ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'ГъэщIэгъуэнщ'

Уафэм ит вагъуэбэ 88-р

2016-09-26

  • Ди зэманым цIыху къэс автомобиль бжыгъэу яхуэзэр: США-м — 760-рэ, Италием — 575-рэ, Японием — 557-рэ, Канадэм — 539-рэ, Германием — 536-рэ, Франджым — 535-рэ, Инджылызым — 517-рэ, ­Бельгием — 478-рэ, Испанием — 451-рэ, Швецием — 449-рэ, Урысей Федерацэм — 234-рэ. ЦIыху мин къэс ятещIыхьауэ машинэ нэхъ мащIэ дыдэ щызекIуэр Китаймрэ Индиемрэщ, япэм 8, етIуанэм 6. Дуней псор зэрыщыту къапщтэмэ, цIыху миным ща­хуозэ автомашини 114-рэ, абы тепщIыхьмэ, нобэ ЩIы хъурейм щызокIуэ автомобиль мелуан 707-м нэс. Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Алыфбейр Къызэрежьар

2016-09-03

  • Лютер Мартин, Моцарт, Эдисон сымэ бын хырых яIащ, Маркс — 7, Шуман — 8, Чаплини апхуэдиз, тхыдэтх Соловьев — 12, математик Эйлер — 13, Толстой Леви апхуэдиз, Бах къуипщIрэ пхъуипщIрэ къыхуалъхуат.
  •  
  • *   *   *
  • США-м щыщ Рой Тимоти 1982 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м щIидзэри, махуэ 431-кIэ къемыхыу жыгыщхьэм фIэсат. Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Фэеплъхэм къытхуаIуэтэж

2016-08-23

  • Налшык къалэдэс дэтхэнэми ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм епхауэ езым и гукъэкIыжхэр иIэщ. ЗыгъэпсэхупIэм и ихьэпIэм къыщыщIэдзауэ а щIыпIэ щхъуантIэм псори дехьэх. Илъэс 80-м щIигъуауэ зыгъэпсэхупIэм «драгъэблагъэу» аслъэнхэм я теплъэ гъэжа жыг хадэ ихьэпIэм деж щытщ. Сигу къокIыж, дыщысабийм абыхэм я жьэм къыжьэдэж псымкIэ ди псыхуэлIэр идгъэкIыу зэрыщытар. Ноби плъагъунущ ныбжьыщIэхэм шынапэурэ я Iэ цIыкIухэр а аслъэнхэм зэрыхуашийр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Джатауэ Уэлийи кIуэдыкIар

2016-07-15

  • Ди хъыбарыр ятеухуащ гъащIэ хьэлэмэт къэзыгъэщIа Джатауэ Шэмсиятрэ (Джэдгъэфхэ япхъущ, 1884-1963 гъэхэм псэуащ) Джатауэ Былымгъуэт и къуэ Уэлийрэ (1872 — 1923 гъгъ.).
  • Псори къыщежьар XIХ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрщ, Иджырей Черкесск къалэ пэмыжыжьэу щыс Зеикъуэ жылэрщ. Зы нысашэ гуэрым щызэрыцIыхуат уэркъ унагъуэм къыхэкIа хъыджэбз дахэ зэкIужымрэ и теплъэрэ къарукIэ зыхыхьэм къахэщ щIалэ екIу, Джатауэхэ я къуэ Былымгъуэтрэ. Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Розэ Нэху и псэр

2016-07-14

  • Истамбыл хиубыдэ Бейогълу ­куейм «голланд сэрей»-кIэ еджэу зы уардэунэ дэтщ. 1700 гъэхэм и пэщIэдзэм абы къыщыхъуа зы ­лъагъуныгъэ хъыбарщ фхуэс­Iуэ­тэжынур. ГурыщIэр яку къыдэ­хъуауэ щытащ адыгэ пщащэмрэ Голландием и лIыкIуэмрэ (посолымрэ).
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Кавказ Ищхъэрэм и цIыху нэхъ къулей дыдэхэр

2016-03-11

  • «Forbes» журналым апхуэдэ цIыхуу мы гъэм хы къыхитхыкIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, абыхэм ящыщу щыр зэIыхьлы дыдэщ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Алий Хэкум къэзышэжар

2016-01-27

  • БлэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм Къармэхьэблэ курыт еджапIэм егъэджакIуэу щылэжьащ Бэрокъуэ Зырамыку. Абы иригъаджэрт тхыдэмкIэ, географиемкIэ, астрономиемкIэ. Ар езыр Къэсейхьэблэ щыщт. Зырамыку 1919 гъэм къиухат Каир дэт Аль-Азхар университет цIэрыIуэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

ГъащIэр дощIэращIэ

2013-09-17

  •  
  • Бахъсэн къалэм дэт щIалэ­гъуа­лэ центрым иджыблагъэ ща­гъэ­­лъэ­пIащ Дахагъэм и дунейпсо ма­хуэр. Хъыджэбзхэм ирагъэлъэ­гъуащ напэхэмрэ щхьэцымрэ зэры­кIэ­лъыплъ щIыкIэр, сэхусэплъ екIуу зэрызыхалъхьэнумрэ унэм щIэсу нэкIум зэ­релIэлIэфынумрэ и щэхухэми ха­гъэгъуэзащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Бдзэжьей цIыкIухэм я IэзэкIэр

2013-09-14

  • «Иппотерапия» (шым и Iэзэгъуэ), «герудотерапия» (псы дыуэм и Iэзэгъуэ) жыхуаIэу иджырей медицинэм къигъэсэбэп Iэмалхэм бдзэжьейхэмкIэ цIыхум еIэзэныр къахохъуэ. 1843 гъэм Австрием и биолог-щIэныгъэлI цIэрыIуэ Геккелем Иоганн япэу къигъуэтауэ щыта, Iэбжьанэ хуэдиз фIэкIа мыхъу бдзэжьей цIыкIунитIэ, «гарра руфа»-кIэ зэ­джэхэм ущрохьэлIэ Тыркум, Сирием, Ираным, Иракым я хы Iуфэхэм.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

МафIэсым къела гущэ

2013-09-07

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Iуащхьэмахуэ макъамэхэр къыщоIу

2013-08-31

  •   Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ бгым дакъикъэ 45-кIэ Визбор Юрий, Калинкин Михаил, Юрков Дмитрий сымэ я уэрэдхэр щыIуащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Мазаер щIэкIэщІыр сыт?

2013-02-20

  •   Мазаер илъэсиплІым зэ махуэ 29-рэ мэхъури, адрей илъэсищым махуэ 28-рэ фІэкІа хъуркъым. Сыту пІэрэ абы и щхьэусыгъуэр?
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