Сэхъурокъуэ Хьэутий: Ди зэхуаку дэлъ пщIэмрэ дзыхьымрэ зэтедгъэувэжын хуейщ
2013-03-14
- Ди газетым зэрытетащи («АП», мазаем и 27), «Кавказым щызэдэлажьэхэр» мыкоммерцэ дарэгъу организацэм и жэрдэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхьэщIащ эксперт-щхьэхуит, «Куржым и гугъапIэхэр» экономикэ программэм и унафэщI, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Гиорхелидзе Демур, Евразие институтым и лIыкIуэ, публицист Апхаидзе Шота, «Кавказым щызэдэлажьэхэр» мыкоммерцэ IуэхущIапIэм и унафэщI, Москва къалэм дунейпсо зэхущытыкIэхэмкIэ и къэрал институтым Кавказыр джынымкIэ и центрым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Силаев Николай сымэ.
- Куржы къэралыгъуэм и лIыкIуэхэр къызытекIухьар Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкI Iуэхухэр зрагъэщIэну, цIыхухэм я гупсысэкIэм зыщагъэгъуэзэну, езыхэм я Iуэху зытетыр гъунэгъу хэгъуэгухэм щыпсэухэм ирагъэщIэну арат. Ахэр КъБКъУ-м щаIущIащ егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щыIахэщ.
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIа зэIущIэм хэтащ абы и унафэщI Тау Пщыкъан, абы и къуэдзэ Аттаев Жэмал, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ, «Вече» урыс щэнхабзэ зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Канунников Анатолэ, КъБЩIИ-м и унафэщI Иуан Петр, КъЖЗЗС-м и тхьэмадэ Къалмыкъ Жылэбий, жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Заурбий сымэ, нэгъуэщIхэри.
- ДАХ-м и тхьэмадэм зэIущIэм щыжиIар къызэщIэгъэстакIуэ зыбжанэм зэхьэкIауэ цIыхубэм зэрыхагъэIуам къыхэкIкIэ, тыдодзэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къипсэлъар.
- «ПщIэ зыхуэтщI ди хьэщIэ лъапIэхэ, Куржым и лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыкIуар мыхьэнэ ин зиIэ Iуэхущ. 1993 гъэм, Шевардна-дзе Эдуард и тетыгъуэм и иужьрей мазэхэм ирихьэлIэу, екIуэкIа «Туризмым и гъуэгукIэ Кавказым — мамырыгъэ» дунейпсо зэхыхьэм хэтыну ди лъахэм никIа лIыкIуэхэм сраунафэщIу Тбилиси сыщыIат. КъБР-м и унафэщIхэм ящыщхэр абы лъандэрэ нэкIуакъым фи деж.
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, иужькIэ куржы-абхъаз зэпэщIэтыныгъэхэр къэхъейри, ди зэхущытыкIэхэм захъуэжащ. ЗэрыжаIэщи, зэманым псори зэрегъэзэхуэж. Сэ сызэрегупсысымкIэ, нэхъыщхьэр блэкIам и щыуагъэхэм къытедмыгъэзэжынырщ.
- Зы лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, дэ гуапэ тщыхъун хуейщ Куржы Парламентым адыгэхэм лъэпкъкIуэд къазэрыхуэкIуар къызэрищтар. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, дэ ди тхыдэм фIыуэ дыщыгъуазэщ, ди лъэпкъым и къекIуэкIыкIар зыхуэдэр дощIэ. Абы ипкъ иткIэ, зыми хуитыныгъэ иIэкъым Урысейм худиIэ къэралкIуэцI зэпыщIэныгъэхэм къыхэIэбэну, Iуэху мыщхьэпэхэм дыкъыхураджэну.
- Дэ, псалъэм папщIэ, Осетие Ипщэми Абхъазми дыкIуэурэ фи лъэпкъ зэхущытыкIэхэм дыхэIэбэркъым, абхъазхэр ди къуэшу, ди щIалэ 64-м я щхьэхэр а зауэм халъхьауэ щыт пэтми. Абы ипкъ иткIэ, а Iуэхум тIэкIу дыхуэвгъэсакъ.
- ДяпэкIэ, мы Iуэхум нэхъыбэ тепсэлъыхь щыхъуа лъэхъэнэм, фэрэ дэрэ ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ди зэхуаку дэлъ пщIэмрэ дзыхьымрэ зэтедгъэувэжын папщIэ блэкIа щыуагъэхэм къытедмыгъэзэжыным, хуэсакъыпэу зыбгъэдэтын хуей лъэпкъ Iуэхур зэIыдмыгъэхьэным.
- Ди зэхущытыкIэр езымыгъэфIакIуэ Iуэхухэм дыхэвмыгъэт. НэгъуэщIхэри «No Sochi» жаIэу уэрамым къыщIыдыхьэн щыIэкъым. Ди зэхущытыкIэхэр абы иригъэфIакIуэркъым икIи игъэдахэркъым.
- Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ ди щIалэгъуалэм я дежкIи. Къыхэбгъэщмэ, нобэ балигъхэм къагурыгъэIуэжын хуейкъым Iуэхур зытетыр. КъекIуэкI псори тэрэзу щIалэгъуалэм къагурыдмыгъаIуэмэ, щытыкIэр къэтIэсхъэныр зыхуэIуа щыIэкъым. Ди губзыгъагъымрэ Iущагъымрэ тхурикъуу Куржыми Къэбэрдей-Балъкъэрми я щIалэгъуалэр тэмэму дунэтIыныр нэхъыщхьэщ».
- Зытхыжар
- НэщIэпыджэ Замирэщ.