«МыкIуэдыжын лъэужь» тхыгъэм пызощэ
2018-02-20
- ЩIышылэм и 23-м къыдэкIа «Адыгэ псалъэ» газетым тетащ Кавказ Ищхъэрэми хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм ялъытэ цIыху щэджащэ КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ илъэсищэ зэрырикъуам теухуа тхыгъэ.
- IутIыж Борис Зырамыку хуиуса усэм къыхэщащ ар гъущIым хуэ-дэу зэрылIы быдэ цIыкIури, цIыкIу щхьэкIэ зэрыинри, инхэм абы зэрырамыкуфри, нэгъуэщI куэди. Сэри сыхуейт, тхыгъэм сыпэджэжу, зи гугъу ямыщIыщауэ Зырамыку бгъэдэлъа зэфIэкIхэм ящыщ зыгуэрхэм фыщызгъэгъуэзэну.
- Ар ди щIыналъэм исхэм къыщацIыхуар 1940 гъэхэрщ. Ди къуажэ цIэрыIуэмрэ си къуажэгъухэмрэ ятеухуауэ Максимов П. 1934 гъэм Дон Iус Ростов къалэм къыщыдигъэкIа «Аул Псыгансу» тхылъым Зырамыку и цIэр иткъым, абы щыгъуэм ар илъэс 16 фIэкI хъуртэкъым. КъардэнгъущIым хуэфIар 40 гъэхэрщ. А зэманым абы къиухащ ГИТИС-р, и къуажэгъу щIалиплI и гъусэу. Сонэхэ Мухьэрбийрэ Баширрэ, Болэ Мурат, Хьэсанэ Хьэбашэ сымэт ар зыщIыгъуар. Сонэ зэкъуэшхэм нэхърэ мынэхъ мащIэу, Зырамыкурэ Хьэбашэри къуэш зэхуэхъуами ярейт. ЗыхуэмыхъупIи иIэт?! Къуажэ школым Зырамыку щезыгъэджахэм ящыщт ар. ИужькIэ институтми щызэдеджат, куэд дэмыкIыуи университетыр къызэдаухыжат. КъэкIуэжа иужькIэ, а тIум адыгэбзэкIэ зэрадзэкIыжауэ щытащ артист цIэрыIуэ хъуа Болэ Мурат игъэзэщIа Лениным и ролыр.
- Зырамыку институтым щIэсу итхауэ щыта «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» пьесэр Москва кърихыжри, Къэбэрдей театрым щагъэуващ а гъэ дыдэм. Диплом плъыжькIэ еджапIэр къыщиухым итха пьесэм щхьэкIэ абы къратащ гонорару ахъшэфI. Ар Зырамыку и къуэш нэхъыжь, къуажэ унафэщI Мурид иритри, иригъэхъумат. Зауэр къыщыхъеям щыгъуэ, фронтым дэIэпыкъун щхьэкIэ къызэрагъэпэща фондым а ахъшэр хилъхьащ икIи Командующэ Нэхъыщхьэм фIыщIэ тхылъ къыхуигъэхьыжащ.
- Зырамыку и ныбжьым хуумы-гъэфэщэн зэфIэкI зэрыбгъэдэлъыр школым наIуэ къэхъуат. Зэгуэрым 4-нэ классым щIэс- хэр географиемкIэ езыгъаджэм нэгузыужьакIуэ губгъуэм ишат. Джэгуным дихьэха сабийхэм дерсымкIэ унэ лэжьыгъэр Iэпэдэгъэлэл ящIащ. Классым къыщIыхьэри егъэджакIуэм Зыра-мыку зыкъыхуигъэзащ географиемкIэ зригъэщIар къиIуэтэ-
- жыну. КъэуIэбжьа-къэуIэбжьауэ ар къэтэджри къэхъуам пэджэ- жу усэ пычыгъуэ цIыкIу жиIащ, егъэджакIуэм ехъурджауэу:
- Сабий гупыр драшажьэри,
- Нэгузыужь дыщагъэIащ.
- Дыкъэсыжым — дерсыр фщIэрэ?
- ЖыпIэу щхьэ укъытпежьа?
- ЗэдгъэщIэнут географиер,
- Джэгум дыдимыхьэхам.
- Къытхуэгъэгъу докъуэншэкIамэ,
- Уэри укъытхуэткIиящ.
- Зэклассэгъухэм ягъэщIэгъуащ абы усэ зэрызэхилъхьэфар, езы Зырамыкуи доскам кIэрыувауэ иджар «къиIуэтэжырт». ЖиIэрт Шэрэдж нэхърэ нэхъ псышхуэ Урысейм имыIэу, икIи куэд дэмыкIыу кхъухьышхуэхэр щызе-кIуэу трагъэувэну. Япэ партэм дэс щIалэ цIыкIур абы и джанэ-кIэм къеIэрт, пцIы умыупс жыхуиIэу. ЕгъэджакIуэми ищIэрт Зырамыку зэрыпсынщIэ цIыкIур, зэрыгурыхуэр. ПлIы хуигъэувауэ щигъэтIысыжым аргуэру зы усэ къеджащ:
- Мис аращ, мис аращ —
- Уэ пхуэфащэ къыпщыщIащ.
- Зы сымыщIэу, семыджауэ
- ОценкэфIыр къыпфIэсхьащ.
