Кавказ Ищхъэрэм и цIыху нэхъ къулей дыдэхэр
2016-03-11
- «Forbes» журналым апхуэдэ цIыхуу мы гъэм хы къыхитхыкIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, абыхэм ящыщу щыр зэIыхьлы дыдэщ.
- Нэхъ мылъкушхуэ бгъэдэлъщ ингуш хьэрычэтыщIэ Гуцериев Микаил. Абы ямыгъэIэпхъуэ мылъкур зэблэзыгъэкI, фIэмыщI, щIы дагъэ къыщIэхыным елэжь компание зыбжанэ IэщIэлъщ. Псори зэхэту абы и мылъкур доллар меларди 5,9-рэ мэхъу. Журналым къызэрихутамкIэ, Гуцериев Микаил бгъэдэлъ мылъкум и куэдагъымкIэ дуней псом 205-нэ увыпIэр щиIыгъщ. 2015 гъэм хьэрычэтыщIэм иIар доллар меларди 2,4-рэщ. Абы къикIыр Гуцериев Микаил зы илъэсым къриубыдэу доллар меларди 3,5-кIэ нэхъ къулей хъуауэ аращ.
- «Forbes» журналым зэхилъхьа спискэм мы гъэми итщ дагъыстэн хьэрычэтыщIэ, «Анжи» футбол клубыр зыIэщIэлъ Керимов Сулеймэн. Журналым къызэрибжамкIэ, абы и мылъкур доллар меларди 4 мэхъу. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, илъэс кIуам и пэщIэдзэм Керимовым и мылъкур доллар меларди 3,4-рэ хъууэ щытащ, икIи зы илъэсым къриубыдэу абы доллар мелуан 600-м нэблагъэ къилэжьащ.
- ЦIыху нэхъ къулей дыдэхэм мы гъэм япэу яхэхуащ Кавказ Ищхъэрэм щыщ бизнесмену тIу. Абыхэм языхэзыр Ингушым щыщ хьэрычэтыщIэ, Гуцериев Микаил и къуэш нэхъыщIэ, илъэс 56-рэ зи ныбжь Гуцериев Саит-Сэламщ. Доллар мелард 1,5-рэ зэрыбгъэдэлъым къыхэкIыу абы дуней псом щынэхъ къулейхэм я спискэм 1198-нэ увыпIэр щиIыгъщ. А увыпIэ дыдэр абы дегуэш «Бинбанк» банкыр зыIэщIэлъ, Гуцериев Микаил и шыпхъум и къуэ Шишханов Микаил. Ари нэхъ къулей дыдэхэм мы гъэм яхэхуауэ аращ. Грознэ къалэм къыщалъхуа Шишханов Микаил и мылъкур доллар мелард 1,6-рэ мэхъу.
- «Энергомер» концерным и президент Поляков Владимир, зы илъэсым къриубыдэу доллар мелуан 300 фIэкIуэдри, нэгъабэрейм елъытауэ увыпIэ 40-кIэ къекIуэтэхащ. 2014 гъэм абы и мылъкур доллар мелуан 700 хъууэ щытамэ, иджы иIэжыр доллар мелуан 400-щ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ сенатор Къанокъуэ Арсен ейщ Москва дэт, ухуэныгъэм пыщIа Iуэхухэмрэ сатурэ езыгъэкIуэкI «Синдика» холдингыр. Абы и мылъкум и куэдагъым зы илъэсым къриубыдэу зихъуэжакъым икIи доллар мелуан 550-рэ хъууэ къэнэжащ. Абы и фIыщIэкIэ «Forbes» журналым и спискэм Къанокъуэ Арсен увыпIэ 22-кIэ зыщиIэтащ.
- Дроботов Алексей, Андреев Сергей.
- «Комсомольская правда», 2016 гъэ, гъатхэпэм и 4