Тырку Республикэм къиIэпхъукIыжауэ Урысей Федерацэм (Адыгэ Республикэм, Къэбэрдей-БалъкъэрРеспубликэм) щыпсэухэм урысей-тырку зэхущытыкIэхэр зэрызэIыхьам теухуауэ жаIар
2016-01-23
- 2015 гъэм щэкIуэгъуэм и 24-м Тыркум и хьэуа къарухэм Сириемрэ Тыркумрэ я гъунапкъэм хуэзэу Урысей Федерацэм и дзэм хиубыдэ кхъухьлъатэ къыщраудыхащ. Кхъухьлъатэр Сирием и щIыналъэм щехуэхащ икIи террористхэм урысей кхъухьлъатэзехуэмрэ кхъухьлъатэр къалъыхъуэжыным икIи абы исахэр къегъэлыным хэта офицерымрэ яукIащ. Нобэм къэс а къэхъукъащIэр дунейпсо хабзэхэм тету ягъэзэкIуэжакъым. ЛъэныкъуитIыр зэгурыIуэжын папщIэ зэфIагъэкIын хуейуэ Урысей Федерацэм и Президент Путин В. В. къигъэувахэр Тыркум и унафэщIхэм къалъытэн ядэркъым.
- Урысеймрэ Тыркумрэ я зэхущытыкIэхэр, зэи хуэмыдэу, зэIыхьащ, Урысейм и гъунэгъу къэралым хуиIэ пыщIэныгъэхэр зыгъэмащIэ мардэхэр къигъэуващ, къэралитIми зыщаубгъуащ зэгурымыIуэныгъэхэр нэхъри зэщIэзыгъэст информацэ лэжьыгъэхэм. Абы къыхэкIыу дэ, Тырку Республикэм щалъхуа, иджы Урысей Федерацэм щыпсэу адыгэхэм, къэралитIым я иджырей зэхущытыкIэхэм дызэреплъыр жытIапхъэу къыдолъытэ.
- Псори щыгъуазэщ мы зэгурымыIуэныгъэр къэхъуху, иужьрей илъэс тIощI хуэдизым къриубыдэу, УФ-м и Президент Путин В. В., Тыркум и Президент Эрдоган ТI. Р. сымэ я фIыщIэкIэ Урысей Федерацэмрэ Тырку Республикэмрэ я зэпыщIэныгъэхэм, япэкIэ къэралитIым я тхыдэм зэи къыщымыхъуауэ, фIыуэ зэрызаужьам. А зэхущытыкIэхэр официальнэ псалъэмакъхэм къыщагъэлъагъуэрт стратегие лъабжьэ зиIэ зэдэлэжьэныгъэу.
- Урысеймрэ Тыркумрэ я Iэтащхьэхэм я фIыщIэкIэ мы щIыналъэм зэпIэзэрытыгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ щызэтегъэувэным хуэгъэзауэ лэжьыгъэшхуэ екIуэкIащ. КъэралитIым я экономикэ зэдэлэжьэныгъэм хиубыдэу абыхэм яку дэлъ сатум зэрызиубгъуам и мызакъуэу, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ энергетикэ проектхэр ягъэзэщIэн щIадзащ, Урысеймрэ Тыркумрэ яку дэлъ политикэ, щэнхабзэ, гуманитар зэпыщIэныгъэхэм псынщIэу заужьу хуежьащ.
- Къэгъэлъэгъуапхъэщ иужьрей илъэсхэм апхуэдэу тэмэму Урысей Федерацэм къызэрыдэлэжьам Тыркум и политикэ, экономикэ зэфIэкIым зэрыхигъэхъуар, энергие къилэжьынымкIэ хэкIыпIэхэр зимыIэ а къэралыр энергоресурс нэхъыбэ зэблэзыгъэкIыу дуней псом щыIэхэм ящыщ зэрыхъуар. Атом энергетикэм и IэнатIэм хиубыдэ проектхэр гъэзэщIэным Тыркум къыхузэIуех урысей технологие пэрытыр къэгъэсэбэпынымкIэ зэфIэкIыщIэхэр. КъэралитIым я цIыхухэр визэ хэмыту зэкIэлъыкIуэу зэрыхуежьам щэнхабзэ-гуманитар зэдэлэжьэныгъэм зригъэужьащ, къызэрыгуэкI цIыхухэри нэхъ зэрыщIэ хъуащ икIи абы псом хуэмыдэу адыгэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. А щIыкIэм тету, къэралитIым щыпсэухэм нэгъэсауэ зыхащIащ зэпыщIэныгъэхэмрэ стратегие зэдэлэжьэныгъэмрэ мыкIуэщIыж фIыгъуэхэр къазэрыдэкIуэр.
- Урысей-тырку зэпыщIэныгъэхэр зэрызэIыхьэрэ блэкIа зэман кIэщIым дэ псоми къыдгурыIуащ дгъэкIуэдар зищIысыр, адэкIи апхуэдэу екIуэкIмэ, тфIэкIуэдынур зыхуэдизыр.