- Куэд дэмыкIыу Зырамыку зэхихат адрей классым щIэс гуэрхэр урысыбзэм хуэмышэрыуэу, глагол псалъэхэм я кIэм, «л» хьэрфым иужькIэ, «ь» дамыгъэр зэрыпагъэувэр. Абыхэм яхузэхилъхьауэ щытащ:
- Арифметикэр не решаль,
- Урысыбзэр не писаль,
- Адыгэбзэр не читаль,
- Адрейхэри не видаль.
- Абы иужькIэ школым щIэсхэр къэгузэват: «ЕджэнымкIэ ухуэмыхумэ, Зырамыку къыптетхыхьынущ», — жаIэу. КъэрдэнгъущI ныбжьэгъухэр къызэрыхихыр я ныбжьым елъытауэтэкъым — дэтхэнэри езым зэрыхуэфащэт. Дэнэ сыщыхуэзэми пщIэ къысхуищIу сызыбгъэдигъэувэрт, езым нэхърэ илъэсибгъукIэ сынэхъыщIэу щытми. Куэдым къысхутепсэлъыхьырт, сымыщIэр къызгуригъаIуэрт. Зэгуэрым дыуэщI ди къуажэм щы- Iэу абы дыщызэхуэзат. Зеикъуэ къикIа лIы гупышхуэм дыуэ ящIри, гуауэр зейхэм я Iэр яубыдурэ яхуэгузавэу щIадзащ, IэплIэ езышэкIи яхэту. Iэубыдыр зэфIэкIыху къызэтеувыIэн хуей хъуауэ зы гуп уэрамым дэтщ. Абы гу лъызыта Зырамыку къызэупщIащ: «Мо зеикъуэдэсхэм я хабзэр плъагъурэ?» Абыхэм яхуиусат дыздэщысым пычыгъуэ цIыкIу.
- ХабзэмыщIэм гуауэ зиIэм
- и Iэр егъэсыс,
- Хуэмыфащэми, жьантIэм макIуэ,
- яфIотIыс.
- Сэри зэхэсхат зыгуэр емыкIуу зэрыдыхьэшхари, адрей гуэри ягъэшхэну Iэнэм щагъэтIысым, игу ирихьа лы Iыхьэм и деж зригъэхуэхауэ зэрымыкIуатэри слъэгъуати:
- ХабзэмыщIэр гуауэ пщIантIэм щодыхьэшх,
- Шхэну тIысым имыIыхьэри яфIешх, — жысIэри пысщащ. Си гугъащ Зырамыку и губгъэн къэсхьауэ, ауэ и гуапэ хъуауэ пыгуфIыкIащ.
- Сыт хуэдиз Зырамыку щхьэкIэ жыпIэми, узыхуей псори къыпхуэIуэтэнукъым. Илъэс 80 щыхъум курыт еджапIэ №1-м пшыхь щекIуэкIауэ щытащ. Зырамыку къыщыпсалъэм щыгъуэ жиIат щIалэгъуалэр зыгъэсэну пщэ-рылъ зыхуащIа языныкъуэ егъэджакIуэхэр сабийм щIэныгъэ бгъэдалъхьэну зэрыхэмытыр. Игъэунэхуауэ жиIэжырт езыр езыгъаджэхэм яхэтауэ сабийхэм Iэхъуэ фIэкIа мыхъуну яжезыIэ, былымым хуигъадэу, шыдыкIэр игъэкIэрахъуэу дэтыну яхуэзыгъэфащэ. Щхьэхуэу, хуабэу тепсэлъыхьырт нэгъуэщI егъэджакIуэхэм, я псэми зэманми емыблэжу еджакIуэхэм яхэтахэм. Зырамыку жиIэрт щIэныгъэ лъагэ зэбгъэгъуэтын щхьэкIэ, ерыщу гугъуехьым упэщIэтын зэрыхуейр. Хьэтмашэ лIыжьым зэрыжиIэу щытам хуэдэу, ущыгъуэлъыжкIэ тхылъыр щхьэнтэ лъабжьэм щIэплъхьэрэ, абы итыр уи щхьэм къихьауэ нэху укъекIыну тхьэ уелъэIукIэ зэрызэфIэмыкIынур. Гугъущ Зырамыку утепсэлъыхьыну, утетхыхьыну, куэд нытхуэнэмыгъэсауэ къонэри.
- Зырамыку цIыкIу щхьэкIэ инт,
- Инхэм яхуимыгъэкIуэтт,
- Зызыгъэтутхэр
- езыгъэкIуэтэкIт,
- ГъукIэ Лъэпщ ипсыхьат,
- Псыри мафIэри
- игъэIурыщIэу
- ЩIэныгъэм и лъагапIэм
- нэсат.
- Пашэу, пэрыту есат,
- Саугъэт куэди лъысат,
- Зауэм лIыхъужьу хэтат,
- ГъащIэми щыпэрытат.
- И гушыIэри дахэт Зырамыку, и гъащIэм гуауэ куэд хэтами. ЩыцIыкIум, нэхъ ин гуэрхэр къезэуэну хуежьэмэ, яжриIэрт: «ЛIыгъэ уиIэмэ, нэхъ иным езэуэф». НэгъуэщIхэми ябгъэдыхьэм ядэгушыIэрт: «Уэрэ сэрэ нэхъ лIыфI ди къуажэм зэрыдэмысыр пщIэрэ?» — жиIэу.
- КъэрдэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ илъэсищэ зэрырикъур иджыри щагъэлъапIэ район, къалэ IуэхущIапIэхэм, абыхэм ятеу-хуахэр, итхахэр газетхэм къытохуэ.
- ЖЭНТЕМЫРОКЪУЭ Бетэ.