КъалэныщIэхэр егъэнаIуэ
2015-12-08
- Илъэс къэси хуэдэу, УФ-м и Президент Путин Владимир дыгъэгъазэм и 3-м Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым зыхуигъэзащ. Къэрал зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ куэд къыщыгъэнэIуа Зэрызыхуигъазэм щынэхъыщхьэхэм ящыщщ экономикэмрэ къэрал щIыб политикэмрэ епхахэр. Абыхэм къадэкIуэу абы къыщыгъэлъэгъуащ щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ ехьэлIа Iуэхугъуэхэри.
- Ди къэралым щекIуэкI демографие политикэм мыхьэнэшхуэ щызиIэхэм ящыщу Президентым къыхигъэщхьэхукIащ школ кIуэгъуэ ныбжьым щадэлажьэ IэнатIэр адэкIи егъэфIэкIуэн зэрыхуейр. Дэфтэрым зэрыщыжыIамкIэ, блэкIа илъэси 3-м къриубыдэу сабий садхэм кIуэну Iэмал ягъуэтащ иджыри цIыкIу мин 800-м щIигъум, ауэ а унэтIыныгъэр дяпэкIи гулъытэншэ ящIынукъым.
- Сабий зэчиифIэхэр лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъугъуэфIыгъуэу зэрыщытыр къыхигъэщу, Президентыр тепсэлъыхьыжащ Сочэ щыIэ «Сириус» ныбжьыщIэ центрым щекIуэкIа зэIущIэ хьэлэмэтым икIи жиIащ ипэжыпIэкIэ гупсысэ хьэлэмэт, мурад лъагэхэр зиIэ щIэблэ къэралым къызэритаджэр, абыхэм я ехъулIэныгъэхэм ар икъукIэ зэрыщыгуфIыкIыр. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыт дэтхэнэми къытхуэгъэзащ абы и псалъэхэр: «Иджырей школакIуэм щIэныгъэ куу, творческэ зыужьыныгъэ лъагэ игъуэтын папщIэ, Iэмал псори етын хуейщ, ар зыщыпсэу щIыпIэмрэ къызыхэкIа унагъуэм ябгъэдэлъ мылъкумрэ емылъытауэ».
- Зэрызыхуигъазэм увыпIэ хэха щеубыд егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр къызыхуэтыншэу лэжьэн папщIэ, зыхуей-зыхуэныкъуэ техникэрэ IэмэпсымэхэмкIэ нэсу къызэгъэпэщыным. Президентым зэрыжиIамкIэ, еджапIэхэр, гъэсапIэхэр егъэфIэкIуэным, зэгъэпэщыжыным, щIэхэр ухуэным илъэс къакIуэ хухахынущ федеральнэ мылъкум щыщу сом мелард 50-м нэс. КъинэмыщIауэ, дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуащ егъэджэныгъэм и фIагъым хэгъэхъуэнымкIэ, егъэджакIуэм и пщIэр жылагъуэм къыщыIэтынымкIэ, ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ гуэдзэн егъэгъуэтынымкIэ, экономикэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ дяпэкIэ лэжьыпхъэхэр.
- ЖыпIэнурамэ, УФ-м и Президентым УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзар ди дежкIэ мурадыщIэхэр дэзыгъэщI, лъагапIэщIэхэр зыIэрыдгъэхьэным дыкъыхуезыджэ дэфтэр нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Апхуэдэу абы къыщыгъэлъэгъуа куэдым тетщIыхьынущ илъэсыщIэм щызыхуэдгъэувыжыну къалэнхэри.
- ШЫБЗЫХЪУЭ Иннэ,
- УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м и унафэщI.