- Дзыхь зэхуэщIынымрэ зэдэлэжьэнымрэ ятещIыхьауэ урысей-тырку зэпыщIэныгъэхэм апхуэдэу псынщIэу зыщаужь лъэхъэнэм Тыркум и хьэуа къарухэр урысей кхъухьлъатэм зэреуар икIи апхуэдэ гузэвэгъуэ къызэрагъэхъуар зэрыбгъэзэхуэн щыIэкъым, абы и щхьэусыгъуэри акъылым къыпхуигъэтIасэркъым. Урысей къэралымрэ абы IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэмрэ я мурадауэ къыщIэкIынукъым Тыркум и суверенитетым, и щIыналъэр зэкъуэудыным, шынагъуэ къытегъэхьэным хуэгъэза гуэрхэр ялэжьыну, апхуэдэ Iуэхуи зэрахуакъым. Абы зэIухауэ щыхьэт тохъуэ дуней псом щыцIэрыIуэ унафэщIхэр, тыркубзэр зыIурылъ къэралхэу Къэзахъстаным, Къыргъызым, Азербайджаным я Iэтащхьэхэри яхэту. Тыркум хуэгъэза урысей политикэр иужьрей илъэсипщI бжыгъэм зытеухуауэ щытар къэралитIым я зэпыщIэныгъэхэм зэпымыууэ зегъэужьынырщ икIи апхуэдэ политикэм Тыркум дунейпсо утыкум щиIэ пщIэмрэ зэфIэкIымрэ къиIэтащ.
- Псоми гу лъатапхъэщ Урысеймрэ Тыркумрэ я сэбэп зыхэлъхэм зыкIи къемызэгъ зэгурыIуэныгъэр а къэралитIми я бий гупу нэгъуэщI къэрал зыбжанэм щыIэхэм, политикэ IэнатIэхэм, лъэпкъ щхьэхуэхэм къызэрагъэсэбэпыр, лъэныкъуитIми я зэпэщIэтыныгъэр нэхъри зэщIагъэстын папщIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр къызэрызэщIаIэтэр икIи цIыхубэм яку лъагъумыхъуныгъэмрэ зэбиинымрэ зэрыдалъхьэр.
- Абы къыхэкIыу, Тыркум захуагъэмрэ хабзэмрэ Iуэхур трищIыхьын, езым и сэбэп зыхэлъхэр къилъытэн икIи и хьэуа къарухэр Урысей Федерацэм и кхъухьлъатэм еуэу апхуэдэ щIэщхъушхуэ зэралэжьар жиIэн хуейуэ къыдолъытэ. Тыркум ипшыныжыпхъэщ Урысейм кърита хэщIыныгъэр, зи бынхэр зеиншэу къэна, щхьэгъусэхэмрэ анэхэмрэ яфIэкIуэда дзэ къулыкъущIэхэм я унагъуэхэм я хэщIыныгъэхэри хэту.
- Дэ къыдолъытэ ди къэралхэм я зэхущытыкIэхэр зэрыщытам хуэдэу зэтрагъэувэжу стратегие зэдэлэжьэныгъэм хуэкIуэжын, а зэпыщIэныгъэхэр зыгъэмащIэ мардэхэр Iуахыжын, визэ хэмыту зэкIэлъыкIуэныр ирагъэжьэжын хуейуэ. Лъэны-
- къуитIми икIэщIыпIэкIэ щIадзэжын хуейщ дунейпсо энергетикэм, атом промышленностым, сатум я лъэныкъуэкIэ нэхъ япэкIэ утыку къралъхьауэ щыта проектхэр гъэзэщIэныр. Урысеймрэ Тыркумрэ я къалэнщ дунейпсо, щIыналъэ шынагъуэншагъэр гъэбыдэным, дунейпсо терроризмэм зэщIыгъуу ебэныным икIэщIыпIэкIэ щIадзэжыну. КъэралитIми я унафэщIхэм псалъэ ткIыбжьхэр къагъэнэн икIи къэрал цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм ирагъэжьа информацэ зауэр къызэпаудын хуейщ.
- А къэдгъэлъэгъуа Iуэхухэрщ урысей-тырку зэгурымыIуэныгъэхэр къызэнэкIынымкIэ иджыпсту дэ хэкIыпIэу къэтлъытэр. Ар захуагъэм тещIыхьащ икIи Урысеймрэ Тыркумрэ я сэбэп зыхэлъ Iуэху нэхъыщхьэхэм нэгъэсауэ йозэгъ. Ди къэралхэр зэбииным хуэгъэза политикэ ерыщу икIи къэмылэнджэжу езыгъэкIуэкIхэм, зэгурымыIуэныгъэхэр нэхъри куу ящIыну, цIыхухэр зэщагъэхьэну хущIэкъухэм я мурадхэр къехъулIэнукъым. Мы ди Iуэху еплъыкIэр къыддаIыгъыну дэ къыхудоджэ фIым хущIэкъу цIыхуу Урысейми Тыркуми исхэр.
- Псори зэхэту мы тхыгъэм Iэ щIадзащ цIыхуи 152-м, абыхэм
- Тыркум къикIыжа адыгэу КъБР-м щыпсэу цIыху 68-мрэ яхэту.