ФIэщхъуныгъэ къытхелъхьэ
2015-12-12
- Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Азубэч МуIэед:
- Урысей Федерацэм и Президентым УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам щыубзыхуахэр дунейпсо, къэрал кIуэцI Iуэхухэм зэпкърыхауэ поджэж. Абыхэм щыщIэгъэбыдащ лъэпкъ гупсысэ лъэщыр — хэкур фIыуэ лъагъуным, хъумэжыным, егъэфIэкIуэным хуэгъэпса фIэщхъуныгъэр. Президентым къигъэувхэр къэрал щIыб, къэрал кIуэцI Iуэху куэдым джэлэс яхуохъу. Абыхэм ди цIыхухэр нэхъри зэрызэкъуагъэувэнум шэч хэлъкъым.
- Къэралым къыпэщыт къалэнхэр куууэ икIи зэщхьэщыхауэ игъэбелджылащ. Апхуэдэщ нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщытщэху продукцэм и пIэм иувэнухэр къыщIэгъэкIыным, ди деж щагъэхьэзырхэм я фIагъым хэгъэхъуэным егугъун зэрыхуейр. Путин Владимир дыкъыхуреджэ IэнатIэ псоми зэдэууэ зедгъэужьыну, ди IэдакъэщIэкIхэр дунейпсо рынокым щыпхыдгъэкIыну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, экономикэр нэрылъагъуу къэзыIэтыну бизнес проект инхэр къэралым щыдгъэзэщIэн хуейщ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр мэкъумэш щIыналъэщ, ди гъавэгъэкIхэмрэ Iэщыхъуэхэмрэ я зэфIэкIыр зэIэпахыу илъэс куэдкIэ къекIуэкIащ. ДэIэпыкъуныгъэ ягъуэтмэ, апхуэдэ ехъулIэныгъэ дяпэкIи зэраIэнум шэч къытесхьэркъым.
- Тырныауз вольфрам-молибден комбинатыр егъэжьэжыным къэралымрэ республикэмрэ я унафэщIхэм къаруушхуэ ирахьэлIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыгушхуэу щыта а къыщIэхыпIэр щаутIыпщыжынум ди щIыналъэм и цIыхухэр темыпыIэу поплъэ.
- Президентым гулъытэ хэха хуищIащ хьэрычэт IэнатIэ цIыкIухэмрэ курытхэмрэ зегъэужьыным, цIыхухэм, псом япэу хуэмыщIахэм, къащхьэщыжыным, еджапIэхэр, сабий гъэсапIэхэр ухуэным, унагъуэр, анагъэр дэIыгъыным пыщIа Iуэхухэмрэ гъащIэм къигъэув нэгъуэщI къалэнхэмрэ. Ахэр зэуIуу гъэзэщIа хъумэ, къэралыр лъэщу япэкIэ кIуэтэнущ. Абы фIэщхъуныгъэ къытхелъхьэ.