIэ щIэтIысхьэнущ, апхуэдэ къабзэу а зыхыхьэхэм яхущытынри хэлъщ. Унагъуэ ихьэнущ — къыкIэлъыкIуэнур, псалъэ лей хуэмейуэ, гурыIуэгъуэщ.
  • Ди лъэпкъыр зыгъэдэхар адыгэ бзылъхугъэхэм яхэлъа щэнымрэ Iэдэбагъымрэщ. БалигъыпIэ иува хъыджэбзыр гурымыкъмэ, пхъашэмэ, нэмысыншэмэ, зэхищIыкIыну Iэмал щыIэххэмэ, къезэгъымрэ къемызэгъымрэ гурагъэIуэн хуейщ дахэкIэ. дахэр мыхъумэ… Апхуэдэхэм деж адэ-анэр ауэ къэгъэнауэ, нанэ-дадэхэм я псалъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ди адыгэ щэным «и куцIыжьыр» гъэкIуэдыгъуафIэкъым.
  • Махуэ гуэрым ди лэжьэгъухэм ящыщ зы къыщIыхьащ, губжьауэ. Ари щIэшхыдэр Людэ зрихьэлIам хуэдэ гуэрт.
  • — КъызбгъурытIысхьа хъыджэбз цIыкIум си лъапэр пиутыкIащ. Дапщэрэ зыхуэзгъэза уи лъакъуэр и пIэм игъэувэ, жысIэурэ — зыри къикIакъым, нэхъри нэхъ Iеижу къыстеува мыхъумэ. Сыт а намысыншэхэм епщIэ хъунур? ДэнэкIи зыщыплъыхьи, плъагъур аращ», — сабэр дрипхъеящ.
  • ЛэжьапIэ нэужьым абы жиIахэм сегупсысурэ унэм сынэблэгъэжащ. НэщI мазэт, хэщхьэжыгъуэми нэсат. А дакъикъэм хуэдэу псы сыхуэлIауэ сщIэжыртэкъым. Светофорым деж сыкъэувыIауэ сыздэщытым, зы машинэ псынщIэ дахэ зыкъыщигъэшри, си пащхьэм къыщыувыIащ. КъиувыкIа щIалэ цIыкIур къызбгъэдыхьэри, псы бащрыбэ щIыIэ гуапэу къысхуишиящ, кхъыIэ, мыр къащтэ, псынэпс къабзэщ, уефэнщ жери. Пэж дыдэу бащрыбэми тетт зэрыпсынэпсыр. Апхуэдизу сызыхуэлIа псымрэ а напIэзыпIэм абдеж къыщыхутэу ар къысхуэзышия щIалэ гъуэгурыкIуэ мыцIыхумрэ я зрихьэлIэкIар телъыджэ къысщыхъуат. Ар щIыжысIэращи, ди щIалэгъуалэр фIыщ. Гур зэзыгъабгъэ къахэкIми, фIыр щапхъэ яхуэхъуну дыщыгугъынщ.
  • Хъыджэбз цIыкIум къызыкъуихар тэмэмкъым. Дунейр гугъу хъуащи, цIыхур, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр, абы тэмакъкIэщI йохъулIэ, итIанэ япэрей узыншагъэр абыхэм ябгъэдэлъкъым», — жаIэу куэдрэ урохьэлIэ. Абыи пэж гуэр хэлъу къыщIэкIынщ, ауэ ныбжьыщIэхэм зэхащIыкIын хуейт зауэрэ гъаблэрэ щыщымыIэкIэ, яхуэмыхьынрэ яхуэмышэчынрэ къазэрыжьэхэмыуэр. Ди нэхъыжьхэр зыпхыкIамрэ ятелъа гугъуехьхэмрэ еплъытмэ, шэнт утесу укIуэжыныр сытым щыщ?! Гукъеуэр къэзытхам зэрыжиIащи, къыпхуэмыбжыжын хуэдэу куэд дэкIакъым автобусхэр къуажэхэм махуэм зыбжанэрэ фIэкIа дэмыхьэу зэрыщытарэ. ЩIалэгъуалэм тIысын хуейуэ ягу къэкIыххэртэкъым икIи, нэхъыжьхэр къанэу, тIысыпIэ къалъысыххэнутэкъым. абы щхьэкIэ еджэни щIэныгъэ зрагъэгъуэтыни къэнакъым.
  • Нэмысымрэ щэнымрэ я хъумакIуэ къуажэхэр ауэ къэгъэнауэ, гур хохъуэ къалэ транспортым ис щIалэгъуалэм гуапэу нэхъыжьхэр зэрагъэтIысыр е тIысыпIэр къащемэщIэкIкIэ, зэкIэщIэкIуэтрэ къащхьэщытыр яку дагъэтIысхьэу щыплъагъукIэ. Къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэпызыщIэ маршрут транспортхэр зэрызекIуэр апхуэдэ защIэущ, уеблэмэ цIыхуитIым хуащIа тIысыпIэм цIыхуищ тесын хуейуэ фIэкIа ямыщIэжыххэу: сыт хуэдиз маршруткэ тетами, пщэдджыжьыпэм еджакIуэхэри, лэжьакIуэхэри, бэзэракIуэхэри зэгъусэу къытоувэ, псори зы зэманым къыдэкIын хуейуэ. Ар езы щIалэгъуалэми ялъагъу, Iуэху щытыкIэр къагурыIуэу, шыIэныгъэ дэтхэнэ зыми яхэлъын хуейуэ.
  • Махуэ гуэрым троллейбусым зы урыс нанэ къитIысхьащ. ТIысипIэ икIэмкIэ иIэт, ауэ абы нэси дамыгъэхьэу, ипэм щыс щIалэ цIыкIуитIыр къыщылъэтри ягъэтIысащ.
  • — Сэ мы щIыпIэм сыщыщкъым, — жиIащ абы, — ауэ щIэх-щIэхыурэ си Iыхьлым и деж сыкъокIуэ. Сэ щIыналъэ куэд къызэхэскIухьащи, мыбы щыпсэу цIыхухэм хуэдэу гъэсарэ фIырэ зыщIыпIи сыщрихьэлIакъым. Фи щIалэгъуалэри апхуэдэщ!
  • ФIыр щынэхъыбэкIэ, а хъыджэбз цIыкIуми апхуэдэхэр щапхъэ хуэхъуну дыщыгугъынщ.
  • Шэрэдж Дисэ.