ЯгъэIуа хъыбарыр пэжкъым
2018-05-15
- Иджыблагъэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэпрадзыжащ «Полк уахътыншэ» зэхыхьэр иуха нэужь ветеранхэм я сурэтхэр Бахъсэн и уэрамхэм хыфIадзэжауэ къыщагъуэта хуэдэу. Бахъсэн къалэм и щIыналъэ администрацэм зэрыщыжаIамкIэ, ар пцIы зэфэзэщщ.
- Мы гъэм «Полк уахътыншэм» и сатырхэм хэту Бахъсэн къалэм и уэрамым кърикIуащ абы и япэ илъэсым елъытауэ хуэдищкIэ нэхъыбэ — цIыху мин 16-м нэблагъэ. Апхуэдиз цIыхур зэхуэзышэсар администрацэм и текъузэныгъэркъым, атIэ абыхэм хэкур зыхъума, абы фашистхэр изыгъэкъэбзыкIыжа ди лIыхъужьхэм я фэеплъыр ягу зэрилъырщ.
- Махуэшхуэм и пэ къихуэу къалэ администрацэм къыщыIахащ «Полк уахътыншэм» хэтынухэм я заявкэхэмрэ абыхэм яIыгъыну сурэтхэмрэ. Абыхэм япкъ иткIэ администрацэм и унэм и щIыхьэпIэм деж къыщызэрагъэпэщащ «Полк уахътын-шэм» и фэеплъ блыныр».
- Зи сурэтхэр Интернетым къралъхьа ветеранхэу Яхэгуауэ М. У., Джатокъуэ М. Хь., КIуэкIуэ Хь. Хь. сымэ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа спискэм хэткъым. Абы къегъэлъагъуэ республикэм щызэпрадзыжа хъыбар мыщхьэмыпэр зэрымыпэжыр. А псоми къадэкIуэу къыхэгъэщыпхъэщ Интернетым къралъхьахэр Бахъсэн къалэм къызэрыщыхъуам и щыхьэту зыри зэрыщымыIэри.
- КIэщIу жыпIэмэ, лъабжьэ зимыIэ хъыбарыр къэзыгупсысахэм Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэеплъыр ягъэпудащ, цIыхубэ гуфIэгъуэр езыхэм я мурад фIейхэм хуэгъэзауэ къагъэсэбэпыну хэтащ.
- КъБР-м и Бахъсэн къалэ
- щIыналъэ администрацэ.